Адыгэр си лъэпкъщ, си бзэр адыгэбзэщ, сӏутыр адыгэпсэщ, си гур адыгэгущ, си дунейм щытепщэр адыгагъэщ, си лӏыгъэ къызэрызгъэлъагъуэр си фащэщ, фащэр щапхъэ схуэзыщӏар си адэрщ, си адэр зыпӏар и анэщ. Нанэ и псэр псыхьат дахагъэкӏэ, дахагъэр къызыхихар и лъэпкът, лъэпкъыу иӏари адыгэт!
Плъыфэ зэмыфэгъуурэ зэхэшэпсыхьа, ӏуэхугъуэ телъыджэурэ зэхэджэгухьа, уэщӏым и вагъуэхэм си гугъэхэр езыпха, щӏылъэм щымыӏун таурыхъхэм сыщӏэзыгъэжеикӏа, къуршыщхьэ уэсыр къабзагъэу къысӏэщӏэзылъхьа, псынэщхьибл къыщӏэж псы щӏыӏэр си джийм езыгъэха, анэм и лъагъуныгъэкӏэ сезыгъэгъэнщӏа, адэм и ущиехэр щапхъэ схуэзыщӏа, зи адыгэбзэр си псэм пызыщӏа, гум къиӏукӏ макъамэр пшынэбзэу схуэзышэщӏа-ГЪАЩӀЭ!!! Зыпщызмыгъэнщӏу махуэ сызыхэпсэухьхэр тыгъэ къысхубощӏри, си гурыщӏэ ӏэфӏым и усэбзэр хъуэхъу пхузощӏ! Фӏы уиӏэр си пащхьэ щыбогъэберычэт, ӏейм зэрыхъукӏи сыкъыпэщӏыбох. Уэшхыу къыстещащэр насып ткӏуэпсщ, дыгъэпсу къыстепсэр дыщафэу си щыгъынщ, жьы мащӏэм сыщыщӏеупскӏэ сабий гукъэкӏыжхэм, пшэ хужьыбзэхэмкӏэ си пӏэщхьагъыр жейм хыбошэ. Гъащӏэ! Телъыджэ мыкӏуэщӏыр зэрылъ къэпым и щхьэпсыр си ӏэмыщӏэ къизылъхьа, гъатхэм и гъагъэм, бжьыхьэм и хъугъэм, гъэмахуэм и хуабэм, щӏымахуэм и хужьыгъэм сыщызыгъэгуфӏыкӏыр уэращ. Набдзэ зытелъым, хабзэ зыхэлъым гухэлъ хуэзызыгъэщӏа ГЪАЩӀЭ! Илъэс 40-м сытезыша, иджыри дахагъэ куэдкӏэ сызыпэплъэ -ГЪАЩӀЭ!!! Си джылъ уджэраджэм джэгу езыгъэщӏыр уэращ!
Си насыпщ!
Сыту си насып сэ! Мыхъумыщӏэ куэдкӏэ цӏыху-мыцӏыхухэр къыспэщӏэувами, сынасыпыфӏэщ!
Насып сыт хъужыр?! Хэти и насыпыр сомым хелъагъуэ, адрейм лэжьыгъэр апхуэдэу къелъытэ, ещанэм жып телефоныщӏэкӏэ къыхуэтыгъэу къыщохъу, еплӏанэм ар фӏыуэ илъагъурщ. Дэтхэнэ зыми насып иӏэжщ, ар абы зрипхыну ӏуэхугъуэмкӏи хуитыжщ.
Насыпыр сэркӏэ жылэу хэса хъугъащ зэманкӏэ узэӏэбэкӏыжмэ. Жылэм пкъыфӏэу къикӏыкӏа жыгыпкъым зишэщӏащ. Абы къыдэжа, къыкъуэжа къудамэхэм гъэгъар я теплъэ хъуащ. Хъугъэ къызыпидзэу щӏидза къэкӏыгъэм и хъерыр ӏэфӏ дыдэт. А хъерым щыщхэмкӏэ гуэша хъуа си псэм къытеджэгухьа, къыхэджэгухьа куэдым къызатащ къару. Куэдрэ сыхыщӏами, седжэбауэурэ лъакъуэхэр кӏуэтами, а къарум къызгуригъэӏуащ сызэрынасыпыфӏэр. А насыпыр хызолъагъуэ сыкъызыгурыӏуэ, сызэхэзыщӏыкӏ, къыскъуэт, къысщхьэщыт си адэ-анэм, къуэш-шыпхъухэм,
нысэм, сабийхэм, ныбжьэгъугъэкӏэ къыскъуэувахэм, адыгэбзэкӏэ сызэрыпсалъэм, уафэр зэрыкъащхъуэм, щӏылъэр зэрыщхъуантӏэм, дыгъэр и бзийхэмкӏэ къызэрызэдэхащӏэм, сызэрыбауэм, сызэрыпсэум.
Щӏымахуэ махуэм къыстесэ хужьыгъэр,
Си псэм хоткӏухьри къабзэ сохъуж.
Нэкӏум тегъуалъхьэу къызэӏэ жьыгъэр,
Ӏуокӏуэт адрыщӏкӏэ, мэсабырыж.
Джылъхэм хъугъэпсым гъуэгу трагъэувэ,
Гур пкӏатэлъатэуи щымытыж.
Си плӏэм и хьэлъэкъым абрэмывэр,
Псынэпсу гугъэкӏэ сыкъыщӏожыж.
Лъакъуэхэр псынщӏэщ, бдзапцӏэр пыкӏащ,
Дзэхэр зэтеуэу щӏыӏэм симыс.
Гугъэр жыгыщӏэу гурыщӏэм щыкӏащ,
Сызэфэр нобэкӏэ зэнзэныпсщ.
Щӏымахуэ махуэм къыстесэ хужьыгъэр
Гуэгъу схуэзыщӏари ди Алыхьышхуэрщ.
Иджыкӏэ гъащӏэ схуэхъуа си лэжьыгъэр
Къэслъыхъуэу щытыныр уэрщ-насыпышхуэ!
БЗЭМ И ФАЩЭ
Бзэ дапщэ дунейм темытми, и лъэпкъыбзэр абы ирипсалъэ дэтхэнэми дежкӏэ псоми ефӏэкӏ, ебэкӏ телъыджэщ. Пэжщ, занщӏэу къэунэхуа бзэ щыӏэкъым. Адыгэбзэри аращ. Ар лӏэщӏыгъуэ кӏыхьхэм къыпхрыкӏащ, зихъуэжащ, лӏыпӏэ иуващ. Макъзешэхэурэ къежьа адыгэбзэр кӏуэм-лъейм, кӏуэм-лъейуэрэ зыхэшыпсэу щӏидзащ, пычыгъуэхэр макъхэм зэхаухуэнащ. Зэщӏэпщӏыпщӏэу щӏэзыдза пычыгъуэхэм къару къащӏыхьа, къахыхьа нэужь, псалъэм хуэкӏуащ. Дэтхэнэ псалъэми и лъэкӏыныгъэ къигъэлъэгъуэфти, псалъэухауэрэ фащэ зыщатӏэгъащ. Фащэ зыщыгъ псалъэухам и къалэныр арти, цӏыхум и гупсысэ, дуней еплъыкӏэ къиӏуатэу щӏидзащ.
