15. Шэху уэздыгъищым еплӏанэр…
Шэху уэздыгъиплӏ щыблэрт стӏолыщхьэм. Унэр щымти, уэздыгъэхэм я ӏущащэ макъыр зэхэпхт.
–Сэ сы-Пӏейтеиншагъэщ. Си жагъуэ мэхъу цӏыхум сызэрамыхъумэфыр. Сыункӏыфӏын фӏэкӏа, нэгъуэщӏ къысхуэнэркъым, – жиӏащ языхэзым. Занщӏэуи ункӏыфӏащ.
–Сэ сы-Фӏэщхъуныгъэщ. Зыхызощӏэ цӏыхур къызэрысхуэмыныкъуэр. Сыблэми, сагъэщхьэпэркъым. Сыт итӏанэ? Среункӏыфӏ!
Ещанэр къэпсэлъащ:
–Сэ сы-Лъагъуныгъэщ. Сыкъызыгурыӏуэри сызыгъэпэжри мащӏэ дыдэщ! Адэкӏэ сызэрыблэн гуащӏэ сщӏэлъыжкъым!
Ари ункӏыфӏащ.
Абы ирихьэлӏэу зы нану цӏыкӏу къыщӏыхьащ. Лъапэ нэху илъагъу къудейуэ, пэшыр кӏыфӏт. Ар къэгъащ:
–Сыт уэздыгъэхэр щӏэункӏыфӏар!? Сэ сошынэ!
–Умышынэ, цӏыкӏу, – пӏейтейуэ къэӏущэщащ еплӏанэ шэху уэздыгъэр. – Сэ сыкъэблэху, адрей уфӏынкӏаищри зэрыщӏэбгъэнэжын уиӏэщ! Сэ Гугъэщ къызэрызэджэр!
16. Уэс налъэ цӏыкӏуитӏыр
Уэс къест. Дынейр щэхут. Уэс налъэ цӏыкӏуитӏым я ӏэр зэрыубыдауэ, мыпӏащӏэу, къафэ хуэдэу хьэуам щесу, щӏым къыхуэкӏуэрт. Зым жеӏэ:
–Сыту телъыджэ мы хьэуам ущесыныр!
–Дэ дескъым, дохуэх, – жеӏэ адрейм.
–Мыгувэу щӏым дынэсынурэ тепхъуэ хужь дахэу дытегъуэлъхьэнущ, – идэркъым япэрейм.
–Къыбгурыӏуэрэ, дэ ажалым дыхуокӏуэ. Щӏым дызэрынэсу дызэхаутэнущ, – мэтхьэусыхэ мыдрейр.
–Псыежэх дыхъунурэ хым дыхэхуэжынущ. Гъащӏэ кӏэншэ къытпоплъэ! – мэгуфӏэ япэр.
–Ущоуэ. Дыткӏунурэ, дыщыӏаи, дыщымыӏаи…
Щымыхъум, тӏуми я ӏэр зэрыутӏыпщри, дэтхэнэри езым къыхихыжа гъуэгум теуващ.
17. Бадзэмрэ бжьэмрэ
Цӏыхухэр бгуэш хъунущ бадзэмрэ бжьэмрэ егъэпщауэ.
Бадзэм удз гъэгъа губгъуэм къыщилъэтыхьыфынущ, ауэ сытым щыгъуи вэнвей къигъуэтынурэ хэтӏысхьэнущ.
Бжьэм вэнвей губгъуэм къыщилъэтыхьыфынущ, ауэ зы удз гъэгъа цӏыкӏу къигъуэтынурэ тетӏысхьэнущ.
18. Фыгъуэр мыгъуэщ
Къыр лъагэм и папцӏэм къытест зы тхьэрыкъуэ хужь. Зиплъыхьурэ гу лъитащ а къырым къыдэпщей альпинистым. Ар ищхьэм нэсыным иӏэжыр зы мащӏэ тӏэкӏут. Нэсамэ, къырыщхьэм нып хитӏэу сурэт зытрихыжыну и гурылът. Арщхьэкӏэ и къарур иухыпати, къыфӏэлэлу кӏапсэм фӏэлъ мыхъумэ, зыри хузэфӏэкӏыжыртэкъым. И Тхьэм елъэӏурт къыдэӏэпыкъуну, гукъанэ хуищӏырт и гуащӏэкӏэ къихьа текӏуэныгъэм зы мащӏэкӏэ пэӏэщӏэу къызэригъанэм папщӏэ.
