Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ЩIэм и лъыхъуакIуэ

Бахъсэн куейм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №I-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Нэхущ (Къаскъул) Залинэ зи IэщIагъэм хуэIэижь, Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ лэжьакIуэщ. ЩIэблэм щIэныгъэ куу яриту, сабийхэр фIым, дахагъэм хуиущийуэ и IэнатIэр ныкъусаныгъэншэу ирехьэкI абы.
Залинэ и дерсхэр дапщэщи къызыхуэтыншэу зэхэгъэуващ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм и мардэ псори къыщылъытауэ, Iэмал пэрытхэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ егъэджакIуэр сытым дежи хущIокъу и Iуэху зехьэкIэр зэрыригъэфIэкIуэным, и Iэзагъым зэрыхигъэхъуным. Ар и зэфIэкIхэмкIэ ядогуашэ къыдэлажьэхэм, езыр и ныбжькIэ щIалэми, адрей егъэджакIуэхэм яхуэщхьэпэн чэнджэщхэр яретыф.
Нэхущым и гъэсэнхэр езым хуэдэу жыджэрхэщ, щIэныгъэщIэхэм я лъыхъуакIуэщ, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэщ. Абы сабийхэр къызэрыдихьэхыр бгъэдэлъ щIэныгъэ куум и закъуэкъым, атIэ и хьэл-щэн зэпIэзэрытымкIи, Iурылъ адыгэбзэ къабзэмкIи еджакIуэ цIыкIухэр етхьэкъу. И гъэсэнхэр и гъусэу Залинэ щIэх-щIэхыурэ хэтщ школпсо, куейпсо, республикэ зэпеуэхэм, увыпIэфIхэри къыщехь. Залинэ пэрыт щыхъуащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэми «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIа «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэхьэзэхуэми. Апхуэдэ зэфIэкI лъагэхэм къыхэкIыу егъэджакIуэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэмрэ къабгъэдэкIщытхъу, фIыщIэ тхылъхэр.
Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ Ещанэ урысейпсо мастер-класс 2009 гъэм щекIуэкIащ ди къэралым и щыхьэр Москва. МахуищкIэ зэхэта а зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ абы и федеральнэ IуэхущIапIэм Лъэпкъ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и институтымрэ. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу лъэпкъыбзэхэр езыгъэджхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэм хэтащ Нэхущыр.
– СызэригугъэмкIэ, гъащIэм апхуэдэ къызэрыщыхъур зэщ. А зэми Iуэхум хуэIэижьу зыкъэбгъэлъэгъуэныр, адрей щIыналъэхэм я лIыкIуэхэм уакъыкIэрымыхуным, уеблэмэ япэ уищыным уи гур теухуауэ щытыныр къалэнышхуэт си дежкIэ. Ипэ илъэсхэм апхуэдэ зэпеуэхэм щыIа си лъахэгъухэм я пщIэр зэрызмыгъэлъэхъшэным сыхущIэкъуну сигу ислъхьат, – зэпеуэм зэрыхэтар игу къегъэкIыж Залинэ. – Тыншкъым къодаIуэхэр фIыуэ плъагъу уи лъахэм, уи еджапIэм, уи лэжьыгъэм дакъикъипщIым къриубыдэу щыгъуазэ пщIыну. Мыбдеж къыщыдгъэсэбэпащ 16-нэ лIэщIыгъуэм Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр, ди лъахэгъухэм ящыщу адыгэм и цIэр къэралпсо, дунейпсо утыкухэм фIыкIэ щызыгъэIуахэр, ди щIыналъэм, ди школым щекIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэхэр, псом хуэмыдэу егъэджэныгъэм, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным епхахэр. Си псалъэхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэри, сурэтхэри, видеотеплъэгъуэхэри къэзгъэхьэзырат.
Залинэ къэралпсо зэпеуэм хэтам и мызакъуэу, «Методикэ жыджэрагъымрэ Iэзагъымрэ» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ, апхуэдэуи УФ-м и щIыналъэ 19-м я егъэджакIуэхэр зыхэта «Си лъахэ, си школ, си IэнатIэ» презентацэми адрейхэм щатекIуащ.
Дауи, Залинэ и дэтхэнэ текIуэныгъэми ирогушхуэ республикэм и егъэджакIуэхэр, и адэ-анэр, ар къызыхэкIа Нэхущхэ, зыхыхьа Къаскъулхэ икIи республикэм ифI, и ехъулIэныгъэ къызэрыкI IуэхуфIкуэдкIэ иджыри щогугъ.

Къардэн Маритэ.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

Yazarın Diğer Yazıları

Tarihte Bu Ay Mayıs 2024

Mayıs 1917 Kuzey Kafkasya Dağlı Halkları Birliği Merkez Yürütme Kurulu’nun seçilmesi 01 Mayıs İşçi Bayramı Pazar Anneler Günü 21 Mayıs 1864 Çerkes Sürgün ve Soykırımı (Tsitsekun) 11...

KAFDAV konferansları devam ediyor

Kafkas Araştırma Kültür ve Dayanışma Vakfı’nın düzenlediği, Hacettepe Üniversitesi Tarih Bölümü’nde doktora öğrencisi ve Kültür Bakanlığı uzmanlarından Berat Yıldız’ın konuşmacı olarak katıldığı “Bir Hayat...

Gençlik zexesi

Balıkesir Adige Çerkes Kültür Derneği’nin düzenlediği “Gençlik Zexesi” 20 Nisan’da Susurluk Demirkapı Köyü’nde gerçekleştirildi. Etkinlikte bilgi, dans, sandalye kapma ve halat çekme yarışmaları yapıldı.

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img