Вагъуэбзэу, си анэм и бзэу щыт Адыгэбзэм си гупсысэм лъагъуэ иретыф: зэм ар зэрылъэлъу, макъыбэу си жьабзэ мэхъу, зэми хьэрф, пычыгъуэ, псалъэ, псалъэуха зэхэухуэна тхыгъэу си ӏэпэхэм къапокӏ. Сыту сригушхуэрэ, срипагэрэ адыгэбзэр зэрысӏурылъым!
МАМЫР ГЪАЩӀЭМ ХЭПСЭУХЬУ ЩЫТЫНУ!
Уэ – адыгэпсэ зыӏутым, адыгэ хабзэр зи бзыпхъэм, зи блэкӏам щыгъуазэм, зи къэкӏуэнум щӏэгупсысым, зи анэбзэр адыгэбзэм – фокӏадэм и етӏощӏанэ махуэр уи махуэшхуэщ.
Илъэс епщӏанэ хъуауэ ӏэтауэ ягъэлъапӏэ махуэм дэтхэнэри дыпэплъэу екӏуэкӏащ, сыт щыгъуи хуэдэу. Дыпоплъэ фӏыкӏэ, сыту жыпӏэмэ дунейпсо тхыдэм хэту адыгэхэм зэпачащ гъуэгуанэшхуэ. А гъуэгуанэр нэпскӏэ гъэнщӏат. Къапщтэмэ, адыгэхэр итащ мажусий, чыристан динхэм, мамлюк тетыгъуэ иӏэу къэралыгъуэ иухуэфащ, Кавказ зауэмрэ Истамбылакӏуэмрэ къызэринэкӏащ. Бий мащӏэ ди Хэку къимыхьаи! Шыбгъэкӏэ драмыхыфмэ – динкӏэ дыкъагъапцӏэрт, джатэкӏэ къытпэмылъэщмэ – ӏулъхьэкӏэ къытпыхьэрт, мащӏи дащӏырт, дызэкъуачырт, ди пщӏэр нэхъ лъахъшэ зэращӏыным хущӏэкъурт.
Къыдэпӏэскӏу, къыткӏэрыфыщӏыхь бийхэм дуней иным дыщракъухьащ. Нобэкӏэ адыгэхэр къэралыгъуэ куэдым щыпсэуми, я гур адэжь щӏыналъэмкӏэ щыӏэщ. Къуршхэм псы уэрхэр къежэхыу, тафэхэр гъавэ бэвым къикъутэу, бгылъэхэр мэз щхъуантӏэмрэ хъупӏэмрэ яуфэбгъуауэ, дэнэкӏи ӏэщ пшэрхэр, шы гуартэхэр щыхъуакӏуэхэу, ӏуащхьэмахуи фӏы нэщэнэу дызэриӏэр арагъэнт бийхэр къыщӏыттегуплӏэр.
Сыт къэхъуами, къэщӏами, къэунэхуами адыгэ лъэпкъым къемыхъуапсэ гъуэтыгъуейщ. Сэ сызыщыщ, сыкъызыхэкӏа, си лъэбакъуэхэр сызыгъэчу пкъыфӏэу гъащӏэм сыхэзыгъэхьа лъэпкъым сыт щыгъуи дызолъагъу хахуагъэ, теплъэ екӏу, хьэл-щэн, узыгъэгушхуэ къафэхэр, удэзыхьэх уэрэдхэр, нэхъыжь ӏумахуэхэр, нэхъыщӏэ жыӏэдаӏуэхэр, зыхуэбгъадэ хъун щымыӏэ хъыджэбзхэр, утыку укъизымынэну щӏалэфӏхэр.
Лъэпкъыр езыгъэфӏакӏуэу диӏэ артистхэр, егъэджакӏуэхэр, къэхутакӏуэхэр, спортсменхэр, уэрэджыӏакӏуэхэр хэхъуэ зэпыту солъагъури, абы сегъэгушхуэ. Куэдрэ согупсыс: ярэби, гъащӏэм щызекӏуэ мыхъумыщӏэ куэдыр курых зыхуэхъуа си лъэпкъыр нобэрей зэманым дауи къэса, фӏыгъуэм дауи пэджэжыфа? Упщӏэ згъэувхэм жэуап яхуэхъур зыщ – адыгагъэщ! Сыхуейщ дэтхэнэ адыгэми дыгъэпс и хуабэ къытепсэу, бгыжь-къуршыжьхэм къаӏуэтэж хъыбархэм куэдрэ щӏэдэӏуу, уафэр и къащхъуэу, щӏылъэр и щхъуантӏэу, мамыр гъащӏэм хэпсэухьу щытыну!
ДАХАГЪЭ ЗЫДЭЛЪ КЪУАЖЭ
Фщӏы фи фӏэщ, иӏэкъым цӏыхум Хэкум нэхърэ нэхъ лъапӏэ: гущэм къыхэбгъэӏукӏа япэ макъым акъужь щабэмкӏэ къыптелъэщӏыхьурэ щӏэдэӏуа щӏыналъэр, ущытыф къудейуэ япэу лъэпцӏанэкӏэ пча лъэбакъуэр быдэу и гущӏыӏу тезыӏыгъа щӏы ӏэмыщӏэр-абы пэхъун зыри щыӏэкъым. Зы напӏэзыпӏэ блэкӏыркъым псэр си сабиигъуэм къыщхьэщыта къуршхэм, зи даущым сызыщӏэжеикӏыу щыта Балъкъ псыхъуэ, шхыныгъуэ ӏэфӏыщэхэр си джийм щеха, си япэ ехъулӏэныгъэхэм къежьапӏэ хуэхъуа си къуажэу дахэкӏеимкӏэ щымыӏэу. Дэнэ сымыкӏуами, сыт сымыщӏами Къамылыкъуэу си къуажэжьым и ӏэшэлъашэхэм си лъэбакъуэр къызэрисшиеу, къысфӏощӏ ар къысщыгуфӏыкӏыу, ӏэплӏэ гуапэу, хуабэу къысхуищӏу. Си къежьапӏэр си къуажэрщ, аращ сыздыщапӏар. Срогушхуэ, сропагэ абы. Къуажэ цӏыкӏум си щхьэр лъагэу сегъэӏэт, къуршыбгъэр зэрыбауэ хьэуа къабзэмкӏэ сегъэнщӏ. Фэрыщӏагъ зыри хэлъкъым си псалъэхэм.
Балъкъ псыхъуэ хуэзэу къэтӏысауэ,
Дахагъэ псори зэщӏикъуауэ,
Къыщысщ си къуажэу дахэкӏейр,
Си Къамылыкъуэу си дунейр.
Хъумакӏуэ-плъыру щыт бгы инхэр
Хуэхъуащи къуажэм гъусэ пэж,
Мэз, губгъуэ инхэр, псы къыщӏэжхэр
Си Къамылыкъуэм къыщхьэщож
Насып хэкӏыпӏэу уиӏэ щӏэблэм,
Зэфӏэкӏыу иӏэхэр мыкӏуэщӏщ.
Хабзэгъэлъагъуэу ди нэхъыжьхэр
Ирагъэблагъэу щытщ хамэщӏ.
Дахагъэр куэду зиӏэ къуажэм
Адыгэ гъащӏэм пщӏэ лей хуещӏ.
Гуапагъэр куэду зиӏэр уэркъэ-
Абы сэ си псэр къулей ещӏ.
