Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Aralık 2019

0
1106

Мазэм и бынхэр (1)

Hatsuk Raya, yazar Mekuayoe Amir’in Rusça olarak yazdığı “Ayın Çocukları” adlı hikâyesini Adigeceye çevirdi. Birinci bölümünü yayınlıyoruz.

Илъэс блэкIахэм я Iугъуэ фэпсым къыхэщу, аддэ гукъэкIыжхэм я дурэшплIэрэшым хъума щыхъуащ а сабиигъуэм и хытIыгу нэкъыфIэщIыр, нэху щабэ дыжьыныфэр си нобэм къысхухиутIыпщхьэу. Апхуэдэм деж мазэ гъуэгу щэхумкIэ езым деж сешэж, жэщ мафIэм и мэ, япэ бам и IэфI, гъэмахуэ жыгхэм я щхъуантIагъэхэмкIэ къысхуэупсэу.
Къуажэ щIыбым щыIэ Iуащхьэм сыкъыщохутэ: къурш лъапэм къыщежьа псыр зиукIыжу и лъабжьэм щожэх, и зы лъэныкъуэр а псым щыхупIэ лъагэу щхьэщытщ. Зэныбжьэгъухэр а Iуащхьэм и щыгум дыщызэхуэсурэ куэдрэ дызэбгъэдэст. Абдеж дыкъиплъмэ хуиту тлъагъут, махуэ псом дыгъэм къигъэплъа сабэр къызэщIагъэхъаеу, щхьэхынафэу къуажэ Iэхъушэр къызэрыкIуэжыр, щIыдагъэхутэхэм я унэ цIыкIухэм лэжьыгъэ нэужьым машинэ хьэлэмэт гуэрхэр зэрыщызэхуэсыр, псыхъуэм дэс цыджан гупым мафIэ зэращIыр, кIыфIым щIихъумэ губгъуэм кхъэр къызэрыхухьа мывэхэр къызэрыхэхужьыкIыр. Апхуэдэ зэманым деж лъагэу уафэм ис вагъуэхэм, ди ныбжьэгъужь хуэдэу, нащхьэ къытхуащIу щIадзэрт.
Псалъэмакъ нэжэгужэхэр къэIуу хуежьащ, мафIэм и хъуреягъкIэ ныбжь мыIупщIхэр щыкIэзызу болъагъу. Зыгуэр щхьэкIэ дызэдауэ хуэдэщ. Псалъэ зырыз зэхэсххэмкIэ фIы дыдэу сызыщыгъуазэ псалъэмакъыр зэфIэзгъэувэжыну солIалIэри, зыри къикIыркъым. Си макъ дыдэри сымыцIыхуу къысщохъу – ерагъыу сигу къызогъэкIыж а пщыхьэщхьэм сызэгупсысар. Гъунэгъу захуэсщIыщэнуи сытегушхуэркъым: сазэрылъэIэсу сабэ дыжьыныфэу лъэлъэжу хьэршым ихьэжынкIэ сошынэ.
Ди унэр къуажэкIэ дыдэм щытщ. Адэр мэкъуауэ къикIыжащ, гум из удз къыздишащи, сэ къыспоплъэ, дауи, сигъэунэщIыну. Иджы хуэдэм анэр жэмхэм якIэрыщIащ, шыпхъу нэхъыжьым пщIантIэр епхъэкI, къуэш цIыкIур сабийщ сэбэпынагъкIэ ущыгугъыну. Адэм хади уэрами къимыгъанэу сыкъыщилъыхъуэу къыщIэкIынущ – зыщIыпIи сыкъыщигъуэткъыми, сыщIэмысынкIэ гурыщхъуэ иIэми, си пэшым щIоплъэ. Ар зэхэтхъуащ: уэрэд куэду зытет кассетэ хъурейхэмрэ тхылъхэмрэ зэхэзэрыхьыжауэ стIолым телъщ, «Маяк» магнитофоныр зэпкърыхауэ гъуэлъыпIэм илъщ, абдеж дыдэм игуэшащ шыхэмрэ хоккеист цIэрыIуэхэмрэ я сурэт журналхэм къыхэзгъэжар – ахэр си пэш блынхэм кIэрызгъэзэгъэн хуейщ.
СыкIуэжыну игъуэ дыдэт, ауэ сыкъонэ – тезырыр фIэкIыпIэ зимыIэми, ар иужькIэщ – зэкIэ шэдыгъуашхэ кIуэнухэм закъыкIэрызгъэхуну сыхуейкъым, зэрыщыт дыдэр жыпIэмэ, ди гъунэгъу хадэм дытеуэнущ…
Абы иужькIэ аргуэру Iуащхьэм дыкъэкIуэжт – мыбы зыми дыкъыщигъуэтынукъым, жэщым губгъуэм хэти къыщыкIэлъыжэн щIалэ цIыкIу лъакъуэпсынщIэ гупым – аращи, къэддыгъуа пыкIэхэр къытIурыжу тшхыурэ, дызэпеуэу дытопсэлъыхьыж а хуабжьу дыщышына дакъикъэхэм.
Ди Iэтащхьэ Джыназым (и унэцIэ хэIэтыкIам папщIэ фIэтщат а цIэр) зэпкърех теуэ щытщIым ди щытыкIахэр. Абы теплъэ хъыжьэ иIэщ, лъынтхуэбэщ, къуэгъущ, игурэ и щхьэрэ зэтелъщ, ямылейуэ лъэщщ, илъэситI мэхъури бэнакIуэу зегъасэ.