Тхьэрыкъуэм къыгурыӏуащ альпинистыр хэкӏуэдэнкӏэ зэрыхъунур. Игу ирелъхьэ дэӏэпыкъуну. Абы и гуащӏэм къигъэзэн папщӏэ, къэгъэгубжьын хуейт. Арати щӏэнакӏэу хуежьащ.
–Сыт, елэлэхыу уфӏэлъи? Удэпщыфыркъэ? Узыхуэдэм уезгъэплъыжарэт, тхьэмыщкӏэ, лъэныкъуэкӏэ ущыту. Сыту удыхьэшхэн!
Альпинистыр къэгубжьащ, къызэщӏэплъащ, и гуащӏэр зэщӏэувэжри къырыщхьэм къыщыхутащ. Тхьэрыкъуэр гуфӏэрт, цӏыхур къригъэлати. Ауэ цӏыхум фыгъуэ къыпкърыхьат. Тхьэрыкъуэм и дамитӏыр игъэхъеин фӏэкӏа хуейтэкъым, сыт хуэдэ лъэгапӏэми нэсын папщӏэ. Езым ар къызэрехъулӏэр псэзэпылъхьэпӏэхэм ихуэурэт. Альпинистым и хъуржыным щӏакхъуэ тыкъыр кърихри тхьэрыкъуэм къыхуигъэтӏылъащ. Бзум гъунэгъу зищӏащ, щӏакхъуэм еуӏуну. Цӏыхури зыхуейр арати, пхъуэри тхьэрыкъуэр къиубыдащ. И бгырыпхым дэгъэна джыдэ цӏыкӏур къыдипхъуэтри, бзум и дамитӏыр пигъэлъэтащ.
–Сеплъынщ дяпэкӏэ лъагапӏэхэм узэрынэсым, – кӏийрт ар. – Дэкӏ, сэ схуэдэу, лъэбакъуэ зырызу къэбзэуурэ.
Тхьэрыкъуэм и джабитӏым лъыр къежэхырт. Абы жеӏэ:
–Сэ си унэр уафэрат, ауэ щӏым щызекӏуэхэм зэи сепэгэкӏакъым.
Ар хуэмурэ къыр дзакӏэм екӏуалӏэри, лъыпсыр къызыпыж мывэ хужь цӏыкӏу ираутӏыпщхьэхауэ фӏэкӏа умыщӏэну, елъащ. Ар иужь дыдэу лъатэу арат.
Фыгъуэижэм текӏуэдат тхьэрыкъуэм и дамитӏыр, ауэ дамэ зытетар абы и
ӏэпкълъэпкъым и закъуэтэкъым. Къилъэтыхьырт и псэми.
19. Псэ къэс лъапӏэщ
Хышхуэр къиури, етӏысэхыжа нэужьым псы ӏуфэм хышхуэ вагъуэкӏэ зэджэ псэущхьэхэм хуэдэ ӏузу къыӏунати, дыгъэм хэлӏыхьырт. Зы щӏалэ
цӏыкӏу джэгуакӏуэ къэкӏуауэ ахэр къилъагъури, зырызу къищтэурэ псым хидзэжу хуежьащ. Балигъ блэкӏыр къогуоу:
–Сыт ахэм ущӏелӏалӏэр? Псори къыпхуегъэлынукъым, нэхъыбэр кӏуэдынущ.
Щӏалэ цӏыкӏум, къищта хышхуэ вагъуэм еплъурэ, жиӏащ:
–Арами, сэ сытым хуэдэу сыщыгуфӏыкӏрэ зы къезгъэлыху.
20. Псори ди ӏэмыщӏэ илъ?
Сурэтыщӏ цӏэрыӏуэ Леонардо да Винчи «Тайная вечеря» сурэтыр щищӏым, пщэрылъу иӏат гъащӏэм хэлъ къабзагъэр, гуапагъэр Хьисэ бегъымбарым и теплъэмкӏэ, ӏейр, гущыкӏыгъуэр Иудэ епцӏыжакӏуэм и теплъэмкӏэ къигъэлъэгъуэн хуейуэ. Ахэр зытрищӏыкӏын цӏыху лъыхъуэрт.
Зэгуэрым чылисэм уэрэдгъэӏу щӏалэ гупым едаӏуэу здыщӏэсым, ахэм къахилъагъукӏащ Хьисэ бегъымбарыр и нэгу къызэрыщӏигъэхьэм ещхьыркъэпс щӏалэ. Ар и лъэщапӏэм иригъэблагъэри сурэтыр трищӏыкӏащ. Абы иужькӏэ илъэсищ дэкӏащ Иудэ зригъэщхьын имыгъуэтурэ.
