Хэкӏыпӏэ щыӏэщ сытым дежи…
Зэикъуэ къуажэкухэм деж маршруткэм зы хъыджэбз къыщитӏысхьащ, тӏэкӏуи тешхыхьа жыпӏэну, щыгъын къызэрыгуэкӏкӏэ хуэпауэ, и плӏэм джинс плӏэрыдзэ цӏыкӏу илъу. Уи нэ къыщӏыфӏэнэнышхуэ бгъэдэлътэкъым хъыджэбз щхьэпэлъагэм, ауэ и щхьэм фӏэс пыӏэ шопс кхъуэщыныфэм къыщӏэплъ и нэ пӏащитӏыр къыпхуэзамэ, «иджыри сеплъащэрэт» жыуигъэӏэрт. Дыщэ шыхьа щӏэлъ хуэдэ, нагъуэ дахэт, занщӏэу плъэрт, и гур зэрызэӏухар зыхыуагъащӏэу. Ар кӏуатэри, зы лӏыжь и закъуэу щысти, бгъурытӏысхьащ, щытӏысым, «хуит сыкъэпщӏрэ?» жиӏэ хуэдэ, мащӏэу къыпыгуфӏыкӏыу еплъащ. Маршруткэр Бахъсэн дэжа къудейт хъыджэбзыр; «Мыбы зыгуэр къыщыщӏащ!» – жиӏэу къыщыхэкӏиикӏам. Псоми зыкъытраӏэтыкӏащ, нэхъ гъунэгъуу щысхэм зыкъраӏуэнтӏэкӏащ. Зэрызехьэр щызэхихым, шофёрым маршруткэр къигъэувыӏэри салоным къихьащ. «Псори фи пӏэм фитӏысхьэж», – жиӏэри езыр лӏыжьым щхьэщыхьащ. Абы и щхьэр хъыджэбзым и дамэм телът, хъейртэкъым, и псэр пыту умыщӏэну, и фэр шэхум хуэдэу пыкӏат. Хъыджэбзыр къыӏуигъэкӏри, щӏалэхэр зыдигъэӏэпыкъуурэ, лӏыжьыр икӏэмкӏэ екӏуэкӏыу иӏэ тӏысыпӏэхэм трагъэгъуэлъхьащ. Езым маршруткэм къригъэгъазэри Бахъсэн къыдыхьэжащ. Къалэ сымаджэщым ишэнут лӏыжьри, абыкӏэ имыгъэш щӏыкӏэ исхэр къригъэкӏащ, вокзалыр гъунэгъу дыдэт, гъуэгум зэпрыкӏыжхэмэ, зэфӏэкӏат. Псори я гъуэгу техьэжащ, ауэ къэсымэджа лӏыжьым бгъэдэса хъыджэбзым маршруткэм къикӏын идакъым: дадэм и ӏуэхур зэрыхъуар къимыщӏэу, здежьам кӏуэфынутэкъым.
Сымаджэщым и лэжьакӏуэхэм дадэр сымаджэкъешэкӏ ӏэрыгъажэкӏэ щӏашащ, хъыджэбзри бгъурыту щӏыхьащ. Пырхъуэм тесащ дохутырхэм лӏыжьым и лажьэр зэхагъэкӏыху. Сымаджэр реанимацэм яшат, лажьэр здэщыӏэр и гур арауэ, лӏыжьым и гъащӏэмкӏэ шынагъуэ щымыӏэу къыжраӏэри, хъыджэбзыр къыщӏэкӏыжащ.
Ринэ Зэикъуэ дэт интернатым щеджэрт. Мыбы щыӏэхэр еджэныгъэм къыкӏэрыху, пэмылъэщхэрат, ауэ Ринэ апхуэдэ гуныкъуэгъуэ иӏэтэкъым. Езыр цӏыкӏуу, и адэр дунейм ехыжащ. И анэ Хуржан сымаджэрилэт, гуащӏэмащӏэти, нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ, жиӏэри, щылажьэхэм «мыр курыт еджапӏэм гъакӏуэ, фӏыуэ еджэнущ» жраӏэми, къафӏыщӏигъэтӏысхьат. Интернатыр къуажэм дэтт, и пхъур щэбэт къэс къэкӏуэжт, сыт езгъэшхын, сыт щыстӏэгъэн жиӏэу гузавэртэкъым…
Ринэ ебланэ классым щӏэст и анэри щыщхьэщыукӏуриикӏам. Зи закъуэ дыдэу къэна хъыджэбзым хуащӏыну унафэм ӏыхьлыхэр егупсысын хуей хъуакъым: интернатым щыӏэххэщи, адэкӏи щыӏэнщ. Щэбэт, тхьэмахуэхэм къэкӏуэжын хъумэ, и адэкъуэш Хьэтэлий екӏуэлӏэнщ, я щӏапӏэр зэпыту зэбгъурысхэщ. Апхуэдэуи хъуащ. Ринэ жэщырат Хьэтэлийхэ щыкӏуэр. махуэм я унэм щыӏэбэрт, анэм зэлъыӏуихыу, зэщӏигъэкъабзэу зэрыщытам тету иригъэкӏуэкӏт. Хадэр Хьэтэлий езым ейм и гъусэу зэрихьэт. Хьэтэлий и щхьэгъусэ Налжан хъыджэбз цӏыкӏум къыхуэӏейтэкъым. Къэкӏуэжамэ, пэрылъэщӏ бэлътоку е лъэпэд лъапэ кӏэщӏ нэхъ мыхъуми, зыщыгуфӏыкӏын гуэр хуишийрт. Хъыджэбз зеиншэм пенсэ хуагъэувати, къуажэ пощтзехьэм мазэ къэс ар Налжан къритырт. Ипэкӏэ плъэ цӏыхубзыр егупсысащ а пенсэр Ринэ хузэхуихьэсмэ, нэхъыфӏу. Иджыпсту апхуэдэу текӏуадэшхуэ щыӏэкъым, а зыхуей хъу тӏэкӏур дэри тхузэфӏэкӏынущ. Еджапӏэр къиухмэщ псоми щыхуэныкъуэнури, абы щыгъуэм зэрыӏыгъыу иӏэмэ, нэхъыфӏщ.
