Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Шэрджэс хэхэс хасэхэм къабгъэдэкӀыу анэдэлъхубзэм теухуэ джэ псалъэ

Шэрджэс хэхэсым я хасэхэм Урысей Федерацэмрэ Шэрджэс республикэхэм я ӏэтащхьэхэмрэ зыхуагъэзащ.
Джэ псалъэм и текстым мы жыӏэгъуэхэр итщ:
«Шэрджэс хэхэсым щыщ цӏыхухэр, дэ хуабжьу дегъэгузавэ пэщӏэдзэ еджапӏэхэм анэдэлъхубзэхэр щегъэджыным ехьэлӏа хабзэхэм Урысей Федерацэм иджыблагъэ халъхьа зэхъуэкӏыныгъэхэм.
Анэдэлъхубзэхэр егъэджыныр гъэмэщӏэнри, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хуэм-хуэмурэ хэгъэкӏынри а бзэхэр пӏалъэ кӏыхькӏэ кӏуэдыжынкӏэ шынагъуэщ.
2025 гъэм фокӏадэм и 1-м Урысей Федерацэм Егъэджэныгъэмкӏэ и Министр Кравцов Сергей ӏэ щӏидзащ пэщӏэдзэ щӏэныгъэмкӏэ федеральнэ программэщӏэр гъэбыдэным теухуа хабзэ къащтащ…
Абы къыхэкӏыу,
«Анэдэлъхубзэ», «анэдэлъхубзэмкӏэ литературэ къеджэныгъэ» курсхэр къыхалъхьэ еджапӏэ псоми япэ классым щеджэну сыхьэт бжыгъэр тхьэмахуэм сыхьэтитӏым къыщыщӏэдзауэ зы сыхьэтым нэс щагъэмэщӏащ; «Анэдэлъхубзэ» курсым «Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэ» фӏащащ. Анэдэлъхубзэхэр шынагъуэм хэтщ.
Урысейм ис лъэпкъ псоми, адыгэхэм, абазэхэм, тэтэрхэм, шэшэнхэм, осетинхэм, нэгъуэщӏхэми я анэдэлъхубзэхэр хъумэным пыщӏа гугъуехьым мыхьэнэшхуэ иӏэщ.
Пэщӏэдзэ еджапӏэхэм анэдэлъхубзэхэр зэрыщрагъаджэр гъэмэщӏэныр техническэ зэхъуэкӏыныгъэ къудейкъым, атӏэ а бзэхэр егъэджэныгъэм и ӏэнатӏэм зэгъэуӏуауэ хэгъэкӏын лъэбакъуэщ икӏи пӏалъэ кӏыхькӏэ кӏуэдыжынущ.
Бзэр зыӏурылъым тхьэмахуэм сыхьэтитӏ хуримыкъуми, а зэманыр тхьэмахуэм зы сыхьэт нэхъ къэмынэжыным бзэр хъума хъункӏэ ӏэмал иӏэкъым.
Урысей Федерацэм и Конституцэм и 72-нэ статьям зэдихьа бзэ политикэм ехьэлӏа ӏуэхухэм теухуа мы унафэр федерализмэмрэ Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ я принципхэр къызэпыудынырщ.
Нэгъуэщӏ лъэныкъуэкӏэ, «анэдэлъхубзэ» терминыр «Урысей Федерацэм и лъэпкъым и бзэ» – кӏэ зэхъуэкӏыныр къемызэгъ гурыӏуэгъуэщ. Апхуэдэ зэхъуэкӏыныгъэм «егъэджэныгъэм теухуауэ» хабзэм и терминологиер икъутэ къудейкъым, атӏэ анэдэлъхубзэм и концепцэр этнокультурнэ идентичностым и лъабжьэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр къридзэркъым.
Мы унафэр урысей Федерацэм и Конституцэм и 68-нэ статьям пэщӏоуэ, лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр яхъумэну, ар яджыну, зрагъэужьыну ӏэмалыншэхэр къызэгъэпэщыну шэсыпӏэ иту.
Ди лъэпкъ республикэхэм я ӏэтащхьэхэмрэ федеральнэ властым и хэгъуэгухэм я лӏыкӏуэхэмрэ къыхудоджэ хабзэр практикэм хэгъэкӏыным ехьэлӏауэ зыхуэныкъуэ жэрдэмхэр къагъэлъэгъуэну, ӏэмалу щыӏэр зэдгъэзащӏэу, Урысей Федерацэм и Конституционнэ судым зыхуагъазэри хэту.»

Ӏэ зыщӏадза ӏуэхущӏапӏэхэр:

Абхъаз Хасэхэм я Федерацэ, Адыгэ Кавказ Хасэ, Адыгэ Шэрджэс Хасэ, Адыгэ Хасэ Австрие, Бельгие Ищхъэрэ Кавказ Хасэ, Бозююк Ищхъэрэ Кавказ Щэнхабзэ Хасэ, Бремен Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэ, Бурсэ Шэшэн-Ингуш Щэнхабзэ Зэкъуэтыныгъэ Хасэ, Бююкчекмедже Кавказ Щэнхабзэ Хасэ, Шэшэн Кавказ Хэхэсхэм Дэӏэпыкъуныгъэ Зэкъуэтыныгъэ Хасэ (KAFKASDER), Шэшэн Ичкерие Хасэ, Эскишехир Ищхъэрэ Кавказ Щэнхабзэ Зэкъуэтыныгъэ Хасэ, Гебзе Ищхъэрэ Кавказ Щэнхабзэ Хасэ, Истамбыл Зэгуэт Кавказ Хасэ, Истамбыл Кавказ Щэнхабзэ Хасэ, Кавказ Шэшэн Зэкъуэтыныгъэ Щэнхабзэ Хасэ, Къайсери Кавказ Хасэ, Кютахя Ищхъэрэ Кавказ Щэнхабзэ Хасэ, Менхенгладбах Ищхъэрэ Кавказ Щэнхабзэ Хасэ, Самсун Адыгэ Щэнхабзэ Хасэ, Самсун Зэгуэт Кавказ Хасэ, Щамил Егъэджэныгъэ Щэнхабзэ Фонд, Кавказ Фонд, Алан Щэнхабзэ Дэӏэпыкъуныгъэ Фонд, Истамбыл Кавказ Шэрджэс Хасэ, Самсун Кавказ Шэрджэс фонд.


Адыгэбзэкӏэ зэзыдзэкӏар: Хьэжбэвыкъуэ Эрдоган Йылмазщ.

Yazarın Diğer Yazıları

Birlikte reddetmeye çağrı

Bir grup Çerkes kadını tarafından oluşturulan ve her kesimden katılımcı tarafından imzalanan aşağıdaki metin, Ötüken Yayın Yönetmeninin yaklaşımının yalnızca Çerkes kadınlarına yönelik değil, kadınları...

Şahdağ halklarının anadilinde eğitim hakkı

Şahdağ halklarının Türk kökenli olduklarına dair çeşitli geç dönem versiyonların bilimsel bir değeri yoktur Lezgi dili, Güney Dağıstan ve Kuzey Azerbaycan’ı birleştiren benzersiz bir kültürel...

Yeni çıkan kitaplar

Etnografik makaleler Fransız asıllı etnograf ve dilbilimci Leonti Yakovleviç Lyulye’nin yazdığı “Çerkesya, Tarihi-Etnografik Makaleler (1857-1862-1866)”, Murat Topçu’nun çevirisi ve Koyusiyah Yayıncılık etiketiyle raflarda... 19. yüzyılın ortasında...

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img