КЪЭБЭРДЕЙМ И ХУИТЫНЫГЪЭМ ПАПЩIЭ

0
1389
Дзэмыхь Къасболэт - Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор

ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэ лъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт – бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэкIэт. Къэбэрдеипщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ ягу техуакъым я щIыналъэм быдапIэхэр къызэрыращIыхьыр, къэзакъ жылагъуэхэр къызэрырагъэтIысхьэр.

Мэздэгу быдапIэр Къэбэрдейм къращIыхьа нэужь (1763 гъэм), ар зауэм хэхуащ. Къэбэрдеипщхэр япэуващ я щIыр зэзыпхъуэхэм, ауэ IэщэкIэ яхузэфIэкIаIакъым; Бытырбыху ягъэкIуа лIыкIуэхэми къыхуадакъым Мэздэгу быдапIэр якъутэжын.
Урысеймрэ Тыркумрэ 1774 гъэм зэращIылIа Кючук-Кайнарджий зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм щыщ щIыналъэу ялъытауэ щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абыхэм унафэ тращIыхьащ къэралитIми я IэмыщIэ имылъ хэкум. Къэбэрдейр къыIэрыхьауэ, езым ей хъуауэ илъытэри, урыс пащтыхьым нэхъри къытрикъузащ абы, дзэр къриутIыпщащ, Мэздэгу быдапIэр якъутэжын дэнэ къэна, Кавказ линиекIэ зэджэр Азов нэс яукъуэдиящ: Къэбэрдейм щаухуащ Екатериноградскэ (1777), Георгиевскэ (1777), Солдатскэ (1779), Тэрчкъалэ (1784) быдапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм зэпэIэщIэ ящIын хуейт бгырыс лъэпкъхэр, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэмрэ шэшэнхэмрэ. Генерал Медем и пщэ къралъхьауэ щытащ «бгырысхэм яку дыхьэн, ахэр зыр адрейм ириуштын хуейуэ».

Я щIыр фIаубыд щыхъум, къэбэрдеипщхэр урысыдзэм пэуващ, Марьинскэ, Георгиевскэ, Павловскэ, Ставропольскэ быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ. Абы щхьэкIэ ахэр ягъэпшынащ урыс дзэпщхэм: генерал Якоби къэбэрдейхэм яригъэпшынащ сом мини 10, Iэщ мини 5, шы мини 2, мэл миниплIрэ щитхурэ яфIиубыдащ – урыс быдапIэхэм зэрытеуам щхьэкIэ. Якоби нэхърэ нэхъ тIасхъэтэкъым адрей урыс дзэпщхэри – Медем, Потапов, Цицианов, нэгъуэщI генералхэри. Къэбэрдей лIакъуэлIэшхэр жыIэщIэ ящIын папщIэ, абыхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ зэрызэщагъэхьэным щIэкъу зэпытащ урыс дзэпщхэр. Ищхъэрэ Кавказым ис дзэхэм я Iэтащхьэ генерал Потемкин зэрилъытэмкIэ, «пщы хэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ зэпэщIэгъэувэн хуейщ, ахэр зэгурымыIуэн щхьэкIэ».
1774 гъэм къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ – пщыхэми мэкъумэшыщIэхэми. Пащтыхьым и дзэм зэрахьэ лейр яхуэшэчыжыртэкъым къэбэрдейхэм. Мин зыбжанэ пэуващ урыс генералхэм, абыхэм пашэ яхуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэхэ Исмелрэ Адылджэрийрэ, Къетыкъуэ лъэпкъым щыщ Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ сымэ. Пэува щхьэкIэ, урысыдзэм пэлъэщакъым къэбэрдейхэр, абыхэм я пашэхэр яубыдри хэкум ирагъэкIащ.
1799 гъэм ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрий хэкум къихьэжын хузэфIэкIащ, абы шэрихьэт зауэ ярищIылIащ урыс дзэпщхэм. ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрий дэшэсащ муслъымэн диным и бэракъым щIэт зауэлIхэри, ефэнды Абыкъу Исхьэкъ я пашэу. Лъэпкъым и нэхъы бапIэр зэкъуагъэувэн яхузэфIэкIащ абыхэм, зэрыпхъуакIуэхэм удын зыбжанэ ирадзащ.

1803 гъэм Кисловодск (Нартсанэ) быдапIэр яухуэн щIадзащ урыс дзэпщхэм, Псыхуабэ и Iэшэлъашэхэм къэзакъ станицэхэр кърагъэтIысхьэн щIадзащ. Къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ аргуэру, лъэпкъым и нэхъыба пIэр зэщIэшэсащ. Генерал Глазенап къэбэрдейхэр зэтрикъутащ, къэбэрдей жылагъуэ 80-м щIигъу игъэсащ.