Ринэ игъуэт гулъытэр зыфӏэмыфӏыр унагъуэм япхъу нэхъыжь Аминатт. Хьэтэлийрэ Налжанрэ пхъуитӏрэ зы къуэрэ яӏэти, адыгэ унагъуэхэм зэрыщыхабзэу, гумащӏагъэрэ еубзэрэ хэмытут зэрагъасэр. Ринэ къыжраӏэ псалъэ дахэхэм хуэдэ езыхэм зэи къалъысатэкъыми, Аминат ар хъыджэбз цӏыкӏум ирифыгъулӏэрт. Ипэхэм нэщхъ-пэщхъкӏэ къигъэлъагъуэу щытамэ, иджы и анэм ириубыдылӏэри жриӏащ:
– Сыт мы Ринэ фыщӏеубзэр? Ар сыткӏэ нэхъ лей дэр нэхърэ? Дэ тыгъи тлъагъуркъым, фӏагъ гуэр тхэлъыуи игъащӏэм жыфӏакъым. Ринэ нэхъыфӏ дэр нэхърэ?
– Аминат тӏэсэ, щхьэ къыбгурымыӏуэрэ, ар зеиншэщ. Уэ адэ-ани, шыпхъуи, дэлъхуи уиӏэщ. Абы хэт иӏэр? Интернатым щыӏэщ, и унэ исыжкъым. Дэращ, фэращ Ринэ и гурыфӏыгъуэр. Дяпэкӏэ апхуэдэ делагъэ жумыӏэ. Тхьэшхуэм игу зумыгъабгъэ. Уядэм апхуэдэ зыгуэр зэхебгъэхынщи, тхьэ, узыр къыуимытмэ.
Аминат и нэщхъи и пэщхъи зэхихыфакъым, ауэ афӏэкӏа ӏуэхум тепсэлъыхьыжакъым. Нэхъыщӏэ Фатӏимэтрэ Ринэрэ зэныбжь дыдэти, арагъэнт а тӏур зэныбжьэгъу щӏэхъуари. Щэбэтыр къэсамэ, ар пэплъэрт Ринэ и къэкӏуэжыным. Щыгуфӏыкӏыу къригъэблэгъэжырт, кӏуэжыху зэкӏэрыкӏтэкъым. Махуэм Ринэ я унэм тӏэкӏу щыӏэбэмэ, Фатӏимэт кӏэщӏ-кӏэщӏурэ ежэкӏт, ауэ мыдэкӏэ и анэм быныр къалэныншэ зэи ищӏыртэкъыми, и кӏыхьу щыӏэну къехъулӏэртэкъым. Пщыхьэщхьэ хъууэ Ринэ къекӏуэкӏыжамэ, щэху цӏыкӏуу зэдэуэршэру, сурэт щӏынкӏэ зэпеуэу, зэрыщӏэш-къызэрыщӏэшэжу зэгъусэт.
Нобэ Ринэ къежьат Налщыч къыщызэӏуах адыгэ щӏалэгъуалэ театрым хыхьэфмэ еплъыну. Нало Заур и «Къру закъуэ» новеллэм щыщ пычыгъуэ гукӏэ зригъэщӏауэ, ар къэпщытакӏуэхэм я пащхьэ щыжиӏэну арат. Фӏыуэ зигъэхьэзырат, и гъэсакӏуэри къыдэӏэпыкъуурэ, ягу дыхьэну, къащтэну щыгугъырт. Арщхьэкӏэ мис зэрыхъуар. Зи щхьэр къыфӏэхуу и дамэм къытехуа дадэр къигъанэу зыщӏыпӏи кӏуэфакъым. И гъэсакӏуэр къыпоплъэ хуихьыну хъыбарым, и жагъуэ хъуну къыщӏэкӏынщ здежьам зэрынэмысар, ауэ Ринэ нэгъуэщӏу хуэщӏынутэкъым. Тобэ ирехъу, езым и адэ тхьэмыщкӏэм зыгуэр ирихьэлӏэрэ дэӏэпыкъуамэ, ноби псэуну хъунт. Ар трактор дэсу арати, губгъуэр ивэу здитым лъыр и щхьэм дэуейри, къэзыщӏи, зылъагъуи, дэӏэпыкъуни щымыӏэу, лӏат. Тракторыр имыгъэункӏыфӏауэ лажьэу, и адэ тхьэмыщкӏэм абы и шэрхъышхуэм зригъэщӏа хъунти, укӏуриижауэ щӏым щылъу къагъуэтыжат. А хъыбар гуузыр къыщыхуахьа махуэм щыщӏэдзауэ Хуржан узыншагъэ иӏэжакъым. Сытым щыгъуи ӏэмащӏэлъэмащӏэу, хэлъэтышхуэ имыӏэурэ къэгъуэгурыкӏуэ цӏыхубзым иджы и махуитӏ зэхуэдэтэкъыми, Налжан къыжриӏат:
– Хуржан, дохутыр зэгъэплъ. Уи къарум къигъэзэн хуэдэу зыгуэр къыпхуащӏэнщ. Уи сабийм еплъ. Азрэтэлий лӏамэ, уэри укӏэлъыкӏуэн хуейуэ щхьэ бгъэува мыгъуэ? Ринэ хэт къызыхуэбгъэнэнур? И щхьэм бадзэ трихужыф мыхъуауэ уэр гуэрыр ущхьэщыкӏмэ, гуэныхькъэ ар?