«Уэ, Къазыхъу, – жеIэ абы, къудамэм къритхъа и нэкIущхьэр IэкIэ иIыгъыу, – уошынэри дэпщыпIэм япэ зыIубодзэ. Абы щыгъуэми сыхьэт ныкъуэкIэ удэпщыфкъым. Аращи зэрыгупу уэ къожьэ. КъыбгурыIуэу щытмэ, хадэр зейр дэ абы дыкъипщыжыху къытпэплъэну зигъэхьэзыркъым. ХьэпцIащхъуэ япэ игъэщ (ар сэращ, си гъуэншэдж лъапэкIэщI щIэрыпсым и жыпыр къыщIэтхъащи, сэ согуIэ), ар псынщIэщ, напIэр дэпхьейуэ къепхьэхыжыху илъэтынурэ ежьэжынущ, зыри зэтриIыгъэнукъым. Абы и ужь итын хуейщ ЦIыкIужьей – ар цIыкIущ, зыгуэркIэ яубыдмэ, къаIэщIэкIыжыфынукъым…» – «Ауэ сытми сакъыIэщIэкIын, – идэркъым ЦIыкIужьей. – Сэ джанэ щыстIагъэркъым, зэпхъуэн ягъуэтынукъым…» – «Уи тхьэкIумэр-щэ? – мэгушыIэ ПIащэ. – Абы дэнэ деж уепхъуэми, къыпIэрыхьэр и тхьэкIумэращ». Псори зэщIодыхьэшхэ – ЦIыкIужьей и тхьэкIумэхэр пэжу инщ.
Къазыхъу зеухеиж: «ЗыщIыпIэ сыфIэнауэ арат. Мо кIыфIым зыри плъагъуртэкъым. Си гъуэншэдж лъапэр и кIыхьагъкIэ хэтхъащ, мис», – къегъэпIий и лъакъуэ пцIанэр. Къазыхъу Iэкъуэшакъуэщ, бэмпIэгъуэщ, жаIар абы и щхьэм иужь дыдэу нос, цIэ лейр щIыфIащари и щытыкIэр мо джэдкъаз делэм зэрещхьыращ. ЕджапIэм ерагъкIэ а «щы» цIыкIур къыхуэхьу аращ, уэрамым къытехьэмэ, хэти и жагъуэ къищIынущ, ухуеймэ, ЦIыкIужьей цIыкIунитIэр зэпымычу щIокIие, и жьэм къыжьэдыхьэр ирепэс дыщыджэгукIэ. «Сыт гъуэншэдж жыхуэпIэр, сэ си дыщэ лэрыпсыр згъэкIуэдащ», – мэтхьэусыхэ НэщIыху. Ар щIалэ лъагъугъуафIэ зэщIэкъуа цIыкIущ, сытым щыгъуи ету зытедза джанэ хужьыр щыгъщ, и щхьэцыр екIуу жьащ. Иджыпстуи уеплъмэ хуэбгъэфэщэнкъым ар дакъикъэ бжыгъэ ипэкIэ мывэ къалэм къыщхьэпрыпщыжауэ. – Си шыпхъум ерагъкIэ къеIысхат тIэкIурэ изгъэлъыну. Иджы узыжэгъуэнщ сэ къызащIэнур. Абы занщIэу адэ-анэм бзэгу яхуихьынущ». «Яхуихьмэ, уяпэ езыращ къызылъысынур, – и гур фIы къыхуещI ПIащэ, и джанэ къуапэ щэ ныбэм димыгъэзагъэр диупщIэжурэ. – Сытым щхьа епта? Щхьэ уэ езым зумыхьэжарэ? Уэратэкъэ нэхъыжьыр?» – жаIэурэ къеупщIынущ. Аращи балыджэ сыр къыщахуэнущ. Умыгужьей, тIум къыфтрагуашэмэ, апхуэдэу игъэузынукъым». Зы хьэл хьэлэмэт хэлъщ ПIащэ – сытым щыгъуи зыгуэрым къыщхьэщож, зыгуэр трегъэуж, сыт хуэдэ Iуэху зэхэзэрыхьари фIыкIэ иухыну уи фIэщ ещIыф.
«Къуэш сыту зыри жимыIэрэ, къыхелъхьэ ПащIэсырыху. – Жыгым щытесым и вакъэ лъэныкъуэр къызэрыщыхуар слъэгъуат. Адрейри езым зыщихри къридзыхащ. Си щхьэр пхриуд пэтащ».
КъуэшкIэ дызэджэр ди гупым къызэрыхыхьэрэ куэд щIакъым. Я унагъуэр зы къалэ гуэрым къиIэпхъукIыжри ди къуажэм къыдэтIысхьэжащ. ЩIалэ сабыр губзыгъэ цIыкIущ, япэ дыдэ къыщытхыхьам хуабжьу дгъэщIэгъуат цIыхуу щыIэр зэкъуэшу жиIати, псори фIыуэ зэрылъагъун хуейщ, зыр зым зыхищIыкIыу, сыткIи дэIэпыкъуу щытыпхъэщ, жиIэрт. ТетрадитI-щы иIэт и гупсысэхэр иритхауи, ахэр къэплъытэ хъунут гупщысакIуэм и щIэныгъэ тхылъу. Зы шэч къытетхьэртэкъым ар еджагъэшхуэ зэрыхъунум. ЦIэ лейр къыхуэдгупсысын хуей хъуакъым, езыр-езыру къыкъуэкIащ.
«УздэщыIар дэнэ, ПащIэсырыху, – еупщIащ Джыназ. – Губгъуэра укъыщыткIэщIыхьэжар? ЛIыжьым укъиубыда си гугъат». – «Сэ къызгурыIуат жыгым сыкъехыну сызэрыхунэмысынур. ЛIыжьыр хадэм къыщихьам фэ иджыри мэл гуартэм ещхьу дэпщыпIэм фызэрыIугуауэ фыIутт. Жыг щхьэкIэм зыщызудыгъури сымыбауэу сытесащ лIыжьыр икIыжыху. ИтIанэ хуиту сыкъехыжри, сыIэбэрэбащ, сыт къыздэсщтэ хъуну пIэрэ, жыхуэсIэу. Псыкъуийм и щхьэтепIэм мис мы Iэщэр къыщызгъуэтащ. МыбыкIэ сытри къызахъуэжынущ! Фыкъеплъыт, щакIуэсэ дыдэщ». ПащIэсырыху къыдегъэлъагъу сэшхуэ бэлыхь, и къур дэгъуэу гъэщIэрэщIауэ.
