156-р илъэс бжыгъэ, хьэмэрэ гуауэ-нэпс?
Nalçik’te öğretmenlik yapan Mahuel Beslen, 21 Mayıs Çerkes Sürgün ve Soykırımı ile ilgili yazdı.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ.
Зауэр, дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ, лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – Адыгэ лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ дуней псом темытынкIи хъунущ.
Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку лъапIэм щекIуэкIа Кавказ зауэ мэхъаджэм ди адыгэ лъэпкъым къыдиха лейр зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум, уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ.
Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ телъэфа дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ псэуфын.
Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм ди тхыдэр къогурыкIуэ нэпсрэ лъэпскIэрэ гъэнщIауэ. ШыбгъэкIэ драмыхыфым – динкIэ дагъапцIэт. ДжатэкIэ къытпэмылъэщмэ – IулъхьэкIэ къытпыхьэт. Ди пыхьэ макъым аузхэр зэщIигъаджэрт. Джэрпэджэжхэр хъаныдзэ бзаджэхэм я шылъэкIэ яубэт. Ди кIуэдыжыгъуэм хуэпIащIэу бий мащIэ ди хэку къихьакъым. ДымащIэт. ДымащIэти тегушхуэгъуафIэ дыкъащIт. Япэ къэсым дриджэгупIэт. Ауэ, пэжщ, дымащIэми, дыгуащIэт.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман бзаджэ, адыгэхэм я истамбылакIуэм нэхърэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Ауэ истамбылакIуэр нэхъ емынэжу къыщIэкIащ. Адыгэ лъэпкъыр – зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
Адыгэхэм хэкур щабгынэм зылъэгъуауэ щыта Я. Абрамовым итхащ: «Ахэр псори адыгэт. Мыбдеж щызэхэтт сабийхэри, цIыхубзхэри, цIыхухъухэри, лIыжьхэри. Сабийхэр щыгъыныджэт, цIыхубзхэм гъуэншэдж кIыхьхэр ящыгът, я нэкIухэр щIэхъумат. ЦIыхухъухэм цей ящыгът, IэщэкIэ зэщIэблауэ. Ауэ а псоми нэхъ къахэщт лIыжьхэр. Абыхэм я лъэпкъ напэр яхъумэжу уардэу заIыгът. Хэчыхьахэу, пкъыфIэхэу, фащэ дахэкIэ гъэщIэрэщIарэ жьакIэху хъужауэ, я набдзэ тхъуахэм губзыгъэу къыщIэплъу, гуакIуэу, абыхэм яхэлъ щIыхьым удахьэхт. Абыхэм я нэкIур Iэдэбыгъэр щэныфIагъкIэ гъэнщIат, я щIыхьыр ящIэжу, адрейхэми апхуэдэ щIыхь хуащIыжу щытхэт. Адыгэхэр зэхэтт мыхъейуэ, сыным хуэдэу жа фIэкIа умыщIэну. Абыхэм я нэкIухэр гуауэм зэщIиIулIат, я нэхэр зэщIэблэт, я Iупэхэр кIэзызу зэтекъузат. Нэрылъагъут, мы гупыр зы бэлыхьышхуэ гуэрым хигъэщIат… Тэлай дэкIри… пхуэмыIэтэжын къэхъуащ сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ зэуэ зэщIэпыхьащ, зыр зым епхъуэу, тепыхьэу, цIыхухъухэри къыщиудащ, лIыжьхэм щIыр я нэпс гуащIэмкIэ ягъэпскIыу зытраIубэри ба хуащIу щIадзащ… Абыхэм я хэкур ябгынэу арат, сэлам ирахыжу…» Апхуэдэущ зэритхыжар а хьэдагъэр зылъэгъуам.
Истамбыл икIыжхэр жэнэткIэ гугъэти хьэдэлъэмыж зэтехъуащ. Адыгэхэр жылэ щхьэхуэурэ зыщхьэщыдзауэ щIыпIэ нэщIхэм, къум щыналъэхэм – пшахъуалъэрэ мывалъэм – ирагъэтIысхьащ. Абы иужькIэщ адыгэхэм псалъэжьу щыжаIар: «Истамбылыжьым имыкIыр щIолIэ, икIар йолIыхь», – жиIэу.