Хуржан и нэ нащхъуэ гуауэм нэхъри трихуахэр а зэплъым къытримыхыу жэуап къитащ:
– А тхьэмыщкӏэр димыӏэжу жаӏэу си пщӏантӏэм цӏыху къыщыдыхьа махуэм зэпыча си псантхуэр зэпызыщӏэжын дохутыр щыӏэкъым, Налжан. Алыхь ӏэмыркӏэ зэпыкӏэжым зэпыкӏэжынуращ. Ринэ мыгъуэ… Мыгъуэ хъуну Тхьэшхуэм жимыӏэкӏэ, ауэ … Налжан, игъащӏэм псалъэ жагъуэ зэжетӏакъым, гуауэу ди гум илъын зэтщӏакъым. Зыгуэркӏэ Ринэ и закъуэу къанэмэ, уи быным ядэппӏыну псалъэ къызэт. Щыӏэнщ интернатым, ауэ уэ къокӏуэлӏэжу, Хьэтэлийрэ уэрэ фи унафэм щӏэту, фи бын пэбжу.
– Мыр сыт, Хуржан, уэсят бощӏыжри. Тхьэм жиӏэмэ, икӏи ухъужынщи, бынри зэдэтпӏынщ. Апхуэдэ гупсысэ хьэлъэхэр уи щхьэм их, си нысэгъушхуэ, узэджэр къокӏуэ, жи.
– Сэ, болъагъу, секӏакӏуэ фӏэкӏа сефӏакӏуэркъым. Ар жызэзыгъэӏэр сэ сощӏэж. Сигу зэгъэнущ си бын закъуэр зыщыгугъын иӏэу сщӏэмэ.
– Тхьэ, Хуржан, сымаджэр къонэри щӏэупщӏакӏуэр малӏэ, жыхуаӏэращ, ди пӏалъэр дэ дымыщӏэж. Ауэ, къэхъужыкъуэӏами, сэ си псэр пытмэ, а хъыджэбзым лей къытезмыгъэхьэн. Хьэтэлий сытым хуэдэу илъагъуми бощӏэ, уи нэгу щӏокӏ. Ди быныр къыздохъу, ахэр зей хамэ зэхуэхъунукъым, Тхьэм жиӏэмэ.
– Арат зэхэсхыну сызыхуейр. Сэ дыкъэзыгъэщӏам сыарэзы дыдэу секӏуэлӏэжынущ, плъэмыкӏыу, ӏэрызехьэу укъанэ нэхърэ, сытым щыгъуэми дыщылӏэжынукӏэ, Тхьэшхуэм солъэӏу а хъыджэбзым лъэхъу сыхуэмыхъуу, си пӏэ сигъэгъуэтыжыну.
– Итӏани Тхьэм и деж нэмысын псалъэхэр сфӏыжыбоӏэ. Модэ бжэныл тезгъэувауэ мавэри тетщи, абы щыщ къыпхуэсхьынщ, лэпси и гъусэуи, си ӏуэхущ нэхъыфӏ уимыщӏмэ. Мэл зыхэва нэхърэ, бжэн зыхэпкӏа, жи.
– Гъащӏэ кӏыхь хъуарэт а Нэхунэ, тхьэ, бжэнылкӏэ дегъэтхъэжым илъэс къэс.
Хуржан къыщашам пщыкъуэцӏэу Нэхунэ фӏищат Азрэтэлий, арат нобэми зэреджэр.
Щэбэт махуэти, Ринэ и урокхэр зэрызэфӏэкӏыу унэм къэкӏуэжащ. И пхъур зэрилъагъуу, Хуржан тӏэкӏу щыгуфӏыкӏ хабзэт, и еджэныгъэр зэрыхъум щӏэупщӏэрт. Сытым щыгъуи еупщӏырт: «Уи жагъуэ къащӏрэ, си нэху, къащӏмэ, умыбзыщӏ. Тхьэ, Нэхунэ нэкӏуэнщи узыр яритынмэ». Ауэ хъыджэбз цӏыкӏум къыгурыӏуэрт гунэдж зимыӏэж анэм ухуэтхьэусыхэ зэрымыхъунур. Мызыгъуэгум «укъэкӏуэжа?» зэрыжиӏар мыхъум, зыщӏэупщӏаи щыӏэкъым.
– Дауэ ущыт, мамэ? Лӏо пщӏахэр, сэ сыщымыӏэху?
– Сыт сщӏэн? Сэ мыгъуэ сабэ теслъэщӏыкӏрэ тӏэкӏу сыпщафӏэмэ, аращ слъэкӏыр. Модэ кхъуейжьапхъэ тӏэкӏу сщӏауэ тетщи, гъэхуэбэжи шхэ.
– Икӏи згъэхуэбэжынщи, икӏи дыздэшхэнкъэ, си мамэ!