Зэгуэрым уэрамым здрикӏуэм къилъэгъуащ чэфыӏуэ хъури укӏурияуэ фӏейм хэлъ зы щӏалэщӏэ. Дэзыхьэха мыхъумыщӏагъэм апхуэдизкӏэ гурымыхь ищӏат и теплъэри, псэкӏуэду щыӏэм я лъэужь и нэгум къищт. Лернардо и унафэкӏэ щӏалэр къыщалъэфри сурэтыщӏым и лъэщапӏэм къашащ. Абы трищӏыкӏа сурэтым хэплъагъуэрт щхьэзыфӏэфӏыгъэри, щыуагъэри, …
Сурэт щӏыныр и кӏэм щынэблэгъам, зытращӏыкӏми тӏэкӏу зыкъищӏэжат. И нэр къызэтрихыу Леонардо и лэжьыгъэм щыӏуплъэм, къыхэкӏиикӏащ:
–Сэ слъэгъуауэ щытащ мы сурэтыр!
–Сытым щыгъуэ? – игъэщӏэгъуащ Леонардо.
–Илъэсищ и пэ. Абы щыгъуэ си ӏуэху ӏейтэкъым, уэрэдгъэӏухэм сахэтт, хъуапсапӏэхэр сиӏэт. Сурэтыщӏ гуэрым Хьисэ бегъымбарым и сурэт стрищӏыкӏат…
21. Псори уи ӏэмыщӏэ илъщ
Зы къалэ гуэрым дэст егъэджакӏуэ, сытым щыгъуи и гъэсэнхэм къаухъуреихьу. Абыхэм нэхъ губзыгъэ дыдэу яхэтыр егупсысащ: «Мы ди егъэджакӏуэм жэуап зримытыфын упщӏэ щыӏэу пӏэрэ?» Ар губгъуэм кӏуэри зы хьэндрабгъуэ къуэлэн цӏыкӏу къиубыдщ, и ӏэгуитӏ зэгуэлъым дэсу къэкӏуэжри и егъэджакӏуэм бгъэдыхьащ:
–Къызжепӏэфыну мы си ӏэгум ис хьэндырабгъуэр лӏарэ псэурэ?
Егъэджакӏуэм «псэущ» къыжриӏэмэ, жэуапыр пцӏыуэ къыщӏригъэдзын папщӏэ, гъэсэныр хьэзырт хьэндрабгъуэр и ӏэгум ирипӏытӏыхьыну.
Егъэджакӏуэр абы и ӏэм къеплъыхакъым, ауэ жэуап къритащ:
–Псори уи ӏэмыщӏэм илъщ.
22. Мо жьы къепщэм щыщ къэубыд…
Щӏалэщӏэр гъащӏэ къэзыгъэщӏа лӏыжьым деж къэкӏуащ упщӏэжыну.
–Си гъащӏэм купщӏэ хэслъхьэну сыхуейщ, – жиӏащ абы, – ауэ гуэныхь зыпылъ гупсысэхэр сигу къэмыкӏын слъэкӏыркъым.
Лӏыжьым гу лъитащ щӏыбымкӏэ жьышхуэ къыкъуэуауэ къызэрепщэм. Щӏалэм жреӏэ:
–Мы пэшыр тӏэкӏу хуабэӏуэщ. Кӏуэи мо жьышхуэм щыщ зы ӏыхьэ къэубыди къыщӏыхьэ, тӏэкӏу къэгъэщӏыӏэтыӏэ мы дызыщӏэсыр.
–Ар схузэфӏэмыкӏынщ, – жи щӏалэм.
–Нтӏэ, мис апхуэдэ дыдэу пхузэфӏэмыкӏынщ гуэныхь зыхэлъ гупсысэ уигу къэмыкӏыныр. Ауэ абы упэщӏэтыфмэ, зыдумыгъэхьэхмэ, уэ къуэншагъэ зыри убгъэдэлъынукъым, уи гъащӏэми купщӏэ хэлъынущ.
23. Фӏыр щылъкъым, мажэ…
Илъэсиплӏкӏэ мыхъейуэ щхьэгъубжащхьэм тета кактусыр къэгъэгъауэ нэху къекӏат. Хъыджэбзым абы гуфӏэгъуэшхуэ къыхуихьат. «Сыту пӏэрэ сэ хъыджэбз къыдэнэжа бзаджэжьу сакъыщӏыщыхъур? Ар пэжкъым. Бзаджэжьхэм я унэм кактус щыгъагъэркъым.