«Тырку жэнэткIэ» гугъа адыгэхэр «Тырку жыхьэнымэм» хэхуащ.
Е 19-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм урысей дзэзешэхэр яужь ихьащ IумпIафIэ яхуэмыхъу лъэпкъхэр зыщыпсэу щIыналъэхэм ирахуну. Урысей пащтыхьым мурад ищIат Кавказ Ищхъэрэр зэтес ищIыну…
1764 гъэм урысыдзэм и япэ удыныр къытехуащ Къэбэрдейм.
Бгылъэхэр мэз щхъуантIэмрэ хъупIэмрэ яуфэбгъуауэ, къуршхэм псы уэрхэр къежэхыу, тафэхэри гъавэ бэвым къикъутэу, дэнэкIи Iэщ пшэрхэм, шы гуартэхэм яуфэбгъуауэ щытт ди щIыналъэр. Мыбы зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я гурии я псэри къыщагъанэрт. Ахэр хущIэкъурт аргуэру зэ къытрагъэзэжыну, я гумм щызу зыщаплъыхьыхьыну, ди деж щыпсэу цIыхухэм нэIуасэ зыхуащIыну. Арауэ къыщIэкIынщ пащтыхьым мурад щIищIар Къэбэрдейм и лъэр щIидзыну, щIыналъэр зыIэригъэхьэну. Ауэ Урысейм зэримыгугъауэ адыгэхэр къиину къыщIэкIащ. «Уи нэм къеIэм и псэ еIэж», – жаIэ адыгэхэм. Ди лъэпкъм нэгъуэщI къыхуэнэжыртэкъым. Ахэр я псэ емыблэжу, я гъащIэм щымысхьу, шынэрэ къикIуэтрэ ямыщIэу бийм пэщIэувэу есати, я лъапсэмрэ я адэжь щIыналъэмрэ къебгъэрыкIуэ, къепIэскIу урысыдзэхэм щхьэмыгъазэу япэщIэуващ. Урыс тхакIуэшхуэ А.А. Бестужев- Марлинскэм итха тхыгъэм мыпхуэдэу итщ: «Бгырысхэр къызэрытпэщIэувэр сэшхуэрэ къамэшхуэрэщ. ДащыпэщIэувэкIэ, дэ абыхэм гущIэгъу лъэпкъ яхуэтщIыркъым, я къуажэхэр зэтыдогъасхьэ, я цIыхухэр зэтыдоукIэ, я былымхэр къатыдох, губгъуэхэр лыгъэм идогъэс. КIэщIу жыпIэмэ, лажпсэрыхыр къахудогъакIуэ».
Пэжщ, а зауэм и кIэр хьэдагъэт: Къэбэрдей къуажэ 80-р щIым щыщ ящIыжат. Къэбэрдейм и махуэр къапэплъэрт Дагъыстэнми, Шэшэнми, КъухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэ лъэпкъхэми. Ауэ урыс генералхэм зэрагугъауэ Кавказыр къэзэуныр псынщIэу зэфIэкIакъым, зауэр кIыхь-лIыхь хъуащ.
Зауэм нэхъ псынщIэIуэу кIэ иратын папщIэ Урысейм и Iэтащхьэхэм мурад ящIащ адыгэхэр я щIыпIэм ирагъэкIыну: е Уэсмэн империем Iэпхъуэн, е Урысейм къахуигъэлъагъуэ тафэ щIыпIэхэр псэупIэ ящIын. Ар къызыгурыIуахэм я унагъуэр, мылъкур Тыркум ягъэIэпхъуэу хуежьащ.
Урысейм къилъытащ ар зауэм икIэщIыпIэкIэ ухынымкIэ Iэмалу, IэмалыфIу. 1862 гъэм Уэсмэн империем унагъуэ щибгъурэ плIыщIрэ зы Iэпхъуащ. Ауэ ИстамбылакIуэкIэ зэджэ гъуэгуанэ гуузым гупышхуэу щытеувар 1863-1864 гъэхэрщ.
