Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Екӏуэкӏыу: 6. Адыгэ лъэпкъым и зы къудамэ. 7. Пхъэм къыхабзыкӏ бжэмышх цӏыкӏу. 9. Унагъуэ къэс яӏэ хьэпшып. 11. Транспорт лӀэжьыгъуэ. 12. Зи кӏуэцӏыр нэщӏ, купщӏэ зэрымылъ. 13. Къэрэгъул, хъумакӏуэ. 14. Лым трищӏэ пшэрыпӏэ. 15. Гъуэлъыпӏэм дищӏэ хьэпӏацӏэ. 16. Нартхэм я ху жылапхъэр Сосрыкъуэ къызыфӏихьыжа иныжь. 19. Нэщхъеягъуэ къызыхэкӏ ӏуэху, хьэлэбэлыкъ. 21. Балийм нэхърэ нэхъ пӏащэ пхъэщхьэмыщхьэ. 23. Жьэгу натӏэм иӏэ тегъэувапӏэ. 24. Уэрэдым и зы ӏыхьэ. 25. Ямыупсу щхьэкум къранэу щыта щхьэц ӏэрамэ. 26. Шыкӏэ ӏэкӏуэлъакӏуэ, шы тесыным хуэӏэзэ. 29. Уафэм къыщызыкӏухь «бжьэхуц» гуартэхэр. 32. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпӏэ. 33. Гъавэ лӏэжьыгъуэ. 34. Щхьэхуимыту яӏыгъ цӏыху. 35. Гуэгушыхъум, къазыхъум я бгъэм трещӏэ. 40. «Сэ жысӏэр уи фӏэщ мыхъумэ … дызэпигъэхьэ». 41. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 43. Псыщхьэ тещтыкӏа. 44. Пхъэщхьэмыщхьэ. 45. Къуныжь Хьэждал … жыӏэнкӏэ ӏэзэт. 47. Адыгэ усакӏуэ Кӏэщт … 49. Узыпхрыщэт псылъэ щӏыпӏэ, ятӏэпс. 50. Цы кӏэщӏ щабэ зы-тет щэкӏ ӏув. 51. Хьэкъущыкъум щыщ. 53. Хьэцэпэцэ гъавэ. 54. Мыщэм фӏэбэлацэ хьэкӏэкхъуэкӏэ. 55. Цӏыхухъуцӏэ. 57. Бын. 58. Унагъуэ псэущхьэ. Зэрыжаӏэмкӏэ, ерыщщ, щхьэзыфӏэфӏщ. 59. Налшык щыпсэу адыгэ уэрэджыӏакӏуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цӏыхубэ артист. 60. А си гъунэгъум хабзи … ищӏэркъым.

Къехыу: 1. Хадэхэкӏ. 2. Пщыкъуэм и щхьэгъусэ. 3. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 4. Пхъащӏэ ӏэмэпсымэ. 5. Зи гъэгъахэр къащхъуафэ-шакъафэ удз лъахъшэ дахэ цӏыкӏу. 8. Къулейсыз, мылъку щӏагъуэ зыбгъэдэмылъ. 10. Купкъ зэрылъ пхъэщхьэмыщхьэ. Ди губгъуэхэм, мэзхэм къыщокӏ. 17. Бжэныфэм къыхэщӏыкӏа къэп. 18. Пщыхьэщхьэм … ин къыкъуэуащ. 19. Гъэм и зэман. 20. Уэнжакъым къокӏри уафэм докӏуей. 21. … кӏуэцӏыр хуабэщ. 22. Лъэдиймрэ лъэгуажьэмрэ щӏэзыгъанэ щыгъын. 27. Дзыдзэ лъэпкъым щыщ псэущхьэ. 28. Къэбэрдей усакӏуэ, тхакӏуэ. 30. Уи … къысщыхуэ, плъэкӏ ӏамэ, къыумыгъанэ. 31. Уи щхьэ мыузым … иумышэкӏ. 36. Кавказ Ищхъэрэм щыщ республикэ. 37. Бзугъащтэу хадэм ирагъэувэ. 38. СССР-м и зэманым зэхьэзэхуэм щытекӏуэ предприятэхэм, мэкъумэш хозяйствэхэм ирату щыта щэкӏ плъыжьышхуэ. 39. Ӏэпслъэпсым щыщ. 41. Гъавэ кърахьэлӏэжыр щызэтракӏутэ щӏыпӏэ. 42. Куэзырым абы къытекӏуэ хэткъым. 44. Хьэжыгъэ, нартыху гъэлъэлъа хуэдэхэр зракӏутэ, къызэрырахьэкӏ. 46. Вакъэдыжым и ӏэмэпсымэ. 48. Хьэпщхупщ къайгъэншэ. 51. Щэкӏ къызыхащӏыкӏ къэкӏыгъэ. 52. Абы я унагъуэм … дахэ щызокӏуэ. 54. Дунейм ехыжам и цӏэкӏэ яугуэш ахъшэ. 56. Цӏыху нэпсейм щхьэкӏэ жаӏэ: «Абы … хъери щӏэлъкъым».

