Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Адыгэ фащэм хухэха махуэу!

Лъэпкъыу хъуам, цӏыхухэм, зы щыгъын щатӏэгъауэ ящыгъщ. Ауэ хухэха махуэ «махуэщӏ»хэм лъэпкъ теплъэр зыгъэлъагъуэ зы щыгъынкӏэ захуапэхэ.

Мис абы хуэдэу илъэс 25 ипэ (гъэ 2000) хуащӏа унафэкӏэ «Адыгэ фащӏэм хухэха махуэ»р Адыгэ Къэралыгъуи щыми зыдаӏыгъыу къыщежьащ.
Сыт «фащэ» псалъэм къикӏыр, къызытехъукӏар жытӏэуэ дыщыхэплъэм ижь ижьыжьым нэс дешэ. «Фащэ»р фэм зэрыхэщӏыкӏар псалъэм хэтыжу дегъэлъагъу.


Къуажэу, хьэблэу мытӏысауэ, бгъуэнщӏагъым щыщӏэсхэм щыгъуэ (хьэ лъэхъэнэм) нэху щымэ щакӏуэ щыкӏуэфхэр. И ӏэм ӏэщӏэлъ, ӏэщэм фӏэща мывэ дзакӏэ жан (уэщ(ы) щымыхъуа ӏэщӏэгъэм зыри къыхэхьатэкъым. Къиущэкӏуа псэущхьэм и фэр мы, мывэ дзакӏэ жанкӏэ трилъэфу, и лыр и шхалъэм нигъэст. Трилъэфа фэр щыцӏынэм щабэт, цыфӏий телъу. Ауэ фэр щыгъум, гъур дыдэ хъурт. Зэрыгъуам хуэдэу къызытенэт. Фэр зехьэгъуафӏэ хъун папщӏэ, яущыгуащ, ягъэщащ, ягъэщэбащ. Зытралъхьэ, зытрапӏэ хъуащ.

Щакӏуэ щыкӏуэми тесыну, и «ӏыгъ»ыу зыдахь хъуащ. Къаущэкунур щырахужьэм аткӏэ-мыткӏэ къыщынэ щыхъум, и щхьэр иригъэжыны зы гъуанэ кърибзыкӏащ. Ауэ щыщакӏуэм, ӏэщэкӏэ щыуэм щыгъуэ, джэрэзу гугъу щӏригъэхьым, и ӏэблэхэр икӏыну гъуанитӏи кърибдзыкӏри, гъуани(щ) иӏэ хъуащ. ӏэкӏэ и «ӏыгъ»ын, кърихьэкӏ «фэ»р; гъуанэу ӏуиха «щы»м кӏэ и щӏыфэм щыщиӏыгъыным нэсауэ; «щы’м и ӏыгъын»у щӏидзауэ (щы ӏыгъын) «щыгъын» псалъэм къежьапи хуэхъуауэ нобэ къэсагъэнщ… хужыпӏи хунущ…

*(Жыр тхьэгъу цӏыкӏуурэ зэрылъыуэ щӏа джанэ. (ӏэщэм зыщахъумэн папщӏэ пасэ зэманым зауэлӏхэм зыщатӏагъэу щытар «афэ»щ. Ар гъущӏ нэрынэу зэрыхъауэ «зырхъ»щ. Афэри «фэ» псалъэм къытехъукӏагъэнущ).

Гъащӏэми, щӏэныгъэми зихъуэжу, цӏыхуми зиужьыжу, хьэблэ, къуажэу тӏысауэ псэущхьэхэр игъасэу; игъэса псэущхьэхэм и лыри, и гъэшри, и фэри, и цыри къыщхьэпэ хъуащ. Япэ игъэса псэущхьэхэм щыщщ, «мэл»ыр. И цыр «бэ»уэ зыхэлъщ. «Бэ»уэ «цы»м, «бацэ» хужаӏащ. Бацэр къытрахыу ягъэкъабзэ (Яжьыщӏ-ягъэгъущыж). Цы удэкӏэ яудэ, цыпхкӏэ зыӏуах, япх, цыкӏуэкӏкӏэ ядж, зэӏуащэу щэкӏ пхъашэ лъэужьыгъэ хащӏыкӏ. Къызыхащӏыкӏар «цым ей»уэ, «цей» хужаӏащ. «Бохуцей» псалъэри, бзылъхугъэм хухэха щыгъыну.

