Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«РА», «ЩЫ», «ДЫ»!

Сыт мы макъ зэрызхэм къыджиӏэр. Щыми къыджиӏэр зыуэ пӏэрэ? Зэрыз зэрызу бзэм и хэтыкӏэм деплъынщ.
«РА». Куэдым зыращӏэр, псалъэ зыблэдзахэм и зы упщӏэу:
– Пасэрей Мысырхэм Дыгъэм и Тхьэ. Тхыпкъитщ?
Псоми зырагъэщӏауэ иратхэ «РА» жаӏэу…
Псоми зыращӏэр «РА» псалъэр Мысырым ейуэщ.
Апхуэдэу пӏэрэ зэ деплъынщ.!
Къафкъас курщ нэзым щытесым, Дыунейр зэрызпэхъурейр ямыщӏэу, захуэ къащыфӏэщӏым щыгъуэ; Дыгъэ «РА»р къуэкӏыпӏэмкӏэ Каспи Морэ (Хазар Дэниз)м дыгъэр къыщыхэкӏыу ялъагъуу, дыгъэзеяуэ (зейм дей) дэкӏыу, Элбруз Къуршым и щхьэ щыгум щынэсам «РА» щыхъуу, уащхьэри махуэ ищӏыу а къуршым лъэпӏагъэ игъуэту «(ӏ)уащхьэ махуэ» щӏыхужаӏар хэлъэгъуэн хуэйщ. Зэйм дей нэсауэ «РА» хъуа нэужь, ирегъэзы(хы)ри, егъэзы(хы)гъуэу «Хы Фӏыцӏэм» (Азок), ӏузэв дей «хы»м щыхохьэж.
Дыунейм щытетым щыгъуэ «и ӏэ»р, «щы ӏэ»т. Щы-щы-ӏэм щыгъуэ дыунейр нэхут. Зы ды щы-ӏэр ез «ды»м и унэт. Нэм илъагъуу хъуар а «унэ»м «ей»т. «Ды унэ ей»р гъэкӏэщӏауэ жыӏэгъуэфӏэу зыбгъэдэт макъ зешэхэм зыр дэхуу, «ДУНЕЙ» хужаӏащ. Дунейр игъэунэху щехыжым, «хы»м щыхэхьэжым «нэху»ри зыдихьыжыу дунейм «а ды РА и щӏы»м (адырыщӏ) макӏуэ. «щыӏэжкъым» хужаӏащ. А ды РА и щӏыр «Хьэ ды РА хэ»щ. Ар дунейм щыщыӏэм и нэхум, и хуабэм къэкӏыгъэхэр къегъэкӏ, мэкӏ, мэ(ба)гъуэ «бэРА» мэхъу.
А ды РА и щӏым зыдэкӏуар «кӏыфӏы»у, «фӏыцӏэ»щ. А ды РА и щӏым, щӏыщӏагъым хужаӏэр «Кхъа»щ, Кхъа- РА»щ.Зэкӏэ, фи псэупӏэм псы ежэх, псыхъуэ щыӏэмэ, зефхьэ псалъэхэм зэ фӏеплъыж. «Адыреу» (а ды РА ей), «Адырыщӏ» (а ды РА и щӏ), «Мыдырыщӏ» ( мы ды РА и щӏ) хужыфӏэрэ!
(Мы псалъэхэр Мысыр къызыдыраха, хьэмэрэ зыдырахьэха!)
«РА»р зыгъэунэхуу, зыгъэхуабэм, къэкӏыгъэхэр къэзыгъэкӏыу, псэущхьэхэм ӏус, щхын хуэзыщӏым и фӏэщхъуныгъэкӏэ фӏища фӏэщыгъэцӏэращ.
«РА»р игъэлъапӏэт. фӏэщхъуныгъэкӏэ пылът. Нэху махуэм «щэ» уэхъусэ (фӏэхъус) ирихт, и цӏэр и ӏуэу елӏъэӏут. «Пщыхьэщхьэм», «пщэдыджыжьым», ещэнэрей джэгъуэу «щыджагъуэ»м.
