Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хъыбар зэдзэкӏахэр – 3

11. Жей, си дыщэ кӏанэ…

Зы адыгэ унагъуэ дахэ псэурт. Зи щӏалэгъуэ зэщхьэгъусэхэм къуэ цӏыкӏу зэдапӏырт, иджыри хэхъуэ яӏэну пэплъэрт. Ар зэрыхъыджэбз цӏыкӏур къыщищӏэм, анэм и къуэр иригъэсащ ныбэм илъ нанум гущэкъу уэрэд зэгъусэу жраӏэу. Щӏалэ цӏыкӏум фӏэфӏ дыдэу жиӏэрт:
Жей, си дыщэ кӏанэ,
Жэщыр зэгъэжащ.
Сэ уи_уэрэд_цӏыкӏум
Къытезгъэзэжащ…
Зэфӏэкӏыну иджыри пӏалъэр нэмысауэ, цӏыхубзыр сымаджэщым щӏэхуащ. Нанур дунейм къытехьащ, ауэ узышхуэ пкърылът, псэуну ущмыгъэгугъыу. Дохутырым я нэӏэ темыту хъунутэкъыми, анэр щӏатхыкӏыжри нанур абдж матэм иралъхьащ. Адэ-анэр нэхъыкӏэ дыдэми хуэхьэзырт. Я къуэ цӏыкӏуми зэхихт къыхуалъхуа шыпхъур дунейм къытехьа къудейуэ текӏыжынкӏэ зэрыхъунур. Лъаӏуэ зэпытт:
–Сыфшэ, си шыпхъур слъагъуну сыхуейщ! Сэ ар слъагъун хуейщ!
Щӏалэ цӏыкӏур яшащ, ауэ сымаджэ хьэлъэхэр зыщӏэлъым фӏырыфӏкӏэ зыри щӏагъэхьэртэкъым. Анэр лъэӏуапэри, зэанэзэкъуэр щӏагъэхьащ. Щӏалэ цӏыкӏур абдж матэм бгъэдашащ. Езыми, абджым илъ цӏыкӏунитӏэм еплъурэ, зэресауэ, къыщӏидзащ:
Жей, си дыщэ кӏанэ,
Жэщыр зэгъэжащ.
Сэ уи_уэрэд_цӏыкӏум
Къытезгъэзэжащ…
Нанум и напӏэр хэлъэтащ. Нэхъ тыншу бауэу щӏидзащ. Анэм и нэпситӏыр къелъэлъэхыу жиӏэрт:
–Жыӏэ, си щӏалэ цӏыкӏу, жыӏэ иджыри!..
Дохутырхэм я нэгу щӏэкӏыр зэрагъэщӏэгъуэнур ящӏэртэкъым. Нанум и ӏэпэ цӏыкӏухэр игъэхъеящ. Щӏэныгъэ и лъэныкъуэкӏэ мы къэхъуам узэреджэнур зэхагъэкӏыну пыхьат дохутырхэр, ауэ адэ-анэм ящӏэрт ар телъыджэу зэрыщытыр. Дэлъхум и шыпхъум хуиӏэ лъагъуныгъэм къыхэкӏа телъыджэт!
Цӏыхур щыпсэуфыр зыгуэр къызэрыхуейр щищӏэм дежщ.

