Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Вакӏуэ Жылэм и Лӏыхъужь хахуэ

Нарт лӏыхъужь Сосры­къуэ зэрыжиӏам хуэдэу, я лӏыгъэрэ напэрэ, щыпкъагъэрэ хахуагъэрэкӏэ илъэси щэ пщӏэншэм пэӏэщӏэ зызыщӏа, арами зи фэеплъыр дунеягъэ уэздыгъэу зэщӏэзыгъэнэфахэм ящыщщ ди лӏыхъужьхэри.

Ар нэхъ гушхуэныгъэ зыщӏэлъыжщ, ахэр къэрал псом я фӏыщӏэр къалъэщауэ, «Хэкум и Лӏыхъужь» цӏэ лъапӏэмкӏэ я гъащӏэ кӏэщӏым пэджэжауэ щыщыткӏэ.

Цӏыхур дунейм къыщӏытехъуэр нэхъ гъащӏэ кӏыхь хъуну аракъым, атӏэ илъэс бжыгъэ къигъащӏэм зэрыхузэфӏэкӏкӏэ нэхъ къэуат щӏилъхьэнращ.
Щыӏэщ цӏыху игъуэ нэмыс хъуами, нэгъуэщӏхэм къагъэщӏэфыну гъащӏищми щӏэлъыну купщӏэ къызэринэкӏа кӏэщӏым езыта.

Хэку Зауэшхуэм къыщӏэна тхыдэм щыплъагъунущ мы сатырхэр: «Онежскэ, Ладожскэ гуэлхэм я зэхуакум советыдзэр бийм ебгъэрыкӏуэри, жыли 100-м щӏигъу хуит къащӏыжащ…»

А щӏыпӏэм щекӏуэкӏа зауэм хэтащ адыгэ щӏалэ нэс, Вакӏуэ-Жылэ къуажэм и къуэ пажэ, Совет Союзым и лӏыхъужь цӏэр къызыфӏаща Къардэн Мурат. А цӏэ лъапӏэр къыщӏыхуагъэфэща щхьэусыгъуэр зыгъэбелджылы тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Пипилица къуажэм и гъунэгъуу финхэм я быдапӏэ Самбатуксэр хуит къащӏыжу, 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 25-м Къардэным ӏэщӏэлъ ротэр и гъусэу бийм ебгъэрыкӏуэри, и зы къудамэ пхритхъри я щӏыбкӏэ къыдыхьащ. Нэ­мы­цэу зэтраукӏа бжыгъэм къыщымынэу, куэд гъэру къаубыдащ, ӏэщэу яӏыгъари къытрахащ, къуажэри зыӏэщӏагъыхьащ».

Ленин и орденымрэ Совет Союзым и Лӏыхъужьым и Дыщэ Вагъуэмрэ къезыта Калинин Михаил быдэу и ӏэр къикъузащ икӏи къехъуэхъуащ щӏалэ гуейм. Ар ехъулӏэныгъэтэкъэ Вакӏуэ Жылэ адыгэ къуажэ цӏыкӏум къыдэкӏа къызэрыкӏуэ щӏалэм дежкӏэ?!

Мурат илъэс 15 ирикъуатэкъым зэреджэм къыщымынэу, гуащӏэдэкӏ лэжьыгъэми щыпэрыувам. А зэманращ абы и щэн-хьэл быдэр щипсыхьар, жэуаплыгъэ хуабжь зыщыхилъхьар. Илъэсибл еджапӏэмрэ колхоз щӏалэгъуалэм я еджапӏэмрэ къиухауэ, райвоенкоматми щылэжьэн хущӏыхьауэ Мурат къулыкъум дашащ. Здагъэкӏуар Къуэкӏыпӏэ Жыжьэращ. А зэманым абыкӏэ щыӏэ къэралым и гъунапкъэхэр шынагъуэншэу щыттэкъым. Япон къэралым къиубыдагъэххэт Маньчжуриер, Китайм и провинцие зыбжанэ, Монгол Республикэмрэ СССР-мрэ къайзэуэну зигъэхьэзырт. Абдежращ, Халкин-Гол псы ӏуфэращ Къардэнри япэу зауэм здыпэрыувар. Хэку зауэшхуэр щыщӏидзами Мурат абы щыӏэт, партми хыхьэн хущӏыхьагъэххэт. И гъусэхэми хуэдэу, Мурат и унафэщӏхэм лъэӏу яхуригъэхьат, зауэр здекӏуэкӏ щӏыпӏэхэм ягъэкӏуэну. Арами, Къардэным далъэгъуа зауэлӏ хьэл-щэныфӏхэм ирагъэфӏэкӏуэну кавалерийскэ училищэм ягъакӏуэ. Илъэс токӏри, Къардэным аргуэру етх лъэӏу тхылъ, зауэм пэрагъыхьэну. Абы и жэуапу, зауэ инженер еджапӏэм ягъакӏуэри 1943 гъэ пщӏондэ абы щӏэныгъэ зыщрегъэгъуэт. Абы и ужьщ Мурат зауэм щыпэрагъыхьэр.