– Аӏэ, сэ сшхынур сшхащ, си тэмакъым зыри ехынукъым. Уэращ сыщӏэпщэфӏар.
Ринэ шхэри ӏэнэр ӏуихыжащ.
– Мамэ, сэ Нэхунэхэ сыкӏуэнщи слъагъунщ, сащӏэупщӏэнщ.
– Кӏуэ, тӏэсэ, лъагъу. Куэдрэ укъэмыт. Фатӏимэрэ уэрэ фызэрыгъуэтыжмэ, псори фщогъупщэ.
Зэи хуэмыдэу, ныщхьэбэ анэм и щытыкӏэр игу ирихьатэкъым Ринэ. Зимыгъэгуващэу къекӏуэкӏыжри аргуэру и анэр игъэшхэну хуежьат, ауэ идакъым.
– Мы дунейм теткъым сызыхуей, си пӏэ тӏэкӏур схуэщӏыжи сыгъэгъуэлъыж, сыщысыжыфкъым, – жиӏащ Хуржан.
Ринэ анэр зыхуейр хуищӏащ, итӏанэ жьыщӏын хуей гуэрхэр щыӏэти, псы игъэхуабэри зэрыжьыщӏэ машинэм ирикӏащ, жьыщӏыгъэр тӏууэ игуэшри, япэ хужьыгъэхэр, итӏанэ гъуабжэхэр къригъэкӏэрэхъуэкӏащ. Абы къыдэкӏуэу пэшитӏымрэ пырхъуэмрэ къипхъэнкӏащ, жьыщӏэн иухмэ, къызэрилъэсыжынум хуэдэу. «Зи мыхъумэ, адрей щэбэтым сыкъэсыжыху мамэ нэхъ мащӏэу ӏуэху ищӏэнщ», – егупсысырт ар.
Ринэ пщэдджыжьым къэтэджри кӏэртӏоф тебэ игъэжьащ, къалмыкъ шей игъэващ. Япэ щӏыкӏэ анэр къимыгъэушын гуращэкӏэ ӏэуэлъэуэншэу ӏэбащ. Итӏанэ игу къэкӏащ Хуржан апхуэдизрэ жей зэримыхабзэр. Хуэмурэ бгъэдыхьэри зи щӏыб къэгъэза анэм щхьэпрыплъ хуэдэу ищӏри и нэгум иплъащ. И фэр гъуэжьт. Теуӏуэну хуежьати, Хуржан зэщӏэдият. Ринэ кӏийуэ Налжан деж жащ:
– Налжан, мамэ къэушкъым, и фэр гъуэжьыбзэщ, накӏуи еплъ, кхъа!
Налжан гурыщхъуэ ӏейр ищӏауэ къежэкӏри, и гурыщхъуэр нэрыщхъуэу къыщӏэкӏащ. Дауэ Ринэ зэрыжриӏэнур, «анэ уиӏэжкъым» жиӏэу? Яужь иту къэжа Фатӏимэ щӏигъэпхъуэжащ, Хьэтэлий къигъэкӏуэну.
Хьэдагъэ махуищыр икӏыху Ринэ къэхъуам и ӏуэху хэмылъ хуэдэу, абдж ихъухьа нитӏыр, хэхауэ зыми хуэмыгъэзауэ, ипэкӏэ плъэуэ щысащ. Хьэдагъэр дэкӏри, Ринэрэ Хьэтэлий и унагъуэмрэ къызэхуэнэжащ. Налжан псалъэ дахэу игъуэтымкӏэ хъыджэбз цӏыкӏум едэхащӏэрт, анэ хуэмыхъуфми, и быным яхуигъэдэну къигъэгугъэрт, ауэ Ринэ зэрымыпсалъэт, зэрымыхъейт, зэрымышхэт. Мыпсалъэ щхьэкӏэ, и кӏуэцӏым гуауэшхуэ илът. Анэ иӏэжкъым. Езыр псэущ, и анэр лӏащ. Зэрылӏэр къищӏакъым. Къищӏамэ, дохутыр къеджэнти, зыгуэр къыхуащӏэнт. Дауэ иджы зэрыпсэунур, и анэм зэрыдэмыӏэпыкъуар, зэригъэлӏар ищӏэжу?!
Налжан егупсысри, зэкӏэ хъыджэбз цӏыкӏур интернатми имыгъэкӏуэжмэ нэхъыфӏу къилъытат. Хьэтэлий игу илъымкӏэ щыдэгуашэм, къыжриӏащ:
– Солъагъу мы Ринэ уеубзэ зэпыту зэрыщытыр. Сфӏэтэмэмкъым ар. Мыбы къыщыщӏа гуауэр езым иджыри и кӏэм нэсу къыгурыӏуакъым, зыгуригъэӏуэнуи хуейкъым. Уэри ар дыбоӏыгъ. Игу тӏысын хуэдэу зэ гъакъым, Хуржан дунейм зэрехыжрэ тхьэмахуэ мэхъури. Къиутӏыпщын хуейщ а и кӏуэцӏым щызэтрихьэр, армыхъум и псантхуэр ишэщӏынщ, зэи зэмыпэщыжыну. Аракъэ а лӏа тхьэмыщкӏэм езым къыщыщӏар? Иремыкӏуэж зэкӏэ интернатми, содэ, ауэ Хуржан къызэримыгъэзэжынур, иджы езыр анэншэу псэун зэрыхуейр къыгурыгъаӏуэ. а жепӏэ дахэ къомым нэхърэ, и анэм и гугъу хуэщӏи нэхъыфӏщ.
А зэрыт щытыкӏэ дыдэм иту, Ринэ зызэщӏикъуэри интернатым кӏуэжащ. Хьэтэлии Налжани чэнджэщэгъу ищӏакъым. Щэбэтыр къэсат, къэгувэрти, Налжан кӏуащ, сымаджэ хъуауэ пӏэрэ хьэмэрэ зыгуэр щхьэкӏэ къамыгъэкӏуэжу ара – ӏуэхур зыӏутыр къищӏэну. Къыкӏэлъыкӏуами къызэреплъа щыӏэкъым, къыхуэкӏуэжыни идакъым. «Сыхуейкъым», – аращ къыпихыфар. Етӏуанэ тхьэмахуэри, ещанэри кӏуащ, Ринэ къэкӏуэжакъым.
Махуэ гуэрым пщыхьэщхьэхуэкӏуэ хъуауэ Налжан зы гъы макъ къызэхихат Налжан мыгъуэм и пщӏантӏэмкӏэ къиӏукӏыуи, и фэр зэщӏигъэкӏат. Тӏэкӏурэ зыщӏэдэӏукӏри, ӏуэхур къыгурыӏуауэ, куутӏыбжэм къекӏуэлӏащ. Бжэ цӏыкӏур ӏуимыхыу дамэдазэмкӏэ дэплъри къилъэгъуащ Ринэ гъыуэ я дэкӏуепӏэм зэрытесыр. Тӏэкӏурэ гуитӏщхьитӏу щытри, итӏани тегушхуащ пщӏантӏэм дыхьэну.
– Ринэ, дахэ цӏыкӏу… – къригъэжьат абы хъыджэбз цӏыкӏур тригъэуну, арщхьэкӏэ гухэщӏыу гъы Ринэ гъыбзэ къришу фӏэкӏа умыщӏэну зыкъыхуигъазащ:
– Узыхуейр сыт? Сыт «дахэ цӏыкӏу» жыхуэпӏэр? Фыскӏэрыкӏ псори! Тхьэмыщкӏэ цӏыкӏущ жыфӏэу ара? Уигукӏэ узэгупсысыр сощӏэ: «и анэр къимыщӏэхэу лӏащ» жыбоӏэ! Мис, уэ упсэущ! Аминати, Фатӏими, Муси анэ яӏэщ! Сыт мыгъуэр сщӏэжыну, мамэ згъэлӏащ! Кӏуэж, сэ зыми сыхуейкъым! Хуиту сыгъагъ, кӏуэжи!
– Хъунщ, тӏэсэ, сыкӏуэжынщ. Гъы, уигу тӏысыху.
Налжан куутӏыбжэм къыщысыжам, Фатӏимэ ар къыӏуихри пщӏантӏэм къыдэбэкъуати, ӏэкӏэ иригъэлъэгъуащ: «Зыри жумыӏэ, нэгъазэ!»
Ринэ я унэми нэху къыщекӏакъым, интернатым кӏуэжащ. Налжан дзыхь ищӏакъым хъыджэбз цӏыкӏум зыкъригъэлъагъун, ауэ и гъэсакӏуэм зыхуигъазэри ӏуэхур зыӏутыр жриӏащ, и нэӏэ нэхъ тригъэтыну елъэӏуащ. Пщӏэнукъым къэхъуну псор, кӏэлъыплъын хуейщ. Аргуэру тхьэмахуитӏкӏэ къэкӏуэжакъым Ринэ. Ещанэ тхьэмахуэм и щэбэтым къэкӏуэжри занщӏэу адэ къуэшым я дежкӏэ дыхьащ. Хьэтэлии Муси дэстэкъым, Аминатрэ Фатӏимэтрэ урокхэр ящӏыжу пэш пэӏудзамкӏэ щӏэст. Пщэфӏапӏэм къыщӏэӏукӏ ӏэуэлъауэр зэхихри, абыкӏэ иӏуэнтӏащ. Налжан хъыджэбз цӏыкӏум къызэрыӏуплъэу и гур къызэфӏэнат, ауэ зиубыдыжри, къыпежьащ:
– Сыту фӏыт, Ринэ, укъэкӏуэжай. Тхьэ, псоми ягу укъэкӏащи, унэм щӏэсхэр щӏэмыхуэж.
Фӏэхъус ӏуэхуи зэримыхуэу, Ринэ жиӏащ:
– Налжан, къысхуэгъэгъу, уи жагъуэ сщӏащ. Интернатым ди психологыр къызэпсэлъащ куэдрэ. Псори къызгуригъэӏуащ. Мамэ сиӏэжкъым. Фэращ сиӏэр.
Налжан имыгъуэу балигъ хъуа хъыджэбзым зришэкӏри, и нэпсыр къежэхащ:
– Пхуэзмыгъэгъун къызэпщӏакъым, си псэ тӏэкӏу. Усабийуэ гуауэшхуэ къыбжьэхэуащ. Сэр щхьа зыкӏи умыгузавэ. Къызгуроӏуэ, тӏэсэ, псори.
– Налжан, мамэ и кхъащхьэм сыпшэн пщэдей?
– Усшэнщ, тӏэсэ, Тхьэм жиӏэмэ.