Цӏыхугур цӏыкӏуми Къамылыкъуэ
Хухэсхащ щӏыпӏэшхуэ.
Нытестхащ уи фӏэщыгъэцӏэр
Сэ ӏуащхьэмахуэшхуэ.
СЫТУ УӀЭФӀЫЩЭ!
Сыт хуэдэ удз лъэпкъыгъуэри дахэщ, ауэ пщӏантӏэм дэтхэр адрейхэм йофӏэкӏ. Йофӏэкӏ я тхьэмпэхэм я плъыфэкӏэ, къызэрыщхьэлъэ щӏыкӏэкӏэ, мэ къапихымкӏэ. Тхьэм ирещӏи, мыпхуэдэу къыщӏысщыхъум щхьэусыгъуэ хуэхъур куэдрэ сыщымыӏауэ си адэ и унэ, сыкъыщалъхуа, си сабиигъуэр щызгъэкӏуа унэ лъапсэм сыкъызэрыкӏуэжар арагъэнщ!
Пщӏантӏэр, унэхэр, жыг хадэр, псы цӏыкӏу ежэхыр, гуапагъэр зи нэгу ислъагъуэ хьэхэр… псори сыту сигу къэкӏат! Машинэ сыкъызэрыкӏыжам пэплъэу къэувыӏэпӏэм тета си адэм и гуфӏэмрэ и ӏэплӏэ хуабэмрэ, и нэпсыр щӏэзылъэщӏыкӏыу къыспежьа си анэм и псалъэ гуапэхэм сыту сахуэныкъуэт! Къуажэ сыкъызыдэлъадэм и хъуэхъур пежьэ къысхуищӏащ, къуалэбзур убзэрабзэу уэгум къыщысхуиуващ, жьы мащӏэ къепщэри къуажэм къыщыхъуа хъыбархэмкӏэ къысхуэгуэпащ. Сызэрыщымыӏа зэманым хъугъуэфӏыгъуэу схуагъэтӏыгъуа, схуагъэтӏылъа, схуагъэпщкӏуахэр хэти иджыкӏэ къызбгъэлелъхьэ. Псынэпс цӏыкӏу къыщӏэжым и ӏэпэпс щӏыӏэхэмкӏэ фалъэм къысхурегъахъуэ щӏыӏэмылу псы сызэфэнур. Уэгур зи хэщӏапӏэ дыгъэ-нагъуэми и бзийхэр, пщэдджыжьыпэм сыкъигъэушу, щхьэгъубжэм къытрырегъадзэ. Хадэм ит жыгхэм къапыкӏа берычэтыр сшхымэ арэзыуэ, къысхуаший. Зи гугъу сщӏыну къезгъажьэу зи гупсысэ сызытекӏа удз гъэгъахэри къысхуогуапэ. Зэмыфэгъу защӏэхэу, дахащэхэу, зыри зэмыщхьхэу пщӏантӏэу къыщыкӏа удзхэм псэр яхьэху. Гъащӏэ, сыту уӏэфӏыщэ уэ!..
ДАХАГЪЭР КЪЫЩЕЖЬЭР УНАГЪУЭРЩ!
Сыкъыздыщалъхуа Къамылыкъуэ къуажэм зи цӏэр фӏыкӏэ къраӏуэ, щапхъэу сыт хуэдэ зэманми къэпхь хъун унагъуэ куэд дэсщ, хабзэ дахэ зэрахьэу, я нэмысми удихьэхыу. Апхуэдэу зи лъэр быдэ, хабзэр бзыпхъэ дахэу зэрылъ унагъуэр гъащӏэм дэбакъуэу щытынущ. Ар жьапщэ инми пэувыфынущ, зэман хьэлъэми хэпсэухьыфынущ. Абы и щапхъэу фэзгъэцӏыхунщ сыкъызыхэкӏа унагъуэу жыгым езгъэщхьыр. А жыгым и лъэхъц-лъащӏэхэр зэрызэрыубыдрэ зэманыфӏ дэкӏащ, и пкъыр уэгум хуоӏэ. Къыщӏэж-ныщӏэж зыбжанэхэри иӏэщ. Жыгым пыт къудамэхэми тхьэмпэ цӏыкӏухэри къапокӏэ. Кӏэщӏу жыпӏэмэ, мэпсэу гъащӏэ ирехьэкӏ.
Ди унагъуэм и лъэр быдэу зэрыубыдыным и къежьапӏэ хуэхъур си адэшхуэ Махуэлӏ Жантемыррэ Махуэлӏ Ӏэминатрэщ. Си адэшхуэм пщӏэрэ щӏыхьрэ иӏэу къэгъуэгурыкӏуащ. Пасэ дыдэу гугъуехьыр къызыгурыӏуа щӏалэ цӏыкӏур итащ губгъуэм и гуащӏэр зыхэлъыр кърихьэкӏыу. Губгъуэ пщыӏэхэм щыжаӏэжу зэхиха, къаӏуэтэжу тхьэкӏумэм къиӏуа псоми теплъэ гъэщӏэгъуэн яритурэ пщыхьэщхьэм жьэгум пэрыс цӏыхухэм я пащхьэ кърилъхьэрт хъыбар телъыджэхэр. Зэрыжаӏэжымкӏэ, си адэшхуэм жиӏэжыну хъыбар къригъэжьамэ, хьэблэр занщӏэу къызэхуэсырт. Абы и хъыбархэр зыми ещхьтэкъым. Апхуэдэу а ӏуэхугъуэм фӏыуэ зэрыхэзагъэм щыхьэт техъуауэ щытащ ди ӏуэрыӏуатэр зи ӏэпэгъу, цӏыху щэджащэ Къардэнгъущӏ Зырамыку. Аркъакӏуэурэ си адэшхуэм хъыбар, псысэ, уэрэд куэд жригъэӏэжу щытащ. Си адэшхуэм тхыбзэр зэримыщӏэм къыхэкӏыу тхыжауэ къытхуэнар Зырамыку итхахэмрэ а хъыбархэр зигу къинэжауэ жызыӏэж цӏыхухэмрэщ. Къардэнгъущӏым къыдигъэкӏыжа тхылъым итщ «Махуэлӏ Жантемыр къиӏуэтэжа хъыбархэр» зи фӏэщыгъэ ӏыхьэ. Адэшхуэм хэлъа зэчийр кӏуэдыжауэ схужыӏэнукъым. Абы и бынхэми ар яхэлъу къогъуэгурыкӏуэ.
