Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хэкум И Макъ -Anavatanın Sesi – Şubat 2020

Гугъэр адэ щIэиныфIщ

Ğucepşouko (Semen) Asiyat, Semen ailesinin II. Dünya Savaşı’ndaki kayıplarını, yaşadıkları acıyı; akıbeti belli olmayan eşini beklerken Jantsıku’nun ömrünün nasıl geçtiğini ve çektiği acıları anlatıyor.

Ди къэралым зы унагъуи ису къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм и гузэвэгъуэмрэ и бэлыхьымрэ зымышэча, куэдми мащIэми абы и мафIаем имылыпщIа. Къапщтэмэ, сэ сыкъызыхэкIа Семэнхэ ди лъэпкъми къытехуащ а зауэ бзаджэм и удын. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэувахэщ Семэнхэ ди щIалэу 8: я дахэгъуэхэу, насып къэкIуэгъуэхэу, хэти унагъуэ иухуагъащIэу, хэти фызкъэмышэу. Яхэтт зы адэ-анэм къилъхуа зэкъуэшхэри. Ахэр: Бий, Хьэмзэтрэ и къуэшым и къуэ БетIалрэ, Тоувэж и къуэхэу Мухъутар, Секъун, Назир, Лэкъумэн и къуэхэу Билалрэ МуIэлидрэ. Абыхэм щыщу къагъэзэжакъым Бийрэ МуIэлидрэ – хъыбарыншэу кIуэдахэщ. Мыр гузэвэгъуэшхуэт, хэщIыныгъэшхуэт лъэпкъым дежкIи.
Семэн МлатIэ Бэвыкъуэ и къуэр ящыщщ япэу Щхьэлыкъуэ къуажэм къыхэIэпхъукIыу 1926 гъэм Джэрмэншык къэIэпхъуахэм. Анэ зимыIэж сабиищым – Бий, Лъимэ, КIуакIуэ сымэ анэ яхуэхъуну къишэжа Жансурэт лъапсэщIэм сабиищ щигъуэтыжат: Къанщобий, Аслъэнбий, Нинэ. АрщхьэкIэ гъащIэ мащIэу къыщIэкIащ ди анэшхуэр: хъыджэбз нэхъыщIэм и ужькIэ къищта узым ар кIэщIу ихьыжащ. Хъыджэбз нэхъыжь къэжэпхъахэм, КIуакIуэрэ Лъимэрэ, унагъуэр зэрыхъукIэ зэрахьэрт, анэншэу къэна сабий нэхъыщIэхэр къагъэхъурт. Адэм и щIэгъэкъуэн Бий куууэ кIуэцIрыплъагъэнт я Iуэху зытетми, 1934 гъэм Мысостей щыщ ВэрылI Шумсэт, пщащэ нагъуэ гуакIуэр, къишащ. Зи лъэ жану, узыншэу унагъуэшхуэм къахыхьа Шумсэт Семэнхэ гъэфIэну къыщыфIащат ЖанцIыкIу цIэр. ЩIэх дыди яхэсыхьауэ, щIалэрэ хъыджэбзрэ зэдагъуэтауэ, ещанэ зэраIэнум иринасыпыфIэу къатехъуащ абыхэм зауэ мыгъуэжьыр – ЖанцIыкIу и насыпыр къэзыкъутар.
Си адэ къуэш Бий ящыщщ 1941 гъэм япэ дыдэ Iэщэ къэзыщтэу зэуапIэ губгъуэм ихьахэм, ар ящыщ хъуащ япэу хъыбарыншэу кIуэдахэм. 1943 гъэм щIидзащ Бий и щхьэгъусэ Семэн ЖанцIыкIу и фызабэ IэнатIэ дыджым.
ЗэрыжысIащи, Семэнхэ унагъуэшхуэт. Зи нысащIэгъуэр иджыри имыкIауэ илъэс 30-м фызабэу къэна ЖанцIыкIу, езым еищым нэмыщI, къыхуэнат щхьэгъусэ зимыIэж тхьэмадэр, пщыпхъу балигъитI, сабий ныбжьу пщыкъуитIрэ зы пщыпхъурэ. ЩIалэ нэхъыжь Талий зэрыхъур илъэсийт, Рае – 5, зи адэ и нэкIу зымыщIэхха Кларэ – илъэситIт.
Гугъэр щымыIамэ, цIыхур псэуфынт? Гугъэр адэ щIэиныфIщ щIыжаIэр ЖанцIыкIу хуэдэхэрат. Ар пэплъэрт Бий… Къуажэм щыщу зауэм къыдыхэтахэм хъыбару къахьэсат зэрыхуа окруженэм къикIыну щыпхатхъым, Бий плъыру (часовойуэ) зэрытетар, абы и ужькIэ ар зэрамылъагъужар. И кIуэдыпIэр зыми щимыщIэкIэ, «пщIэнукъым…» жыхуиIэ гугъэм зэщIиIыгъэу псэуащ ЖанцIыкIу.
КъыдэкIуэтейм зызэщIагъакъуэурэ, унагъуэшхуэр хэпсэукIащ зауэми зауэ нэужь гъейхэми. Зауэм и пэкIэ Къэбэрдей псом щыцIэрыIуэу щыта нартыхудэч ЖанцIыкIу ибг щIикъузэри игу имыгъэкIуэду Джэрмэншык губгъуэм итащ, жэщ-махуэ имыIэу, вэнми, сэнми, зехьэнми, къехьэлIэжынми пашэныгъэр щызыIыгъыу. Сыт хуэдэ лъэпощхьэпо гъащIэм къыхуимыгъэхьэзырами, абы ебакъуэурэ унагъуэм сабийуэ исыр гъуэгу захуэ, гъуэгу пэж трегъэувэ.
ПхуэмыIуэтэн хуэдизу лIыгъэшхуэ, цIыхугъэ лъагэ, пэжагъ ин хэлъу къэгъуэгурыкIуащ мы цIыхубз гуащIафIэр. Зэрихьащ абы жьы хъуа и тхьэмадэри, ар дунейм ехыжа иужь иригъэшащ и пщыпхъухэри, къаригъэшащ анэ-адэншэу къэна и пщыкъуэхэми. Псори зэхэсти, иджы ар унагъуэшхуэм я анэ пэлъытэт, и нысэгъухэм я гуащэт. СыткIи Iулыдж зэхуаIэу зэдэхъухэт. Дауи, а псор зытезыIыгъэр адыгэр зыщIапIыкI хабзэ-нэмыс дахэрат. ЖанцIыкIу гъэсэныгъэр ткIийуэ щиIыгъащ и жьэгум. Езым и бынхэри унагъуэ хъужу, и щIалэ закъуэ Талий унэну тIысыжыху, зэдэпсэуащ зы лэгъумпIэмпIэ зэрахьэу, унагъуэшхуэм я шхэпсу.


Зы пщIантIэ хуитым унагъуитIу дыздыдэсащ дэ кIыхьу. Адэ-анэр губгъуэм иту, мыдэкIэ къыдэна цIыкIу-цIыкIухэми ди унафэр ищIыфу къытщхьэщытащ а цIыхубз зи Iэгу зи Iэнэу къэпсэуар. ЖанцIыкIу щхьэкIэ «мамэ» жиIэрт си дэлъху нэхъыжьым, ди анэм «ХьэIишэткIэ» къеджэу, и къуэрылъху цIыкIухэми адэ-анэм и цIэр жаIэу, анэшхуэм «мамэкIэ» еджэрт. А цIэр игъэпэжт абы сыткIи.
ЖанцIыкIу псэуху хуэпэжащ мащIэ дыдэрэ фIэкIа зыдэмыпсэуа и щхьэгъусэм. ЩIалэ дыдэу фызабэу къэнами, гугъуехьым щыщтэу и дыщкIэ игъэзэжакъым, и щхьэ насып и Iуэхуи зэрихуакъым, и лъагъуныгъэр и гум щигъафIэу Бий хуэпэжын хузэфIэкIащ! Хэт зыщIэр абы и псэм хьэзабу телъар, и гум уIэгъэу иIар? А зы пIэмрэ зы хьэлымрэ зэикI имыкIыу хуихъумащ и щхьэгъусэ зызыщимыгъэнщIам и жьэгур, хуипIащ и псэр щIита и быныр, хигъэкIуэдэжакъым и къуэпсыр, и лъапсэр. Ихъумащ и щхьэр, и напэр, и щхьэгъусэм и щIыхьыр. Псэуху и напIэр къызэтрихмэ Iуплъэу и гъуэлъыпIэ блыным фIэдзауэ фIэлъащ гу зыщимыхуа Бий и сурэтыр. «Нобэми бжэр Iузыхыр ара къысфIощIыр, тхьэ» – жиIэу къыжьэдэIукIауэ жаIэж. И нэр теплъызэмэ, гу къылъата къыфIэщIу къытрипхъуэтыкIыжу, и IэдэбагъымкIэ и гухэлъыр щIихъумэфу дэсащ а нанэ Iумахуэр Семэнхэ ди жьэгу, сыткIи ди щапхъэрэ и жьауэм дыщIэту. Апхуэдиз лIыгъэ хэлъащ Хэку зауэшхуэм фызабэ ищIа Семэн ЖанцIыкIу. И ныбжьыр илъэс 85-рэ хъууэ 1998 гъэм дунейм ехыжащ зи щхьэгъусэм и кIуэдыпIэмрэ и кIуэдыкIэмрэ и пэжыр къызыхуэмыщIа адыгэ бзылъхугъэ нэсыр. И ахърэтыр дахэ Тхьэм ищI, дыхуэарэзыщ.

ГъукIэпщокъуэ (Семэн) Iэсят,

Джэрмэншык курыт еджапIэм
адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъаджэ


Лъэпкъэу дунаим къытенэнхэм пае 

Svetlana Teşu’nun yazdığı haberde Kafkasya cumhuriyetleri temsilcilerinin katıldığı, Abhazya’nın başkenti Sohum’da yapılan bir toplantıda Adigey’den gelen Çemışö Gazi’nin “Kosova’daki Adigelerin getirilişi konusunda neler yapıldı, neler yapılabilir” konulu konuşmasından özet bilgiler veriliyor.

Сыдэущтэу уилъэпкъ зэхашlэ къэуухъумэщта? Сыдэущтэу улъэпкъ цlыкlоу мы дунэе псынкlэрыкlом ухэтэу зыкъэбгъэнэщта? lэкlыб хэгъэгухэм ащыlэ диаспорэхэм сыд ашlэшъущтыр, лъэпкъ культурэр къагъэнэжьыным пае? Мы упчlэхэр зыщызэхафыгъэ зэlукlэ къалэу Сухъум щыlагъ. Адыгэ, Абхъаз, Къэрэщэе-Щэрджэс, Дагъыстан, Къалмыкъ республикэхэм ялlыкlо шlэныгъэлэжьхэр ащ хэлэжьагъэх.
Адыгэ республикэм ыцlэкlэ ащ къыщыгущыlагъ тарихъ-культурэ кlэным иухъумэн фэlорышlэрэ фондым ипащэу Чэмышъо Гъазый. Косовэ адыгэхэр куп ин хъухэу къызэрэращыжьыгъагъэхэр, Мэфэхьаблэ ахэмэ зэрафагъэуцугъэр ащ къыlотагъэх. Ащкlэ шlыкlэу агъэфедагъэхэр, къэралыгъом ишlэ зэрэхэлъыгъэри, джащ фэдэу Сирие заом къыхэкlыгъэхэр Адыгэ республикэм икъуаджэхэм зэрэдагъэтlысхьагъэхэр къызэlукlагъэхэм афиlотагъ. Хэкум къэзгъэзэжьы зышlоигъохэм апэгъокlын общественнэ зэхахьэхэр щыlэх, хэбзэ lофышlэхэри ахэм lэпыlэгъу афэхъух. Нахьыжъэу къэкlожьыгъэхэм бзэр къин афэхъу. Ар къыдыхалъыти ахэм бзэ десэхэр афызэхащагъэх. Ащ нэмыкlэу ясэнэхьат тхылъэу зэрысыгъэхэ къэралыгъохэм къащыдахыгъэхэм кlуачlэ яlэу алъытх, lофшlапlэхэм ахэмкlэ аштэх.
Къэкlожьы зышlоигъохэр анахь зыгъэщынэхэрэр экономикэм изытет. Хэку къэгъэзэжьыр нахь lэшlэхы хъуным пае, Кавказ шъолъырхэм яхабзэ lофышlэхэмрэ диаспорэмрэ зэдэлэжьэнхэ фаеу Чэмышъо Гъазый елъытэ. Унэе бизнес къызэlузыхынэу амал зиlэхэм Урысыем зэрэщыпсэущтхэ, зэрэщылэжьэщтхэ шlыкlэхэр ягъэлъэгъугъэн фае. Ащ фэдэхэм къызэlуахырэ lофшlапlэхэм къэкlожьыгъэ адыгэхэр ащылэжьэнхэ алъэкlыщт.
Анахь шъхьаlэу зэхэсыгъом хэлэжьагъэхэм къыхагъэщыгъэр узэкъотыныр ары. Непэ диаспорэм ит хасэхэм шъхьаф-шъхьафэу lоф ашlэ. Хэкум екlурэ гъогум а зэхэдзыныгъэм тырещых, зэпхыныгъэхэр егъэланлэх. Чlыгужъым упэчыжьэу улъэпкъэу зыкъэбгъэнэныр къины хъущт. Тыркуем, Иорданием, Израиль, Германием джырэ нэс щызэрахьагъэ адыгэ культурэр зэрэмыкlодыщтыр ары зыдэлэжьэнхэ фаер. Ау джырэкlэ зэрэхъурэр, бзэри тэрэзэу амышlэу, хабзэри зэрамыхьэу хасэхэр зэхащэх, етlанэ ахэр зэрапхынхэшъ, Дунэе Адыгэ Хасэ шъхьаф ашlынышъ, хэкуми къыдэмылажьэхэу псэунхэ агу хэлъ. Ащ фэдэ зекlуакlэхэр хэукъоныгъэу зэхэсыгъом хэлэжьагъэхэм къаlуагъ. Ахэм хэку къэгъэзэжьын lофхэр агъэжъэжъэщтых.
Зэфэхьысыжьэу ашlыгъэм зэрэщызэдаштагъэмкlэ, lэкlыбым щыlэ адыгэхэм зэдэгущыlэгъухэр адашlыщтых, чlыгужъым къэкlожьыгъэнымкlэ, ащ лъэпкъэу щыпсэунхэмкlэ щыlэ амалхэр афаlотэщтых.

Тlэшъу Светлан

Yazarın Diğer Yazıları

Lazca Dil Günü kutlu olsun – Lazuri Nenaşi Ndğa

Laz Enstitüsü’nün 2021 yılında belirlediği 7 Kasım tarihi, Lazca Dil Günü olarak kutlanmakta. İsmail Avcı Bucaklişi, Laz Enstitüsü’nün internet sitesinde yayımlanan yazısında Lazca Dil...

Kabardey dağcının rekoru

Kabardey-Balkarlı 31 yaşındaki dağcı Alina Pekova, sekiz binler olarak bilinen, dünyanın en yüksek 14 dağının hepsine çıkarak bir rekora imza attı. 2023’ün nisan ayından başladığı,...

Anma: Beşgür Faruk…

Seni uğurlayışımızın ardından on yıl geçti... Özlemimiz artıyor ama bir gün hep birlikte Qafe oynayacağımız o meşe ağaçlarının altında bizi beklediğini bilerek avutuyoruz yüreğimizi... Seni seviyoruz, Beşgür...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img