Урыс сэлэтхэм ихъуреягъкIэ къаувыхьа адыгэхэм я уни, я лъапси хыфIадзэурэ тенджыз ФIыцIэ Iувым я щхьэр яхьырт. ЩтапIэ ихьэжахэр кIуэдыкIейуэ тенджыз Iуфэм щызэтрихьат.
Ахэр Тырку кхъухьхэмкIэ тенджызым зэпрашыну къагъэгугъати,къэзыгъэгугъа Уэсмэн империем и унафэщIхэр игъэгужьеижат.
ИстамбылакIуэм щыгъуэ тенджызым мин бжыгъэкIэ адыгэхэр хэкIуэдащ, абыхэм я хьэдэхэр бдзэжьейхэм Iус яхуэхъуауэ щытащ. Арауэ жаIэ тенджыз ФIыцIэм Iус адыгэхэм бдзэжьей щIамышхыр. Абы и закъуэкъым, кхъухьым ежьэурэ щIыIэ къатехъуэри цIыху куээд щIыIэм иукIащ.
1900-1902 гъэхэми истамбылакIуэхэр увыIакъым. А илъэсхэм Къэбэрдейм иIэпхъукIащ цIыху мин бжыгъэ куэд. Иджыпсту теншкъым ИстамбылакIуэ гъуэгу мыгъуэжьым техьахэм я бжыгъэр къэпхутэжыну. Ауэ Къэбэрдей адыгэу, зэратхыжымкIэ, мин 60-м нэсым я хэкур ябгынащ.
Урыс пащтыхьым и блэгущIэтхэм зэратхыжамкIэ, 1858 гъэм щыщIэдзауэ 1864 гъэ пщIондэ, Тыркум ираша адыгэхэм я бжыгъэр мин 398955-м нос. 1864 гъэ къудейм цIыху мин 342748 ирашащ.
Зауэм и кIэр хьэдагъэщ. А хьэдагъэр зэпыуакъым куэдрэ. Зэпыуакъым адыгэ цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ я нэпсыр. Ужьыхакъым а мафIэр, лъымэм игъэудэфа зауэлIхэм ягъэтIылъакъым я джатэр, яхуэлIыр ялIри къелар хэкум ирахуащ. Аращ тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Тхыдэм зыпхуегъэхъуэжынукъым. ЦIыхум пэжыр ищIэн хуейщ. Ди адэжьхэм, абыхэм я адэжхэм ди хэкужьыр, ди лъэпкъым и нэгу щIэкIа псори утыку къилъхьапхъэщ, дяпэкIэ апхуэдэ гуIэгъуэ къэмыхъужын, лъэпкъхэр зэпэщIэмыувэн, зэрыIыгъын папщIэ.
Шэрджэсым щыщ Али-Бердыкъуэ къуажэшхуэм ипщэкIэ ущыдыхьэкIэ, гъуэгум и ижьырабгъумкIэ, Iуащхьэжьым тетщ мывэ сын. Адыгэ Хэкур яхъумэжу Кавказ зауэжьым зи щхьэ хэзылъхьа, зауэм къахуигъэна гуауэмрэ гуIэгъуэмрэ ирахужьэу Истамбыл гъуэгужьым текIуэда адыгэхэм я фэеплъщ а сыныр. Мывэ сыным и лъабжьэм мыпхуэдэу кIэщIэтхэжащ:
«Щхьэхуитыныгъэм щIэзэухэ! Фадэплъей адыгэхэм! Ахэр щапхъэ фхуэхъунщ!»
Карл Маркс.
А фэеплъыр зигу къэкIар щIалэщIэщ, илъэс 27-рэ зи ныбжь Хутэхэ Мышэщ. Апхуэдэ щIалэ губзыгъэ куэд лъэпкъым диIамэ, ди пщIэр зэикI ехуэхынутэкъым.Ауэ итIани жыпIэ хъунукъым адыгэ лъэпкъым и пщIэр лъахъшэу. Бгырысхэм къемыхъуапсэ гъуэтыгъуейщ. Адыгэхэр нобэ къэралыгъуэ 48-м щопсэу. Ауэ ахэр абыхэм дежкIэ хэхэсщ, хамэщ. Абы къыхэкIыу я гур адэжь щIыналъэмкIэ щыIэщ. Мылъкуракъым къулеигъэр, хъуапсапIэр, гъащIэр зыгъэдахэр. АтIэ, уи щIыналъэрщ, уи лъэпкъ, уи къуэпс здэщыIэ щIыналъэрщ. Ахэр абыхэм зэкIэ япэIэщIэщ. Алыхьым ещIэ я гур здэщыIэм я лъэр щынэсыжын. Ауэ итIани «Гур здэщыIэм псэр мэкIуэж», – жаIэ.
Е 18-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щIидза Кавказ зауэр екIуэкIащ илъэсищэм щIигъукIэ. Абы и лъы защIэ напэкIуэцIхэм иджыри къыздэсым тхылъеджэм и гур егъэпIейтей. Генерал Засс жиIауэ щытыгъащ: «Я их вывариваю, очищаю и рассылаю по разным анатомическим кабинетам к друзьям моим – профессорам в Берлин». Мыбы зи гугъу ищIыр адыгэ зауэлI яукIахэм я щхьэхэрт.
Я дэ ди Тхьэ, сыту куэд дэкIа абы лъандэрэ, сытуи куэдкIэ зихъуэжа дунейм! ГъащIэмрэ хымрэ зэрагъэщхь, абы пэж хэлъщ. Хыр къэукъубеймэ, псори зэIурегъэлъадэ, зэIурегъэлъадэри мэжэщIыж. Псыр жэщIыжамэ, пшахъуэ псыфым къытенэр псыинащ. ГъащIэри апхуэдэщ. ЦIыхухэр къызэроIэт, зэроукI. Лъэпкъышхуэм нэхъ цIыкIур хиутэнущ, зэтриукIэнущ – къанэр жыIэщIэ ищIынущ.
ИлъэсищэкIэ зилъ ягъэжа адыгэхэм къытщыщIар гуауэм и гуауэжщ. Ахэр гущIэгъуншэу лъэщIыгъэкIэ зэтраукIа къудейкъым, атIэ къэна мащIэри пагъэкIащ езыхэм апхуэдизу псэемыблэжу яхъума я адэжь хэкум. Нобэ дунейм и щIыпIэ куэдым щикъухьащ ди лъэпкъэгъухэр. Языныкъуэ щIыналъэхэм ахэр щыхэпсыхьыжынкIэ шынагъуэ къыкъуэкIащ, езыхэм плъапIэуи хъуэпсапIэуи яIэ Кавказым зэрыпэIэщIэм къыхэкIыу. Мисс аращ мухьэжырхэм къагъэзэжыным и Iуэхур адыгэхэм, абы и щыIэныгъэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщ щIэхъуар.
Зауэм и кIэм и закъуэкъым хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. Кавказ зауэмрэ истамбылакIуэмрэ теухуауэ ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди лъэпкъыр абы щыгъуэ зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.КIыщIоувэжри, нэм нэпс къыпфIокIуэ…
ИстамбылакIуэ… гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа, къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну тынш?
Хэсшынут сэ гъащIэ лъагъуэр,
СыщыIэжауэ щытамэ си Хэку.
Къесхьэхынут уафэм ит вагъуэр,
Къыщыблэн хуэдэу си Хэку.
ЖысIэнут уэрэд дахащэ,
СыщыIэжауэ щытамэ си Хэку.
Уджыр сщIынут Iэзащэу,
Ауэ къэмыскIэу си нэгу.
Уэсыр сщIынут дыгъафIэ,
СыщыIэжауэ щытамэ си Хэку.
ПсынэпскIэ згъэуфIынкIынут мафIэр,
ЩызэщIэмынэжын хуэдэу си Хэку.
ЩIылъэм зесхьэнур гуфIэгъуэт,
СыщыIэжауэ щытамэ си Хэку.
КъысхуащIми здэнут дагъуэ,
Сыщалъхуа сыкIуэжамэ Хэку.
