Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хъыбар зэдзэкӏахэр – 2

10. ӏейуэ игъэуза, си щӏалэ?..
Цӏыхубзыр пасэу и закъуэу къэнауэ, и къуэ закъуэр ипӏу псэут. Къигъэхъуащ зыхуей иригъэгъуэту, лъагъуныгъэ щимыгъащӏэу. И ныбжь нэсри, хъыджэбз дахэ дыдэ гуэрым дихьэхащ. Яужь ихьэри, къишэну хуейуэ щыжриӏэм, къыпигъэуващ:

– Сыт щыгъуи жысӏэр пщӏэнумэ, сыбдэкӏуэнщ.
Щӏалӏэр хьэщыкъ хъуати, къыпимыгъэувми, ищӏэнут жиӏэр. Къишащ, анэм и къуэ закъуэм хьэгъуэлӏыгъуэшхуэ хуищӏащ. Зэгъусэу псэууэ щӏадзэри, нысащӏэм гуащэр игу зэрытемыхуэр къыгурыӏуащ. Зыхуэмей ишэчу есатэкъыми, и щхьэгъусэм жриӏащ:

– Мы уи анэм си щхьэр здэсхьынур сымыщӏэу сыкъигъэнащ. Жеӏэ мыбы дызыщӏэс пэшым къыщӏэмыхьэну. Пэӏужым щрепсэу, щрежей.
Хущхьащ-щэтащ щӏалэр. Къыхуегъэкӏутэкъым анэм апхуэдэу жриӏэну. Ауэ фӏыуэ илъагъур арат зыхуейри, игъэзэщӏащ.

Пӏалъэ тӏэкӏу дэкӏри, нысащӏэм жиӏащ:

– Мыр дауэ гъащӏэ, уи лэгъунэм зыгуэр къыкӏэлъыплъ хуэдэу, къыпкӏэщӏэдэӏухь хуэдэу ущӏэсыну. Мы пэӏужым щӏэс уи анэр гуэщым гъакӏуэ. Езым дежкӏи ди дежкӏи аращ нэхъ тыншыр.

Хуабжьу къехьэлъэкӏт, ауэ итӏани фызым и унафэр анэм жриӏащ. Цӏыхубзыр и нысэм щышынэ хъуати, жэщкӏэ фӏэкӏа дунейм къытехьэртэкъым.

Зы махуэ гуэрым нысащӏэм зигъэпсэхуу жыгышхуэм и жьауэм щӏэсу, анэр гуэщым къыщӏэкӏауэ илъэгъуащ. Къытехьэри и щхьэгъусэм деж жащ:

– Къыбгурыӏуэмэ, сэ мыр сигу техуэркъым. Дэнэ ухуейми хьы, ауэ си нэхэм ялъагъуну сыхуейкъым!
– Дэнэ сыбгъэхьыну, си псэ, мыр си анэщ, хамэ гуэркъым.

– ӏыхьлы гуэрым деж шэ, щрепсэу.

– Ар здэсшэн ӏыхьлы дэ диӏэкъым. Жыпӏэр мыхъунщ. Апхуэдэ къыспумыубыд. Си анэр зыщӏыпӏи схуэхьынукъым, хьыпӏи сиӏэкъым.

– Хьыпӏэ уимыӏэмэ, хэкӏыпӏэ щыӏэщ.

– Ар сыт хуэдэ?

– Еуи укӏ!

– Уи акъылым уит, си псэ? А жыпӏэр уэ езым къыбгурыӏуэжрэ? Ар сыт хьэдэгъуэдахэ!?

– Уи анэр укӏи, жысӏар зэрыбгъэзэщӏар си фӏэщ хъун папщӏэ, и гур къихи къысхуэхь.

Щӏалэм и щхьэр хуэӏэтыркъым, и фэр мэкӏуэд. Ауэ пӏалъэр кӏуэху и гупсысэм щымыщ гуэрхэр къыхыхьэу щӏедзэ: «Си щхьэгъусэрагъэнщ сэ япэ изгъэщын хуейр. Аращ си гъащӏэр зыдэсхьынур, бын зыдэзгъуэтынур. Си анэм къигъэщӏэнур нэблэгъащ. Унагъуэ къутэ зызмыщӏу, щхьэгъусэм жиӏэр згъэзащӏэмэ мынэхъыфӏу пӏэрэ?»