Адыгэ фащэм щыщу щӏыӏутелъ щыгъыныгъуэм; Джанэм нэхърэ нэхъ кӏыхьу, и бгъэм бгъэгущхьэтелъхэр (хьэзыр) тедауэ, и бгыр хуэӏузэу идыкӏами хужаӏар «Черкеска»щ.


Адыгэ фащэр, «Хъулъхугъэ Фащэ», «бзылъхугъэ фащэ»у зыщхьэщокӏ.
Хъулъхугъэм и щхьэм щыщӏэдзауэ: Хъурыфэ Пыӏэ, абы дэщӏыгъуауэ Щхьэрыхуэну (башлык) и пщэдэлъщ. Джанэрэ гъуэншэдж щӏыӏум телъ цейм, Бгъэгущхьэтелъыр (хьэзыр) Ин, инылъэ зехьэныр, фоч къежьа нэужьщ. Бжыгъэ зэхуэдэу лъэныкъуитӏым тедахэм зэрыз зэрызу, фочым ираубэну, зэ гъэуэгъуэ ин илъыжу…

Бгым щӏэпха дыжьын бгырыпхым пыщӏа ӏэщэ-фащэхэр (Къамэ, сэшхуэ, мывэупцӏэ. Шэху уэздыгъэ, дыд, гъэр кӏапсэ хуэдэхэр… (фэ щабэ ӏэмп цӏыкӏум илъу) кӏэрыщӏауэ…

Лъэгуажьэм нэса цейм къыкӏэлъыкӏуэт, лъейр: Лъэдиймрэ лъэгуажьэмрэ щӏигъанэу лъэгупс фӏэкӏ лъапэ зыпымыт щыгъын лӏэужьыгъуэмрэ, лъахъстэн вакъэр е шырыкъу лъапщэ кӏыхьыр лъакъуэм щатӏагъэу…
Бзылъхугъэ фащӏэр зыхэщӏыкӏа щэкӏри нэхъ щабэу, нэхъ пылыфэ дахэу, данэ, дари щэкӏхэм къыхащӏыкӏт.

Бзылъхугъэ пыӏэми щыщӏэддзэмэ, унагъуэ имыхьа хъыджэбзым дыщэпс хэдыкӏа, «дыщэ пыӏэ»р зрахьэт. Унагъуэ ихьауэ бын зыгъуэтам ӏэлъэщӏрэ, щхьэфӏэпхыкӏт зэрихьэр.

Бзылъхугъэ фащэм и бгъэм, дыщэпс ӏуданэкӏэ, тращӏыщӏыхьу хадыкӏт. «бгъэидэ»у ӏудэ хъар кърадэкӏт. Ӏэпкълъэпкъыр дахэу егъэлъэгъуэну щимэ щӏыкӏэу, дыщэ бгъэрылъ телъыжуу.

И бгым дыщэм хэщӏыкӏа, мыщӏэ зэмылӏэужхэр зыхэщӏыхьа бгырыпх псыгъуэхэм зэщӏипхауэ…

И ӏэгъуапэ убгъуам, тещӏыхьа тхыпхъэхэр зы щӏагъыбзэкӏэ къопсалъэу. «Щыхъумэ» жиӏэу зы тхьэлъэӏуу. Сытыра зыщихъумэнур? – «Нэ ӏейкӏэ къаплъэм, щыхъумэ»! къригъэкӏыу.