Си анэшхуэ ӏэминати гъащӏэфӏ ирихьэкӏащ-илъэси 114-кӏэ псэуащ. Апхуэдиз илъэс къэзыгъэщӏа цӏыхубзым и зы дэтхэнэ псалъэри гъэпсауэ, удихьэхыу, гъэщӏэгъуэнагъэ куэд хэлъу, гушыӏэкӏэ гъэнщӏыжауэ щытащ. Си нэгу куэдрэ къыщӏохьэж нанэ и хъыбар жыӏэжыкӏэхэр. Уемыупщӏами, къыщӏидзэрти уригъэдаӏуэрт хьэлэмэтыщэу зэхэлъхьа таурыхъхэм, езым къигупсысурэ жиӏэхэри фӏэщ пщыхъурт. Ар иныжьхэм, алмэстыхэм щатепсэлъыхькӏэ, езым илъэгъуауэ, ябгъэдэтауэ къыпфӏигъэщӏырт. Гъэмахуэм тӏэкӏу хэкӏуэтауэ псым зыдгъэпскӏыну гугъэ диӏэу гъуэгу дытеувамэ, иныжьхэм ятеухуа хъыбархэр къыщӏидзэрти, псыри тщыгъупщэжырт. Тхэкӏэ, еджэкӏэ зымыщӏэ нанэ газет къыӏэрыхьамэ къищтэрти, «къеджэн» щӏидзэрт:хъыбархэр жиӏэжырт, дэтхэнэ и зы псалъэми фӏэщхъуныгъэ хилъхьэу. Гушыӏэн зыфӏэфӏ цӏыхубзым дэтхэнэ зы ӏуэхугъуэри абы хуигъакӏуэрт. Пщыхьэщхьэкӏэрэ жьэкӏэ пшынэ «тхуеуэрт». Фи фӏэщ зэрыхъун, ар зыкӏэ и фӏэщу «еуэрт» а пшынэми, пшынэ дыдэ ӏэщӏэплъхьами, макъамэ къригъэкӏыфынтэм. ӏэгур щӏэту жиӏэ макъамэм ӏэмал имӏэу дыкъыдэфэн хуейт. Арати, пщыхьэщхьэ къэс дыкъеуджэкӏырт.
Езым щӏэныгъэ имыӏами, нанэ къыгурыӏуэрт уеджэмэ, зэрынэхъыфӏыр. Пщэдджыжь нэмэзыр щищӏкӏэ сыкъигъэушырти, си унэ лэжьыгъэхэр къызигъэпщытэжырт. Дыщыгъуэлъыжкӏи езым ищӏэ нэмэзыбзэ тӏэкӏури дэщӏыгъуу жызигъэӏэрт. Дэри тфӏэфӏт нанэ и куэщӏым дрипӏыкӏмэ. Абы ипщэфӏу щыта шхыныгъуэхэм си джийр хуэныкъуэщ. Щӏакхъуэ зэтеупӏэщӏыкӏ ищӏырт, хьэнтхъупс, хьэлӏамэ, мэжаджэ, хьэлу ӏыхьэ дэщӏыгъуу стӏолым къытригъэувэрти, си ӏуэхут уэ адэкӏэ уеплъэкӏыфтэм. Дахагъэ куэду хэлът езы нанэ и теплъэкӏи. Нащхъуэ, нэкӏу хужь хъурейм уеплъамэ,удихьэхырт. Нобэкӏэ къытхуэна сурэтхэми зэритыр гуфӏэжу, зыгуэрхэр къиӏуэтэжущ.
Нанэрэ дадэрэ быний зэдагъуэтащ:щӏалитхурэ хъыджэбзищрэ. Си адэ Махуэлӏ Замир щӏалэхэм я нэхъыщӏэ дыдэщ. Си адэм утепсэлъыхьмэ, къыжыӏапхъэщ ар цӏыху лэжьакӏуэбэу зэрыщытыр. Сыт хуэдэ ӏуэхуми псэ хелъхьэж, щылэжьа ӏэнатӏэхэри фӏыуэ ирихьэкӏащ. Езы си адэм щӏэныгъэ нэхъыщхьэ имыӏэми, нобэрей гъащӏэмкӏэ куэд къызыгурыӏуэщ. Сыт хуэдэ упщӏэми и жэуапыр зэгъэкӏуауэ уи пащхьэ кърелъхьэ. Зыгуэркӏэ сеупщӏамэ, абы и жэуапу сиӏэнур зэпэшэчащ, тэмэмщ.
Си адэр бынхэм къыттеубгъуауэ жэщ-махуэ имыщӏэу нобэр къыздэсым къыддолажьэ, сабийхэр зыпищӏ щыӏэкъым. Уэрамым сабий гуэрым щыхуэзамэ ар игъэгушхуэнущ, еуэршэрылӏэнущ. Хабзэ дегъэщӏ, езыми и ӏуэхущӏафэхэмкӏэ къыдощӏэ абы гуащӏэр зищӏысыр къызэрыгурыӏуэр. Зэиӏк шхыни щыгъыни дыхуигъэныкъуакъым. Унафэ ищӏам дэрикӏ башкӏэ деуэжыну дигу къэкӏакъым. Ди унагъуэм нэхъыжьу диӏэр ди адэрщ. Ар дэ ди дежкӏэ жыг къудамэщ. Абы дэтхэнэми и жьауэр, хъерыр иретыф. Ар шэщӏауэ макъыбэу зэрылъэлъу псалъэркъым, ауэ жиӏэ псори псыхьауэ щытщ. Псалъэжьым зэрыщыжыӏам хуэдэуи, си адэрдэм хуэдэщ, гъэсэныгъэ, ӏуэху лъэжьыкӏэ и лъэныкъуэкӏэ.
Си анэ Махуэлӏ Ритэ зыпэсщӏыни зэслъытыни щыӏэкъым зы цӏыху. Пэжщ, анэр анэщ жыпӏэмэ, абы псори къокӏ. Адыгэпсэ зэрыпӏутри, адыгэ унагъуэми цӏыхур зэрыщигъэлъапӏэри гъащӏэм, сабий гъащӏэм хэзыпщэр анэрщ. Си анэр сэркӏэ ущиякӏуэщ, гъэсакӏуэщ. Сыт хуэдэ ӏуэхугъуэми хозагъэ ар, дэтхэнэ зыми дахагъэ хелъхьэ. Абы и ӏэм къыӏэщӏэкӏам нэхъ хьэлэл щыӏэкъым, и псалъэхэр изогъэщхь жэнэт бзу цӏыкӏум къриш уэрэд гуакӏуэм.
Пэжщ, анэм и быным хуиӏэ лъагъуныгъэм нэхъ гуащӏэ, нэхъ лъагъукӏэ пэж щыӏэкъым. Я быным бэлыхь къыжьэхамыгъэуэн папщӏэ я псэ еблэжынукъым анэхэр. Нтӏэ, сыт хуэдэ цӏыху пщэдджыжькӏэ псалъэ дахэхэр къыбжиӏэурэ укъэзыгъэтэджынур, зи ӏэнэгу шхыныгъуэ ӏэфӏхэр имыкӏынур, пщыхьэщхьэкӏэ зи уэрэд уедаӏуэурэ узыгъэжеижынур? Ар анэхэращ! Анэпсэр махэщ, еубзэн хуейщ а дахэм. Анэр гъэдэхэн хуейщ, данэ ящытӏэгъапхъэщ абыхэм.
Адэ-анэфӏхэм я быным я гъащӏэр, я насыпыр езым ейм япэ ирагъэщ. Сэри си адэ-анэр я къару щысхьыркъым я бынхэр насыпыфӏэ ящӏын щхьэкӏэ. Ди унагъуэм и лъащӏэр си анэшхуэмрэ адэшхуэмрэ зэтралъхьамэ, си адэ-анэм абы и пкъыр зэфӏагъэуващ, зэрахузэфӏэкӏкӏи гъуэгу захуэ дытрагъэуващ. Си адэ-анэм сэр нэмыщӏ зы къуэрэ пхъуитӏрэ яӏэщ. Нэхъыщӏэ дыдэр сэращ. Си шыпхъуитӏри унагъуэ ихьахэу фӏы дыдэу мэпсэу, си къуэшми щхьэгъусэрэ бынищрэ игъуэтыжащ. Адэ-анэ абгъуэм къилъэтыкӏа бынхэм ехыхэм абгъуэ яухуэжакӏэщ, гъащӏэм зыдрагъэкӏуу, пкъыфӏэхэу хопсэухьхэри, ари фӏыгъуэшхуэщ сэркӏэ.