№ 63 2025 Шыщхьэӏу мазэм къыдэкӏыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр:

Екӏуэкӏыу: 3. Вабдзэ. 8. Теунэ. 10. Джэдхъурсанэ. 11. Хьэм. 12. Гъурц. 13. Балъкъ. 15. Лъей. 16. Нарт. 19. Тӏыхъужь. 22. Ерыщ. 23. Уанэ. 24. Куржы. 28. Щытхъу. 30. Елыркъэш. 31. Нысэ. 32. Чынт. 33. Къашыргъэ. 36. Хьэфэ. 41. Бжьын. 42. Пшэр. 45. Ахъшэ. 47. Залэ. 48. Бжэм. 50. Дыгъу. 51. Хьэту. 52. Еру. 53. Гъубж. 55. Бжьыхьэкӏапэ. 57. Абрэдж. 58. Аслъэн.

Къехыу: 1. Гудзэ. 2. Чей. 4. Атэлыкъ. 5. Хьэлъкъ. 6. Аргъуей. 7. Къунан. 9. Нартыху. 13. Бжьы. 14. Лъэужь. 17. Амыщ. 18. Текӏ. 20. Анэл. 21. Аркъэ. 25. Бытыр. 26. Ержыб. 27. Псафэ. 29. Хъуэт. 31. Нухь. 34. Алыдж. 35. Гъашэ. 37. Ябгэ. 38. Хъурмэ. 39. Щхъырыб. 40. Къэб. 43. Бзу. 44. Алабгъуэ. 46. Шылъэгу. 49. Мажьэ. 51. Хьэпс. 54. Жэз. 56. Псы.

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщӏэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщӏапӏэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и «Kağıttan Gemiler» («Тхылъымпӏэ кхъухьхэр») зи фӏэщыгъэ тхылъыр, тхакӏуэм и ӏэ щӏэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

Yazarın Diğer Yazıları

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Екӏуэкӏыу: 3. Пхъэӏэщэм щыщ ӏыхьэ, щӏы щхьэфэр зэзыгъэдзэкӏ. 8. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цӏыхубэ тхакӏуэ, «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр» романыр зи ӏэдакъэщӏэкӏ. 10. Гъэмахуэм гъэгъа хужь къызыпидзэ удз...

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ (2025 Бадзэуэгъуэ – Бэдзэогьу)

Псалъэзэблэдзыр зэхэзылъхьар: Мыз Ахьмэдщ Екlуэкlыу: 2. Хьэл-... дахэ. 5. Пшынауэ цlэрыlуэ, Урысей Федерацэм щlыхь зиlэ и артист. 7. Купсэ кlыхь зиlэ къэкlыгъэ. 11. Вакъэ лъапщэ...

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

ЕкӀуэкӀыу: 3. Ашэмэз и адэр. 7. Псы ӏуфэхэм, псыпцӏэхэм узыщрихьэлӏэ къэкӏыгъэлъагэ. 8. Бзылъхугъэ, хъыджэбз, ... 10. Къуалэбзу пщэ псыгъуэ лъакъуэ кӏыхь. 12. Хабзэм ебакъуэхэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img