«РА»м сыт хуищӏэми фӏэмащӏэт. Ипэдыдэ къежьа зы тхьэлъэӏу щӏыкӏэхэм ящыщу «тыхь» щӏын. Зэлэжь ӏуэхум епхьауэ, къиубыда, игъэсауэ хуэбэгъуа ӏэщхэм_ ящыщ , дыркъуэ зытемылъ псэущхьэхэм зыр куршым худихыу, и «ты»ну, и»хьы»у «тыхьы» хуещӏ.
ӏуащхьэмахуэ лъапӏэ «Хьэ РА мэ» худех._ Худех, хуе(хьы), «РА»м,_ «мэ» хужиӏэу ири’тын’у «ХЬЭ РА МЭ» (Ӏ)уащхьэм.
Яужь РА ей, фэщхъуныгъэхэми къыщыхощ. Къуршым тет, тес тхьэлъэӏупӏэхэм фӏаща цӏэхэми къыхэщыжу. «ХЬЭ У РА» хужаӏэу. Зыхуахьыр «РА»щ. А фӏэщхуныгъэ хабзэ лэжьыгъэр зыгъэзащӏэр «Хьэура»м щӏэс фӏэщхъуныгъэрылажьэ зыхуа(хьы)м и цӏэр «ХЬЭ ХЬЭМ»щ. «РА»м лъэӏэсыну (нэсыну) «Ты хьы»у худахар я фӏэщхъуныгъэ хабзэкӏэ «ялӏ» фӏагъэж. Къыщӏэжа «лъы»м щыщ «РА»м_ худэзыхам и натӏэм щахуэ. Фэ фи тыхь ӏуэхур фыгъэзэщӏащ. Фэ фехыж. Тхьэм гидэращ, Тхьэм пэрыхьэфыр. Тхьэм гидэ «Тхьэмадэ» хэм, фэр папщӏэ къэна гъэзэщӏапхъэхэри ахэм ягъэзэщӏэнщ! жаӏэу…
Тхьэуэ ялъыта «РА»р зыщ. Ар «ТхьэРА»щ. Ар зыщ, закъуэщ, гуэгъу иӏэкъым. Зэщхь щыӏэкъым. Ар зыхуэбыгъадэ_ хъун щӏыӏэкъым. Псэущхьэхэм хуэдэу; Лъхуакъым, къалхуакъым. Абы гуэгъу хуэпщӏ хъунукъым. Ар «зы»щ, зэщхь щымыӏэу зы закъуэщ. Аращ «ТхьэРА _ЗЫ къыпхухъу» щӏыхужаӏауэ къыщӏэкӏнур…
Нобэ Хьэрыпыбзэм нэса мы фӏэщхъуныгъэ псалъэ гупщысэхэр «РАЗЫ» псалъэу зихъуэжыу; Тхьэр (Аллах) РАЗЫ къыпхухъум нэсащ.
Фэ даурэ зефхьэрэ?
«ТхьэРА_ ЗЫ къыфхухъу»! «Тхьэр, (а)РАЗЫ къыфхухъу»!_ _
Къафкъас къурш (Ӏ)уащхьэмахуэ нэзым «Сирус» зыфӏэ­ща щыпӏэм тесахэр дыгъэрэпсымкӏэ щыӏэпхъуэм зыдехахэм зыр, Мысыр лъэныкъуэм псышхуэ псыхъуэм, нобэ, «НИЛ» зыхужаӏам ипэрей фӏэщыгъэцӏэр «Сирус»щ.
(Ӏ)уащхьэмахуэ теплъэр щимэщ. Ар лъэпагъэ зыхуащ зы тхьэлъэӏупӏэ щӏыпӏэщ. Уэгумкӏэ дэкӏыу, зыпылъа «РА»м пэгъунэгъуу. Сыт щыгъуи япэ ирагъэщыу.
Мысырым щытлъагъу зыпэщимэу зытещӏэхьа щӏыпӏэхэм, фӏаща фӏэщыгъэцӏэм зэ дыхэвгъаплъэ. Япэ ирагъэщынур «РА»? «РА»м гидэн хуей !
