Мариетэрэ Маратрэ къахущӏэмыплъ, курсыр къэгъэнауэ, факультетым щеджэхэм куэд яхэттэкъым. Теплъафӏэхэу, щхьэпэлъагэу, сытым щыгъуи нэжэгужэу – зэкӏупст, «мы тӏур зы хъун хуейуэ къигъэщӏат» жрагъэӏэу. Марат апхуэдизкӏэ и нэӏэ тригъэтт фӏыуэ илъэгъуа хъыджэбзми, нэгъуэщӏ щӏалэ нэ кърищами, яужь къихьэныр ӏэмал зимыӏэт. Марат зи гурыщӏэр зыбзыщӏ щӏалэхэм ящыщтэкъым. Хуейт курсым хъыджэбзу щӏэсым я нэхъ дахэр и къэшэн зэрыхъуар нэхъыбэм къащӏэну. И ныбжьэгъухэм ядэуэршэру хъыджэбз гугъу къыхалъхьэмэ, псалъэр зыми къалъимыгъэсыжу, и къэшэным и гугъу яхуищӏт: ар зэрыщэныфӏэр, езым зырыхуэжыӏэдаӏуэр, абы и ӏупэхэр зэрыщабэр, ищхьэц фӏыцӏэм удзымэ дахэ къызэрыхихыр, унагъуэ хуэщӏам къызэрыхэкӏар… И ныбжьэгъу Дамир зэ къыжриӏат:
– Щӏалэ гупым Маринетэ утепсэлъыхьу уазэрыхэсыр сфӏэтэмэмкъым.
– Уи ӏуэху зэрыхэмылъым и гугъу сщӏынкъыми, сыт сэ мыхъуну щӏалэ гупым яжесӏэр Маринетэ теухуауэ?
– Фӏы жыпӏэ хуэдэурэ, ӏеифэ къытыбогъауэ.
– Сыт апхуэдизу жысӏэр?
– И ӏупэр щабэти, и щхьэцым мэ дахэ къыпихти… Абыхэм зыгуэр къокӏ.
– Сыт, си хъыджэбзым гу хуэпщӏауэ ара?
– Аракъым, ауэ узиныбжьэгъущи, бжызоӏэ лейуэ уи къэшэным и цӏэ къыумыӏуэм зэрынэхъыфӏыр.
– Уэ узытепсэлъыхьын хъыджэбзи уиӏэкъым. Укъызэхъуапсэу арамэ ӏуэхукъым, укъызэмыижмэ.
Марат къыпыгуфӏыкӏ хуэдэурэ и ныбжьэгъум хущӏоплъ, гурыщхъуэ гуэрхэр ищӏауэ. Абы иужькӏэ Дамир хъыджэбз гугъукӏэ Марат епсэлъэжакъым, ауэ Маринетэ абы бгъэдэту илъагъухукӏэ, и гум мастэпэм щызекӏуэу щӏидзэрт.
Я къэухыгъуэ дыдэм Маратрэ Маринетэрэ зэрышащ. Тӏуми я адэ-анэр зэгухьэри пэшитӏ хъу квартирэ тыгъэу къыхуащэхуащ, унэлъащӏэрэ хьэпшыпхэмкӏэ къызэрагъэпэщащ. Арати ежьащ унагъуэ гъащӏэр. Марат щхьэгъусэфӏт: и лэжьыгъэ ӏэнатӏэр екӏуу ирихьэкӏт, лэжьыгъэ нэужьым зигъэгувэртэкъым, пщыхьэщхьэкӏэрэ Маринетэ дишырти зэдэуэршэрурэ къалэ уэрамышхуэм ирикӏуэрт, ягу ирихь шхапӏэм щыщӏыхьи къэхъурт. Цӏыхубзми лъэкӏ къигъанэртэкъым къыхуэфӏ щхьэгъусэм гуапагъэкӏэ пэджэжын папщӏэ.
