Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Тохъ Хьэблэ / Ташлыгечит

Тохъ Хьэблэ къуажэр 1859-хэм хэкур я бгынэу къикlа Анзорей къуажэм я хэсу хэкум Анзорей щlыналъэм къикlахэм къахэкlри Тохъ Хьэжы Темрыкъуэ, и щхьэгъусэ Гущэрэ и къуиплl Али Мырзабек, Исмаил, Али, Хьэж Ахьмэтрэ Пэрыт, Мэхъарэ, Зэпышэ, Хьэлэухъхэ, Къанджэшуэхэ, Къардэнхэ зэдэщlыгъури нобэ щыпсэу къуажэр яухуащ.

Выныбэхэ, Нэхущхэ, Шыкlэжьхэ иужькlэ хэхэсу къахэтlысхьэжахэщ.

Къуажэр Анзорей къуажэм зэрыхэсар илъэсщ. Япэдыдэ Джейхьан Адана къалэмкlэ щытlысауэ абы хуабэмрэ аргъуеиймрэ зытриукlэ щыхъум дэмысыфу Узняйлэм къэlэпхъуэжауэ lуэрыlуатэу жаlэжыр.

Къанджэшу Хьасан

Къуажэр Кайсери къалэм 165 км. Азей районым 65 км пэжыжьэщ.

Тохъ Хьаблэр зуухуа Тохъ Али Мырзабек.

Къуажэм Шыгэбэхъуей, Беязкуей, Ерэнщыхьар, Мударей, Пэзэрсу, Анзорей къуажэхэм щlыкlэ зыпылъуращ. Къуажэр къуажэ цlыкlущ. Сыт щыгъуэи къуажэшхуэу щытакъым. Нобэкlаи мащlэщ дэсыр ахэри lэщ япыщlэу мэл, жэм зэрахуэр, щlы яlэм хьэ, гуэдз хащlэр.

Къанджэшу Сэлэдин

Къуажэм щыпсэуа лlыцlэхэр (Пасэрей зэманым)

Зэпышэ Адилгери, Амир, Ибрахим.

Къардэн Джиджу.

Нэхущ Исмаил.

Шыкlэжь Ахьмэд, Незир, Бешир.

Выныбэ Умар, Али.

Тэрчокъуэ Умар, Хьэж Осман.

Тохъ Али Мырзэ, Зулкъарнейн, Мурат, Салихь, Казим, Къанщоби, Юсуф, Изэт, Хьамид, Муджахьид, Мырзэбей.

Къанджэшу Хъасан, Сейфэдин, Сэлэдин.

Yazarın Diğer Yazıları

Щӏэшхьаблэ-Юкарыкызылчевлик

Къуажэр 1859-60 гъэхэм хуэзэуэ хэкум къикӏа къуажэхэм ящыщщ, къуажэр Кайсер-Малатя гъуэгум тету аращ. Кайсери къалэм 105 км Азей районым 20 км пэжыжьэщ. Къуажэм зи цӏэ...

Махъархьаблэ

Къэбэрдей къуажэ. Къуажэр Къэбэрдейм шэрэухъ псы lуфэм lуса Махъархьаблэ къуажэ дэсхэм зыкъаlэту Тыркум къыщыкlуа 1860 гъэм я ухуауэ зы къуажэщ. Къуажэр хэкум зэрыщытым хуэдэу...

Елъыхъуей — Юкарыборандере

Къуажэр Казанчык къуажэм яхэту 1860 гъэхэм Узняйлэм къэтӏыса Карачай Черкеск Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Ачкарува Абазэхэм ящыщщ. Иужъкӏэ Елъухъхэ я пащэу мы къуажэм къэтӏысри Елъыхъуейкӏэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img