12. Адэфӏым и бынлъагъукӏэ

Адэм и къуэ зэтӏолъхуэныкъуитӏыр хьэл-щэнкӏэ зыкӏи зэщхьтэкъым. Балигъ хъуащ, еджапӏэр къаухащ, иджы зэрыпсэун ӏэщӏагъэ яӏэн хуейщи, гуитӏщхьитӏхэщ. Адэм упщӏэж ирахьэлӏэну етӏысылӏащ. Зым жеӏэ:
–Си адэ, сэ бей сыхъуну сыхуейщ, ауэ си егъэджакӏуэм зэрыжиӏэмкӏэ, сынэпсейщи, зэи бей сыхъунукъым.
– Хьэуэ, апхуэдэукъым зэрыщытыр. Уэ зэгъэзахуэ уиӏэу аращи, бей ухъунущ.
–Сэри сыхуейщ бей сыхъуну, – жеӏэ адрей къуэм, – ауэ ахъшэ испхъэн сфӏэфэщ, абы къокӏ зэи бей сымыхъуну.
–Уэри ущоуэ, – жи адэм, – уэ ахъшэм уемыпхауэ аращ. Утемышыныхьу бизнесым пхухэлъхьэнущ, аращи бей ухъунущ.
–Сэ къэувыӏэ сымыщӏэу сыщӏехьэ! – жи япэрейм.
–Хьэуэ, уэ узыхуейм ерыщу ухуэкӏуэу аращ. Гъащӏэр къохъулӏэнущ.
–Сэ сытегушхуэгъуейщ, – жи мыдрейм.
–Уэ утегушхуэгъуейкъым, псори зэпумылъытауэ ӏуэху ухэмыхьэу аращ. Ар фӏыщ, – идэркъым адэм.
–Сэ си псантхуэхэм дагъуэ яӏэ хуэдэу къысщохъу иныкъуэхэм деж, – гуитӏщхьитӏщ япэр.
–Уэ, си щӏалэ, гуащӏэ уи куэдщи, зытебгъэкӏуэдэн ухуейуэ аращ. Здэкӏуапхъэмкӏэ гъакӏуи, ифӏ къокӏынущ.
–Сэ сыщхьэхынэщ. Ар зэран къысхуэхъунущ.
–Уэ, си щӏалэ, зыгъэпсэхукӏэ бощӏэ, уи гуащӏэр ипкӏуткъым, псори зэпыбошачэ, апхуэдэхэм я гъащӏэр екӏу мэхъу.
–Сэ сыделэу жаӏэ – жи мыдрейм.
–Хэт жиӏэми, щоуэ. Уэ тыншу щхьэрыжэ пщӏыуэ аращ, уи гум щыщӏэр пхуэбзыщӏкъым, пхущӏэхъумэкъым. Цӏыхум я нэхъыбэм апхуэдэр фӏыуэ ялъагъу.
–Сэ-тӏэ сызэхуэщӏыӏуащ, – жи адрейм.
–Ар фӏы дыдэщ. Уи дэуэгъухэм уигу илъ псор ящӏэн хуейкъым. Бизнесым щхьэпэ къыщыпхуэхъун щытыкӏэщ.
Адэр и къуитӏым гузэӏухакӏэ епсэлъылӏащ. Зым пхъашэу зыкъыщыхъужти, мыпхъашэу, пщэдэкӏыж ихьу зэрыарар жриӏащ. Адрейм хьэрэмыгъэншэу зилъытэжти, а щытыкӏэм и фӏыгъэкӏэ цӏыхум фӏыуэ къызэралъагъунур жриӏащ. Ерыщу зыкъэзылъытэжым жриӏащ арыншауэ уи гуращэм узэрылъэмыӏэсынур. Зэкъуэшитӏым язым тегупсысыкӏыныр и хьэлу щыжиӏэм, щӏэ къэгъэхъуным, къэгупсысыным и гур етауэ зэрыарар къыгуригъэӏуащ.
Апхуэдэ щӏыкӏэурэ адэм и къуитӏ зэмыщхьри насыпыфӏэу, бейуэ зэрыпсэун гъуэгу тригъэуващ и чэнджэщ узыншэхэмкӏэ, тегушхуэныгъэ яхилъхьащ.
Гуитӏщхьитӏыгъэм къыхинакъым и быныр.

13. Псэукӏэ дахэм и щэхур

Зы щӏыналъэ гуэрым и тетым хъыбар зэхихащ и къуажэхэм псоми емыщхьу зы яхэту: цӏыхуу дэсыр зэгуроӏуэ, псалъэмакъи зэдауи яку къыдэкӏыркъым, фыгъуэ-ижэ щызекӏуэркъым. А къуажэм дэсхэм яхэплъэну, я псэукӏэ дахэр къызыхэкӏыр зригъэщӏэну ежьэри къуажэм нэхъыжь дыдэу дэсым и унэм еблэгъащ. Зыхуей упщӏэр щритым, лӏыжьым тхылъымпӏэ напэрэ ӏэпэрытхэрэ къищтэри куэдрэ зыгуэр итхащ.
–Мэ, – жиӏащ, – мыр зехьэ. Ущигъэуэнкъым.
Тетыр тхылъымпӏэм итым еджэну хуежьэри, псалъищ къудейт зэрыхъур, ауэ къытригъэзэжурэ щэ бжыгъэу тхат:
лъагъуныгъэ, шыӏэныгъэ, гъэгъуныгъэ
лъагъуныгъэ, шыӏэныгъэ, гъэгъуныгъэ.

