Щэкӏуэгъуэм и 1, щэбэт
•Дунейпсо Кобанэ махуэщ.
•1936 гъэм Налшык Урыс къэрал драмэ театр къыщызэӏуахащ.
•1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ усакӏуэ, Ленин саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын.
•1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, щӏэныгъэлӏ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и экономист Гуэбэщӏыкӏ Жантемыр.
•1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Шыгъушэ Хьэсэн.
•1966 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъШР-м щӏыхь зиӏэ и экономист Уэз Аслъэн.
Щэкӏуэгъуэм и 2, Тхьэмахуэ
•Лейкемие зиӏэ сабийхэм я тхьэмахуэщ.
•1940 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молэ Владимир.
•1947 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.
•1951 гъэм къалъхуащ геолого-минералогие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, ЩӀДАА-м и академик, Тыркумэнымрэ УФ-мрэ щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Абыкъу Лейлэ.
•1957 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Лъостэн Музэ.
•1965 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ Къармэ ӏэсият.
•1984 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и оператор-верстальщик Къуэдзокъуэ Анжелэ.
Щэкӏуэгъуэм и 3, блыщхьэ
•Органхэр зэхъуэкӏынымрэ хэлъхьэнымрэ я тхьэмахуэщ.
•1928 гъэм Тыркур хьэрып алфавитым къытекӏри, латин графикэм техьащ.
•1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакӏуэ, драматург, зэдзэкӏакӏуэ, КъШР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Шыд Юрэ.
•2003 гъэм дунейм ехыжащ совет усакӏуэ цӏэрыӏуэ, Дагъыстаным и цӏыхубэ усакӏуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Гамзатов Расул.
Щэкӏуэгъуэм и 4, гъубж
•1742 гъэм дунейм ехыжащ, Черкасский Алексей (адыгэпщ).
•1942 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Думэн Хьэсэн.
•1992 гъэм щехыт щыхуэщ Куржы-Абхъаз зауэм Цыбэ Эфкан Чагълы.
Щэкӏуэгъуэм и 5, бэрэжьей
•1922 гъэм Налшык щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цӏыхубзхэм я япэ съезд.
•1867 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, полковник, 1910 – 1917 гъэхэм Налшык округым и унафэщӏу щыта Къылышбий Сулътӏанбэч.
•1942 гъэм къалъхуащ сурэтыщӏ-график Къып Мухьэмэд.
•1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, Истамбыл щыӏэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Шурдым Гюнсел.
•1949 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Журт Арчыл.
•1977 гъэм къалъхуащ УФ-м спортымкӏэ щӏыхь зиӏэ и мастер, 2004 гъэм Афины щекӏуэкӏа Олимп джэгухэм жэз медалыр къыщызыхьа Тау Хьэсэнбий.
•1977 гъэм Дунейм ехыжащ, Анкара Ищхъэрэ Кавказ Щэнхабзэ Хасэм къыщӏэкӏыжа гупым, фашист гуп кӏэрахъуэкӏэ къахэуэри яукъащ Цей Махьмут Озден.
Щэкӏуэгъуэм и 6, махуэку
•Къалэдэсхэм я дунейпсо махуэщ.
•1731 гъэм Урысейм и Министрхэм я Кабинет къызэрагъэпэщащ. Абы хагъэхьат Черкасский Алексей (адыгэщ).
•1857 гъэм къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэ къулыкъущӏэ, маршал, зыхъумэжыныгъэмкӏэ, хамэ къэрал ӏуэхухэмкӏэ министру щыта Абыкъу Ахьмэд-пэщэ.
•1936 гъэм къалъхуащ уэрэджыӏакӏуэ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист Пащӏэ Ахьмэд.
•1953 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Быж Зарэ.
Щэкӏуэгъуэм и 7, мэрем
•1917 гъэм Урысейм щекӏуэкӏащ Жэпуэгъуэ революцэшхуэр.
•1914 гъэм къалъхуащ адыгей усакӏуэ Ехъулӏэ Сэфар.
•1924 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, журналист Щоджэнцӏыкӏу Нурий.
•1930 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъМУ-м и профессору щыта, УФ-ми КъБР-ми щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Быгуэ Хьэзрэталий.
•1935 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къэжэр Пётр.
•1938 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакӏуэ Джэдгъэф Борис.
•1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыӏакӏуэ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист Анзорыкъуэ Чеслав.
•1939 гъэм къалъхуащ АР-м и япэ президент, экономикэ щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик Джарым Аслъэн.
•1942 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбий.
Щэкӏуэгъуэм и 8, щэбэт
•Радиологием и дунейпсо махуэщ.
•Пианистым и дунейпсо махуэщ.