Къызэрыщӏэкӏамкӏэ, зыхуеджауэ хъуар псыхэкӏуадэ хъуатэкъым, щӏалэщӏэр зауэлӏ ӏэщӏагъэм хуэӏэижьу къыщӏокӏ – ебгъэрыкӏуэныгъэ мурадхэр нэгъэсауэ зэхелъхьэ, куэдым я щхьэ зынэмыс ӏэмалхэр къегъэсэбэп. Зэман токӏри, Свирь псы ӏуфэм къыщохъу ищхьэкӏэ дызытепсэлъыхьа зэхэуэр, Къардэным и лӏыгъэри щегъэлъагъуэ. А зэхэуэм контузие хъуа Мурат сымаджэщым щӏэлъу «Советская гвардия» фронтым и газетыр къыдокӏ. Абы итт: «Ди Мурат – Совет Союзым и Лӏыхъужьщ! Ар зыхэт дзэр хуабжьу иригуфӏащ хъыбарыфӏым, сэлэт къэс Къардэным и лӏыгъэр щапхъэ хуэхъуащ…»

Къытраухуа очеркышхуэм деж адыгэ щӏалэм къыщытхъут, абы хэлъ хьэл-щэныфӏхэр псоми щапхъэу къыхуахьт. Умыгъэщӏагъуэуи къэнэнутэкъым абы зауэм пэрыту бийм кӏэлъызэрихьа хьилагъэхэр. Свирь псым щызэпрысыкӏым, Мурат и зауэлӏхэм ящысхьри, ӏэмал гъэщӏэгъуэн къигупсысащ.

Ентӏырэ зэпхахэм пулеметчик зырыз трагъэтӏысхьэри, абы и хъуреягъым щыгъыныжькӏэ пыпхэхэр ящӏри, цӏыху сурэту зэфӏагъэува «сэлэтхэр» кърагъэтӏысэкӏащ. Езы сэлэт дыдэхэр ентӏырэхэм яужь ӏэблэресу зэпрысыкӏащ. Бийр къапцӏэри, ентӏырэхэм тригъэлъэлъащ топышэуи, фочышэуи иӏэр. «Иджы советыдзэр зэтеткъутакъэ» жаӏа къудейуэ, псым зэпрысыкӏа Къардэным и сэлэтхэм бийм зрадзри, хьэбэсабэ зэтращӏыхьащ. Зылъэгъуахэм зэрыжаӏэжымкӏэ, Мурат иригъэщӏа ентӏырэ зэпхахэмрэ «сэлэтхэмрэ» псым адэкӏэ здырихьэхми бийр къапцӏэу къыхэуэурэ нэху щыри, махуэми пищэжащ. Ар Къардэным и зы зэуэкӏэ щапхъэ къудейщ.

Гъэщӏэгъуэнщ Къардэным къехъулӏауэ щыта зэӏущӏэр. 1944 гъэм июным и 24-м Карельскэ фронтым щызауэу, абы къыхуэзащ и цӏыхугъэу, ныбжьэгъуу къекӏуэкӏа, Совет Союзым и Лӏыхъужь Хьэбэч Умар. И стрелковэ ротэр и гъусэу дэӏэпыкъуну зыхуагъэкӏуа штурмовой батальоным и командирыр Хьэбэчрауэ къыщӏокӏ. Зэныбжьэгъуитӏым ӏэплӏэ зэхуащӏ, зэщӏоупщӏэ. Арщхьэкӏэ, зэпсэлъылӏэну зэман яӏэтэкъым, бийм и быдапӏэхэр къызэразэуным егупсысыпхъэт. Адыгэ щӏалитӏым щӏыпӏэр къаплъыхьри, зауэр зэрырагъэкӏуэкӏыну мурадыр ягъэнаӏуэ. Мыбдежми Къардэным егъэлъагъуэ инженер еджапӏэ здеджар къызэрыщхьэпар – бийм жэщым щӏитӏэу игъэпщкӏуа танкхэм гу лъетэри, Хьэбэчым жреӏэ. Зэныбжьэгъуитӏым ящӏа мурадым тету, Мурат и нэӏэ къыщӏагъэува сэлэтхэр и гъусэу бийм и зы къудамэмкӏэ щысхэр щэхуу зэтреукӏэ, и щӏыбымкӏэ къыдохьэри, абыкӏэ советыдзэм «щымыгугъа» бийр ирехужьэ. Адэкӏэ Хьэбэчым и сэлэтхэр кърешажьэри, гынышэ гуащӏэкӏэ щхьэуназэ ящӏа финыдзэм къыпожьэ. Адыгэ щӏалитӏыр я пашэу бийр зэбграхуауэ щытащ. А зэхэуэм дежрат Хьэбэчым Невский Александр и цӏэр зезыхьэ орденыр къыщыхуагъэфэщар.

А зэхэуэхэм контузие щыхъуа Къардэныр сымаджэщым яшащ, Хьэбэчми сэлам ирихыжыфакъым. Иужькӏи зауэм пэрагъэхьэжакъым – и уӏэгъэр хьэлъэу къыщӏэкӏащ…

Гуащӏэдэкӏ лэжьыгъэм пэрыува нэужьи Къардэным «За доблестный труд» медалыр къилъэщыжауэ щытащ. Мурат и фэеплъыр щапхъэ хьэзырщ, гъащӏэ ущиещ. Апхуэдэ щапхъэхэр зэманми, гъащӏэ жьыбгъейми ягъэулъиифкъым, лъэпкъым и щӏэблэри зыщӏэтпӏыкӏыпхъэ щапхъэ лъэщщ.

Yazarın Diğer Yazıları

Узым псэри дегъэхъуж

Зэман къэси езым и лІыхъужь иІэжщ жиІащ пасэрейм. «ЛІыхъужь» цІэр мы жыІэгъуэм деж зыхуэгъэзар цІыхухъу закъуэкъым, атІэ зи щхьэ, унагъуэ Іуэхум и мызакъуэу, лэжьыгъэ,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img