Езыхэр унагъуэ щхьэхуэ хъуахэу псэухэми, си шыпхъуитӏым ядз нур, бзий цӏыкӏухэр къыслъэмыӏэсу къанэркъым. Быным ди нэхъыжьу къэхъуа си шыпхъу Раметэ сыт щыгъуи дигъэлъэгъуар хабзэщ. Къыгурыӏуэу къыщӏэкӏынт езым дигъэлъагъу ӏуэхугъуэхэр дэри фащэ зэрытхуэхъунур. Еджапӏэм щыщӏэсми и еджэныгъэкӏи, и хьэлкӏи, и ӏуэхущӏафэкӏи ипэ зыри къимыувэным хущӏэкъуащ. Зэпеуэхэми зэхьэзэхуэхэми и зэфӏэкӏ хилъхьащ. Унэ лэжьыгъэхэр зэрытщӏыжам пщыхьэщхьэкӏэрэ кӏэлъыплъу, къыдгурымыӏуахэри къыдгуригъаӏуэурэ адэ-анэ абгъуэм ари илъэтыкӏри езым и унагъуэ иухуэжащ. Щоджэнхэ ис си шыпхъум пхъуитӏрэ зы щӏалэрэ иӏэщ.
Си шыпхъу етӏуанэ Людэ-щэ? Дахагъэр куэду зыгуэшщ, хабзэ-нэмысыр зезыхьэщ. Ар къыщопсалъэкӏэ, гум зегъэпсэху. Лэжьыгъэ щилэжьым деж псори ӏуокӏуэтри къанэр гупсэхугъуэщ. Псоми я пӏалъэр ещӏэ, сытми хозагъэ. Люди фӏы дыдэу еджащ. Зыпищӏ щыӏэкъым езым къыдалъхуа и адыгэбзэр. Куэдрэ абы къызжеӏэ мы псалъэхэр: « Зи быдзышэ уефа уи анэм и бзэр пщыгъупщэж хъунукъым, Беслъэн. Уи анэр пщыгъупщэжын-апхуэдэщ бзэри, ар пхузэфӏэмыкӏынщ».
Си шыпхъуитӏым япэсщӏын щыӏэкъым, ахэр си дежкӏэ налкъут налмэсхэщ. Тӏуми фӏым зыхуагъэш, ӏэмал зэриӏэкӏэ дахагъэ псори си гъащӏэм къызэрыхаухуэнэным яужь итщ. Щӏалэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ, жи. Сэри абыхэм сагъэлъагъурщ зыхэслъхьэр.
Си къуэш Аслъэни зэрыхузэфӏэкӏкӏэ зыкъысщӏегъакъуэ. Сыт хуэдэ ӏуэхури къыздегъэпсынщӏэ, къыздеӏыгъ. Ар зэпӏэзэрыт цӏыхущ, къарууфӏэщ, спортым хуабжьу дехьэх. Мызэ-мытӏэу къигъэлъэгъуа ехъулӏэныгъэхэмкӏэ срогушхуэ, сропагэ. Куэд жызымыӏэу зи ӏуэхур зэфӏэзыгъэкӏ си къуэшыр ещхьщ хьэлкӏэ си адэм. Аслъэн и щхьэгъусэ Амыди ди псэм къыдэщӏу щытщ. Унагъуэм и гур етащ, емызэшщ, жыӏэщӏэщ. Абыхэм бынищ яӏэщ: Алан, Миланэ, Нурлан.
Куэдрэ сигу къокӏ: ярэби, дауэ псэурэ унагъуэ зимыӏэ цӏыхухэр?! Унагъуэм къит дахагъэм хуэхейуэ щыт цӏыхум и дунейр сыт хуэдэ? Апхуэдэ гупсысэм сыкъыхэзышыжыфыр си адэм и псалъэ ӏущырщ, си анэм и ӏэ щабэхэрщ, си шыпхъухэм я нэмысырщ, си къуэш, нысэм я ӏуэху зехьэкӏэрщ.
Пэжщ, унагъуэр зэгурыӏуэу, насыпыфӏэу псэуныр куэдым елъытащ. Ауэ адыгэ хабзэр бзыпхъэ дахэу щыплъагъу, гъащӏэм дэбакъуэу псэу унагъуэм пэлъэщынукъым зыри. Къызэрыслъытэмӏкэ ди унагъуэм илъщ хабзэ, нэмыс, ӏулыдж. Ахэрауи къызолъытэр дахагъэм и къежьапӏэр. Зэгурыӏуэрэ зэдэӏуэжу псэу унагъуэм нэхъыфӏ сыт щыӏэ?!
Ди унагъуэ жыгым и пкъыр мэж. Къудамэу абы тетым бжыгъэ яӏэкъым. Абыхэм заукъуэдий, зашэщӏ, я хуитыныгъэм зрагъэужь, йофӏакӏуэ. Бзийхэр, тхьэмпэхэр щхьэкӏэм нэсу гуапэу зоӏущащэ. Жыг лъабжьэми къуэж зыбжанэхэри иӏэщ. Жыгыр и чэзум къотӏэпӏ, мэщхьэлъэ. Кумылэ, жылэ, хъугъуэфӏыгъуэ зэрылъ купкъхэм пхъэщхьэмыщхьэ, дахагъэ ирещӏэ, къэкӏыгъэ лъэпкъхэр, лъэпкъыгъуэ лӏэужьыгъуэхэр мыкӏуэдыжын папщӏэ. Лӏэужьыр бжьиблкӏэ мауэр, жи. Абы къыхэкӏыуи кӏуэд зимыӏэщ си адыгэ унагъуэр. Ар уахътыншэщ, сыт щыгъуи къэщӏэрэщӏэж зэпыту дунейм тетыныр сфӏэмахуэщ.
Си унагъуэ, си унагъуэ
Лъащӏэ быдэр зыщӏэт жыг.
Нэмыс щӏыныр зи къудамэ,
Пщӏащэу уиӏэр хабзэ-бзыпхъэщ,
Уи дахагъэр псом етыпхъэщ.
Си унагъуэ, си унагъуэ
Унэсащ уафэгум ибг.
Пхъэщхьэмыщхьэ къыппыкӏащи,
Щӏэж уиӏэныр уи къалэнщ,
Зыбубгъунуи къыщӏэкӏынщ.
Гуапэу бзийхэр зэӏущащэу
Слъагъумэ, си гур сэ хэхъуэнщ.
Си унагъуэм лъащӏэ быдэ
Илъэс минкӏэрэ иӏэнщ.
ДАХУЭВГЪЭСАКЪ!
Зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуа дадэрэ нанэрэ уи унагъуэ исыну сыту насыпышхуэ! Абыхэм я жыӏэм уедэӏуэну, къыпхуаӏуэтэжхэм ущӏэдэӏуну, хабзэ ягъэлъагъуэр уи бзыпхъэ хъуну, зыри ямыщӏэми, жьэгу пащхьэ зэрыбгъэдэсыр плъагъуу щытыныр куэд и уасэщ.