ЗэрымыщIэкIэ къыIэрыхьам арэзы ищIауэ, ди нэхэм къыщIэплъэрт, хъуапсэрэ дэхьэхрэ щIилъэгъуэну хуейуэ. ХэщIыхьауэ, дзыгъуэнэ цIыкIуу, ар хуабжьу жыджэрт, жэрдэм хэлът, зэфIэкI иIэт. Сытри къехъулIэрт: мотоцикл лотерейкIэ къихьат, дерсхэмкIэ къэпщытэныгъэ дагъэтхмэ, тетхыкI защIэкIэ оценкэфI къихьыну хузэфIэкIырт, мис иджыпстуи абы шэдыгъуэу дэ нэхърэ нэхъыбэ къыпичыфащ, абы и щIыIужкIэ къуентхъри къехъулIащ. Ди гупым а зырат къарукIэ Джыназ пэлъэщыну хэтыр, ауэ зэи зыпэщIимысэу и жагъуэ къызэрищIыр ишэчырт. Ар икIи сырыхутэкъым, ауэ еджапIэм ягъэува теплъэгъуэм Бармалей и ролыр щигъэзэщIат жьакIэ сырыхушхуэ тетуи, и цIэ лейр абы къытекIащ.
ДызэхэуIухьарэ дызэхэфыщIауэ, дыхуэмейуэрэ, унэм докIуэж, губжь къытпэплъэр къызэрыдлэжьар тщIэжу.
Гъэмахуэм и фIыгъуэщ: махуэ кIыхь Iэгъущэлъэгъущэр, зыщIэбэга псыIагъэр нэхурэ хуиту къыщхьэщыт уафэм къримыпэсарэ езэшауэ, зигъэпсэхуну мэтIысыж. Апхуэдэ махуэхэрат хьэнцэгуащэ къыщетшэкIыр, губгъуэхэмрэ хъупIэхэмрэ псыкIэ зыгъэнщIын, къаруи псэруи къытхуэзымыгъэна хуабэр зыгъэмэщIэн уэшхкIэ Тхьэшхуэм делъэIуу. Зым дыдыхьэм адрейм дыдэкIыу пщIантIэхэр къызэхыдокIухь, Ди щхьэщыгу итым гущIэгъу къытхуищIыну зыхудогъазэ зэпытшурэ жытIэ уэрэдымкIэ, унэгуащэхэр къыщIыдош, хабзэм тету, псы къыдакIыхын, тыгъэхэр къытхуащIын хуейщи: джэдыкIэ, кIэртIоф, кхъуей, пхъэщхьэмыщхьэ, IэфIыкIэ, ахъшэ. АхъшэмкIэ тутынрэ мэрожнэрэ къыдощэху, адреймкIэ, Iуащхьэм дыщызэхотIысхьэжри, зыдогъэтхъэж.
Сытым щыгъуи хьэнцэгуащэу тхуапэр ПIащэт, зэрыинышхуэр, фэ зэрытетырауэ къыщIэкIынт. И щхьэм зыгуэр фIэтшыхьырт, и нэкIуфIэр къытIэрыхьэмкIэ зэщIэтцIалэрт, зыщIыпIэ къыщыщIэдуIукIа цIыхубз халат текIыжар щыттIагъэрт. Дэ ибгъу зырызым дыщыту куэбжэпэм дыувырт, псыкъуиипс щIыIэ къызэрыттракIэнур дгъейуэ. Къуэш фэ IэмпIэ фIыцIэр иIыгъыу лъэныкъуэкIэ щытщи (къытхуашийхэр абы къыIихт), дыфIэпсэкIуэду къыдоплъ.
Маринэхэ я куэбжэпэм дыщынэсым – арат Къуэш игу ирихь хъыджэбз цIыкIур – къыдатахэр зэрылъ IэмпIэри жьгъей тIэкIу къыхэкIари пIащIэу ПащIэсырыху къыIэщIилъхьэжри, езым зэкIэ я пщIантIэм зыщигъэпщкIуащ. Маринэ и адэр зы IуэхущIапIэ гуэрым и унафэщIт, сыти жыIи, а зэманым къулеижьу къащыхъут, арати сэмбым илъу IэфIыкIэрэ пыченэрэ къыдитри, ахъшэ хъарзыни къытрилъхьэжащ – кIылъымпIэ сомищ щхъуантIэ, жьгъей Iэбжьыб щIыгъужу. Псы щIыIэ мылыр къыщыттракIэм ирихьэлIэу къэхъуар дэ тлъагъунутэкъым икIи зэхэтхынутэкъым, ар сытыт жыпIэмэ, тхылIымпIэ ахъшэ щIэрыпсыр ПащIэсырыху и Iэ псыфымкIэ щхъыщхъыу зэхиупIышкIуэу и жыпым зэрыщетIысэхарат.