Къэбэрдейм быдапIэхэр къращIыхьын зэпагъэуакъым урыс дзэпщхэм. Къэбэрдейхэр нэхъри дакъузэн щхьэкIэ, быдапIэхэр щаухуэр адыгэ къуажэхэм я гъунэгъуут, абы къыхэкIкIэ адыгэхэм я щIыр кIуэ пэтми къэбзыхьа хъурт, я вапIэхэр, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр яфIэкIуэдырт.

1810 гъэм мэлыжьыхь мазэм Къэбэрдейм къызэригуащ генерал Булгаковым и дзэр. Зауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Шэджэм, Налшык псыхъуэхэм. Мэлыжьыхь мазэм и кIэм Булгаковым гъусэ хуэхъуащ генерал Дельпоццэ и дзэри. Абыхэм ягъэсащ къэбэрдей жылагъуэ 200. Къэбэрдей къуажэхэр зэтригъэсхьа къудейкъым генерал Булгаковым – зэрыхузэфIэкIкIэ ихъунщIащ. Адыгэпщхэм Бытырбыху зэратхамкIэ, генерал хъунщIакIуэм, лъы зэригъэжам нэмыщI, игъэса жылагъуэхэм дихуащ Iэщ 6150-рэ, шы 515-рэ, хыви 125-рэ, мэл мин 44-м щIигъу; Булгаковым икъутащ унэ 9585-рэ, мэжджыти 111-рэ, къутыр мин. Къэбэрдей жылагъуэхэр щихъунщIэм, Булгаковым Iэрыхьащ фоч, сэшхуэ, къамэ, афэ джанэ куэд, гъавэу гу 1420-рэ.

Кавказ лъэпкъхэм къращIылIэ зауэр 1816 гъэм щыщIэдзауэ нэхъри зэщIэплъащ, абы унэтIыныгъэщIэ игъуэтащ – а гъэм дзэпщ къулыкъур и пщэ далъхьащ Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ генерал Ермолов А.П. «Бгырысхэр игъэбэяун щхьэкIэ», генерал гущIэгъуншэм къимыгъэсэбэпа Iэмал къэнэжакъым. Ермоловым зэрилъытэмкIэ, бгырысхэр залымыгъэ защIэкIэ дэкъузэн хуейт, ахэр уи IэмыщIэ пхуиубыдэнутэкъым Iэщэрэ залымыгъэкIэ фIэкI. Абы щхьэкIэ быдапIэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи щыухуэн хуейт, бгырысхэм я щIыр яфIэубыдауэ къэзакъ жылагъуэхэр игъэтIысхьэн хуейт. Аркъудейкъым: я хьэсэхэмрэ я гъавэмрэ бгъэсмэ, бгырысхэр IумпIафIэ хъунут – аращ Ермоловым и дзэм къалэн ящищIар. Дзэр ебэкъуакъым абы и унафэм: Ермоловым и зэманым бгырыс лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, къыкIэлъызэрахьа залымыгъэм гъуни нэзи иIэкъым – а зэманырщ Къэбэрдейм и щIыналъэм и нэхъыбапIэр щыфIэкIуэдар.

1821-1822 гъэхэм пащтыхьым и дзэм бгы лъапэхэм нэс зыщиукъуэдиящ, Балъкъ, Бахъсэн, Шэрэдж, Урыху псы хъуэхэм быдапIэхэр дащIыхьащ, къэбэрдейхэр бгым ираубыдащ, тафэхэм щаIэгъавэщIапIэхэмрэ хъупIэхэмрэ пэIэщIэ ящIащ ахэр. Дзэм и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэм 1822 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 28-м Къэбэрдей линием (Къэбэрдейм иращIыхьа быдапIэхэм) теухуауэ Ермоловым хуитхащ: «Абыхэм къаухъуреихьын хуейщ къэбэрдеищIыр». Ермоловым зэрилъытэмкIэ, къэбэрдейхэм къытраха щIым «ибгъэтIысхьэ хъунущ урыс жылагъуэхэмрэ къэзакъхэмрэ».
Къэбэрдейхэм я щIыр къызэрибзыхьар, зэрафIиубыдар фIэмащIэ хъуащ Ермоловым: лъэпкъ Iуэхухэми лъэпкъ унафэхэми къыхэIэбащ, «ПIалъэкIэ лажьэ Къэбэрдей судкIэ» зэджэр къызэригъэпэщри. Къэбэрдейм и унафэр абы IэщIалъхьащ, къэбэрдейхэм къыхуагъэнар я унагъуэ Iуэхухэм язакъуэщ.