Нэхъыжь зэрыс унагъуэм щӏэгъэкъуэн, зэхэщӏыкӏ, дэӏэпыкъуэгъу щыкуэду къысщохъу.
Дадэм къиӏуэтэжхэр ди ӏуэрыӏуатэу, нанэм и шхыныгъуэхэр илъэс гъуэмылэ пхуэхъуу упсэуныр гъащӏэм и курыхщ. Абыхэм ялъэгъуащ куэд, куэди ящӏэ, ущагъэуэнукъым. Арагъэнущ псалъэжьми дыщӏигъэӏущыр нэхъыжь и псалъэ дедэӏуну. Жагъуэ зэрыхъущи, дыщысабийм, уеблэмэ, ди ныбжькӏэ щӏалэгъуэм дыщитми, нэхъыжьхэм жаӏэ куэдыр ӏудогъэкӏуэт, зэхэдмыхыр нэхъыбэжщ. Сыт пщӏэн: щӏалэгъуэ-делэгъуэ…
Сэ си адэшхуэхэр слъэгъуакъым. Си адэмкӏэ ди дадэр Махуэлӏ Жантемырщ, си анэмкӏэ – Къанкъул Хьэбалэщ. Зэикӏ срихьэлӏакъым абыхэм я цӏэ ӏейкӏэ жызыӏа. Си щхьэр лъагэу щӏэсӏэт адэшхуэхэу щытхэщи, срогушхуэ! Си анэшхуэхэм, си насып къикӏати, саӏущӏащ. Зым сипӏащ, адрейм сиущиящ. Махуэлӏ Ӏэминат, Къанкъул Ӏэминат – си анэшхуэхэм тӏуми я цӏэхэр зэтехуэу щытащ. Хуабжьу цӏыхуфӏхэт. Ахърэт нэхур Алыхьым къарит!
Нэхъыжьхэм дахуэвгъэсакъ, пщӏэ яхуэдывгъэщӏ!
НАЛЪЭ-НАЛЪЭУРЭ ЗЭХЭЛЪ
Дуней дыкъэзыухъуреихьыр дахащэщ! Щхъуантӏагъэм игъэнщӏа жыгыщхьэхэр зи хэщӏапӏэ къуалэбзухэм цӏыхухэм уэрэд телъыджэхэр къыхураш. Дыгъэм и бзийхэр джэгу щӏыкӏэурэ щӏылъэм къыхуогуапэ. Арагъэнущ дыщэ кӏапэхэр удзыфэ жыгыщхьэхэм моуэ къыхэплъу къыщӏыпфӏэщӏыр. Псори мэгуапэ, мэщыгъэ, мэгъагъэ. Мащӏэу къепщэ жьыми къару къыпхелъхьэ. Псы цӏыкӏу ежэхым и даущ макъыр и ӏэпэпсхэм хешащӏэри уэршэрурэ и псы кӏапэр хегъэщӏ. Налъэ-налъэу зэхэлъ, жылэ-жылэу къызэрыкӏ гъащӏэр жьыгъэу, псыгъэу, дыгъэу къызэрокӏ, зэгъусэурэ мэбатэ, мэятэ, мэгъагъэ, къытхуотыгъэ. Арагъэнущ дыгъэр къыщӏепсыр, псым щӏыхэпсэр – псэр щӏэгушхуэр.
ГРАММ 21-РЭ
Цӏыхум и псэр зылъэгъуа, абы и теплъэм щыгъуэза щыӏэу сщӏэркъым, ауэ хьэлъагъкӏэ грамм 21-рэ зэрыхъур еджагъэшхуэхэм къахутащ. Апхуэдиз хьэлъагъ фӏэкӏа зимыӏэм хузэфӏэкӏымрэ хъугъуэфӏыгъуэу щыгъэпщкӏуамрэ пхужымыӏэнщ!
Псэ зыӏут дэтхэнэри гъащӏэкӏэ къотыгъэ, къощыгъэ, къызэрокӏ, къотӏэпӏ, къощхьэлъэ. Нурыфӏэу зэщӏэблэу, хужьыгъэр и теплъэу щыту къысщыхъу псэм теплъэ естын хуейуэ къысхуихуатэмэ, хьэндырабгъуэ цӏыкӏум хуэсшэнт. Езыр махэу, дахагъэкӏэ тыгъэу, лъэкӏыныгъэ мыкӏуэщӏи зыдэслъагъу хьэндырабгъуэр жьыбгъэм ирихьэжьэми, узэӏусэ дамэхэр занщӏэу “гуэхуми”, абы узэреплъ нэхэм гуфӏэгъуэу къахуихьыр сыт хуэдиз.
Гъэщӏэгъуэныр аращи, си гъащӏэм къыдогъуэгурыкӏуэ хьэндырабгъуэ хужьыбзэ. Гукъыдэж щызимыӏэм деж, сыщизакъуэкӏэ, ӏуэху мыщхьэпэ гуэрым сыщилъахъэкӏэ, хьэндырабгъуэ цӏыкӏум си хъуреягъыр къелъэтыхь. Мыр куэдым я фӏэщ мыхъунуми, пэжщ. Мыпхуэдэ дакъикъэхэм сызэгупсысыр зыщ: си псэм и теплъэ хъуа хьэндырабгъуэ цӏыкӏур хуабжьу къысхуогузавэ. Сытригъэун, псори фӏым зэрыхуишэн мурадыр зэриӏэм и щыхьэтщ абы и лъэтэкӏэр- дамэ цӏыкӏухэр зэтригъауэ-зэтрихыурэ сыкъэзыухъуреихьым нэхъ дахэ щӏыпӏэ, удз гъэгъа хуэдэхэр къызэрыхихыр.
CИ ПСЭМ И БЗЭР АДЫГЭБЗЭЩ
Куэдым жаӏэфынущ псэм бзэ имыӏэу. Щхьэж езым иӏэжщ ӏуэху еплъыкӏэ. Цӏыху щхьэхуэу сыщыщыткӏэ, гупсысэ сыщиӏэжкӏэ, къызэрыслъытэмкӏэ, си псэм и бзэр адыгэбзэрщ. Сызэрыгупсысэри, дахагъэу щыӏэм щыгъуазэ сызыщӏри, щэхухэр къысхуэзыӏуатэри, сызыгъэлъагэри, сызыгъэлъапӏэри адыгэбзэрщ. ӏуэху еплъыкӏэу, дуней тетыкӏэу сиӏэра бзэм-адыгэбзэм- щепхакӏэ, си псэм и бзэри аращ, си анэм къысӏурилъхьарщ, си адэм илъ къыхэкӏарщ.
Апхуэдизкӏэ си псэм и бзэр къулейщ, макъыбэщи – зэролъэлъ, мэушэ, къебжэкӏкӏэ мэтыгъэ, дахагъэкӏэ мэщыгъэ. Си псэм и бзэкӏэщ си анэ сызэрепсалъэри, си адэ и жыӏэ гуэгъу зэрызыхуэсщӏри, сабийм сызэрыхуэгуапэри, жьым сызэреуэршэрылӏэри, пщащэм игу зэрызэщӏэзгъаплъэри. Сызэрыцӏыкӏурэ усэ си псэм и бзэр куэдым гурыхь ящымыхъунри гъэщӏэгъуэнкъым. Зэрыжаӏэщи, гурэ гурэ зэрощӏэ, псэхэм я гуэгъу къагъуэтыж. Фэ фи псэм и бзэр адыгэбзэ?