Лэжьакӏуэ кӏуэн хуейт. Метром ихьэри, зэрымыщӏэкӏэ лӏы зэхэуцэрэфам и лъапэм теуващ. Лӏыр гъумэтӏымат, ауэ хъыджэбзым, къызэрыхъу хабзэу, «къыбжьэхэуэӏа щымыхъунукӏэ, таксикӏэ къэкӏухь!» жиӏэу жьэхэлъакъым. Хуэгуфӏащ:
–Къысхуэгъэгъу, кхъа, убыдыпӏэ сиӏэтэкъыми аращ апхуэдэу щӏэхъуар. Ухуеймэ, уэри къыстеувэж.
Лӏым адэкӏэ къиутӏыпщыну зигъэхьэзырар ирикъухыжащ. Здэкӏуэнум нэсати, икӏащ. Гъуэгу гъунэм ӏут газет щапӏэм ӏухьэри, къритыжын хуей жьгъейр зэхэзыгъэзэрыхьа киоск тетым, хабзэ зэрыхъуауэ, «ахъшэ бжыкӏэ щумыщӏэкӏэ, уи унэ щӏэсыж упщафӏэу» жриӏакъым.
–Умыгузавэ, пщэдджыжь нэмэзым-тӏэ сэри есэп схуэмыщӏынкӏэ хъунщ, – жриӏащ.
Апхуэдэ гуапагъэ пэмыплъа киоск тетыр къэгумащӏэри, лӏым къищэхуа газетым къыхущӏигъуащ ямыщэхуу щӏэлъ журнал зытхухыр.
Ар зи гуапэ хъуа лӏыр и унэм къэсыжри, и гъунэгъу цӏыхубз къыхуэзам, хабзэ зэрыхъуауэ, «уи сабийм пыл хуэдэу теуэу къежыхь, нэхъыфӏу вгъасэ» жриӏакъым.
–Сыту фӏыуэ хэхъуа фи хъыджэбз цӏыкӏур! Зэзгъэщхьынур анэрами адэрами сщӏэркъым, ауэ тхьэӏухуд зэрыхъунум шэч хэлъкъым, – жриӏащ.
Цӏыхубзым ипхъу цӏыкӏур сабий ӏыгъыпӏэм ишэри, езыр сымаджэщым щылажьэрти, кӏуащ. Регистратурэм щӏэсу арати, дохутырым деж къэкӏуэну пщэдейм зезыгъэтха фызыжьыр нобэ къэкӏуауэ щысу ирихьэлӏащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, «нобэт уэ укъыщыкӏуэн хуеяр?» жиӏэу зыхузэкӏэщӏишакъым.
–Умыгузавэ, сэри зыгуэрхэмкӏэ сыщоуэ апхуэдэу. Сыкӏуэнщи дохутырым сеупщӏынщ, нобэ къоплъыфынкӏи хъунщ», – жриӏащ.
Фыызыжьыр дохутырым деж щыщӏыхьам, хабзэ зэрыхъуауэ, «псынщӏэу сигъэхъужыну хущхъуэ пуд схуумытхмэ, Стрсбург дэт судым сыщытхьэусыхэнущ» жиӏакъым.
–Сэ къызгуроӏуэ жьыгъэм хущхъуэгъуэ зэримыӏэр, къысхуэгъэгъу, дохутыр, куэдрэ сыкъызэрыкӏуэр», – жриӏащ.
Пщыхьэщхьэм унэм щыкӏуэжым, дохутырым фызыжьыр игу къэкӏыжри, гущӏэгъу хуищӏащ. Къызыхэкӏыр езыми къыгурымыӏуэжу, удз гъэгъа ӏэрамэрэ тортрэ къищэхури фызыжьым деж кӏуащ. Ещанэ къатым дэкӏуейри фызыжьым и бжэм теуӏуащ. Зыпэмыплъа хьэщӏэм хуабжьу къыщыгуфӏыкӏащ фызыжьыр.
Дохутырым иӏащ:
–Торт къыпхуэсщэхуащ, дянэ, ауэ си портфелыр теслъхьэри супӏышкӏуащ. Мы удз гъэгъари къыпхуэсщэхуащ, ауэ ари тӏэкӏу супӏышкӏужащ а портфель дыдэмкӏэ.
–Умыгузавэ, – жиӏащ фызыжьым, – тортри нэхъ ӏэфӏыншэ хъуакъым, удзми зиузэхужынущ.
Дауэ къыпщыхъурэ, нышэдибэ си нэр къызэтесхрэ сыкъаплъэмэ, солъагъу си щхьэгъубжащхьэм тет кактусыр къэгъэгъауэ. Еплъыт!