Зи цIэ къитIуа быдапIэхэр я хэкум къызэрыращIыхьам, Балъкърэ Псыжьрэ дэса жылагъуэ куэд зэрызэхакъутам, я лъапсэм зэрырахуам къызэщIаIэтащ къэбэрдейхэр, быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ, Круглолесскэ, Солдатскэ станицэхэр зэхакъутащ. Ермоловыр зэуакIуэ къежьэри, жылагъуэ куэд игъэсащ. Псыжь Iэпхъуа лIакъуэлIэшхэм я IэмыщIэ илъа пщылIхэр «щхьэхуит» хъуауэ игъэIуащ Ермоловым. Генерал бзаджэм абыкIэ и мурадыр гурыIуэгъуэт-лъэпкъыр игъэплъэкъуэнрэ къэбэрдейхэр езыр-езыру зэщигъэхьэжынымрэт ар зэщэр. Пщыхэм я унафэм щIэта мэкъумэшыщIэхэр «щхьэ хуит» хъуауэ илъытэри, Ермоловым пщыхэр къигъэгугъащ Iэщэр ягъэтIылърэ я пIэ итIысхьэжмэ, япэм яIа хуитыныгъэ псори яритыжыну. Ар зи фIэщ мыхъуа пщыхэм Iэщэр ягъэтIылъакъым, Псыжь адрыщI Iэпхъуэри Инжыджрэ Уарпрэ я тIуащIэм зэщагъэбыдащ, абыхэм къэбэрдей хьэжрэткIэ еджэ хъуащ. 1825 гъэм щыщIэдзауэ, къэбэрдей хьэжрэтхэр зэпымыууэ езэуащ пащтыхьым и дзэм.

Пащтыхь правительствэм фIыуэ ищIэрт кавказ бгырысхэр я хуитыныгъэм щыщIэзэу зэманым Къэбэрдейм мыхьэнэуэ иIэр. Урыс дзэпщхэм зэралъытэмкIэ, 1825 гъэм и ужькIэ Къэбэрдейм къару щIагъуэ имыIэжми, абы и пщIэр иджыри щы лъагэт бгырыс лъэпкъхэм я деж, къэбэрдеипщхэр чэнджэщэгъу ящIырт абыхэм, ахэр хуеймэ, бгырысхэр къызэщIаIэтэфынут, унафэр IэщIахами, арат абыхэм уатеплъэкъукI щIэмыхъунур. Къэбэрдейр дакъузэн, я IэмыщIэ ираубыдэн яхузэфIэкIами, урыс дзэпщхэм дзыхь хуащIыртэкъым Къэбэрдейм, ар зауэм хыхьэжмэ, бгырыс лъэпкъхэр нэхъри ерыщ екIуэнкIэ зэрыхъунур къагурыIуэрти. 1846 гъэм хьэкъ ящыхъуащ ар урыс дзэпщхэм: а гъэм и мэлыжьыхь мазэм Дагъыстанымрэ Шэшэнымрэ я Iимам Щамил, зауэлI мин 20 щIыгъуу, КъэбэрдеймкIэ къиунэтIащ, ар гъусэ къыхуэхъумэ, къуршым щхьэдэх Куржы гъуэгури иубыдын, Псыжь адрыщI ис шэрджэсхэми запищIэн мурад ищIауэ.

Щамил и мурадыр къехъулIакъым: Тэрч къэсауэ, дзэшхуэ щыпагъэувым икIуэтыжын хуей хъуащ. Къэбэрдей мэкъумэшыщIэ куэдым зыщIагъуащ Щамил, пщырэ уэркъыуи 37-рэ гъусэ хуэхъуащ, абыхэм яхэтащ къэбэрдей лIакъуэлIэш цIэрыIуэ Анзор Мыхьэмэтмырзэ, ар Шэшэн ЦIыкIум и нэIиб (Iэтащхьэ) ищIащ Iимамым.
Пащтыхь правительствэр игъэгузэващ къэбэрдей куэд Щамил гъусэ зэрыхуэхъуам – Iимамым IупэфIэгъу дэхъуахэм унафэ ткIий тращIыхьауэ щытащ.

Кавказ зауэм зэрыхадзэ лъандэрэ Къэбэрдейр зы щIэбэнар и хуитыныгъэрщ, хэкур зэрыпхъуакIуэхэм я IэмыщIэ зэримыхуэнырщ, и щIыналъэр зэрихъумэнырщ.

ДЗЭМЫХЬ Къасболэт,
тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБКъЩIКъИ-м и директор.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz