Цӏэ япӏытӏыр!
Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс. Фи фукъэрэхэм* лӏо ящӏэр тӏэсэ? щыжиӏэм; -Цӏэ япӏытӏри, къуэкӏиищхьэм тес! жиӏэс жи!

Къэзыӏуэтэжар: Къарэхэ Разиещ, Узын-яйлэ Мударей щыщщ. Илъ 87 мэхъу
*Фукъэрэ: Мылъку зимыӏэ, къулеигъэ зыбгъэдэмылъ