Мажусий диным адыгэхэр щита лъандэрэ къадекӏуэкӏ тхьэлъэӏущ. Ар илъэсыщӏэр къы‑щихьэм иращӏэкӏ гуфӏэгъуэщ. Адыгэхэр илъэсыщӏэм щыӏущӏэр махуэмрэ жэщымрэ я кӏыхьагъыр зэхуэдэ щыхъу, гъатхэпэ мазэм и 21‑22‑хэрт. Абы «Гъэрэ Щӏырэ щызэхэкӏ махуэкӏэ» еджэрт.
«Мафӏащхьэтыхьыр» теӏуа тхьэлъэӏущ, илъэс къэс пӏалъэ гуэрым ирихьэлӏэу ящӏу. Абыкӏэ жьэгу мафӏэм, хуабэм, щӏыӏэр къутэу къэзыгъэзэжа хуабэм (дыгъэм) тыхь зэрыхуащӏыр кърагъэлъагъуэрт. Пасэм щыгъуэ шыуан щызэфӏадзэ жьэгу мафӏэ къэс ӏэщ гуэрым и лъыпэ кърагъэкӏыурэ тыхь хуащӏырт. Иужькӏэ, цӏыхухэм я хуэмыщӏэныгъэм къыхэкӏыу, ӏэщым и пӏэкӏэ джэдкъаз яукӏыу къаублащ, «Мафӏащхьэтыхьым» «Мафӏащхьэ джэдкӏи» еджэ хъуащ (еплъ «Мафӏащхьэкъурмэн» пс.).
Адыгэхэм илъэсыщӏэр къыщихьэр (Гъэрэ Щӏырэ зэхэкӏыр) ягъэлъапӏэрт. Ар унагъуэ махуэшхуэти, инри цӏыкӏури зэхэсу абы ӏущӏэрт. Етӏуанэ махуэми зэблагъэ зэ ӏыхьлыхэр, гъунэгъужэрэгъухэр хъуэхъуакӏуэ зэхуэкӏуэртэкъым. Апхуэдэу щащӏыр къыкӏэлъыкӏуэ махуэхэрт. Хъуэхъуакӏуэ къахуэкӏуэхэр ирагъэблагъэрти я «Мафӏащхьэтыхьым» щыщ ӏуагъахуэрт, махъсымэ фалъэ иратырти ягъэхъуахъуэрт.
«Мафӏащхьэтыхьыр» зэманыжьым и щӏэину ябжри ягъэкӏуэдыжауэ щытащ. Иужь илъэсхэм, адыгэ хабзэфӏ къащтэжахэм я гъусэу, «Мафӏащхьэтыхь» тхьэлъэӏури къэунэхужащ.