А щIэпхъэджагъэр щIэхъума хъуну къыщIэкIынт къыщыхъу дакъикъэм ЦIыкIужьей гу лъимытамэ. ПащIэсырыху жьгъейхэр къыттригуэшэжауэ IэфIу шхэну зызэригъэхьэзырыр щилъагъум, зытритIащ: «Сомищыр дэнэ щыIэ?» ПащIэсырыху игъэщIагъуэ хуэдэу зещI: «Сыт сомищ?» Ауэ зэрыфIэмыкIынур пхырыкIри (псори гурыIуэгъуэт – къаубыдат), къригъэзэгъыжащ: – Ааа, сомищыр, сомищыр, сомищ цIыкIур, си сомищ цIыкIур, усщыгъупщэжыпати! Мыдэ щыIэн хуейщ ар…» – жиIэурэ и жыпым йотIэщIыхь. ПащIэсырыху абы къишия ахъшэр къыIихри, и пщэм Iэ бэлагъымкIэ худэуащ. Мор узым зэфIигъэнтIыIуауэ, етIысэхащ, арщхьэкIэ занщIэу зыкъиIэтыжри, зэрыгупу зыкъытхуигъэгусауэ, Iуащхьэм къехыжащ – и зыгъэгусэри кIыхьлIыхьат, дахэу еджапIэм дыщыщIэтIысхьэжа япэ махуэхэм нэсыху.
Дэ нэхъ балигъ дыхъуащ, дыхэхъуащ. Бжьыхьэ пщыхьэщхьэ щIыIэхэми пытщат Iуащхьэм кIуэныр, япэм ещхьу мафIэ тщIырт, ауэ нэхъ гуащIэу, нэхъыбэрэ зэхэмыкIыжын хуэдэу. Удз зытемытыж щIы щIыIэм тIысыну зыри хуейтэкъыми, дызэфIэту дыуэршэрт, зэзэмызэ ди Iэр мафIэ хуабэмкIэ тшийуэ.
А бжьыхьэм Джыназ гурыгъузым дыхидзат цIыхубз Iэпкълъэпкъ дахэ узыIэпызышэм хэлъ щэхур къытхузэIуихри, зи щэхури езым и хъыджэбзырат. ИгъэщIэращIэу тепсэлъыхьт хъыджэбзыбгъэ ткIийм щеIусэкIэ Iэм зыхищIэм, мазэгъуэ жэщым къыхэхужьыкI шхужьхэм, псым зыщызыгъэпскIа къудей хъыджэбзым и ныбэ лъабжьэм иджыри псыфу къыщылъагъуэ цы щабэ Iувыр мазэм и нурым зэрыпэлыдым. Ди нэгу къыщIыхьэрт вагъуэбэ уафэм и лъабжьэм зыщызукъуэдия губгъуэр, удзым щыубгъуа и джанэр, нахуэу тлъагъурт, укIытэурэ и Iэпкълъэпкъыр IэкIэ щIихъумэну хэту, хъыджэбзыр пцIанабзэу абы зэрытелъыр, хуей-хуэмейуэрэ щIалэм къызэрыпэщIэтыр, итIанэ, шынэри пIейтейри хузэхыхьэжарэ кIэзызу, езы дыдэр зыпэмыплъауэ, шыщхьэIу жэщ зызущэхуам зэрыхэIущэщыхьар: «Къэхъунур кърехъу!»
Дэ ди нэгу къыщIэдгъыхьэрт апхуэдэ дакъикъэм щхьэм щызекIуэнкIэ хъуну Iуэщхъу гуащIэр, Iэпкълъэпкъыр игъэхыщIэу зизыгуашэ зыхэщIэныгъэр, а псор IэфIу къызэрыппкърыкIыжыр. Абы иужькIэ зыхуэарэзыжыныр къыппкъырошасэ, цIыхухъу нэгъэсауэ укъызэригъэщIар уи фIэщ мэхъу. Джыназ и хъыбархэм иужькIэ иджыри Iэджэрэ ди нэкъыфIэщIхэм хэтт еджапIэм щытлъагъу хъыджэбз цIыкIухэм пыщIа хъуапсэ нэпцIхэмрэ къыдэмыхъулIэн гугъэхэмрэ. Сытым щыгъуи дыжеижын и пэкIэ ахэр зэхэтхъуауэ ди щхьэм щызеуэрт, пкъы зэпцIагъащIэр игъэхьэжэпхъажэрэ къигъэбырсейуи, итIанэ щэхуу щIымахуэ жэщ кIыхьым хэкIуэсэжт.
Джыназ нэмыщI, хъыджэбз епсалъэу дэ къытхэтыр Къуэш и закъуэт. Адрейхэм ящибзыщIми, сэ къызжиIат куэд щIауэ ба зэрызэхуащIыр, абы нэхъыщхьи яку къыдэхъуатэкъым, и бгым зришэкIыу фIэкIаи IэплIэ зыхуригъэщIыртэкъым. Джыназ и хъыбархэм иужькIэ абыи гушыIэ хуэдэурэ ирадзт: и Маринэм ар дыдэр иримыщIауэ пIэрэ, дауи къыщыхъуа хъыджэбзыр абы теухуауэ. Къуэш а псалъэхэр къызыфIимыгъэIуэхуну яужь итт, гъумэтIымэурэ зыгуэрхэр жиIэрти цIыплъ къэхъурт. Джыназ и ныбжьэгъур къригъэлт: «Хьэуэ, щIалэфIхэ, ар апхуэдэу къызэрыгуэкIкъым. Сэ сысейм тыншу сызэрыхэзагъэм хуэдэнукъым, гугъу дехьын хуей хъунущ».