14. Пщыхьэщхьэ нэхъ жьыуэ къэкӏуэж, папэ…

Зы пщыхьэщхьэ гуэрым адэр лэжьапӏэм, зэрихабзэу, гувауэ къикӏыжащ. Ешат, и тэмакъым зыри щӏэхуэжтэкъым. Унэм щыщӏыхьэжам, илъэситхум ит и къуэ цӏыкӏур ӏужым къыщыпэплъэрт. Адэм пежьащ:
–Папэ, зыгуэркӏэ сыноупщӏынут.
–Къызэупщӏ. Къэхъуаӏа?
–Зыри къэхъуакъым. Дапщэ уи мазэ улахуэр зэрыхъур, жысӏэнурат
–Абы уэ хуиӏуэхур сыт? – губжьащ адэр. – Зэрыпщӏынури сыт си улахуэр зэрыхъур?
–Сщӏэну сыхуейуэ аркъудейщ. Кхъа, жыӏэт, дапщэ къэпхьыр?
–Къызохь сом щитху. Сыт иджы?
–Папэ, – жиӏащ щӏалэ цӏыкӏум, нэщхъей къызыщӏих и нэ цӏыкӏухэмкӏэ къыхудэплъейри. – Сом щищ щӏыхуэу къызэптыфыну?
–Къысӏыпхын щхьэкӏэ къэзлэжьым ущӏыщӏэупщӏар? – кӏиящ адэр. – Псынщӏэӏейуэ уи пэшым кӏуэжи жей! Апхуэдизу ущхьэхуещэ хъурэ? Сэ махуэ псом гугъуехь стелъу солажьэ а сом щитхум папщӏэ! Уэ делагъэ щхьэкӏэ ахъшэ сӏыпхынущ!
Щӏалэ цӏыкӏум хуэмурэ зигъазэри и пэшым щӏыхьэжащ.
Адэр иджыри тӏэкӏурэ губжьым зэщӏиӏыгъащ, ауэ хуэмурэ теужри зыщӏэгупсысыкӏащ. Пэжу, зыгуэркӏэ хуей хъуауэ пӏэрэ ахъшэм? И хьэлакъым лъаӏуэу. И къуэм кӏэлъыщӏыхьащ.
–Ужейрэ, си къуэ цӏыкӏу?
–Хьэуэ.
–Тӏэкӏу пхъашэӏуэу сынопсэлъащ, къысхуэгъэгъу. Лэжьапӏэм сыщешыӏуати, зысхуэӏыгъакъым. Мэ, жыхуэпӏам хуэдиз мэхъу мы ахъшэр.
–О-о, папэ, тхьэм уигъэпсэу, – гуфӏэу къзэфӏэтӏысхьащ сабийр.
И щхьэнтэ кӏапэм щӏэӏэбэри нэгъуэщӏ тхылъымпӏэ ахъши къыкӏэщӏихауэ псори зы ещӏ, ебж. Ар зылъэгъуа адэр аргуэру губжьащ:
–Сыт сэ укъыщӏызэлъэӏуар, мес, уэ езым уиӏэщ ахъшэ!
–Иджыщ, папэ, зэрыхъун хуейм хуэдиз щыхъуар. Папэ, мы сӏыгъ ахъшэр сом щитху мэхъу. Мыр уи улахуэм хуэдизщи, узотри, кхъа, пщыхьэщхьэкӏэ нэхъ жьыуэ къэкӏуэж! Сэ зыкӏэ сыхуейщи зэгъусэу пщыхьэщхьэшхэ тщӏыну!

Yazarın Diğer Yazıları

Ӏуэтэж – 4

Хэкӏыпӏэ щыӏэщ сытым дежи… Зэикъуэ къуажэкухэм деж маршруткэм зы хъыджэбз къыщитӏысхьащ, тӏэкӏуи тешхыхьа жыпӏэну, щыгъын къызэрыгуэкӏкӏэ хуэпауэ, и плӏэм джинс плӏэрыдзэ цӏыкӏу илъу. Уи нэ...

Хъыбар зэдзэкӏахэр – 4

15. Шэху уэздыгъищым еплӏанэр… Шэху уэздыгъиплӏ щыблэрт стӏолыщхьэм. Унэр щымти, уэздыгъэхэм я ӏущащэ макъыр зэхэпхт. –Сэ сы-Пӏейтеиншагъэщ. Си жагъуэ мэхъу цӏыхум сызэрамыхъумэфыр. Сыункӏыфӏын фӏэкӏа, нэгъуэщӏ къысхуэнэркъым,...

Ӏуэтэж – 3

Гъащӏэм и ныбзхэр… Темыррэ Марэрэ унагъуэ дахэу зэдэпсэурт. Хъыджэбзитӏ зэдагъуэтати, цӏыху дахэ къыхащӏыкӏын папщӏэ, ялъэкӏ къагъанэртэкъым. Кредиткӏэ унэ къащэхури щӏэтӏысхьэжати, и пшыныжыным гугъу дехьырт, ауэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img