МахуэлI Беслъэн,
Налшык къалэ,
егъэджакIуэ
***
Гуауэм игъэдия гу (1. Bölüm)
«Дэнэ щыIэ сыкъызэрыбгъэгугъа хъугъуэфIыгъуэхэмрэ гъащIэ нэжэгужэмрэ? – щэхуурэ сыкIэлъопсалъэ абы. – Дэнэ щыIэ сэ жыIэзыфIэщыр сызэрыпхьэхуауэ щыта унэ зэгъэпэщахэмрэ машинэхэмрэ, псы Iуфэ дыгъэ зегъэупIэхэмрэ жьым къигъэбырыба парусхэмрэ? СыкъэбгъэпцIащ, балигъ сызэрыхъурэ сызыщIэхъуэпс дахагъэу гъащIэм хэлъым сыхэбгъэкIыжащ…» Ауэ абы сэ сызэхихыркъым – зыми зыхимыщIыкIауэ фIыуэ къэзылъагъуаи дунейм темыту, хуэмурэ ди унэбжэр Iуихри, гъэ минхэм щхьэпрыбэкъукIщ, дунейм и гъунэм щыIэ вагъуэбэ псыхъуэ кIыфIым дэгъуалъхьэри и пIэм ижыхьащ. Си псалъэхэр абы жэщыбгым кIэлъыщIыхьэщ, блэ щIыIэу и гу лъабжьэ дыдэм кIэщIэгъуалъхьэри, игъэузу зэхилыпщIыхьащ.
Гуауэм игъэдия нэхэмкIэ блэкIам ухэплъэжыныр хьэлъащэщ, – псы шыугъэм си напэр ес, гупсысэхэр зыр адрейм ирегъэкIуэт, си щхьэр схуэмышэчын хуэдизкIэ зэгуатхъыу. Нэрымылъагъу шынагъуэжьхэм я къугъ макъыр пэш кIыфIым щIэз мэхъу, бжэ нэкъыфIэщI къомым нэзмыплъысауэ щыта пщIыхьэпIэ шынагъуэхэм я кIапэлъапэр къызэрыщIогуэри, абыхэм къыщызощIэ си къуэншагъэр здэщыIэр: вагъуэхэм я сабэ цIум къыхэщIыкIа пхъуантэ цIыкIум дэгъэпщкIухьауэ илъэс къатибгъукIэ щIым уикIыжмэ щыIэ быдапIэ фIыцIэ ныкъуэкъутэм щIэтщ. Къысхуэгъуэтыжынукъым, сылъэIэсыжынукъым, схуэгъэзэкIуэжынукъым…
Абы гу щылъыстар фадэбжьэм я зу макъымрэ гушхуауэ нэжэгужэ щIалэгъуалэм я дыхьэшх макъымрэ ину зыщаIэта зы пшыхьт, Iэнэ къуапэ жыжьэм бгъэдэст, къыздикIари къэкIуа зэрыхъуари – IупщIтэкъым. ИужькIэ си ныбжьэгъу хъыджэбзыр си тхьэкIумэм къиIущащэурэ къызжиIат ар и цIыхугъэфIым зэриныбжьэгъур, къримыгъэблэгъами, къехъуэхъуну къызэрыкIуар и гуапэ зэрыхъуар, тыгъэ лъапIащэ къыхуахьащи, пхужымыIэн хуэдизу щогуфIыкI, ухуеймэ тIэкIуи мэукIытэ. Iэнэм щысхэр мыIейуэ хэчэфати, псори зэщхь хъужат: зым адрейр зэпиудт, кIуэтэху нэхъ гурымыхь хъу гушыIэ мыщIэщыгъуэжхэмкIэ зэпеуэрт, ауэ ар – кIэстум зэфIэт фIыцIэр щыгъыу, бланэрэ и щхьэ хуитыжу – пIалъэ-пIалъэкIэрэ фадэбжьэм хэIубэурэ ткIиягъ хэмылъу къахэплъэрт. Абы и нэ фIыцIитI хуэмурэ зызыплъыхьхэм узыIэпашэрти укъаутIыпщыжыртэкъым: гъащIэм ехьэлIауэ имылъэгъуарэ къыгурымыIуарэ щымыIэу къыпщагъэхъурт, ящIэ хуэдэт