ЕПЭРЫМЭ-ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ И МЭ
Жьы къепщэм къэуша дунейм и хуабэр ныхишэщ, щхъуантӏагъэм ириӏа къэкӏыгъэхэм хъугъэпсыр къахыхьэщ, гъэпщкӏуауэ щытыгъа дахагъэр щӏылъэм къытегуплӏэри-гъагъэм и хуитыныгъэр псоми ябгъэдилъхьащ. Епэрымэу мыдэкӏэ тепщэ щыхъуахэм гукъыдэж къыдат. Мэ гуакӏуэхэр къызыщӏихьэ псори мэгуфӏэ, мэгушхуэ, мэдыхьэшх.
Епэрымэр- ар езыр лъагъуныгъэм и мэщ. Апхуэди щыӏэ жыпӏа?
Щымыӏэмэ, гъагъэм зиутхыпщӏурэ къытӏуригъэуа мэм щхьэ гур игъэпсынщӏэрэ, псэр игъэщӏэращӏэрэ!
_Гъэгъа ӏэрамэ зыхуэсхь уэ езыр урещхьщ сӏыгъ розэм. Зыхуэзгъадэ щымыӏэ уэ дахэм розэм и уардагъэр уипкъ хэлъщ. Къоплъам и псэр уи гъэрщ, къопсэлъар псысэ хьэлэмэт щохьэщӏэ. Гурыщӏэу пхузиӏэр псынэпс нэхущ. Лъагъуэ пхызыша псы ӏэпэхэр зэхэлъэдэжа нэужь, абы уэркӏэ сигу пхуилъыр къаӏуатэ. Ар гурыщӏэ къабзэщ. Зыгуэркӏэ уи жагъуэ сщӏыну зэикӏ сигу къыщӏэмыкӏым и щхьэусыгъуэр уи теплъэ гурыхьым и закъуэкъым, атӏэ хуабагъэ къыббгъэдэкӏри хэтщ. Сэ уэр папщӏэ згъэтӏыгъуа си псэ хуабэм ууейр ещхьыркъабзэщ. Насыпыфӏэ цӏыхур хъун папщӏэ, куэдыщи хуейкъым. Дыгъэм и бзий, епэрымэ, гурыщӏэ къабзэ, си дунейр зыгъэнур пщащэ-ахэр сэ псори сиӏэщ-насып сиӏэщ!_
_Дахэм екӏур дахэщ. Удз гъэгъа дахащэр зыхуэсхьыр си дахащэр аращ…
ПСЫМ ЕС КЪЫУ ХУЖЬ
Зы зэман лъагъуныгъэ мыкӏуэщӏкӏэ сызыпэплъа нэхэм нобэ сащӏэплъати, си гур якъутащ. Мы дунейм зы дахагъэ тетмэ, абы и курыхыу къысщыхъуу псэкӏэ сызыдэгуэша пщащэр псысэм и вагъуэ ижу, шыпсэм и зэщӏэлыдэ хъуаскӏэу щхьэ кӏуэдыжа?
Узэзгъэщхьи, узэслъыти, узыпэсщӏи щыӏакъым, зыгуэрым уеслъытмэ, уезгъапщэмэ, уиӏэ дахагъэр фагъуэ сщӏыуэ къысфӏэщӏырт.
Къуалэбзуубзэу упсалъэу, уи жыӏэм пэжыр и гъуазэу, напӏэр дэпхьеямэ, нэхугъэкӏэ дунейр къэтыгъэу, удыхьэшхамэ, гуфӏэгъуэ зэпыту, лъэбакъуэ пчамэ, псым ес къыу хужьу укъысщыхъурт. Куэдрэ си гупсысэхэр плъахъэрт. Абыхэм уэрэ сэрэ унагъуэ лъапсэр тхуаухуэу, дыхьэшх макъкӏэ гъэнщӏа пэшым сабий дыгъэ – щыгъэхэр щагъэджэгуу, уи псэр си псэу, си псэр уи ӏэмыщӏэу дагъэпсэурт.
Узинасыпу сэзыгъэлъэгъуа си нитӏыр, хуабагъэкӏэ бдэгуашэу щыта
мы си гур сысеижкъым иджы. Жыг гъэгъам и къапщӏихэр жьыбгъэм зэрыпихыжым хуэдэу пыкӏуэсыкӏащ, бзэхащ, зигъэпщкӏуащ уи лъагъуныгъэм. Зи ӏэпэр пӏыгъыу услъэгъуа щауэм иджы нэщыпхъуэкӏэ хуэтыгъэ…
УИ ДЕЖ
Бгъэгум имыхуэжу ар къызэзэвэкӏ хъуа мы си гур зэрызутӏыпщу, абы и теплъэкӏэ зихъуэжщ, къызэплъыж-нызэплъыжри хьэндырабгъуэ зэмыфэгъу-зэмыщхьу уи деж гъуэгуанэ ныхашащ. Я кӏуапӏэ ящӏэжу, зыхуэлъатэм щыгъуазэу, махэ дыдэу зэми къыпфӏэщӏу, зэми къару лъэщ къалъыкъуэкӏрэ жьапщэми пэувыфу апхуэдэщ ахэр. Дахагъэеджэ уэрщ яхуэхъуари, хэти дыщафэщ, хэти налкъутщ. Абыхэм гъатхэм и гъагъэр я гъащӏэщ, бзуубзэ макъыр я бзэщ, дыгъэ – нагъуэ къепсым и бзийхэр я псэщ. Цӏыхухъу хьэл-щэн быдэ сиӏэми, тӏэкӏу ткӏийуэ сыщытми, щабэ, гуапэ сыщӏэхъур уэращ. Сызэрыпагэр уи дахагъэрщ, къару къызэзытыр нэхэм къащӏих нурым и кӏапэхэрщ. Си гур ныпхуолъатэ хьэндырабгъуэу. Ныпхуолъатэ къудейкъым, атӏэ абы зыми ямыӏэ гухэлъыр ныпхуахь…
ПСЭР ЗЫГЪЭИН ТЕЛЪЫДЖАГЪЭ
Дыгъэр къепсщ, бзийкӏэ жыгхэм ятепсэщ, хуабагъэр къишэри- накъыгъэ мазэр гъагъэкӏэ къытхуэупсащ. Дунейр мэ гуакӏуэм иуфэбгуащи, ӏум ех хьэуам къару, гукъыдэж къыпхелъхьэ. Псори гуфӏэм иубыдащ цӏыху цӏыкӏур погуфӏыкӏ, бзуубзэми зеӏэт, уафэм щыхуарзэ пшэ хужьхэм я хъыджэбз къафэр ящӏурэ утыкур хуит хуащӏ нэр дэзыхьэх щӏыхугъэм. Дахагъэу къэушар мэтыгъэ, мэщыгъэ, мэгъагъэ, мэгугъэ, мэфӏыгъэ.