•1882 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, джэгуакӏуэ, Ленин орден зрата Хьэхъупащӏэ Амырхъан.
•1914 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист Жыгун Тимэ.
•1924 гъэм къалъхуащ педагогикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик, АР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Шорэ Ибрэхьим.
•1932 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щӏыхь зиӏэ и нартыхугъэкӏ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Щауэ Ӏэхьед.
•1947 гъэм къалъхуащ политик, жылагъуэ лэжьакӏуэ, МАТР-м и академик Жаным Руслан.
Щэкӏуэгъуэм и 9, Тхьэмахуэ
•1989 гъэм Германием и къалащхьэ Берлин илъэс куэдкӏэ зэпызыгъэщхьэхукӏыу щыта блыныр къутэн щӏадзащ.
•1940 гъэм къалъхуащ адыгей усакӏуэ Хьэлэш Сэфарбий.
•1941 гъэм къалъхуащ УрыФ-м и цӏыхубэ сурэтыщӏ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и сурэтыщӏ, Красноярск дэт художественнэ институтым и профессор, РАХ-мрэ ЩӀДАА-мрэ я академик Пащты Герман.
Щэкӏуэгъуэм и 10, блыщхьэ
•1741 гъэм Урысейм и канцлеру ягъэуващ Черкасский Алексей (адыгэщ).
•1935 гъэм Орджоникидзе къалэм (иджыпсту Влавдикавказщ) къыщызэӏуахащ Осетие Ищхъэрэ къэрал театрыр.
•1926 гъэм къалъхуащ шыхъуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Къалмыкъ Хьэжмурат.
•1933 гъэм къалъхуащ журналист, тхакӏуэ, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщӏу илъэс куэдкӏэ щыта Шыбзыхъуэ Мухьэдин.
•1938 гъэм дунейм ехыжащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакӏуэу икӏи абы и япэ президенту щыта Кемаль Мустэфа (Ататюрк).
•1947 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и ректору щыта, УФ-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къарэмырзэ Барэсбий.
•1964 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шал Тимур.
Щэкӏуэгъуэм и 11, гъубж
•Япэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ.
•1994 гъэм Урысей дзэр Шэшэным къебгъэрыкӏуэщ.
•1821 гъэм къалъхуащ урыс тхакӏуэшхуэ Достоевский Фёдор.
•1908 гъэм къалъхуащ полковник, Бэракъ Плъыжь ордену 6 зрата Шемякин (Къардэн) Михаил.
•1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и Лӏыхъужь, генерал-майор Къардэн Къубатий.
•1920 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, балетмейстер Гальперин Григорий.
•1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Жанджэрий Юрий.
•1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, УФ-ми КъБР-ми мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ, ЩӀДАА-м и академик Хьэмыкъуэ Владимир.
•1958 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къэмбэчокъуэ Ӏэдэм.
Щэкӏуэгъуэм и 12, бэрэжьей
•Фӏагъым и дунейпсо махуэщ.
•1936 гъэм къалъхуащ пианисткэ ӏэзэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Бэрсокъуэ Еленэ.
•1937 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, философием и доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик, томий хъу «Адыгэ тхыдэ щӏэнгъуазэр» хьэрыпыбзэкӏэ къыдэзыгъэкӏа Бацэжь (Мамсыр) Мухьэмэд-Хъер.
Щэкӏуэгъуэм и 13, махуэку
•Нэфхэм я дунейпсо махуэщ.
•Гуапагъэм и дунейпсо махуэщ.
•1929 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и сурэтыщӏ, АР-м и гербыр зыщӏа Мерэтыкъуэ Долэт.
•1955 гъэм къалъхуащ зэдзэкӏакӏуэ, радиожурналист Мэремкъул Ларисэ.
Щэкӏуэгъуэм и 14, мэрем
•Фошыгъу узым ебэныным и дунейпсо махуэщ.
•Фӏагъым и дунейпсо махуэщ.
•1914 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ Къашыргъэ Хьэпащӏэ.
•1924 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Ефэнды Джылахъстэн.
•1935 гъэм къалъхуащ ухуакӏуэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Алмэ Алий.
•1947 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къэрмокъуэ Ахьмэд.
•1988 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Гугъуэт Заремэ.
Щэкӏуэгъуэм и 15, щэбэт
•1937 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и член-корреспондент, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Хьэшыр Юрий.
•1937 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корректору илъэс 40-м щӏигъукӏэ хьэлэлу лэжьа, республикэм и дамыгъэ лъапӏэхэр зрата Сокъур Тамарэ.
•1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ егъэджакӏуэ Дыщэкӏ Марие.
•1951 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик, Москва дэт финанс университетым и ректору щыта Есчындар Мухьэдин.