дунейм кIэи пэи зэримыIэр, дыкъыщIалъхур, дыщIэлIэжыр, насып дыщIэлъыхъуэр, насыпщIэкъу емышыжу дызэрыщытым дыхьэшхэн дызэрищIыр. ЗыщIыпIэ къикIри, хуабэрэ щабэу нэхугъэ гуэрым си гум зыкъришэкIащ, си псэм зыхещIэ: мыр аращ. КъызэщIэхъеяуэ IэфIу зэрызехьэ си гурыщIэхэм фIэкIа сэ зыри сщIэжакъым ар Iэнэм къыпэрыкIыу хуэмурэ си лъэныкъуэмкIэ къигъазэу къафэм сытришэху. СымыцIыхурэ сысымейуэ зыри бгъэдэлътэкъым: и Iупэ пIащIэ дахэри, зи щIэм ущIэмыплъэф и нэ фIыцIитIри, гур зыгъэмамыр и Iэ хуабэ тегушхуауэ си бгым къеIусэри, ебгъэлеймэ и пщэдэлъ щIыху-хужьыфэр нэхъапэIуэкIэ сэ хуэспхауэ къысщыхъужырт. Псалъэ къызжьэдэмыкIыу зыгуэрхэр жесIэрт, апхуэдэ дыдэу езыми жэуап къызитыжырт. Сызэрыщыту щIалэм сыхэшыпсыхьыжати, зы напIэзыпIэ гуэрым си щхьэр къыдэсхьейри жесIащ: «Ар сэращ», – сэ сызыпэплъэр къанэу нэгъуэщI зыгуэр къыспидзынкIэ зы гурыщхъуи симыIэу. Си Iэр и дамэм къытрихри ба къыхуищIащ. «Сэ занщIэу укъэсцIыхужат», – къызжиIащ щэхуу. А пщыхьэщхьэм дэ афIэкIа псалъэ зэжетIакъым, емыкIу къэтхьми, ди хъуреягъым щысхэр къидмыдзэжу, Iэнэр зи кIыхьагъым дызэпрыплъурэ дызэплъу дыщысащ.
Псоми зэбгрыкIыжыну зыкъыщаIэтыжым, ар къызбгъэдыхьэщ, псалъэншэу и Iэпэхэр сысейм къыхигъэлъадэри и машинэр здэщытымкIэ сришэжьащ. ЗыкъэсщIэжыну, нэгъуэщI мыхъумэ зыгуэрхэм сэлам есхыжыну сыхунигъэсакъым. А жэщым къалэм и уэрам нэщIхэр сымыцIыхуу къысщыхъужат. Машинэм и щхьэгъубжэм блэцIэфтырт уэрам зэв хьэлэмэт цIыкIухэр, сатыру еувэкIа жыг фIыцIэ абрагъуэхэр, гъунэншэу къыпщыхъу губгъуэ Iуахыжахэр, таурыхъхэмрэ уд угъурлыхэмрэ я дунейм сыхишэрт, зэи имыух лъагъуныгъэ закъуэм и хэкум сришэрт. Зи хъуреягъкIэ дзэл къудамэбэхэм жейбащхъуафэу зызыхуагъэщхъ гуэл цIыкIу гуэрым и бгъум, псыежэх нэшэкъашэр къыщыхэлъадэм хуэзэу, машинэр къыщигъэувыIащ. Абдежым тIэкIурэ дыщытащ, тхъэжыгъуэр диIэу зыдукъуэдийуэ, дуней иджыри къэмыушам и ныбжьхэр зэпэтплъыхьу, фадэм нэхърэ жэщ хьэуам и мэ гуакIуэм нэхъ чэф дищIу. ИтIанэ, зыгуэр щхьа дыдыхьэшхыурэ, бдзэжьейхэмрэ хьэндыркъуакъуэхэмрэ я жэщ гъащIэм зэран дыхуэхъуми, Iэуэлъауэ едгъэщIыу лъэмыж цIыкIум дызэпрыжауэ, зи гъунитIми тIысыпIэхэр къегъэувэкIа, удзым щIихъумэжа псыIущIэм деж къыщыткIухьрт, езыр псалъэрт, псалъэрт.