Къабзэу загъэпскӏщ, щӏагъщӏэлъ щащӏэ-плӏащӏэхэр щатӏагъэри пщэдджыжьым жьыуэ кӏуахэщ кхъэм. Хуржан и кхъащхьэм нэсу тет цӏэм къыщеджам, Ринэ зы кӏий и кӏуэцӏыкӏыщӏэм къикӏати, Налжан и щхьэфэцыр игъэхъеят. Етӏуанэуи кӏиящ, узрэ гуауэу кӏуэцӏылъыр уафэгум ириутӏыпщхьэу. Кӏийрт, и ӏитӏыр иӏэтрэ игъэсысу, кърихьэхыжрэ зиуплӏэнщӏыжу, зиузэхужт, жьыр жьэдишэрти, и щхьэкуцӏыр дэзджызджу кӏийрт. Налжан и кӏуэцӏыкӏыщӏэм зыкъигъазэрт сабийкӏэ узэджэн хъыджэбзым гуӏэгъуэу къыкӏуэцӏыкӏыр щилъагъукӏэ. И нэпситӏыр къежэхыу еплъырт, ауэ и гугъу ищӏакъым. Зыкъреунэщӏ. И гущхьэр ирегъэтӏыс.
Ринэ и къарур иухри, и лъэгуажьэр мащэм щызэтетхъуа ӏуащхьэм егъэкъуауэ етӏысылӏащ. Хуэмурэ ӏуащхьэм зригъэщӏри и нэр зэтрипӏащ. Налжан и макъ къигъэӏуакъым, Ринэ езыр-езыру къэтэджыжыху. Къэтэджри Налжан къыбгъэдыхьащ. И нэгум тӏэкӏурэ къиплъа нэужь, къекӏуэтэлӏапэри зыкъришэкӏащ, цӏыхубзми сабийм и щхьэфэм, и дамэхэм ӏэ дилъэрт. Псалъэншэу зэгурыӏуащ тӏури. Ринэ зэрыанэншэр, зэрызеиншэр и щхьэм ириӏуэтэлӏэжат, иджы и псэр Налжан егъэщӏылӏауэ зэрыщытынур гуригъэӏуат.
Ринэ и нэхэм «сытым щхьэкӏэ?» жыхуиӏэ упщӏэр зыкъомрэ щӏэлъащ, ауэ и щхьэмкӏэ жэуап зыхьыжынур езыр зэрыарар пкъырыхьэрт нэхъ балигъ хъуху. Мы гъэм еджапӏэр къеух. Пщыхьэщхьэ гуэрым и анэм и гъусэу телевизоркӏэ концерт еплъу здэщысхэм, къыжриӏат:
– Мис мопхуэдэу дахэу ухуэпауэ, макъ дахэкӏэ уэрэд жыпӏэу, цӏыху цӏыкӏур къоплъу ухъуарэт, си хъыджэбз! Сохъуапсэ, тхьэ, гугъуехь птемылъу, мо зы лэжьыгъэ къабзэлъабзэ уи насып хэхуа мыгъуэрэт. Еджэ, тӏэсэ, дэ дызыщыгугъын диӏэкъым. Еджи, зыщӏыпӏэ ущӏэхуэнщ, ӏэщӏагъэ бгъуэтынщ.
Уэрэд жыӏэным дихьэхтэкъым Ринэ, ауэ адыгэ театрым и сценэм итыну ехъуапсэрт. Интернатым щеджэ нэхъыжьхэр щашэ къэхъурт театрым, гъэсакӏуэхэр я гъусэу. Екӏуэкӏым здеплъым, езыр абыхэм яхэту джэгуу и нэгу къыщӏигъэхьэрт. Лъагъуэ схухэшыну пӏэрэ жиӏэу, арат Налщыч къыщызэрагъэпэщ адыгэ щӏалэгъуалэ театрым зыхигъэхуэну щӏежьар. Нэсакъым. Апхуэдэ зэрыщыӏэр къыжезыӏар и гъэсакӏуэращи, ӏуэхур зэрыхъуар къищӏэмэ, хэкӏыпӏэ гуэр къыхуигъуэтынкӏэ хъунщ. И гугъэр хихыжкъым.
Щыуатэкъым Ринэ. И гъэсакӏуэр театрым и ӏуэхухэр зезыгъакӏуэ Гугъуэтыж Ахьмэд деж къэпсалъэри, зэгурыӏуащ: джэгуакӏуэ ныбжьыщӏэхэм къыхэшыныр зэфӏэкӏащ, ауэ, апхуэдэу ӏуэхум щыдихьэхкӏэ, кърекӏуи, дедэӏуэнщ, деплъынщ, хъупхъэмэ, хэдгъэхьэжынщ.
Ринэ и теплъэкӏи и зэфӏэкӏкӏи сценэм хуэкӏуэу къалъытащ къэпщытакӏуэ гупым. Тхьэмахуэм тӏэу Налщыч къакӏуэу, сценэм итыным пыщӏа щэхухэм зыщигъэгъуазэу щӏидзащ. Гупым хэтхэр ныбжьыщӏэ жыджэр защӏэт, щхьэж и хьэл-щэн иӏэжми, я гушыӏэр зэтезагъэу, зэчэнджэщын хъуми, ӏущагъ къалъыкъуэкӏыу, зыгъасэ режиссёр Къанкъул Ислъам и псалъэ тӏу ямыщӏу, зэхэтыкӏэ дахэ яӏэ хъуат. Хъыджэбзым дежкӏэ мыр нэгъуэщӏ дунейт, нэгъуэщӏ зэхущытыкӏэт, и псэр зыхуеӏэ, и гум къилъыхъуэ гуэр къыщигъуэтти, фӏэфӏ дыдэу къакӏуэрт, зыщагъэгъуазэу хъуар зыщӏишэу, зыхилъхьэу.
