Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Ди бзэм хэтлъагъуэ «Хьэ»хэр!

«Уэ Хьей»!

Илъэс щӏэныкъуэм (50) фэкӏащ, Анкара къалэм сыщеджэу, зыгъэпсэхугъуэм хуэзэу, ди къуажэ Бэшкъэзакъхьэблэ сыкӏуэжыну, анэщ къуажэ Аслъэнхьэблэ сыдэхащ. Си анэ шыпхъу Сабиха слъагъуну, я пщӏантӏэм сыдэхьащ, сыкъызэрилъагъуу; сызэрыс мэшынэм, си зы лъакъуэмкӏэ себэкъуэха къудейуэ зыкъызидзыри зыкъызишэкӏащ, ӏэблӏэ гуапэ дыдэкӏэ сызыщӏикъузэу…

– «Уэ хьей» ! Сыту фӏыуэ пщӏа, сыт щӏауэ узмылъагъуурэ, сигу укъэкӏыщат… къызыжьӏэу ӏэплӏэ гуапэкӏэ мэшынэм сришат.

Къызишэкӏа ӏэплӏэ гуапэм и хуабагъэм сызыщӏиуӏэфат. Ауэ, мы гуапагъэмрэ, псалъэм хэт, «фӏы» къимыкӏыу къызгурыӏуэ псалъэр схузэгъэкӏуатэкъым. Сэ зэрысщӏэр, цӏыхум къыдэхым и фӏэщыгъэцӏэщ «хьей»р.

Мис мы ныбжьым дыкъэсауэ, бзэм тэкӏу къыдгурыӏуэу дыщыхэплъэм къыдгурыӏуэ хъуащ, си анэ шыпхъум къызыжиӏа псалъэм къикӏыр. А псалъэм и ныбжьыр, здынэсыр, «хьэ лъэхъэнэ»м щыщӏидзауэ къызэрыгъуэгурыкӏуэр…

«Хьэ» псалъэм къикӏыр дымыщӏэмэ, «хьэ/щӏэ»ри, «хьэ/дэ»ри, «хьэ’м ей» «хьей»ри псалъалъэм диплъэкӏэ къызытехъукӏар къыдгурыӏуэнукъым…

Псалъалъэр нобэ, зы хабзэ гуэрэм тету псалъэм къикӏыр зыгъэлъагъуэ тхылъщ. Нобэ и зехьэкӏэм къикӏыращ игъэлъагъуэр, псалъэм и къежьапӏэм тепсэлъыхьынкъым. Ар зы лэжьыгъэ щхьэхуэ хухэхащ. Мыхэр зыӏуатэ щӏэныгъэ лэжыгъэ дыхуэныкъуэщ. «Уэ хьей»м къикӏыр нахуэу кыдгурыӏуэн папщӏэ…

Уэ Хьэ Хьей!

Аддэ ижь ижьыжьым, нобэ «цӏыху» зыфӏэща псэущхьэм, и бэуэкӏэм къригъэкӏа макым къытехъукӏaуэ «хьэ» псалъэр къытенауэ зрихьащ. Бзэм хэпсэхьауэ «хьэ» псалъэр кызыхэщ «хьэдэ», «хьэщӏэ», «хьэлъэ», «хьэблэ»…хуэдэ псалъэ куэд диӏэщ.

Мы псалъащхьэми хэфлъэгъуэнущ.

Гузэвэгъуэ хэхьахэм, кӏийуэ я макъыр зыхырагъэхыну, зы псалъафэ жыӏэкӏэ яӏэщ.

Хьэрыпым «!مدد», абы къытэхъукӏауэ Тыркум «İmdat!», Урысейм «помощь!», Инджилизым «Help!» жаӏэу мэгуоу.

Гузэвэгъуэ хэлъу зыгуэрым зэрегуо джэ макъыу, дэ зетхьэ псалъэр сы?

-«Уэ хьэ хьей!»?

-Сыт къригъэкӏыр?

-Хэт сымэ зэгуор?

«Хьэ»р, цӏыху зыфэзыщыжа псэущхьэращ.

«Хьей»р, хьэм «ей», хьэм и бын, и щӏэблэращ.

«Хьэри, хьэм и быныри фыкъэс!» жиIэу мэкӏий, мэгуо, маджэ.

«Хьэ» псалъэм къикӏыр дымыщӏэмэ; «Уэ хьей» псалъэри, «Уэхьэхьей» псалъэри гурыIуэгъуафӏэ къытщыхъунукъым!

Ди бзэр къыдопсалъэ! И пщӏэр тщӏэмэ!

• Хьэ/жыгъэр къызыхащӏыкӏар, япэ дыдэ къагъэкӏа къэкӏыгъэ «хьэ» (arpa, ячмэнь)ращ. Щахъума щӏыпӏэу «гуэн»ым и цӏэр «хьэмбар»щ.

• Псэущхьэу пщӏантӏэм ӏулъ, япэ дыдэ цӏыхум есауэ, гъусэ хуэхъуари «хьэ»щ. Хьэм и шырыри «хьэ/вшыр»щ.

«Хьэ Лъэхъэнэ»?

Ижъ ижьыжь лъандэрэ псэущхьэхэр зыдопсэу. А псэущхьэхэм, зы гупыр къащхьэщокӏ, и лъэм тет хъуауэ, и лъэм щытетым и ӏэри хуит щыхъум, хузэфӏэкӏ «ӏэщӏагъэ»р езыми илъагъуж щыхъум, дэ мыхэр, мыхэр дощӏэ, догъэзащӏэ, тхузыфӏокӏ, дэ «п/цӏы»р, нэп/цӏы»м «цӏэ» фыдощ, «фӏы/цӏэ»р, нэ«ху» зырыхъур дощӏэ, дэ до«цӏы/ху» щыжаӏам щыгъуэ «цӏыху» псалъэри «цӏэ» яхуэхъуауэ нобэ къэсагъэнущ.

«Цӏыху» зыфӏамыщыж ипэ, псэущхьэхэм дэщӏыгъу зы псэукӏэй яӏэт. Зыхах макъхэр, макъ къизыгъэкӏым цӏэуэ къытенэт. (а лъэхъэнэм макъ зэрызт, къаӏурыкӏыу зэрызгурыӏуэр). Зэщакӏуэт, зэщэт, къырахужьэт, захъумэжыну жыг кунэф, гъуэ, гъуанэ, бгъуэнщӏагъ сыт ягъуэтми зырадзэт. Къырахужауэ зыридза щӏыпӏэм бауэбапщэу, и бэуэкӏэр езым зыхихыжт. Къыригъэкӏ и бауэкӏэ макъыр цӏэу къытенауэ, «хьэ» псалъэр кызытехъукӏауэ зыхуэкӏуэр «хьэ…хьэ…хьэ» жиӏэу къигъэӏу, и ӏум къыжыдэкӏ и бэуэкӏэрауэ къыщӏэкӏынущ, жыуегъэӏэ. (Нэгъуэщӏ гупщысэхэри утыку къыралъхьэнкӏэ псори хуитщ).

«Хьэ лъэхъэнэ» зыхужысӏа; япэ дыдэ, зэсауэ, гъусэ къыхуэхъуа псэущхьэми, щыбауэбапщэм и бзэгур къидзауэ, зыпычауэ «хьэ.хьэ.хьэ» жиӏэу къыригъэкӏ и бауэкӏэращ цӏэ щӏыхуэхъуар, ари псэущхьэу, зы «хьэ»уэ (гъэ 15.000 ипэ).

Вэнсэн лъэхъэнэм щынэсам япэ дыдэ къигъэкӏа къэкӏыгъэм макъ къыригъэкӏауэ щытамэ, къыригъэкӏа макъыр цӏэ хуэхъунут. Макъ къыщымыӏум абый, уэри у«хьэ»щ хужиӏагъэнущ.

«Хьэлъэ»р, «хьэ»м и «лъэ»м телъу и «хьы»ращ. «Хьэлъэзехьэр»ри «хьэлъэ»р зезы«хьэ»ращ.

«Хьэ»ри, «хьэ маскӏэ»ри, «хьэ джафэ»ри зы хьэ лӏэужьщ. Япэ дыдэ «цӏыху»м къесэу, къеуасэу гъусэ хуэхъуа псэущхьэр, пщӏанэнтӏэм ӏулъыр «хьэ» лӏэужьыгъэщ.
«Хьэжыгъэ» псалъэр къызытехъукӏар; япэ дыдэ къигъэкӏа къэкӏыгъэ «хьэ»ращ. «Хьэ»р зыхаса (зыхащӏа) щӏым, щӏыпӏэми «хьэ/сэ» хужаӏауэ.