«П РА М ГИДЭ»! Кӏэщӏыу, жыӏэгъуэфӏэу «ПРАМИДЭ» (ПРАМИТ) хужаӏэркъэ!
Тепщэгъуэр зыӏыгъыр зыщӏэс унэшхуэм «П РА УНЭ» хужаӏакъэ! (Праунэ’р, «ФИРАУНЭ» зыщӏар Хьэрыпыбзэм «п» тхыпкъ имыӏэу «Ф» тхыпкъэкӏэ ятхащ. Пэрсхэр, Фариси. «Пыл»ыр, «Фил» зыращӏам хуэдэу. Платон’ыр Эфлатун зырыхъуам хуэдэу.)
А унэщхуэм щӏэсым цӏэу хужаӏэ «РАМСЭС». Ар «РАМ ЩЫЩ»щ. Грекхэм езыхэм я псалафэ, я тхыкӏэ_ щӏыкӏэм «Щ», «ЩӀ» тхыпкъэхэр зиримыӏэм папщӏэ РАМЩЫЩ» псалъэр «РАМСЭС»ыу ятхащ.
(Хьэдэр зыщӏалхьэр «ХАДЭЩ»щ. Грекхэм зыратхыфыр «ХЬАДЭС»щ. Пщӏэнтӏа щӏыфэм хия, хищӏа сабэр, дагъэр псы бахъэкӏэ ягъэщӏытэу иралъэщыну ирагъэкъэбзэну хузырагъэпэща ӏэмэпсымэм и цӏэр «ЩӀЫТЭРЫ’КӀЭ’ЛЪЭЩ» щ. Мы ӏэмэпсымэр езыхэм ей хуэдэу зыратхыжыфар «СИТИРИГИЛИС»щ.)
Нобэ къэсауэ зыдохьэ. Унэщхуэхэм фӏэща цӏэр «САРАЙ»щ. Япэ РАм и унэщ. «ПРАУНЭ»щ. Праунэм щӏэсым хужаӏар: «РАМ ЩЫЩ»щ. А унэр «СИ РА ЕЙ»щ. жыӏэгъуафэм нэсауэ «САРАЙ» хужыдоӏэ.
РАМЩЫЩ’ыр лӏыщ. Ар РА’м ейуэ лӏыщ. КЪРА’ЛӀЫ’щ. «Лӏы» тхыпкъэр адырэй бзэхэм зыратхыфыр «Лы»щ. «КЪРАЛЫ» (кърал)щ. Дэ абы хуэдэу дырагъэсауэ, зэрызыхэтхам хуэдэу хужыдоӏэ.
Япэ РА: ПРА псалъэкӏэ къежьэ ПРАВДА, ПРАЙ… хуэдэ псалъэхэми фыхэплъэфынщ.
Уи бзэм хэт макъ лъэщхэр зимыӏэхэм, пэгъунэгъу макъкӏэхэмкӏэ ятхыуэ дищагъауэ.
_ЩЫ:_Мы псалъэр зы бжыгъэ закъуэ къытфӏэщынщ. Зы, тӏу, щы жытӏэу зыкӏэлыкӏуэ бжыгъэхэм я ещӏэнэрей къытфэщӏынущ.
Бзэм дыщыхэплъэм «щы» макъ куэд дырохьэлӏэ.
Нэху щы мэ, нэху щы гъуэ, нэху щы щы ӏэм, нэху ща мэ, Нэху ща мэ щакӏуэ макӏуэ. Сыт щы гъуэ ща кӏуэ щы кӏуэр?
Щэ н ща хуэ ща щӏыр, ар щы щы ӏэ ра?
Щакӏуэ кӏуэныр, щэн щахуэ щащӏыр ар щыщыӏэра? Хэт, сыт щыӏэр? Зыгъэунэху зыгъэхуабэра, ар дыгъэра? Сыт «щы»м хуиӏуэхур?
Дыгъэм, нэхуу махуэм щэ, и цӏэр иӏуэу, и ӏэгур хуищиуэ уэхъусэ (фӏэхъус, фэсэпщи) ирех. «П(щэ)дыджым», «п(щы)­хьэщхьэм», «(щы)джа­гъуэм».