Пщатэкӏэ гъэтэджа лъахъстэн щабэм хэщӏыкӏа вакъэ хъурей щатӏагъэт. Ауэ пщы-уэркъ хъыджэбзхэм хухэхауэ, пхъэ быдэхэм къыхащӏыкӏыу «пхъэ вакъэ» хуащӏащ. Цӏыхухъу лъэбакъуэ бэкъуэкӏэу, «лъэбакъуэхъу»у мыбэкъуауэ, лъэбакъуэ щабэ цӏыкӏукӏэ игъэбэкъуэн папщӏэт.

Дэщӏыгъуни хуейщ упщӏэ щӏакӏуэр. Шым тесмэ, зауэ хэтмэ, зекӏуэ кӏумэ, щӏыӏэмэ, уаеймэ зихъумэжыни хуейщ, езыри и шыри. Ари и зы фащӏэу къыхэгъэщын хуейщ.

Дэри дыхэхэсу щӏыпӏэ щхьэхуэхэм дыщыпсэуми, Адыгэ фащэу ди блэкӏам и фэеплъу къытхуагъэна, узыщыщыр къэзыӏуатэ мы теплъэ дахэ зиӏэ тхуэфащэ щыгъыныр (фащэ)р тхъумэн, зехьэн хуейщ. Махуэ къэс тхуземыхьэми, хухэха махуэхэм, «махуэщӏ»хэм, хьэгъуэлӏыгъуэхэм, щыгъуэ махуэхэм зехьэн хуейщ.

Дызыщыпсэу щӏыпӏэу, Тырку къэралыгъуэ Кайсэри къалэм дыщызыдопсэу. «Адыгэ фащэр» и дыным хуэӏэзэ дэрбзэрхэри щыдиӏэщ. Ди щӏалэ гъуалэхэми Адыгэ фащӏэ дахэхэри хуад. Кайсэри Адыгэ Хасэми и дэрбзэрхэми фокӏадэ мазэм 28 махуэм «Адыгэ Фащэм и махуэм» зыхуагъэхьэзыр.

Сэри схуадауэ лъэпкъ фащэ «Адыгэ Фащэ» дахэри сиӏэщ. Схуэзыдар фӏыщӏэ зыхуэфащэ Тохъу Нилуфэрщ (Nilüfer Tokuç)щ.
Мы фащэр зыхуэфащэ ди лъэпкъым; ди бзэр тӏурылъу, ди хабзэр зетхьэжу, «Адыгэ фащэм и махуэ»у, хухэха махуэхэм дыщыгуфӏыкӏыу, дыри гушхуэу, дызэрыӏыгъыу, дызыкъуэту гъащӏэ кӏыхь игъуэтыну… Тхуэмэхуэну сохъуахъуэ…

Yazarın Diğer Yazıları

«РА», «ЩЫ», «ДЫ»!

Сыт мы макъ зэрызхэм къыджиӏэр. Щыми къыджиӏэр зыуэ пӏэрэ? Зэрыз зэрызу бзэм и хэтыкӏэм деплъынщ. «РА». Куэдым зыращӏэр, псалъэ зыблэдзахэм и зы упщӏэу: - Пасэрей Мысырхэм...

Кайсэри Адыгэ Хасэм илъэсым и кlэм и lуэхугъуэхэр

Ашэмэзырэ, Щыблэрэ! Кайсэри Адыгэ Хасэм мэгъэрей лэжьыгъэхэм и кlэуххэм ящыщщ. «Ашэмэз» гупым и гъэлъэгъуахэм, Хэкум къикlыу къеблэгъа «Щыблэ» макъ lэзэхэм дащlэхъуэпсыу дащlэдэlукlащ. Гупитlым я фlэщыгъэцlэхэри...

Сыринэ!

Япэм зэрахьэу щыта жьэ пшынэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщ зы макъ гъэӏу ӏэщӏагъэщ «сыринэ»р. Ауэ, мы цӏэр си тхыгъэм псалъащхьэ щыхуэхъуар; хэкум щыпсэу ди лъэпкъэгъу ныбжьыщӏэ джэгуакӏуэхэм...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img