Гъатхэ уэшхри утыку къызэрихьар уафэм и гъуагъуэр щӏэтущ. Абыкӏэ нэрылъагъу тщищӏащ абы лъэкӏыныгъэу иӏэр. Уэшх ткӏуэпсхэр зытешха щӏылъэм и удзхэм япкъ цӏыкӏухэр уэгум хуашэри, загъэнысащӏэу, уардагъэр япкъ хэлъу, псэр зыгъэин телъыджагъэр ябгъэдэлъу зыкъызэкъуахащ, гъагъэм я тхьэмпэхэр хуашащ. Хужьыгъэу, плъыжьыгъэу, дыщафэу щыт гъэгъахэм узытеплъэ псори яуфэбгъуащ алэрыбгъу зэмыфэгъуу. Сыту зэман телъыджэ гъатхэр!
Хъугъэу щыӏэм зыщаужьщ, гур гушхуэныгъэм щиубыдщ, псэр мыувыӏэу щыушэщ.
АДРЕЙХЭМ ДАКЪЫХОЩХЬЭХУКӀ
Фащэм я нэхъ дахэр сыт? Куэдым куэдыр жэуапу къыуатыфынщ, ауэ гъэсэныгъэмрэ хабзэмрэ фащэщ. Мызэ-мытӏэу Москва сыщрихьэлӏащ си лъэпкъэгъухэм. Сызрихьэлӏа мымащӏэм уахэплъэжмэ, адыгэхэр адрей лъэпкъхэм къахощхьэхукӏ. Сыткӏэ? Адыгэхэр нэхъ гъэсащ, нэмысыфӏэхэщ, жьым пщӏэ хуащӏ, дэӏэпыкъуэгъу мэхъу, гущӏэгъу яӏэщ, гулъытэ яхэлъщ. Гупым яхэтми, адыгэхэр къахощхьэхукӏ. Зэрыадыгэр и бгъэгум темыдзами, темытхами, темыщӏыхьами, адыгэр адыгэщ! Ди адэжьхэм гупсысэкӏэ, щапхъэкӏэ къытхуагъэна а фӏыгъуэр къыддогъуэгурыкӏуэ, къыддобакъуэ, къыддопсэу. Арагъэнущ адрейхэм дащӏемыщхьри.
Фащэу ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнар щыгъын дахащэм и закъуэкъым, абыхэм къытхалъхьа адыгэ хабзэрщ цӏыху дызыщӏыр!
«АДЫГЭ КЪАФЭ ДЫКЪЫЗЭДЭГЪАФЭ»
Сыту сыхуэныкъуэ ди пасэрей къафэхэм! Уардагъэ, щӏыхь, пщӏэ зыхэплъагъуэу ягъэзащӏэу щыта къафэхэм сыту сыхуэпабгъэрэ! Нобэкӏэ дэпкӏей-къепкӏыхымрэ зызэблэшынымрэ хуэкӏуа ди адыгэ къафэм сыту сигъэбампӏэрэ! Утыку къихьаитӏыр зыр зым къыхуэфэкъым, къызэдэфэу щыткъым. Пщащэр джэрэзыным докӏуэд, щауэри и ӏэпэ-лъапэхэр зэхэджэрэзыхьыу, мэуэ-щэ, щыблэ зэуам хуэдэу, мэкӏэзыз, зеутхыпщӏри утыку итщ.
Адыгэ къафэм езым и хабзэ, макъамэ, къэфэкӏэ щӏыкӏэ иӏэжу лӏэщӏыгъуэхэм къапкърыкӏащ. Дахагъэу цӏыхум хэлъыр, абы хабзэ зэрищӏэр, нэмыс зэрищӏыфыр къызэригъэлъагъуэ и къафэм уардагъэ хэплъагъуэрт. Хамэ къафэкӏэ адыгэ къафэр зыхъуэжахэм вгъэлъагъуэр сыт -гъэсэныгъэ, хабзэ, лъагэу фызэрыдэпкӏейфыр ара! Диӏэж мы зи гугъу сщӏы адыгэ къафэр езыр?
ПСОРИ ДЭНЭ КӀУА?
Уэлбанэрилэ хъуа дунейм зыдищӏ щӏыкӏэу зэм си гур къогъыкӏ, зэми нэм и кумбыгъэхэр псыӏагъэщ. Ар зэспхыр, щхьэусыгъуэу иӏэр нобэрей гъащӏэм щыслъагъу ӏуэхугъуэхэрщ, теплъэгъуэ шынагъуэхэрщ. Зы анэ къилъхуахэр зэрымыцӏыхуж хъуащ, быныр къэзылъхуам еплъыжыркъым, дунейм щыуэркъыр сомырыбжэхэрщ. Цӏыхур и анэдэлъхубзэм щоукӏытэж, кърагъажьэр напӏэзыпӏэкӏэ хабзэ мэхъу, унафэщӏ хъур зи жьэ джатэрщ, утыку итыр ӏукӏейрщ, псалъэм къишэр жагъуэщ. Тобэ, гур щӏэпсынщӏэ, псэр щӏэщӏэращӏэ псори дэнэ кӏуа? Дунейм дахагъэ темытыжу ара? Цӏыхухэр абы щхьэ дыхуэхей, нэгъуджэ фӏыцӏэ щхьэ тӏулъырей??? Упщӏэу къэувыр куэдыщэщ, жэуапу абыхэм ягъуэтри мащӏэщ, жэуапыншэри нэхъыбэжщ…_
_ Нэхэм яфӏэбэу щыта хъыджэбзым и щхьэцым дыгъэ бзий хэзмылъагъуэж иджыкӏэ: къипсэлъыр мыфоупс, нэ къыстеплъызэхэм ӏэпапӏэ фӏыцӏэ къыстранэ…
СЫХУЭНЫКЪУЭЩ
Сыхуэныкъуэщ пасэрей хьэгъуэлӏыгъуэм! Сыту насыпышхуэт мыпхуэдэ гуфӏэгъуэ ухэтыныр! Сигу зэикӏ имыкӏыжщ си адэм и къуэшым и къуэ пажэм щхьэгъусэ къишауэ нысащӏэм срагъэплъыну сыщашар. Пэш дыздыщӏашам и плӏанэпэм къыдэт дахагъэр сыт и уасэт?! Къэдабэ плъыжьыбзэм нэр занщӏэу тедиящ. Адыгэ фащэр гъэщӏэрэщӏат бгъэӏулъ, бгырыпх дыщэпсхэмкӏэ. Шылэ хъарыр пыӏэм къепхъухат. Фащэр зыщыгъым и пщӏэр ищӏэжу, укӏытэри и нэкӏу плъыжьыгъэр къызыхыхьам къищу щытт. Сысабий щхьэкӏэ, абы пщӏэ, нэмыс къызэрысхуищӏар сигу къинэжащ. Нысащӏэм къызита ӏэфӏыгъэхэр фом ефӏэкӏыу си гугъэт. Плӏанэпэм дэт тхьэӏухудыр тӏысыну ауэ игу къигъэкӏыртэкъым.
Къыщӏыхьэхэм нэхэр зэтрихыу еплъу умыщӏэнт, хабзэм темыкӏыу гъэсат. Хьэгъуэлӏыгъуэм щыслъэгъуа псори сощӏэж: Ӏурыцӏэлъ, къепхъых, фэм зэребэкъуар, нэхъыжьхэр абы зэрытехьар, пшынауэм къриша макъамэхэр… Нобэкӏэ ирагъэкӏуэкӏ хьэгъуэлӏыгъуэхэм зи гугъу сщӏа дахагъэр зэрыщызмылъагъум сегъэгумэщӏ.