Унагъуэм хэхъуэ яӏэну къыщищӏам, Марат къигуфӏам гъуни нэзи иӏэтэкъым. Сабийр сымаджэщым къыщрашыжынум, ныбжьэгъуу иӏэр зэкӏэлъхьэужьу машинэкӏэ кӏуэри, зэщӏэжьыуэу, батэр ягъэшу къашэжат. Марат иригушхуэрт и япэ быныр зэрыщӏалэ цӏыкӏум. Дилъагъунумрэ зэрыхъуну и нэгу къыщӏыхьэмрэ иригъэкӏур арати, Ашэмэз фӏищащ. И ӏыхьлыхэм я гуапэ хъуатэкъым адэм и быным цӏэ зэрыфӏищыжар, ауэ Марат ар къызэрыфӏэӏуэхуа щыӏэкъым.
Азэмэт унэм кърахьэжри, япэрей псэукӏэм зихъуэжащ. Маринетэ ар зыхуей хуигъэзэным къыдэхуэртэкъым. Сабийр гъынэ-гъыдзэти, Марат лэжьакӏуэ къыщикӏыжам, япэм хуэдэу, пэш ӏэуэлъауэншэм зыщигъэпсэхуну къыхуихуэжтэкъым. Щхьэгъусэм и тыншыгъуэр къызэригъэпэщыным фӏэкӏа ӏуэху зимыӏа Маринетэ иджы зэпхар сабийм и тыншыгъуэрат. Лӏым и шхыныр езым къыщищтэж щыӏэт, къыхутримыгъэувэу. Марат и гур унэм къэмыкӏуэж хъуащ.
Дамир и гъусэу бдзэжьеящэ кӏуауэ, и гукъеуэр ириӏуэтылащ:
– Къыумышэхущ, къуэш, гъащӏэр. Гугъуехьри гуныкъуэгъуэри зищӏысыр пщӏэркъым, хьэндырабгъуэм хуэдэу, удз дахэ къэплъыхъуэурэ и ӏэфӏыр къыщӏэпфыкӏыу, абы щхьа налоги умыт у – мис аращ гъащӏэр! Къыщыпшагъащӏэри ӏейкъым. Ауэ кашэмрэ памперсымрэ ӏуэхум къыхыхьа нэужь, къыплъысӏамэ къащти, уи лъэм уздихьым кӏуэ.
– Ар сыту щӏэх укъиуӏа сабийми. Илъэс хъуакъым иджыри уи къуэр.
– Си къуэм и закъуэкъым мыбы проблемэр. Япэрей Маринетэр щыӏэжкъым. Сэ счётым сыкъридзэжкъым, зыкӏэлъыплъыжкъым. И сабийм теубгъуауэ и гъащӏэр ехь. И нэгум симыплъауэ сыщыгъуэлъыжыр нэхъыбэщ.
– Симыгугъат уи лъагъуныгъэ гуащӏэм афӏэкӏа имыгуащӏагъыу. Маринетэ хуэдэ щымыӏэу жыпӏэу укъытхэсу щытащ. Уэри уи къуэщ ар зытеубгъуар.
– Сэ къызгурыӏуаращи, Дамир, къызэрумышэм нэхъыфӏ пщӏэнкъым. Адэ хъумэ уи хуитыныгъэр.
Дамир нэщхъейуэ и ныбжьэгъум хуеплъэкӏа мыхъумэ, зыри пидзыжакъым.
Ашэмэз илъэситӏ ирикъуатэкъым Марат унагъуэм щахэкӏам. Къыдэлажьэ хъыджэбз щӏэращӏэм къыхуэфӏэрафӏэурэ дихьэхри, лъагъуныгъэм уимыгъэщӏэн щыӏэ, абы и хьэтыркӏэ щхьэгъусэри бынри ӏэщӏыб ищӏащ. И Вероникэ унагъуэкъутэу къамылъытэн щхьэкӏэ, Маринетэ бгъэдэкӏыу щхьэхуэу тӏэкӏурэ псэун хуейт, абы къыдэкӏуэу нэчыхьри икъутэжынут. Благъэри ӏыхьлыри къепсэлъат Марат, «зумыгъэунэхъуж, уи быныр пӏыж» жаӏэу, ауэ зыри зэхихакъым. Дамири пыхьат и ныбжьэгъур щимыгъэуэну.
Марат зыхуэӏыгъыжакъым:
– Си гъащӏэм и унафэ сэ сщӏыжынщ, ууейм ейр уэ щӏыж! Уунагъуэкъым, убынкъым, сыт уэ хэпшӏыкӏыр лъагъуныгъэми лъагъумыхъуныгъэми! Маринетэ ущӏэлӏэу зэрыщытар сощӏэ, мис, иджы хуит ухъуащи, апхуэдизу уигу щыщӏэузкӏэ, къашэ!
Марат гухэлъым и щӏыналъэм къыщыхутэжат. Вероникэ мэубзэ, мэӏущащэ, мэӏущабэ. Марати удз гъэгъа дахэм хьэндырабгъуэу тетӏысхьащи, и ӏэфӏыр ӏэфӏ къыӏурыхъуэ зэпытщ. Апхуэдэ жэнэтым къыщыщӏынкӏэ хъунур ищӏэрти, Марат и щхьэгъусэщӏэм гуригъэӏуащ сабий зрагъэгъуэтыну епӏэщӏэкӏыныр зэрымытэмэмыр. Вероникэ ар и жагъуэ хъуакъым, уеблэмэ акъылэгъу дэхъуащ. Ари хуейт щӏэращӏэу, и ӏэпкълъэпкъыр псырылъэ ишауэ, дахагъэм елэжьыныр зи ӏэщӏагъэхэм я деж кӏэщӏ-кӏэщӏурэ кӏуэуэ псэуну. Зыгуэр къыгурыӏуэ зэрыхъурэ зыщӏэхъуэпсыр арат – и щхьэм хуэпсэужыныр. Ар къехъулӏэнымкӏэ джэлэст Марат и лъагъуныгъэмрэ и улахуэшхуэмрэ. Гъуджэм кӏэрытщ зызэпеплъыхьри. И нэри и набдзэри щӏэх кӏэрымыкӏыжыну тригъэлыхьащи, ари хэщӏащ пщэдджыжь къэс и далэр зыхьым. И ӏупэр иджы зэращӏу къэгъэпщыни хуэмейуэ пӏащэ-бырыбщ. И щхьэц дыщафэу лар нэрынэ-нэрынэу зэрыгъэлъэдэжауэ, ӏэмбатэу и щхьэм фӏэлъщ, ӏуву и дамэм дэукӏуриежу. Сытым щыгъуи ехъуапсэрт щхьэц баринэхэм. Адэ-анэм я къуагъым къызэрыкъуэкӏыу, япэ къыӏэрыхьа улахуэмкӏэ иригъэушэрэзащ. Дахэ дыдэу йокӏу. Аращ Марат жиӏэр: и ӏупэ бырыб щабэмрэ сытым щыгъуи и щхьэцым къыпих удзымэ гуакӏуэмрэщ къэзыхьэхуар. Нэхъыщхьэр арати, къэсхьэхуащ, иджы дэнэ кӏуэжын… Къишэ, иригъэкӏыжу псэуну? Сэ сыетӏуанэ щхьэгъусэщ. Бын зэрыхуэмейр сощӏэ, ауэ сиӏэныр нэхъыфӏщ. Щӏалэ цӏыкӏу зэдэдгъуэтмэ, ар къигъанэу ежьэжынукъым. Ауэ… Адрейм къыхуилъхуат щӏалэ цӏыкӏу… Хъыджэбз цӏыкӏу нэхъыфӏу пӏэрэ? А-аа.. Сытми, зы сабий сиӏэн хуейщ, унагъуэ дыхъун папщӏэ. Сабийри лъэхъуу си лъакъуэм илъынущ, ауэ… зыгуэр къэзгупсысынщ, зэ Марат къызэпхыпа хъумэ.
Марат зыпэмыплъар къэхъуащ. Лӏым игурэ и щхьэрэ зэтелът сабий гъы макъым зэи къимыгъэушыну, Вероникэ сабий зехьэным хыхьэу, езыр лей мыхъуну. Арщхьэкӏэ… Вероникэ ваннэм щӏэлъэдауэ и кӏуэцӏыр и жьэмкӏэ къыжьэдэкӏыжым хуэдэу, зэщокъури щӏэтщ. И фэр пыкӏауэ къыщӏэкӏыжа цӏыхубзым и нэр триубыдауэ йоплъ. Цӏыхубзым и щхьэр ищӏащ, «ара дыдэщ» къригъэкӏыу.
– Хущхъуэ ущӏемыфар сыт?!
– Ар хущхъуэкъым, щхъухьщ. Си ныбжьри нэсащ, зэ бын зизгъэӏыну сигу илъыхэмэ.
– Ухуейуэ къэбгъэхъуа ӏуэхущ, зэрыжыпӏэмкӏэ.
– Маратик, уэри ухуейщ. А уэ уигу пымыкӏ хуитыныгъэр щхьэ гъэпцӏэжщ. Бын тпӏын хуейщ, аращ унагъуэ щӏаухуэр. Сэ анэ сыхъуну сыхуейщ. Си сабий зэскъузылӏэну сыхуейщ!
– Сэ бын сиӏэщ, зэскъузылӏэну сыхуейр уэращ. Аргуэру бын къэслъыхъуэркъым!
Вероникэ къыгурыӏуащ и жьэр имыубыдмэ, псалъэмакъыр куу зэрыхъунур. Лэгъунэмкӏэ щӏыхьэжри зигъэукӏуриящ – и щытыкӏэр щӏагъуэтэкъым.
Арати Марат аргуэру хыхьэжащ зэ къыщӏэзыгъэпхъуэжауэ щыта гъащӏэм: кашэ, памперс, гъы макъ. Махуэ псом лъэуджыджа цӏыхубзыр жэщым ӏэфӏу жеин хуейти, сабийм и шхыныр къыхуигъэувт, къэушрэ гъымэ гъашхэ, жиӏэти. Лэжьыгъэ нэужьым пӏащӏэу къэкӏуэжын хуейуэ къыпиубыдт, сабийр хьэуа къабзэкӏэ игъэбауэу къришэкӏын щхьэкӏэ. Вероникэ цӏыхубзщ, зыкӏэлъыплъыжын хуейщ: ӏэбжьанэ, лъэбжьанэ, щхьэц, набдзэ…
Абы хэту хыфӏидза и къуэ цӏыкӏур къопсалъэ:
– Папэ, мамэ сымаджэ хьэлъэу сымаджэщым яшащ. Си закъуэщ, сошынэ. Си гъусэу ущӏэсын? Е уи деж сышэ.
– Ашэмэз, сыт шынэ, хъыджэбз цӏыкӏу ухъуа уэ? Илъэсибл уохъу, лӏы ухъуащ, ущӏэшынэн щыӏэкъым. Бжэр къэгъэбыди щӏэс. Сэ схущӏыхьэркъым, армыхъуам сынэкӏуэнут.
Бэлыхьу телъым Ашэмэз гуэрыр къыщӏыхыхьэр сыту пӏэрэ? А зэанэ-зэкъуэм я щӏыхуэ лъэпкъ сэ стелъкъым. Унэр Маринетэ сэрэ ди адэ-анэр зэхыхьэри къытхуащэхуауэ арати, «си ӏыхьэр» жысӏэу сыувакъым. Алиментыр сымыгъэчэмауэ изот. Сыкъыщӏыскӏэращӏэн щхьэусыгъуэ яӏэкъым.
Марат зэрыхуа щытыкӏэ гугъур къыгурыӏуэу зыхэзыщӏыкӏынур Дамирти, епсалъэри паркым ит шхапӏэм щызэхуэзэну гурыӏуащ.
– Си щхьэр сужэгъуащ мы Вероникэ и гъусэу, – мэтхьэусыхэ Марат. – Мыупщӏэрэ мыусэу кӏуэри лъхуащ, иджы сабий пӏыныр си пщэм къыдилъхьэжащ.
– Марат, уэ чэнджэщ къыуату зэрыпфӏэмыфӏыр сощӏэ, ауэ си ныбжьэгъу хьэкъщ пэжыр бжесӏэну. Зэ унэкъутэ зыпщӏащ, уи тыншыгъуэ къэплъыхъуэри. Иджыргуэрым къэхъункӏэ хъунур аращ. Апхуэдэу къэбжыхьыну, фызыр лъхуэмэ, хъыджэбз ямышэ къэплъыхъуэрэ унагъуэм ухэкӏыу? Уи зы быныр адэншэщ, етӏуанэ гуэрыр умыщӏ адэншэ.
– Уэ унагъуэ ӏуэхум зыри хэпщӏыкӏкъым, Дамир. Си пӏэм уитамэ, уэри арат пщӏэнур.
– Маринетэ сымаджэщым зэрыщӏэлъыр пщӏэрэ?
– Сощӏэ. Ашэмэз къэпсэлъат, сошынэ, си гъусэу щӏэс, жери. Ара сэ иджыпсту си ӏуэхур? Маринетэ сымаджэми, лӏатэкъым, сыт сабийр и закъуэу къыщӏигъэнар? И анэм деж игъакӏуэ хъунутэкъэ? Псори сэ къысщыгугъыну хуейщ!
– Маринетэ и анэм и лъакъуэр къутауэ, унэм къыщӏэмыкӏыу щӏэсщ. Сэ сригъусэщ Ашэмэз. Маринетэ хьэлъащ. Дохутырхэр хуабжьу къелӏэлӏащ, армыхъум лӏэ пэтащ.
– Уэ сыт Ашэмэз ущӏригъусэр?
– Нэпсалъэри къызэлъэӏуащ. Уэ укъэкӏуэни пшэни зэрумыдари къызжиӏащ. Сабийщ ар, сфӏэгуэныхь хъуащ.
– Уэ езым къэлъхуи, мис ар пфӏэгуэныхь щӏы икӏи и гъусэ. Нэгъуэщӏ унагъуэ ухэмыпщхьэ.
Дамир жэуап итыжыну хэмыту, къэтэджри щӏэкӏыжащ.
Марат фэтэр къищтауэ щӏэст. Къыхуейуэ е зыхуейуэ щыӏэм егупсысурэ, и бын нэхъыжьым деж и гур жащ. Ашэмэз… Балигъ хъуащ. Телефоныр къищтэри псэлъащ.
– Дауэ ущыт, Ашэмэз?
– Псори тэмэщ.
– Сигу укъэкӏащ, дызэхуэзамэ арат.
– Уей, схущӏыхьэну къыщӏэмыкӏын. ӏуэху си куэдщ.
– Сыту ӏейуэ сыкъыпебгъэхрэ! Абы унэса уэ, уи адэм апхуэдэу ткӏийуэ уепсэлъэну?
– Сынэсащ. А лӏышхуэ сыхъуауэ, сышынэн хуэмейуэ къызэрызжепӏэрэ, сылӏышхуэщ икӏи сышынэркъым. Ади сиӏэщ.
– Уиӏэщ, сэ сыпсэущ иджыри, сылӏакъым.
– Уи жагъуэ сщӏыми, ар уэракъым.
– Ар дауэ, уи адэр сэрауэ икӏи сэмырауэ?
– Си адэр Дамирщ.
– Дамир адэ щӏэпщӏар а жэщым накӏуэу узэригъусара?
– Хьэуэ. Абы щыгъуэ мамэ къригъэлыну гугъу зэрызригъэхьаращ. Абы иужькӏи и нэӏэ зэрыттемыкӏаращ. Сытым щыгъуи мамэ къызэрыдэӏэпыкъуаращ. Сэ арэзы сыхъуащ мамэ Дамир дэкӏуэжыну.
– Маринетэ дэкӏуэжауи?! Дамир си унагъуэр стрихауи?! Згъэныбжьэгъум! Ар дауэ?
– Дауэ дызэрыптрахынур, ууейуэ дыщымытауэ? Пэжу ӏуэху си куэдщ, уи махуэ фӏыу ухъу. Умышынэ, уэ лӏы узэрыхъурэ куэд щӏащ.