Абы япэкIэ дунейм и ухуэкIэм, лъагъуныгъэм и къарум, цIыхум и угъурлагъыр къызыхэкIым и гугъу сэ зэи зы щIали къысхуищIатэкъым. ЦIыхухъухэм пщэрылъ щхьэхуэ яIэу дунейм зэрытетым, абыхэм ар ягъэзэщIэнымкIэ дэ дадэIэпыкъун нэхъыщхьэ къызэрытлъымысым, бын къахуэтлъхун, гуауэри гуапэри ядэдгуэшын зэрыхуейм. Апхуэдэ къалэн гуэшыкIэр си псэм къимыщтэ пэтми, сэ сыхьэзырт а зым, а зы закъуэм фIэкIа нэгъуэщI зыми и Iуэху къысхэмылъу сыпсэуну. Абы и псалъэхэм лъагапIэ гуэрхэм сыдахырт, сымыцIыху щIыпIэ жыжьэхэм сахьырт, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху бэлыхь гуэрым сыхэпщIауэ къысщыхъурт, ухуеймэ сриукIытэжырт си хъуэпсапIэхэм зыкъом лъандэрэ унэ къулей, хьэпшып дахэ, зызэрагъэщIэращIэ лъэпсейхэм фIэкIа къыхимыубыдэжу зэрыщытам. Си зиусхьэну къэслъытэу сыбгъурыувэу дэнэ сишэми сыкIуэну сыхьэзырт, си унафэр и IэмыщIэм зэрилъым зы шэчи къытримыхьэу, и IэхэмкIэ си щхьэр иубыду, сытригъэгушхуэ хуэдэу, си Iупэ дзакIэхэм ба къыщыхуищIам.
Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэр къызэхъуапсэу хьэгъуэлIыгъуэм дыхуэзыша ди лъагъуныгъэр нэхъри къыщытIэпIат мазищ дэкIа нэужь дыздэкIуа тенджыз Iуфэм Iут къалэ цIыкIум. Абы сызыдиша уэрамым жыгыр щыкуэдт, мывэкъалэхэр хужьт, удз гъэгъа екIухэр гуэрэнурэ къызэгъэтIысэкIа унэхэри апхуэдэ дыдэу хужьт. ПщIантIэхэм языхэзым дыдыхьэри, лIыжь-фызыжь гуапэхэр къытпэплъэу къыщIэкIати – чырбыш ущыкъуея зытекIута лъэс лъагъуэм дытету и бгъуитIми егъэкIэкIа жыгхэм дапхырыкIри зыгъэпсэхуакIуэ щIагъэсыну къыпащIыхьа пэшым дыщIыхьащ. Тхьэмахуэ телъыджитI щыдгъэкIуащ тенджыз Iуфэм. Сыту дахащэ мы дунейр, сегупсысырт сэ, сыту дахэ зыгуэрым щIэхъуэпсу, хуеIэу абы тет цIыхухэри. Псори зэпилъытат дунейр къэзыгъэщIам, сэ схуигъэхьэзырар уасэ зимыIэ тыгъэт – фIыуэ слъагъу цIыху. Сыту сфIэфIт хуэспщэфIа ерыскъыр щишхкIэ сеплъу сыщысыну, Iуэхутэкъым мыжыжьэу щыт тыкуэным къыщызгъуэта тхылъымкIэ зызгъэсауэ ар си щыпэ пщафIэу щытми. СфIэфIт бэзэрым, уасэм щхьэкIэ дауэ зищIу зыщэхэм ядэгушыIэжу, ящыгуфIыкIыу щытетым, седэIуэну. СфIэфIт и псы есыкIэм сыкIэлъыплъыну, къыхэкIыжырти, жиIэ щымыIэу пшахъуэм хэлът, зыгуэрым егупсысу, сэ и Iэпкълъэпкъ псыфым Iэ дэслъэурэ жесIэрт: сэ зыращ уэ узейр! А махуэхэм зыхэсщIат ди лъагъуныгъэмрэ дыгъэ нэбзий щабэмрэ ягъафIэ гуэр си гу щIагъым къызэрыщыушар.