Нобэм къэсауэ зетхьэ «хьэ» псалъэ псори; зы «псэу», зы «щхьэ»у, зы «псэу/щхьэ»у, мы «хьищ»ым и къежьапӏэу ялъыта лъэхъэнэм (яхузыхэмыху а лъэхъэнэ кӏыфӏым) сэ и цӏэмкӏэ сыгъэлъагъуэну «хьэ лъэхъэнэ» хужысӏащ.

Мы бзэр уи бзэмэ и цӏэр уэ фӏэщыж, нэгъуэщхэм къыхуэбгъанэмэ езыхэм зыхуер къыфӏащынщ.

Цӏыху, Цӏыхугъэ, Цӏыхугъэгъуэгу!

Иджы соупщӏэ! Мы лъэхъэнэр «хьэ лъэхъэнэ»?

Гупщысэф, псэлъэф, зэрылажьэ ӏэмэпсымэхэр зыщӏыф, ахэр лэжьыгъэм къыщызыгъэсэбэпыф псэущхьэу цӏыхур, нобэ къэсыхункӏэ зы гъуэгу къырикӏуащ.

Щӏэдзапӏэм къыщежьауэ къызэрикӏуа гъуэгум нобэ къэсыху зы ӏэужь, лъэужь къытринащ. Гъуэгум тетар зы псэущ«хьэ»у «цӏыху»щ. Зигъасэу, игъасэу, зиужьыу лъэужьу къытринауэ къытхуигъэнар «цӏыхугъэ»щ. Лъэужь кӏыхьым, кытхуздихьахэр зытет гъуэгур, «цӏыхугъэгъуэгу»щ.

Дызыщыпсэу щӏыпӏэхэм хэтым, «сивилизация», хэтым «medeniyyet», хэтым «uygarlık», хэтым «siviliation» хужыдоӏэ. Зетхьэ псалъэхэр мыхэращ. Мыхэм пэкӏуэж псалъэ диӏэкъэ?

Мы пасэреу лъэхъэнэжь (кронологя) тхыпхъэм дыщыхэплъэм, ди къежьапӏэр дэнэ хуэзэрэ, Мыхэм телэжьыхьа тхыдэтх, бзэ тхыдэдж дапщэ диӏэ?

Г.Ф.Турчанинов мыхэр жиӏат, Aubrey Fessenden жиӏэм дырикӏуэнщ, George Dumezil и хэплъэкӏэр щхьэхуэт, James Chorcward къиӏуэтахэр, Jon Colarusso нэхъ тпэгъунэгъущ жытӏэу дэр папщӏэ ятхахэмкӏэ, ди къежьапӏэр, къэдгъэгурыкӏуар къэтщӏэжыфын. Нэгъуэщӏым и бзэкӏэ уи бзэм жиӏэр къагурыӏуэу, къаӏуэтэфын.

Уи бзэр къопсалъэ!

Зехьэй епсэлъэж!

Зытетыр къыбжиIэнщ!

Yazarın Diğer Yazıları

Адыгэ фащэм хухэха махуэу!

Лъэпкъыу хъуам, цӏыхухэм, зы щыгъын щатӏэгъауэ ящыгъщ. Ауэ хухэха махуэ «махуэщӏ»хэм лъэпкъ теплъэр зыгъэлъагъуэ зы щыгъынкӏэ захуапэхэ. Мис абы хуэдэу илъэс 25 ипэ (гъэ 2000)...

«РА», «ЩЫ», «ДЫ»!

Сыт мы макъ зэрызхэм къыджиӏэр. Щыми къыджиӏэр зыуэ пӏэрэ? Зэрыз зэрызу бзэм и хэтыкӏэм деплъынщ. «РА». Куэдым зыращӏэр, псалъэ зыблэдзахэм и зы упщӏэу: - Пасэрей Мысырхэм...

Кайсэри Адыгэ Хасэм илъэсым и кlэм и lуэхугъуэхэр

Ашэмэзырэ, Щыблэрэ! Кайсэри Адыгэ Хасэм мэгъэрей лэжьыгъэхэм и кlэуххэм ящыщщ. «Ашэмэз» гупым и гъэлъэгъуахэм, Хэкум къикlыу къеблэгъа «Щыблэ» макъ lэзэхэм дащlэхъуэпсыу дащlэдэlукlащ. Гупитlым я фlэщыгъэцlэхэри...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img