Кӏуэурэ мывэ лъэхъэнэм и кӏэм, гъущӏ лъэхъэнэ щӏэдзапӏэм гущӏхэкӏыу щӏым къыщӏа­тӏыкӏахэм нэхъ щабэр ягъэтӏкӏу хъурейуэ къырагъэджэл. И плъыфэр «ды»м, дыгъэм и плыфэщ, и теплъэ щыкӏэр дыгъэм хуэдэу «хъу ра эй» (хъурей)щ. Цӏэу фӏащар «ды»м фӏэхъус ирах бжыгъэ «щэ»р дэщӏыгъуауэ «ды щэ» фӏащащ. И ӏэкӏэ щиӏыгъым дыгъэм еӏусэу хуэдэу (щыгъэ зырагъажэм хуэдэу» ӏэпэкӏэ игъажэу зы тхьэлъэӏу щӏыкӏэу зырихьэу щӏидзащ. Ар зыӏыгъым псори ехъуапсэу, дэри диӏасэрэт хужаӏэу. Кыдитауэ щытамэ дыгъэса ӏэщым щыщ зыхуейм хуэдиз еттынт…жаӏэу… Фӏэщхъуныгъэ хабзэу къежьа дыщӏэр, мэл былымкӏэ, зыхуэныкъуэхэмкӏэ зэхъуэжыным нэсащ. Уасэ хуащӏахэм, зы былымыр мэлиплӏкӏэ яхъуэжащ. Дыщӏэри фӏэщхъуныгъэм къыхэкӏыу, зы пщӏэ иӏэ хъуащ. Щыпӏэ жыжэхэм, зэхъуэжыныр къезэгътэкъым. Щэн-щахуэм дыщӏэр хэхьэуэ щӏидзащ.
Щэн-щахуэ псалъэхэм, и щӏэупщӏэкӏэми ды-щэ макъыри хэтыжуу. ӏэпэкӏэ ягъажэу ялъэгъуа дыщэми «ӏэпэзытегъэж» цӏэр къытенауэ зырахьащ.
-И уасэр, (ды) ӏэпэ (щэ) ( д(ы)апщэ)?_ жаӏэу щыщӏэупщӏэми и ӏэпэр зытыригъэжу игъэлъагъуэу. Нобэ къэсауэ, дымыщӏэхэу уасэ дыщыщӏэупщэм и ӏэпэри зытыригъэжу зыгъэлъагъуэ дырохьэлӏэ.
_ДЫ:_Мы «ды» псалъэм_сыт къивгъэкӏыу пӏэрэ жысӏэу сызэупща, ди лэпкъэгъухэм хужаӏэфын куэд къыхэкӏэкъым. Зэзэ-мызэ дэр-бзэр ӏуэхур щагъэзащӏэм щыгъуэ «дын», «ед», «идащ», «хидыкӏащ» хуэдэ псалъэхэр хуэзыгъэфащэ зэрыз къыхэкӏащ…
Ды’р дыгъэм и пкъым и фӏэщыгъэцӏэщ. Дыр мэхьей, мэпӏэтӏауэ дэгъэзеяуэ докӏыри (дэкӏыу ялъягъури), «ды»м «гъэ»р кӏылъыкӏуэу ялъытауэ «Ды-гъэ» хужаӏащ.
Мыбы хуэдэу бзэм дытеп­сэлъыхьыу; бзэ щӏэныгъэ егъэджакӏуэ, ди зы ныбжьэгъу къызжиӏауэ щытащ.
-«Ды»мрэ «гъэ»мрэ зыпыпкӏыу «ды»р дыгъэм и пкъым и фӏэщыгъэцӏэщ, жыпӏэкӏэ хъункъым. Щӏыпӏэ куэдым щыбгъэлъагъуэу, щапхъэ хуэбгъувыфмэщ щӏэныгъэм щидэнур,.. къыщызжиӏэм бзэм къыджиӏэхэм щӏэхуу, гъэпщкӏуауэ хэтхэр сыгъэлъэгъуащ.