Зэ Къуэш жреIэ: «СощIэ уэ абы и ныбафэ тIэкIур нэхъ мыхъуми къыщIэщу зэрумылъэгъуар. Ухуеймэ, сэ уезгъэплъынщ и анэм къызэрилъхуам хуэдэу пцIанэу». Къуэш апхуэдэ лъэпкъ зэхихыну хуэмейуэ, къагъэнэжыну лъаIуэу зыгуэрхэр жиIэну хэтт. Сэ къысщыхъурт Къуэш, и хъыджэбзыр Джыназ трихыу, езым къыIумыхуар зыIэригъыхьэнкIэ къэшынауэ. ЕджапIэми уэрамми Джыназ хъыджэбзхэм я деж щыцIэрыIуэт икIи зыхуей дыдэр пIэщIигъэкIыфынут. «Гурыщхъуэ лъэпкъ зумыгъыIэ, – тригъэужырт абы Къуэш, – хьэмэмым ущыхукъуэзгъэплъыну аращ, езым жыжьэрэ гъунэгъуу укъищIэнукъым. КиноуфI уедгъэплъынщ! Укъызэмыдауэ, еплъыт умыди. УкъыхэмыщтыкI – дэ деплъынукъым». Джыназыр Къуэш зэ къеIунщIыжащ – дызэгурыIуащ, дызытепсэлъыхьын хэлъыжкъым.
Хьэмэмым лъэсакIуэу щылажьэрт ди цIыхугъэ гуэрым и анэшыпхъу. А ди цIыхугъэр псоми къахэщт IутIыж хытIыгум щыIэ тхьэпэлъытэхэм ещхьу тет тхьэкIумэ кIыхьхэмкIэ, зэи зи фэр зымыхъуэж уэгу плъыжьхэмкIэ, илъэс хъурейм и пэр къызэрыпыжымкIэ. Ар и анэшыпхъум дэIэпыкъурт хьэмэмыр щызэлъыIуихыжкIэ, итIанэ унэм нэс игъэIэпхъуэжт. Зи насып, цIыхубзхэм пцIанабзэу загъэпскIыу зыщIэтам хуиту щIыхьэфырт. Абы зэ зыкъиумысат а лъэныкъуэмкIэ щыкIуэм деж пIейтеин зэрыщIидзэмкIэ: зытIэщIыпIэми зыгъэпскIыпIэми цIыбзыIэхэр зылъэIэса хьэпшыпхэм и гур зыгъэхьэшкIурашкIуэ зы гуащIэ гуэр къахонэ. Абы фIэфIтэкъым и анэшыпхъум зэлъыIухыжыныр цIыхубзхэм я лъэныкъуэмкIэ къыщыщIидзэу цIыхухъухэм еймкIэ щиухыжым деж, абы щыгъуэм и гукъыдэжыр йохуэх, и гум къыщыхъея IэфIыгъэ нэжэгужэу унэм къэзыхьыжу жей Iувым хэзышэр мэкIуэдыж. Аращи Iэмал хилъхьэурэ лэжьыгъэр цIыхухъухэм я лъэныкъуэмкIэ къыщыщIадзэн хуейуэ кърегъэкI.
И псалъэмакъхэмкIэ дыкъызэщIигъаплъэрти, делъэIурт зэ дахукъуигъэплъыну, ауэ къэгубжь зищIырт: «Дауэ фызэрыкъуэзгъэплъынур? Фыхьэлэмэтщ фэ! Си щхьэм хуэсщIэжыфыркъым ар сэ». Ауэ абы жиIэр дэ ди фIэщ хъуртэкъым. Хьэмэмым и абджынэхэр лэч щхъуантIэкIэ Iуву къилыкIати, ар тептхъу хъунут. Ар къытхуищIэну делъэIуну арат абы деж дыкъыщIэкIуар. «Хьэуэ, сэ ар схуэщIэнукъым, – жиIэрт абы и пэр дрилъэфейурэ. – Зэрысэрар занщIэу къащIэнущ. Мыбы я завхозыр сыт хуэдэу бзаджэу фщIэрэ фэ. Ар ткIийуэ кIэлъоплъ Iуэхухэр зэрекIуэкIым. Сэ зэхызох абы и шхыдэкIэр. Тхьэусыхафэ лъэпкъ зэхэзывмыгъэх, къажреIэ лэжьакIуэхэм. Зэ къыщыхъуат мыбы апхуэдэ. Гъэмахуэм хьэмэмыр зэрагъэпэщыжа нэужь пхъэнкIийр щIахыжыну училищэм щеджэхэр къашати, цIыхубзхэм я лъэныкъуэмкIэ абджынэу хъуам хъурей цIыкIуу лэчыр тратхъуат, иужькIэ къакIуэу якIэлъыплъыну. Ар цIыхубзхэм къащIэщ, тхьэусыхэри, щIэрыщIэу ялэжащ. Хьэуэ, сэ ар схуэщIэнукъым».
Джыназ зигъэпхъашэу еплъащ: «ДэркIэ ар Iэмалыншэщ, ди ныбжьэгъум хуэтщIэу аращ. Сомищ уэттынщ». – «Ыхьы, севгъэхъулIай! Сыхуейкъым зыри». – «Хъунщ, сомитху, – къыхэпсэлъыхьащ НэщIыху. – Ауэ кIэпIейкIитху хуэдизу тептхъунщ, къыбгурыIуа?» «ЗыздатIэщIым зы, зыздагъэпскIым адрейр», – игъэтэмэмыжащ ЦIыкIужьей, зы иплъыпIэ фIэкIа ямыIэмэ, езым чэзур къылъымысынкIэ хъуну егупсысагъэнщ. «Хьэуэ, зыздагъэпскIым дыхуейкъым, абы бахъэ щIэтщи, абджыр пщIэнтIэнурэ арыншами диплъыфынукъым», – жиIэрт ПIащэ, псалъэмакъыр сомищым тришэжын хьисэп иIэу. «Ухуейти, кIэпIейкIитху хуэдизу! Ар занщIэу я нэм щIэуэнущ. ВжызоIэри зэрысхуэмыщIэнур», – япэрей ерыщагъыр хэмылъыжу мэпсалъэ ди цIыхугъэр. Ар гупсысащ, тIэкIурэ зыри жимыIэу щытри, хьилагъэ хэлъу къыпыгуфIыкIри жиIащ: «Хъунщ-тIэ, тумэн къызэфти, кIэпIейкIитI хуэдиз фхутестхъунщ. АрикI абджым и кум хуэзэукъым, рамэм нэхъ пэгъунэгъуу, гу лъамытэн хуэдэу. ИужькIэ сэ злэжынщ. Ауэ ахъшэр япэ къызэфт. Фыарэзы?» – «Зэпыту укIуэ, хъунщIакIуэ, – жиIащ Джыназ, – къыпIэрыхьэнщ а уи тумэныр».