Сытми гурылъ ещӏ и анэр мэзым ишэу абы щиукӏыну. Иришэжьащ. Къыбгъурыту и лъакъуэ гуащӏэмащӏэхэр ерагъыу зэблихыу кӏуэ анэ зэкӏуэцӏыгъуам къыхуоплъэкӏри, и гум хыхьэу фӏэгуэныхь мэхъу. Зыхуэмыӏыгъыжу щӏым зытридзэри гъыуэ щӏидзащ. Анэм и къуэр хигъэзыхьащ апхуэдизу зыгъэгумэщӏыр жригъэӏэну. Къыжриӏащ. Анэр щыму щытащ зыкъомрэ. Итӏанэ жеӏэ:

– Си щӏалэ, цӏыхум гъащӏэм и ӏэфӏыр зэрызыхищӏэр лъагъуныгъэкӏэщ. Псэ зыӏуту дунейм тетыр лъагъуныгъэщ къэзыгъэщӏар. Ауэ абы и гъуэгум узыгъэунэхъун шынагъуэ куэдым ущрохьэлӏэ. Егупсысыжыт, ущымыуауэ пӏэрэ псэуэгъу къыщыхэпхым? Цӏыхубзым и дахагъым уи нэхэр къыщимыпхъуауэ пӏэрэ?

– Си анэ, си щхьэгъусэр си псэм нэхърэ нэхъыфӏу солъагъу. Сщӏэнур сщӏэркъым.

– Си бын закъуэр насыпыншэу, сэ гъащӏэ сыхуейкъым. Къащтэ си гур, хуэхь фӏыуэ плъагъум!

Анэм и гур и ӏэкӏэ къричыжри къуэм къыӏэщӏилъхьащ. Блашэ тхьэмпэм трилъхьауэ ехь. Гур мэкӏэзыз, къоуэ. Къэувыӏэркъым, къоуэ. Къуэр анэм и гум еплъурэ макӏуэ. Гурыщӏэ кӏуэцӏымыхуэжым пэмылъэщу, лъэпэрапэри джэлащ. И лъэгуажьэр теудащ, узащ, мэщэӏу. Анэм и гур къоӏущащэ:

– Си къуэ цӏыкӏу, ӏейуэ игъэуза уи лъэгуажьэр? Етӏысэх, зыгъэпсэху, теудам ӏэ дэлъэ…

Щӏалэм и гукъуэпсхэм ирижэу зыхищӏащ анэм хуэдэу къэзылъагъун ар зэи зэрыримыхьэлӏар, апхуэдэ щӏы щӏыӏум зэрытемытыр.

– Сыт сэ сщӏар!? – щӏалэм и макъым мэзыр къегъаджэ. Къипхъуэтэжащ къыӏэщӏэхуа анэгур. Ар быным тогузэвыхьри, нэхъри зиукӏыжу къоуэ. Пӏейтейм хэт гур иӏыгъыу игъэзэжащ анэм деж. Щхьэщытӏысхьащи, и нэпс пщтырыр треухуанщӏэ. Ирелъхьэж гур анэм и бгъэ зэхэчэтхъам. Анэ лъагъуныгъэм и лъэщагъыр апхуэдизти, и къуэм гухэщӏ имыӏэн папщӏэ, гур здэщыӏам щызэгъэжащ, бгъэгу зэхэчэтхъам зиузэхужащ. Анэр къызэфӏэтӏысхьэри гуӏэгъуэ зытелъ и къуэм и щхьэр зрикъузылӏащ.
Къагъэзэжыфынутэкъым тӏуми тхьэӏухуд гущӏыӏэм дежи, зэгъусэу губгъуэм ихьэжащ. Губгъуэм зэбгъурыту итурэ, тӏури ӏуащхьэ зэбгъурыт хъуащ. Пщэдджыжь дыгъэр къыщӏэкӏамэ, и бзийхэр япэ зэдэхащӏэр а ӏуащхьитӏыращ. Пщыхьэщхьэм дыгъэр щыкъухьэжкӏэ, иужьрей фэхъусыр зрихыжыр а ӏуащхьитӏыращ.

Önceki İçerik
Sonraki İçerik

Yazarın Diğer Yazıları

Жьуджалэ

Мариетэрэ Маратрэ къахущӏэмыплъ, курсыр къэгъэнауэ, факультетым щеджэхэм куэд яхэттэкъым. Теплъафӏэхэу, щхьэпэлъагэу, сытым щыгъуи нэжэгужэу – зэкӏупст, «мы тӏур зы хъун хуейуэ къигъэщӏат» жрагъэӏэу. Марат...

Ӏуэтэж – Быныр нэхъапэщ

Зоерэ Даутрэ щызэрыцӏыхуар университетырат. Къуажэ еджапӏэр къаухыу къалэм къэкӏуа щӏалэгъуалэм щӏэщыгъуэу ялъагъури къацӏыхури куэд хъурт, ауэ Даут и нэм Зое къыфӏэнэри, лъэкӏ къигъэнатэкъым къыдихьэхын...

Хъыбар зэдзэкӏахэр

1. Сыт си мелыӏычым и цӏэр? Пщэдей хуэдэм дунейм къытехьэну, нанум и псэ къабзэр Тхьэм епсэлъылӏащ. – Пщэдей щӏым саутӏыпщынущ, – жреӏэ дзыхь зыхуищӏ и Тхьэм....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img