Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Мэзбжэн» гупым и ехъулӏэныгъэр

Истамбыл Кавказ Щэнхабзэ Хасэм и нэӏэ щӏэту и лэжьыгъэр езыгъэкӏуэкӏ, Истамбыл «Мэзбжэн» Щӏыуэпс Спорт Клубым и «Мэзбжэн Драгон бот Командэр» жэпуэгъуэ мазэм и 12-м, тхьэмахуэ махуэм, екΙуэкӏа Газиантеп – Румкалэ Псы Спорт Фестивалым Драгон бот Зэпеуэхэм хэтащ. Мазитӏрэ ныкъуэрэ фӏэкӏа зызымыгъэса гупыр финал ныкъуэм нэсащ, гуп 29-рэ зыхэта зэпеуэхэм щыцӏэрыӏуэ командэ куэдым япэ ищащ.

Зэпеуэхэр иуха нэужькӏэ, Драгон бот Командэм и гъэсакӏуэ Эрай Деликлиташ «Жьынэпс» газетым щыщ Элиф Токгюз мы псалъэхэр къыжри­ӏащ: Мазитӏрэ ныкъуэрэ нэхъ утемы­лэжьауэ, мы командэхэм ублэкӏыу финал ныкъуэм унэсыфыныр, пэж дыдэу, ехъулӏэныгъэшхуэщ. Япэрей лъэхъэнэхэм кубокхэмрэ медалхэмрэ къэхьыным егъэлеяуэ уелΙэлΙэн хуейкъым… Сыту жыпӏэмэ, дызытепсэлъыхьхэр зэхьэзэхуэ утыкуми щытлъа­гъуну, лъэбакъуэ-лъэбакъуэкӏэ нэхъыфӏ дыхъунымкӏэ а гукъыдэжыр зыхуэтщӏыжыныр зэхьэзэхуэм, зэман кӏыхьым къыхэхъуэ ӏуэхугъуэхэщ.

Дыубыда щӏыпӏэр псоми зэралъагъур «телъыджэущ». Къищынэмы­щӏауэ, пшыхьым и къызэгъэпэщакӏуэхэм зэныбжьэгъу псалъэмакъым къыщаӏуэтащ командэм зэӏущӏэр нэхъ нэху, нэхъ зэпеуэныгъэфӏ, нэхъ гъэ­щӏэгъуэн ищӏауэ зэрыщытыр. Абы­­хэм «Мэзбжэн» командэр илъэс къа­кӏуэми зэпеуэхэм ӏэмал имыӏэу хэтын хуейуэ къалъытащ.

Командэм и цӀэкӀэ къэпсэлъа Алтынай Ширин апхуэдэуи къыхигъэщащ щӀыуэпс спорт лӏэужьыгъуэхэм я ӏэнатӏэмкӏэ «Мэзбжэным» ири­гъэ­жьа ухуэкӏэщӏэм щэнхабзэ нэры­лъа­гъуныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрищӏыр икӏи мыпхуэдэу къыпищащ:

«Истамбыл Кавказ Щэнхабзэ Ха­сэм» и жьауэм щӏэту треккинг ӏуэхухэмкӏэ къахэщ «Мезбжен» Истамбыл щӏыуэпс лъэпкъ спорт клубми мы гъэм и лэжьыгъэм и лъэныкъуэхэм хэпщӏыкӏыу зыщиубгъуащ, зэхэухуэныкӏэщӏэ зэрызэригъэпэщам и фӏыгъэкӏэ. Иджы ар треккинг къудейкъым; кемпинг, псы щӏагъым щесыны­гъэ, драгонбот, лъакъуэрыгъажэ спортым хуэдэ ӏэнатӏэ зэмылӏэ­ужьыгъуэхэмкӏэ зэӏущӏэхэр къызэзыгъэ­пэщ «Мэзбжэн» командэр щӏыуэп­сым щекӏуэкӏ спортым и лъэныкъуэкӏэ ӏэщӏагъэ куэд зыбгъэдэлъ зэгухьэныгъэ хъуным хуэкӏуэ гъуэгум тетщ.

А зэфӏэкӏхэм я фӏыгъэкӏэ «Мэзбжэн» гупым щӏыуэпсым и деж спортымкӏэ игъуэта ехъулӏэныгъэхэмкӏэ дгъэлъэгъуащ дунейм ухузэӏухауэ ущыткӏэрэ ди щэнхабзэмрэ ди цӏыхугъэмрэ жылагъуэ утыкум нэхъыфӏу къыщыхэдгъэщын зэрытхузэфӏэкӏынур. Спорт зэхьэзэхуэхэм, щӏыуэпсыр хъумэным теухуа ӏуэхухэм хэтурэ, Кавказ хэхэсыр цӏыхубэ утыкум къыщыгъэлъэгъуэным, гурыӏуэгъуэ щыщӏынымкӏэ ӏуэху дахэхэр зэфӏэзыгъэкӏ ди ныбжьэгъухэм дохъуэхъури, адэкӏи къамыгъэувыӏэну «Пыфщэ, Мэзбжэн!» яжыдоӏэ.

«Мэзбжэн Драгон бот Командэр» жэпуэгъуэм и 25-м Сакаря къалъэм щекӏуэкӏа «Драгон бот фестивалым» хэтащ. Фестивалым хэта гупым Республикэ Кубокым япэ увыпӏэр, Фун категорием и япэ увыпӏэр, бзылъхугъэхэми Республикэ Кубокым ещанэ увыпӏэр къыщихьащ.

Yazarın Diğer Yazıları

Ankara Çerkes Derneği, Yaşamkent Sosyal Tesisleri’ni işletmeye devam edecek

Çankaya Belediyesi, 2024’ün kasım ayında Ankara Çerkes Derneği'nin 2015'ten beri kullandığı Çerkes Derneği Yaşamkent Sosyal Tesisleri'nin kira süresini uzatmayarak polis zoruyla tahliye işlemi başlatmıştı. Yaşanan...

Anadilde Jineps gazetesinin Kasım 2025 sayısı yayımlandı

Değerli Jineps okurları, Abazaca, Adigece (Doğu ve Batı Diyalektleri), Çeçence ve Osetçe sayfalarımızın yer aldığı, dijital olarak yayımladığımız anadilde Jineps gazetesinin Kasım 2025 sayısının yayımlandığını...

KAFFED-м и Щӏалэгъуалэ Лэжьэнхасэ

Жэпуэгъуэм и 18-19 махуэхэм Истамбыл къалэм дэт Мармарэ Университетым и «Карьерэ Купсэм» щекӏуэкӏащ «Кавказ Хасэхэм я Федерацэм» (KAFFED) къызэригъэпэща «5-рей Щӏалэгъуалэ Лэжьэнхасэ икӏи Карьер...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img