А зэманым къуажэм хьэкухэр зэрыщагъэплъыр пхъэт, газрэ бжьамийм къиж псымрэ щIэхъуэпсу аркъудейт. Арати къуажэм дэсу хъуар загъэкъэбзэну хьэмэмым кIуэрт. Гугъущи дыдемыхьу къэтхутащ Маринэрэ и анэмрэ хьэмэмым адрейхэм хуэдэу дэсыгъуэ махуэхэм зэрымыкIуэр, чэзум хэмытын щхьэкIэ лэжьэгъуэ махуэу трагъахуэ, махуэкум, сыхьэтихым щыщIэдзауэ сыхьэтий хъуху. А сыхьэт бжыгъэр ди Iуэхум хуэкIуэрт: зэхэзекIуэхэм уэздыгъэ нэху здэщыIэ гъуэгур нэхъ къащтэрт, хьэмэмым и щхьэгъубжэ лахэр зыхуэгъэза жыг хадэ цIыкIумкIэ щызекIуэшхуэ щыIэтэкъым.
Къуэш бампIэрт: зэи езым хузэфIэкIыну щымытауэ и фIылъагъуныгъэр пцIанэу зэрилъагъунур IэфIыншэ къыщищIт езым хуэдабзэу, я Iуэху хэлъ хуэдэ, адрейхэми ар дыдэр зэращIэнум. Мы иужьрей махуэхэм абы зэхэуфауэ къикIухьырт, щымт, нэбжьыц кIыхьым къыхэплъ и нэ дахитIыр зыри хуэмеиж хуэдэу плъэрт, зытемыгушхуэ, къеныкъуэкъу щыIэ хуэдэт.
«ХьэпцIащхъуэ, къэдгъэнэжым мынэхъыфIу пIэрэ? – къызэупщIырт ар. – Дауэ уеплърэ? ЕкIукъым мы тщIэр. Яужь дихьэн хуеякъым…» – «Сыт абы щхьа, Iуэху хъуай тIэкIу дакIэлъыплъым, зыри хэлъу сщIэркъым», – и гур фIы хуэсщIыну яужь ситт. Дауи, «зыри хэлъу сщIэркъым» жыхуэсIэр пцIыт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ сэ езыр сытемыпыIэжу сыпэплъэрт зэи сымылъэгъуа зы хьэлэмэтлажьэ слъагъуну, ди мурадыр къызэпаудынуи сыхуейтэкъым.
«НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ…, жиIэрт абы, – Маринэ дзыхь зимыIэщ, фэрыщIщ, ар зэрагъэфIам къыхэкIыу къыщIэкIынщ, сщIэркъым. ЦIуугъэнэм дехьэх, уэ зэрыпщIэщи, сэ сызэхуэщIащ. Иныкъуэхэм къысщохъу сытми тегушхуэну, сытми хыхьэну, игъэунэхун къудей щхьэкIэ. Псом нэхърэ нэхъ Iейр аращи, а щытыкIэм хуэкIуэр сэр нэхърэ нэхъ тегушхуэ цIыхущ… Сэ сызэхуэщIащ, – нэщхъейуэ жиIэрт абы. ЗанщIэу къыщIигъуащ: – Уэ ар зыгуэру къызыщумыгъэхъу. Сэ Маринэ фIыуэ солъагъу. Иныкъуэхэм лъагъуныгъэри лъагъумыхъуныгъэри схузэхэтщ». ИтIанэ хъыджэбзым хуитха усэхэм къысхуеджащ. Абы Маринэ усэ хуитх къудейтэкъым. ЕджапIэм щыдагъэтх тхыгъэ къытекIуэ щымыIэу итххэм тригъэувэрт литературэмкIэ ди егъэджакIуэ щыпкъэ зи ныбжь хэкIуэтар зэхэзещхъуэн зыщI М.К.-р.
Ахъшэр зэхэтлъхьэри зэтын хуейм еттащ. Джыназ, и псалъэм тетыжри, сомищыр къыхилъхьащ. НэщIыху – сомитI, адрейхэм сом зырыз. ДызыгурыIуами жиIар игъэзэщIэн хуейт. ЦIыкIужьей дгъэкIуащ иплъыпIэр хьэзырмэ къищIэн хуейуэ, икIи къигъэзэжащ къэукъубеярэ къызэрыжам и бауэр хьэлъэ ищIауэ: «Тэрэзщ псори! КIэпIейкIищ хуэдизу лэчыр тритхъуащ! Абджынэм и курыкупсэм! Телевизор деплъым хуэдэу тлъагъунущ! Напэ иIэу егугъуащ – афэрым къилэжьакъэ, и! СыщIыхьэу къэспщытэну сыхуеят, ауэ махуэу хъунукъым, сыкъалъагъунут».