Куэд дэмыкIыу уафэр зэкIэщIэкIуэтри, дуней кIэншэм къытриутIыпщхьащ нэхугъэр къыпихыу иджыри зы псэ – ди пхъум ейр. Арати дунеижьым и дахагъри, и къулеягъри, и мазэгъуэ жэщхэри, дыгъабэ псыхъуэхэри, бгыхэри, тенджызхэри, зэи мыужьых вагъуэхэри дыдей дыдэ хъуащ. Ди хъыджэбз цIыкIур тIэкIу къыдэкIуэтея нэужь, Iуэхуу иIэр къигъанэурэ, махуэм зэ къыдыхьэжырти, сабийм и Iэхэм ба хуищIырт, кIуэрыкIуэм тету къигупсыса таурыхъ гуэр къыжриIэрт, апхуэдэурэ шэджэгъуашхэ ищIыну хунэмысауэ, псынщIэу дэкIыжырт. Е Iуэху ищIу къыдыхьэжыфынут, и Iэ зэтекъузар псынщIэу зэтрихмэ, жэнэт бзу цIыкIу къилъэту здэкIуар умыщIэу зэрыбзэхыжым иригъэплъын папщIэ. Бзур щэкI бзыхьэхуэ щхъуакIэплъыкIэхэм къыхэщIыкIат, и дамитIри уи фIэщ дыдэ хъун хуэдэу Iуданэ зэIышым щIригъэупскIэрт. КIэстум Iэщхьэм къилъэта бзур и Iэм кIэрегъэубыда пкъыгъуэ кIэрахъуэм псынщIэу ирилъэфэжырт, ауэ лъэтэжауэт къызэрыпщыхъур. Сабийм къыгурыIуэртэкъым пэш гъэбыдам щIэкIыу бзур здэкIуэр, иджыри зэ къригъэлъэтыну елъэIурти, адэми и пхъум и зыщIыкIэр фIэхьэлэмэту, къытригъэзэжт. «Сэ жыжьэ сыкIуэмэ, – жиIэрт, – уи Iэгу цIыкIухэр къэпшиин фIэкIа хуэмейуэ бзухэр къилъэтынурэ си деж нэлъэтэнущ, абыкIэ къэсщIэнущ уи папэ къэбгъэкIуэжыну узэрыкIэлъыджэр».
Сэ куэдрэ къызгурыIуакъым ар зэлэжьыр, ахъшэ къызэрыхэхъуэ щIыкIэр, хэхауэ зы лэжьапIэ иIэтэкъым. Уи нэгу къыпхущIэгъыхьэртэкъым ар пщэдджыжьым сыхьэтибгъум тIысрэ пщыхьэщхьэм сыхьэтих хъуху щысу, махуэ къэс къытригъэзэжурэ зы Iуэху зэрихуэу зыщIыпIэ щылэжьэурэ абыкIэ ахъшэ къилэжьу. Ар бгъэм хуэдэу пщэдджыжьым гъуэм илъэтырти, зыщIыпIэхэм щыщакIуэрт, и шхын зыгуэрурэ къигъэхьэрычэтырт, езэшауэ пщыхьэщхьэм къигъэзэжа нэужь къызэрыдэпсалъэ щыIэтэкъым, къыпщыхъурт махуэм зигъусахэм иджыри гупсысэкIэ яхэту. Ахъшэр Iэнэм къытрилъхьэрти къызэупщIырт: «Мыр ирикъуну?» Сытыр дапщэ иуасэми дэпхуэдэу къэпщэху хъунуми щыгъуазэу фэ теттэкъым. Сытым щыгъуи къысфIдрихьейрт упщIэ: «Сыт зыхурибгъэкъуну узыхуейр? Шхын щхьэкIэ дымылIэным хурикъункIи хъунщ. Ауэ дэ аркъудей хъункъым дызыхуейр, дауэ уеплърэ?» ЖызмыIэми, си плъэкIэмкIэ къыгурыIуэрти, сытригъэуну яужь ихьэрт: «Сэ псори къызгуроIуэ, дэ мыгувэу ди псэуныгъэр зэтеувэнущ, уэ тIэкIу зыхуэгъэшэчыж закъуэ» – сыкъызэригъэгугъар щIигъэбыдэж хуэдэу зыкъызишэкIырт. Ауэ а «мыгувэу» жыхуиIэр къэсыртэкъым.
Зытхар: Мэкъуауэ Амир
ЗэзыдзэкIар: ХьэцIыкIу Рае