Зы махуэ гуэрым, репетицэр яухри къыщӏэкӏыжауэ, щӏалэгъуалэ театрым и хэщӏапӏэр зыхэт унэ зэтетым и пщӏантӏэм Ринэ къыщилъэгъуащ жыг щӏагъ жьауэм щӏэт тӏысыпӏэм тес дадэр. Къызэтеувыӏэри нэхъ набдзэгубдзаплъэу лӏыжьыр зэпиплъыхьащ. Арат. А дадэ дыдэрат. Дауэ блэкӏынт апхуэдизу зытегузэвыхьауэ щытам? Бгъэдыхьащ.
– Дадэ, сыту си гуапэ ухъужауэ слъагъуну! Сыкъэпцӏыхужрэ? Маршруткэм дыщызэрихьэлӏауэ щытат. Укъэсымаджэри, сыгузэват.
– А-а, уэрат а хъыджэбз гумащӏэр? Дохутырхэм къызжаӏэжат, тхуӏумыкӏыжу зы хъыджэбз дахэ цӏыкӏу пырхъуэм тесащ, къелынущ, и гъащӏэмкӏэ шынагъуэ щыӏэкъым жетӏэху, жари. Сэри си гуапэщ, тӏыкӏуэ, укъызэрысхуэзэжар.
– Ухъужыпа, дадэ? Сыт ухуэдэ иджы?
– Сэ си ныбжьым уи лъэ узэрихьэмэ, ар фӏы дыдэу аращ. А махуэм ди унэкъуэщым я деж лъагъунлъагъу сыщыӏауэ сыкъэкӏуэжу арат. Лажьи хъати симыӏэу сыкърагъэжьэжащ. Ауэ Тхьэшхуэм къыпхуищӏыращ унафэр. А зэрыплъэгъуам хуэдэурэ хъуащ. Сылъэрытетщ. Нэхъыкӏэ тхьэм симыщӏкӏэ. Сэ мы унэм сыщопсэу, – дадэм и ӏэр ещӏ Ринэ къызыщӏэкӏыжа унэ зэтетымкӏэ. – Уэ цӏыкӏури мыбдежхэм ущыпсэууэ ара? Сыту фӏыуэ укъысхуэза, фӏыуи сыкъэпцӏыхужа…
– Хьэуэ, сэ Зеикъуэ сыщыщщ. Мыбы артисту зызгъэсэну сыкъокӏуэ. Мо унэ лъабжьэм пэш хэтщ, ар ди хэщӏапӏэщ.
– А-а, пэжу, кӏэщӏ-кӏэщӏурэ ныбжьыщӏэ гуп щӏыхьэ-щӏэкӏыу солъагъу. Сыщогуфӏыкӏым, уэрей, хьэулейуэ уэрамым дэмыту, телефоныр я нэкӏум имылъу, мыбдежым къокӏуалӏэри, зи мыхъум, зы щхьэпагъ гуэрым хуагъасэ. Мы унэм щӏэсхэм зыкъаӏэтат, а унэ лъабжьэм хэт пэшыр ирамыгъэщӏыну. Зы лъэныкъуэкӏи емыкӏу пщӏы хъунукъым. Къэмыхъу щыӏэкъым. Абы къекӏуэлӏэнумрэ ящӏэнумрэ хэт зыщӏэр жари, дзыхь ямыщӏу арат. А Шэшэн Муӏэед жыхуаӏэр ӏуэхум къыхыхьэри, псори зэтриуӏэфӏащ. Жьакӏуэщ ар. Хабзэр фӏыуэ ещӏэ. Лӏы бэлыхьщ. Уей, си гуапэм, дахэ, зи мыхъумэ, утыку ихьэкӏэрэ къикӏыжыкӏэрэ фщӏэнщ.
– Уэ уиӏэкъэ дэ ди ныбжь бынырылъху, дадэ? Театр-студие фи унэм хэту, фӏы дыдэкъэ ар, къэбгъакӏуэ хъунущ. Дызыгъасэр ӏэзэ дыдэщ, езыр артисту еджауэ. Къанкъул Ислъам жыхуаӏэращ. Пьесэхэр зытхри цӏыху цӏэрыӏуэщ. Къаныкъуэ Заринэ жыхуаӏэращ. Мыр ауэ кружок цӏыкӏукъым, артист дыдэхэм хуэдэу дагъасэ.
– Хьэуэ, дахэ цӏыкӏу, сэ абы згъэкӏуэн бынырылъху сиӏэкъым. Зы къуэ закъуэ диӏэти, унагъуэ хъуа къудейуэ, зы щӏалэ цӏыкӏу иӏэу, гъуэгу къэхъукъащӏэм хэкӏуэдащ. Нысэри зы сабий щхьа щысынт? Уэрей, цӏыху хъарзынэтэм, тлъагъутэм, дыкъилъагъужтэм. Ауэ мопхуэдэу щыхъум, илъэситӏи дэкӏыжауэ, и дэлъхухэм депсалъэри, псэун зэрыхуейр, зрашэлӏэжым зэрынэхъыфӏыр яжетӏащ. Щӏалэ цӏыкӏур фызыжьым сэрэ тхуэпӏынут, ди къару илът, зыхэтпӏыкӏын диӏэт. Нысэми и насып нэхъ зэтевэжынут, кӏэрыщӏэн имыӏэмэ. Гъащӏэ жыхуаӏэращ, дахэ, пхуэмышэчын уи гугъэ куэд пхуошэч. Цӏыхубзым и ӏуэхуми демыгупсысу хъуакъым. Ари унагъуэ хъужауэ, хъарзынэу мэпсэу. Фызыжь мыгъуэри куэд щӏакъым дунейм зэрехыжрэ.