•1957 гъэм къалъхуащ публицист, «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщӏ-редактор, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Ширдий Маринэ.
•1959 гъэм къалъхуащ КъШР-м и Правительствэм и Унафэщӏу щыта, республикэм мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Чым Мурадин.
•1960 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Мэкъуауэ Фатӏимэ.
•1973 гъэм къалъхуащ АР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Къудей Фатӏимэ.
Щэкӏуэгъуэм и 16, Тхьэмахуэ
•Зэхудэчыхыныгъэм и дунейпсо махуэщ.
•1996 гъэм Каспийск къалэм (Дагъыстэн) щӏэпхъаджагъэ щалэжьащ. Къатибгъуу зэтет унэр къагъауэри, абы цӏыху 67-рэ хэкӏуэдащ.
•1936 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Дыкъынэ Хьэсэнбий.
•1943 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъарэ Хьэсэнбий.
•1957 гъэм къалъхуащ оперэ уэрэджыӏакӏуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щӏыхь зиӏэ я артист Батыр Мухьэдин.
Щэкӏуэгъуэм и 17, блыщхьэ
•Студентхэм я дунейпсо махуэщ.
•Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэщ.
•1920 гъэм Бгырыс АССР-р къызэрагъэпэщащ.
Щэкӏуэгъуэм и 18, гъубж
•1866 гъэм Къэбэрдейм мэкъумэшыщӏэхэр пщылӏыпӏэм щрагъэкӏащ.
•1917 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, политик цӏэрыӏуэ, 1956 -1985 гъэхэм КъБР-м и Унафэщӏу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ.
•1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Тыгъуэн Рашад.
•1937 гъэм къалъхуащ журналист, тхакӏуэ, АР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Багъ Нурбий.
•1941 гъэм къалъхуащ композитор, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Натхъуэ Жанхъуэт.
•1943 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цӏыхубэ артист, Абхъаз Республикэм щӏыхь зиӏэ и артист, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Нэхей Аслъэн.
•1958 гъэм къалъхуащ УФ-м и Хъумапӏэ банкым и ӏуэхущӏапӏэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыӏэм и унафэщӏу щыта, УФ-м щӏыхь зиӏэ и экономист Урысбий Хьэмидбий.
Щэкӏуэгъуэм и 19, бэрэжьей
•Цӏыхухъухэм я дунейпсо махуэщ.
•1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Ново-Ивановкэ къуажэм фашистхэм щхьэпылъэ щащӏащ партизанкэ Козуб Шурэ.
•1917 гъэм къалъхуащ Индием щыщ политик, къэрал лэжьакӏуэ, абы и премьер-министру щыта Ганди Индирэ.
•1985 гъэм къалъхуащ дуней псом ӏэпщэрыбанэ спорт лӏэужьыгъуэмкӏэ и чемпион Хьэкӏырэ Атмир.
Щэкӏуэгъуэм и 20, махуэку
•Сабийм и дунейпсо махуэщ.
•Сабий дохутырым и дунейпсо махуэщ.
•Философием и дунейпсо махуэщ.
•1480 гъэм Урысейм тэтэр-монгол тепщэныгъэр щиухащ.
•1922 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Шэшэн автономнэ областыр.
•1942 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Габуние Зинаидэ.
•1946 гъэм къалъхуащ КъШР-м, АР-м щӏыхь зиӏэ я журналист, «Къэрэшей-Шэрджэс» КъТРК-м и адыгэ къудамэм и унафэщӏу щыта Щакӏуэ Мусалий.
•1952 гъэм къалъхуащ юридическэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, АКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Мерэтыкъуэ Хьисэ.
Щэкӏуэгъуэм и 21, мэрем
•Бдзэжьей ещэным и дунейпсо махуэщ.
•1951 гъэм къалъхуащ сурэтыщӏ-живописец, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Маргъущ Анатолэ.
Щэкӏуэгъуэм и 22, щэбэт
•Къуэхэм я дунейпсо махуэш.
•1920 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ цӏэрыӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ, щӏэныгъэлӏ Кӏуащ Бетӏал.
•1933 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Уэлджыр Мушэхьид.
•1940 гъэм къалъхуащ Физико-математикэ щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик, КъБР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата Шыбзыхъуэ Азэмэт.
•1942 гъэм къалъхуащ урысей щӏэныгъэлӏ, политик, УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщӏу щыта Хасбулатов Руслан.
•1943 гъэм къалъхуащ КъБР-ми АР-ми щӏыхь зиӏэ и артист Иуан Владимир.
•1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артист Ало Арсен.
•1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Беслъэней Владимир.