«Ды» псалъэм теухуауэ къуэкӏыпӏэмкӏэ щыхузырахьэ псалъэу: Пщэ ДЫ джыжь, пщэ ДЫ ей (пщэдей).
Къуэхьэпӏэмкӏэ щыхузырахьэ псалъэу: ДЫ гъуасэ, ДЫ гъуэпшыхь,
Дыгъэр къызыдытехьэу и гъэунэху, «ды»м и «унэ»у, шыналъэм тет, тес псэущхьэу, къэкӏыгъэу хъуар абы «ей»уэ ялытауэ «Ды унэ ей» (Дуней) хужаӏауэ…
Дыгъэр дунейм ехыжмэ зыдэкӏуа щӏыпӏэм «хьэ ДЫ ра хэ» (хьэдрыхэ)м _«ДЫ» хэтыжмэ.
Дыгъэр зыхэхьэжауэ ялъытэ «хы»м, псым «ДЫ рыщӏитӏ» иӏэу а ДЫ ра ей (адрей) лъэныкъуитӏми; «А ДЫ ра ищӏ» (адрыщӏ), «Мы ДЫ ра ищӏ» (мыдрыщӏ) хужаӏауэ «ДЫ» хэтыжмэ.
Гъущӏ хэкӏхэм я нэхъ щабэу, махуэм «щэ» уэхъус зэрах «ды»м и цӏэри хэтыжу, дыгъэм и теплъэ щӏыкӏэм хуэдэу кърагъэджэла, и плъыфэри дыгъэм и плъыфэ гъущӏхэкӏми цӏэ хуэхъуар «ДЫ ЩЭ» (дыщэ)щ.
Мы къэтпсэлъауэ хъуар А (ДЫ)м еймэ, дызэрыпсалъэ бзэри А (ДЫ)м ей бзэу «А ДЫ ГЭ» бзэу къежа къыщӏэкӏынущ…
РА, ЩЫ, ДЫ макъ зэры­зищ­ми игъэлъагъуэр ДЫ-ЗЫ-ГЪЭ-У-НЭ-ХУ_ ДЫГЪЭРА’щ.
«РА ЩИ ДЫ» (РАЩИD)! Ари гъуэгу гъэлъагъуэщ.!
Мы бзэр ЩӀЫУЭПСЫМ и бзэу бзэжьщ!
И пщӏэр пщӏэмэ!!!

Yazarın Diğer Yazıları

Кайсэри Адыгэ Хасэм илъэсым и кlэм и lуэхугъуэхэр

Ашэмэзырэ, Щыблэрэ! Кайсэри Адыгэ Хасэм мэгъэрей лэжьыгъэхэм и кlэуххэм ящыщщ. «Ашэмэз» гупым и гъэлъэгъуахэм, Хэкум къикlыу къеблэгъа «Щыблэ» макъ lэзэхэм дащlэхъуэпсыу дащlэдэlукlащ. Гупитlым я фlэщыгъэцlэхэри...

Сыринэ!

Япэм зэрахьэу щыта жьэ пшынэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщ зы макъ гъэӏу ӏэщӏагъэщ «сыринэ»р. Ауэ, мы цӏэр си тхыгъэм псалъащхьэ щыхуэхъуар; хэкум щыпсэу ди лъэпкъэгъу ныбжьыщӏэ джэгуакӏуэхэм...

Кайсэри Адыгэ Хасэм кърагъэблэгъауэ, Шамил Гъэсэныгъэ, щӏэнхабзэ фӏыгъуапӏэ!

Мы псалъащхьэми кызэрыхэщыу «Шамил» и цӏэкӏэ яухуа, гъэсэныгъэм, щӏэнхабзэм теухуа зы фӏыщӏэ хасэщ. (Хьэрыпыбзэ псалъэу, Тыркубзэми къыхэхьауэ «вакыф» псалъэ хузэрахьэ. Дэ «фӏыгъуапӏэ», «фӏыщӏэ хасэ»...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img