Лӏыжьыр хэгупсысыхьауэ, Ринэ зэрыбгъурысыр имыщӏэж хуэдэт. Хъыджэбзыр къэпсэлъащ:
– Уи къуэрылъхур дауэ хъуа, дадэ?
– Тпӏащ фызыжьым сэрэ. И анэри къыкӏэлъыкӏуэт, абыи лъэкӏ къигъэнакъым. Ауэ хамэ лъэпкъ ишэ нэхърэ, ди унэ къинэжмэ, арат нэхъыфӏри нэхъ пэжри. Щӏалэфӏ къищӏыкӏащ, сысеигъэкӏэ къысщымыхъумэ. Мы ди унивеситетыр къиухащ, ауэ армэм щыӏэмэ, и ӏуэху нэхъ дэкӏыну жери, кӏуащ, и къэкӏуэжыгъуэу, соплъэ.
– Плъагъурэ, дадэ, уи ӏуэху фӏы дыдэщ. Ухъужауэ, уи къуэрылхур къэкӏуэжыну упэплъэу… Тхьэм адэкӏи укъихъумэ. Сэри сежьэжынщ. Къуажэм сыкӏуэжын хуейщ, маршруткэм сыкъыкӏэрымыхумэ, нэхъыфӏщ.
– Гъуэгу махуэ, дахэ, узыншэу тхьэм уихьыж.
Къыкӏэлъыкӏуэ тхьэмахуэм дадэм езым игъэхъуащ Ринэ репетицэм къыщыщӏэкӏыжынур. Игу дыхьат хъыджэбз лъагъугъуафӏэ гумащӏэ цӏыкӏур. И къуэрылъхум апхуэдэ гуэр къыпэщӏэхуамэ, нэхъыфӏ хуейт?
Зэнэӏуасэ хъуа дадэмрэ хъыджэбзымрэ тхьэмахуэ къэси зэрылъагъу, зэдэуэршэр хъуащ. Иджы дадэм ищӏэрт Ринэ и къекӏуэкӏыкӏари, еджапӏэр къызэриухри, артисту еджэным адэкӏи пищэну зэрыхуейри. Лӏыжьым пасэу игу къэкӏам яужь ихьащ. И къуэрылъхур къэкӏуэжат. Рини театр-студием зэрыщагъэсэну илъэситӏыр икӏати, диплом къратыжынут, ӏуэхур ӏэтауэ къызэрагъэпэщт. Дадэм жиӏат а ӏуэхум кърихьэлӏэну зэрыхуейр, ауэ къуэрылъхур зэригъусэнур хэӏущӏыӏу ищӏакъым.
Дипломхэр зыӏэрыхьэжа ныбжьыщӏэхэм гуфӏэр я нэгум иту сценэм тетт. адэ-анэ, ӏыхьлыхэм удз гъэгъарэ тыгъэ цӏыкӏухэмрэ дэкӏуейурэ ӏэщӏалъхьэрт, ехъуэхъут. Рини гулъытэншэ ящӏатэкъым, Аминатрэ Фатимэрэ джэгуалъэ щабэшхуэрэ удз гъэгъарэ яӏыгъыу дэкӏуеящ. Ауэ Ринэ ищӏэнур имыщӏэу къэнат щӏалэ щхьэпэлъагэ мыцӏыхум гуащэнабдзэ ӏэмыщӏэшхуэ иӏыгъыу къыщыбгъэдыхьам.
ӏуэхур зыӏутыр къыщищӏар псори зэфӏэкӏыу зэбгрыкӏыжын щӏадза нэужьщ. Дадэр къыбгъэдыхьащ удз гъэгъа къезыта щӏалэр и гъусэу.
– Мыращ, Ринэ, си къуэрылъхур. Си закъуэ сыкъигъэкӏуэн дзыхь имыщӏу, гъусэ зыкъысхуищӏащ. Дамирщ зэреджэр.
И къуэм зыхуигъазэри хъыджэбзыр къригъэцӏыхуащ:
– Мы цӏыкӏур Ринэщ. Мыращ а бжесӏэжа хъыбарым хэта хъыджэбзыр. Сэ и гулъытэ къыслъысащи, уэри гуапэу ухущытмэ, нэхъ къэсщтэнущ. Хэт ищӏэрэ, фызэрихьэлӏэнкӏи хъунщ, дунейр дызэригугъэм хуэдэу инкъым, цӏыхухэм я гъащӏэ гъуэгур щызэтехуэ куэдрэ къохъу.
Ринэ фӏыщӏэ ищӏри, и шыпхъухэм защӏигъужащ, ауэ зыхищӏэрт зэадэ-зэкъуэм езыпх гуэр яку къызэрыдэхъуар. Диплом къратыжами, Ринэ театр-студием дяпэкӏи кӏуэнущ, ягъэув спектклхэм щыджэгунущ. Дунейр апхуэдэу инкъым, цӏыхухэм я гъащӏэ гъуэгур щызэтехуэ куэдрэ къохъу.