•1969 гъэм къалъхуащ адыгэ лъэпкъ фащэр дынымкӏэ дизайнер, модельер, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекӏуа Сэралъп Мадинэ.
•2008 гъэм Дунейм ехыжащ «Абхъазым и Лӏыхъужь», къэбэрдей генерал Сосналиев Сулътӏан.
Щэкӏуэгъуэм и 23, Тхьэмахуэ
•1794 гъэм къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, тхыдэдж, филолог, узэщӏакӏуэ Нэгумэ Шорэ.
•1920 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ цӏэрыӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ, щӏэныгъэлӏ Кӏуащ Бетӏал.
•1947 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, журналист, зэдзэкӏакӏуэ Уэрэзей Афлик.
•1959 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэм я доктор, тхакӏуэ Хьэкӏуащэ Мадинэ.
•1979 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкӏэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ ӏуэхухэмкӏэ и къудамэм и унафэщӏ, АР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Нэщӏэпыджэ Замирэ.
Щэкӏуэгъуэм и 24, блыщхьэ
•Мыщэхуэным и дунейпсо махуэщ.
•1956 гъэм КПСС-м и ЦК-м унафэ къищтащ балъкъэр, къэрэшей, къалмыкъ, ингуш, шэшэн лъэпкъхэм я автономиер зэфӏэгъэувэжыным теухуауэ.
•1947 гъэм къалъхуащ адыгэхэм, Кавказым я тхыдэр зыдж, АР-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Половинкинэ Тамарэ.
•1966 гъэм къалъхуащ къэбэрдей радиожурналист Гъубжокъуэ Рометэ.
Щэкӏуэгъуэм и 25, гъубж
•Цӏыхубзхэм залымыгъэ якӏэлъезыхьэным пэщӏэтыным и дунейпсо махуэщ.
•1927 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Шэвлокъуэ Пётр.
•1933 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, публицист, АР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Лӏыхъусэжь Хьэжрэтбий.
•1973 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, АКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Хъуакӏуэ Фатӏимэт.
•1994 гъэм Дунейм ехыжащ, Шэшэн къэхутакӏуэ, тхакӏуэ Тарыкъ Джемаль Кутлу.
Щэкӏуэгъуэм и 26, бэрэжьей
•Абхъазым и Конституцэм и махуэщ.
•1941 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, ЩӀДАА-м и академик Къумахуэ Мурадин.
•1952 гъэм къалъхуащ КъШР-м щӏыхь зиӏэ и художник Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд.
•1962 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщӏ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Жыласэ Маритэ.
Щэкӏуэгъуэм и 27, махуэку
•1946 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Хьэжы Анатолэ.
•1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м и егъэджэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Дадэ Суфэдин.
•1957 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакӏуэ, Щоджэнцӏыкӏу Алий и цӏэр зезыхьэ фондым и унафэщӏ Щоджэнцӏыкӏу Леонид.
Щэкӏуэгъуэм и 28, мэрем
•1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкӏэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.
•1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист Бицу Юрэ.
•1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ, техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, «Къэббалъкъремстрой» ОАО-м и унафэщӏ Гъуэплъащӏэ Алексей.
•1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ артисткэ, УФ-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ, къэфакӏуэ ӏэзэ Шортэн Аллэ.
•1963 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист, «Налшык» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен.
•1964 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, политик, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и юрист Дыщэкӏ Мадинэ.
Щэкӏуэгъуэм и 29, щэбэт
•Палестинэ лъэпкъыр дэӏыгъыным и дунейпсо махуэщ.
•1917 гъэм Цагъуэ Нурийрэ Дым Ӏэдэмрэ «Адыгэ макъ» газетым и япэ номерыр къыдагъэкӏащ.
•1953 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ, техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор Хьэмгъуокъу Руслан.
Щэкӏуэгъуэм и 30, Тхьэмахуэ
•1922 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Шэшэн автономнэ областыр.
•1571 гъэм дунейм ехыжащ, Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (Марие и адэр).
•1925 гъэм къалъхуащ Адыгей обкомым и япэ секретару лэжьа, СССР-м и консул нэхъыщхьэу Болгарием илъэсиблкӏэ щыӏа Бэрзэдж Нухь.
•1929 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и дохутыр Жылокъуэ Зинаидэ.
•1932 гъэм къалъхуащ КъШР-м щыщ къулыкъущӏэ, япэ класс зиӏэ къэрал чэнджэщэгъу, ЩӀДАА-м, МАИ-м, МАДЕН-м я академик, РСФСР-м и цӏыхубэ депутату щыта Темыр Умар.
•1975 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэм я кандидат Балъкъыз Вячеслав.
•1992 гъэм щехыт щыхуэщ, Куржы-Абхъаз зауэм Козба Ведат Акар.






