МЫ ТХЫПХЪЭР ЗЫМИ КЪЫГУРЫIУЭНУКЪЫМ!

0
1242

Yə tχəλ a ċəċa a.Ša ɣa-la.na.w.mə.t za bza a.wádya-ba, za λamsá dəwa.wt.
Dunay ɣa t°axə´-bza ɣa a.ċʼanə za tə´t Tevfik Esenç 08.10.1992 gə´ dəwa.qʼa. Wana´ ɣafa t°axə´-bza a.bayna.wə.qʼa. A ċəċa.n Türkiye gə´ yə tχəλ a.mə.məs˙a.fa.n, a.mə.ša ɣa-la.fa.n, a.mə.tχə.fa.n.
08.10.1992 λáqʼala; š´ə.nanaw-warad, š´ə.mas˙a, š´ə.warada, š´ə.wadya.qʼa.n yə c°aɣ̅ °ə. Dunay ɣa´w.bza “na´-bza ɣa´ məṡ°a” txa´ž´ š´əx!
“yə´zaqʼala a t°axə´-bza a č´aqʼa´” a. qʼa´. qʼa´ Tevfik Esenç ala a č´aqʼa´…

Зы бзэр кIуэдамэ ар зей жылэри лIащ!

Бзэхэр хъумэным, абы теухуа хабзэхэм кIэлъыплъыным хуэлажьэ хасэхэм я зэгухьэныгъэм 2020 гъэм и дунейпсо анэдэлъхубзэ махуэм теухуау къищтащ я хэку ирахуу Осман щIыналъэхэр тIысыпIэ зхуэхъуу хэкIуэдэжа Убых лъэпкъым и бзэмкIэ къаIуэта зы гъуазэ дыIуэщIэ.
Мы тхыпхъэр зытхахэри абы Iэ щIэзыдзахэри яхэту Тыркум щыпсэухэм зыми къагурыIуэжыркъым мы гъуазэр зратха Убыхыбзэр. Сыту жыпIэмэ, Убыхыбзэр зыщIэ жылакIэу къэна Тевфик Есенч 1992 гъэм и бжьыхьэпэ мазэм и еянэ махуэм дунейм ехыжыри, Убыхыбзэри абы и гъусэу лIащ. И псысэр, и гъыбзэр, и гущэ уэрэдыр и гъусэу а бзэр дыфIэкIуэдащ.

1999 гъэм и бжьыхьэку мазэм и пщыкIубланэ махуэм Юнеском игъуващ мазаем и 21 р ‘’бзэм и дунейпсо махуэ’’у. Абы телэжьыхьу Тыркум щыIэ цIыхубэ хасэхэр, цIыху закъуэхэр, зэгухьэныгъэхэр дызэкъуэувэн, дыздэIэпыкъун, дыздэлэжьэн гукъэкIкIэ дызэхуэсащ. Иджыри къытхэхьэр, къыткъуэувэр куэд хъункIэ догугъэ.
ЦIыхубэр къыхудоджэ бзэхэр хъумэным, абы къыпыщIэуэхэм ебэныным теухуа ди лэжьыгъэм къыхэхьэну, дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуну.
Мы махуэм и фIагъкIэ анэдэлъхубзэхэм, хэкIуэдэж бзэхэм, щынапIэ иува бзэхэм, лъэпкъ мащIэхэм я бзэхэм и пщIэр дунейпсом щылъагэу, щIыхь хуэщIыпхъэу, пэрыуэншэу хуиту къаупсэлъыпхъэу къыдолъытэр. Бзэхэр куэду щыIэныр, лъэпкъ зэмылъэужьыгъуэхэр зэгурыIуэу здэпсэуным, мамырыгъэм и тегъэщIапIэу добжыр.
Ди анэдэлъхубзэм е бзэ зэмылъэужьыгъуэхэр куэду дунейм къыщаупсэлъыным къыпэрыуэхэм пэщIэтыным, пэщэувэным, ебэныным фыкъыхудоджэр цIыхухэр.
Мазаем и 21 м едгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм, зэхуэсхэм фыкъыдогъэблагъэр.

Дынывохъуэхъур ‘’Анэдэлъхубзэхэм Я Дунейпсо Махуэ’’м щхьэкIэ!

21 мазаем 2020

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz