Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Дунейм тет лъэпкъыбзэхэм щыщу я нэхъ пасэрейхэм халъытэ адыгэбзэр…”

Эрджиес университетым, Тыркум и университет нэхъ инхэм ящыщу Къайсэр къалэ дэтым деж, адыгэбзэмрэ культурэмкIэ и къудамэр 2013 гъэм къызэIуахауэ щытащ. Щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу, илъэс зыбжанэкIэ ар лэжьакъым, ауэ 2018 гъэм Хэкум егъэджакIуэхэр кърашри япэрей курсми студентхэр къащтащ – нэрыбгэ 30-м щIигъуу. 2019-2020 гъэ еджэгъуэми апхуэдэ дыдэу Эрджиес университетым и адыгэбзэ къудамэм етIуанэ къэщтэгъуэу студентхэр къищтауэ, курситIыр зэдоджэ.
Япэрей курсым и дисциплинэхэм хохьэ: бзэщIэныгъэр, еджэныр, тхэныр, щIэдэIукIыныр, псэлъэныр, адыгэ культурэр. ЕтIуанэ курсым щегъэжьауэ къыхохьэ нэгъуэщI дерсхэри: адыгэбзэ практикумыр, адыгэ диалектологиер, адыгэ литературэр, урысыбзэр, Кавказым и тхыдэр (тарихъыр). КIуэтэху, курс нэхъыжьхэм студентхэм яджынущ адыгэ тхыдэр, адыгэ IуэрыIуатэр, мифологиер, бзэщIэныгъэм и Iыхьэ щхьэхуэхэр.

Дунейм тет лъэпкъыбзэхэм щыщу я нэхъ пасэрейхэм халъытэ адыгэбзэр Тыркум и университетхэм ящыщу тIум щаджыр – Эрджиесымрэ (къуэкIыпIэ псэлъэкIэр и лъабжьэу), Дузджэ университетымрэ (къухьэпIэ псэлъэкIэр и лъабжьэу).
Эрджиес университетым деж илъэсрэ ныкъуэрэ лъэхъэнэм къриубыдэу адыгэбзэм щегъэджэныр зэрекIуэкIам къигъэлъэгъуащ мы Iуэхум бгъэдыхьэкIэу иIэн хуейри, методикэ и лъэныкъуэкIэ гулъытэ нэхъ зыхуэщIын хуейри. А псори зэхьэлIэжар, зыхуэгъэзар адыгэбзэм хуеджэну университетым щIыхьахэращ, икIи угугъэ хъунущ еджакIуэхэм къапэщылъ къалэн мытыншыр къагурыIуэу я еджэныгъэ Iуэхум егугъуу еджэхэу. Адыгэбзэр адэкIэ Тырку къэралым щызекIуэныр, адыгэбзэр щIэблэхэм яхэпщэныр куэдкIэ зэлъытар икIи а IуэхумкIэ дызыщыгугъыр адыгэбзэр джынымкIэ япэ лъэбакъуэхэр зычахэрщ.

Хэкумрэ Тыркумрэ къыщинэмыщIауэ, адыгэбзэр щадж Куржым деж Тбилиси къэрал университетым, Швецием деж Мальмо университетымрэ Люнд университетымрэ, Голландием деж Лейден университетым, Канадэм деж МакМастер университетым, Австралием деж Квинсленд университетым, нэгъуэщI къэралхэми. Ауэ мы иужьрейхэм адыгэбзэр зэрыщаджыр нэхъыбэм зытещIыхьар къэхутэныгъэ лэжьыгъэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ а университетхэр къэзыуххэм нэгъэсауэ адыгэбзэр ящIэу щыткъым, атIэ адыгэбзэм и теорием и кIуэрабгъухэм щагъэгъуазэу аращ. Арами, адыгэбзэр щIэныгъэ утыкум итыным хуэщхьэпэ Iуэхушхуэ ялэжьыр а университетхэм. Ахэм къащхьэщокI Тыркум адыгэбзэр яджыныр университетышхуитIым зэрыщекIуэкIыр: мы университетитIым я адыгэбзэ къудамэхэр къэзыуххэр адыгэбзэр курыт еджапIэхэми университетхэми щезыгъэдж егъэджакIуэуи, щIэныгъэрылажьэуи лэжьэфынухэщ. Къудамэхэм щеджэхэм апхуэдэ лъэкIыныгъэ къезытыну щIэныгъэ куу ягъуэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI Хэкум къикIа егъэджакIуэхэм.

АдыгэбзэмкIэ къудамэхэр Тыркум и университетхэм къызэрыщызэIуахам нэгъуэщI мыхьэнэи иIэщ: абы Тыркум щыпсэу адыгэхэр игъэгушхуащ, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, адыгэ культурэр мыкIуэдыжу щIэблэщIэхэр ахэм щIэпIыкIа зэрыхъунымкIэ гугъапIэшхуэ адыгэм къыдитащ.

Профессор Иуан Зэуал
ЕгъэджакIуэ нэхъыжь Пащты Мадинэ

Yazarın Diğer Yazıları

VEFAT

Çerkes edebiyatının yazar ve şairi Meşbaşe İshak’ı sonsuzluğa uğurladık. 90’ın üzerinde kitabı olan, eserleri toplamda 4 milyondan fazla baskı yapan Meşbaşe İshak’ın kitaplarından bazıları dünya...

Mezbjen Dragon Bot hafta sonu yarışacak

Gaziantep Büyükşehir Belediyesi tarafından bu yıl 7’ncisi düzenlenen Uluslararası Rumkale Su Sporları Festivali 7 Eylül’de başladı. Festival, doğa yürüyüşü, bisiklet yarışı, yüzme, dragon bot...

Mehmet Ayberk Koşak altın madalya kazandı

Uzunyayla Methiye Köyü’nden Mehmet Ayberk Koşak, 21 Ağustos-3 Eylül tarihlerinde, İtalya’nın Taranto kentinde düzenlenen 20. Akdeniz Oyunları’nda artistik jimnastik halka kategorisinde 14.250 puan alarak...

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img