Пщыхьэщхьэм сыхьэтих щыхъуам дэ зэрыгупу уэрамым дыдэтт, Маринэрэ и анэмрэ къыдэкIыным дыпэплъэу. Ещхь дыхъуным папщIэ хьэмэмым кIуэм иIыгъын хуей псори къэтщтащ: напэIэлъэщI, щIагъщIэлъ къабзэ, сабынщыхуэ, сабын. Мес ахэри куэбжэм къыдокI. Маринэ пыIэ зыфIэт курткIэ хуабэр, пыIэ зэрыхъа, цы колготкэ, и лъэгуажьэм къэс щIымахуэ вакъэ яжьафэ щыгъщ. Анэм фэ зыщIэбза плащ бгырыпх щIэлъу, лъэдакъэ папцIэ зыщIэт щIымахуэ вакъэ щыгъщ, IэмпIэ иIыгъщ, лъагэщ, зэкIужщ. «И анэр эрцгерцогиня гуэр хуэдэщ», – жеIэ НэщIыху, цIыхубзыр и щыпэлъагъу хуэдэу. «Эрцым» къикIым зыри хэдмыщIыкI пэтми, ар цIыхубзу щыIэм ефIэкIыу, хуэдэ таурыхъхэм фIэкIа щумыгъуэтыну къытщыхъуащ. Зы уэрамым дыщыпсэурт, махуэ къэси тлъагъурт, ауэ нобэ нэгъуэщIынэкIэ деплъыжат.
ТIэкIу зыдгъэгувэри, зэанэзэпхъум яужьщ хьэмэмым дыщыщIыхьар, чэзу дубыдри, дытIысащ. Дыщыпэплъэ пэшыр зыщи, долъагъу ахэм цIыхуиплI япэ зэритыр, дэ дяпэ цIыхуибгъу итщ. Иджыри блы дяпэ итщ, цIыхухъухэр сытым щыгъуи нэхъыбэу къокIуэ, гурыIуэгъуэкъым апхуэдэу щIыщытыр. Маринэ ди дежкIэ къоплъэри, дязыхэзым нэкIэ зэрыхуэзэу, йоплъэкIыж. Къуэш шэщIащ, псалъи къыжьэдэкIыркъым, зэ закъуи хуеплъэкIауэ къыщIэкIынукъым и хъыджэбзым, зэгупсысыр тхьэм ещIэ. ПIащэ зыкъысхуегъазэ: «Езы Маринэ и нэгу дыкъыщIимыгъыхьэу пIэрэ зыдгъэпскI хуэдэу, и жагъуэну къыщIэмыкIынт къытхукъуэплъыныр», – псори щэхуу додыхьэшх.
Маринэ набдзэ къурашэ дахэщ, нэ гъуабжэ пIащэщ, и пэ захуэ цIыкIур быхъуу пэбзийм деж щызэкIэщIокI, и Iупэ цIыкIухэр пIырыпIщ, и щхьэц кIыхьыр ухуэнащ. НэщIыху зыщIыпIэ къриджыкIащ абы и теплъэм хуэдэ зиIэ хъыджэбзхэр «пщтыру». Дэри абы арэзы дыдохъу: дауикI! ЗыгуэркIэ ди гуращэр наIуэ къэтщIынкIэ дошынэри, ахэр къытфIэмыIуэхухэу фэ зытыдогъауэ.
Дакъикъэ бжыгъэ докIри хьэмэмым и лэжьакIуэ цIыхубз цыплъыр къоджэ: «Зи чэзур фыкъыщIыхьэ!», – аращи Маринэрэ и анэмрэ бжэр адэкIэ къыщыхуащIыж. Дэ пIейтей дохъу, дызоIущащэ, дигухэр къипкIыным хуэдэу къеуэу щIедзэ, гузавэ мащIэ къытхыхьам ди пIэ дригъэскъыми, гие хэлъу Джыназ доплъ, щIэмыхъейр къыдгурымыIуэу. «МафIэгум исхэкъым – ежьэжынкъым», – зэпIэзэрыту жэуап къет абы. ДакъикъитI хуэдэ докIри, зи яужь дит лIым чэзур ирет, дэ еджапIэм щекIуэкIыну пшыхьым дыкъыкIэрыхуу, къэдмыгъэзэжыну, жреIэри, модрейри абы дауэ щымыгуфIыкIынрэт – чэзум зэуэ цIыхуибл хокI – аращи уэрамым дыкъыщохутэ.
Хадэ цIыкIур мамырщ, зы цIыхуи щыдымкъым, ауэ сакъын хуейщи, хьэмэмым къыщIэкIыжхэр илъагъуу унэ къуапэм деж зы щытын хуейщ, зыгуэрым хадэ цIыкIумкIэ икIыжыну мурад ищIмэ, хъыбар къаригъэщIэныр и пщэрылъу. Ар сэ къыслъигъэсащи, губжьауэ Джыназ соплъ, ауэ си гур фIы зыщIыжыр адрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ хадэ ихьэпIэр ихъумэну НэщIыху къылъысащи аращ. Джыназ иужькIэ иджы дэ тIуращ гупым нэхъыщхьэр.
ЦIыкIужьей зэхэзежэ хъуащ, мэлъаIуэ езыр япэ ирагъэщыну, хуит къащIынми пэмыплъэу унэ лъабжьэм къыгуэпIиикI тIэкIум тоувэ дэпщеину, арщхьэкIэ къощэтэхыжри, зэгурыIуэныгъэ щэху гуэрым хэт хуэдэу, мэIущащэ: «Апхуэдизу гугъуу пIэрэ фыкъысщIэрыIэну?» ПIащэ ар игъэсабырыну жреIэ: «Зэ зэтеувыIэ, мыхэм я щIыIутелъыр зыщахыну иджыри хунэсакъым». – «Сыт-тIэ абы щхьа? Ахэм я закъуэ хъункъым абы щIэтыр», – къыжреIэ. И гупсысэкIэр яфIэтэрэза хъунти, зыгуэр дэIэпыкъуурэ ЦIыкIужьей драгъэпщеящ.
Сыздэщытым сиплъмэ слъагъут зытIэщIыпIэм и щхьэгъубжэм къыдидз нэху щабэр абы и нэ псори къалъагъуну, зыри зыIэщIамыгъэкIыну нэпсейуэ плъэхэм зэрытридзэр. «Уо-о, еплъыт абы!» – къыIурыщэщырт ЦIыкIужьей, зэхихынуи хуейтэкъым къелъэжын зэрыхуейр. ПIащэ и Iэ зэрыщIиIыгъэр Iуихри, ЦIыкIужьей щIым къелъэтэхыжащ. ЕтIуанэр Къазыхъут, абы ПIащэ кIэлъыкIуэрт. ЕрагъкIэ дэпщейри, занщIэу жиIащ: «Уи Маринэ и гъуэншэдж щIагъщIэлъыр хужь цIыкIущ, Къуэш, джэдынэ тхьэмбылыфэхэр хэсу». Ар зэрызэхихыу Джыназ унафэ ищIащ: «Мис иджы фыкъэувыIэ! ПщIэр зищIысыр сыт, ПIащэ, вжесIатэкъэ пцIанэу феплъыну фызэрыхуимытыр? Гъуэншэдж щIагъщIэлъым щыщIэдзауэ адэкIэ хуитыныгъэр зейр Къуэшщ». ПIащэ адрейхэм хуэдизрэ зэрыкъуэмыплъар ягу къигъэкIыжт. Ауэ ар абдеж зэрытетынум и унафэр зыщIыр кIэщIэзыIыгъэрат. Къуэш яIэтри, ар зэрыхуейм хуэдизрэ къуэплъащ, Маринэрэ и анэмрэ затIэщIу зыгъэпскIыпIэм щIыхьэхукIэ. Си пIэкIэ плъырыну ЦIыкIужьей къагъэкIуащ, НэщIыху зэзыхъуэкIар Къазыхъущ. Сэ сыщыкъуэплъынур ПащIэсырыху и ужькIэт.
Сыдэпщейуэ хьэмэмым загъэпскIыну кIуэхэр нэхъыбэу зэрыцIыхубз хэкIуэтар къыщысщIам, си жагъуэ хъуат. ПцIанэу, я бгъэри я ныбэри къелэлэхауэ, нэхъыбэр щIыбагъышхуэу, си нэр зыгъэгуфIэ лъэпкъ яхэттэкъым. «Ар дауэ? Мыра зэрыхъури? – щызеуэрт си щхьэм. – Дэнэ си ныбжь хъыджэбз цIыкIухэр здэщыIэр, я пхэ цIыкIухэм и лыпцIэр быдэу, я бгъэр щызрэ къикъузу ящыгъ бостеиплIэр щызэпекъукIэ гурыщIэр къызэщIигъаплъэу?» ЗытIэщIыпIэм щIэт цIыхубз зыбгъупщIым нэхъ теплъэ дахэ иIэу зы къыхэсхыу, НэщIыху и жыIауэ, си нэхэм гурыфIыгъуэ естыну сыхуейти, яхэзгъуатэртэкъым. Псори фызыжьу къысщыхъурт, дахагъэ зэрахэмылъым си гукъыдэжри, щIалагъри, си къару зи илъыгъуэри ягъэпудут зэрызыхэсщIэр.
Абдеж ирихьэлIэу зыгъэпскIыпIэм къыщIэкIыжри Маринэ и анэм зыгуэр щхьэкIэ зытIэщIыпIэм къигъэзэжащ. Ар бахъэ пIащIэкIэ къэуфыхьауэ къыщIыхьэри, пхъэ теувапIэхэм тету и щыгъыныр зыдэлъым нэс кIуащ, зытетым къехуэхынкIэ шынэ хуэдэ, зиIыгъыу. ЗэщIэкъуарэ дахэу, ар зэкIэлъыкIуагъкIэ псоми къахэщт дэтхэнэми гу лъимытэнкIэ Iэмал имыIэу. Егъэлеяуэ джэлэнкIэ шынэ хуэдэу зызэрищIым, джэду зекIуэкIэу щабэу зэрытеувэм къаIуатэрт абы, зы шэч хэмылъу, хъуапсэнэкIэ адрей цIыхубзхэр къызэреплъыр къызэрыгурыIуэр. Шкафыбжэр Iуихыу щхьэмажьэ къыдиха нэужь зы напIэдэхьеигъуэкIэ си дежкIэ зыкъигъэзати, игъащIэ лъандэрэ апхуэдэу щытауэ къысщыхъуат. Япэ щIыкIэ сыжат сыкъилъагъу си гугъэри, ауэ си нэр къытезгъэкIакъым, сызытетым сыкъелъэжакъым, сыщIэпхъуэжакъым, атIэ зыхэсщIащ си гум къикIыу си Iэпкълъэпкъым зизыгуэша пщтырагъыр. И щхьэц гъуафэр псыф хъуати, зы Iэрамэр и нэкIущхьэм кIэрыпщIауэ псыгъуэ кIыхьу кIэрылът. И Iупэхэр удахьэхыу мащIэу зэтежат, и бгъапэхэр зыгъэхъеиху мащIэу тесысхьт. И Iэпэхэм зыгуэр къыкIэригъэхужыну иутхыпщIт, е псы ткIуэпст, е щхьэц налъэ кIэрыпщIат, а иутхыпщI Iэм пэзанщIэу и лъакъуэ зэхуакум къыдэщт щимэу къэупсыхьа цы гъуабжэр. Абы адэкIэ ищIари, зытIэщIыпIэм зэрыщIэкIыжари сщIэжкъым – си нэхэм нэпс къытелъэдащ, си пащхьэ къита теплъэгъуэр лэч утхъуауэ зэхигъэзэрыхьыжу. ЩIым сыкъыщыхутэжащ, си хъуреягъкIэ си гъусэхэр щызэрызохьэ, сакъын хуейуи ямыщIэжу, зэрызокъуэ, зэщохьэж, сэ лъэныкъуэкIэ сыщытщи, псоми сыкъалъагъуу сыкъыщиуду сыгъын хьэзырщ.
(Devam edecek)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz