Хьэл-щэн нэхъыщхьэм къытекIыркъым

0
1495
OLYMPUS DIGITAL CAMERA

Дызэрыщыгъуазэщи, 2011-2013 гъэхэм Сирием адыгэ куэд къиIэпхъукIыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 600-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ.

Гъыш Ануар и ныбжьыр илъэс 77-м ит пэтми, а лIым жыджэрагъэу къигъэлъагъуэр зыхуэдизыр дымыгъэщIэгъуэн тхузэфIэкIакъым. Уегупсыс зэрыхъунумкIи, ар къызэрыддекIуэкI щэным лъабжьэ нэхъыщхьэу хуэхъур зэрихьэ и адыгагъэрщ, абы къызэщIиубыдэу цIыхум хэлъын хуей хьэлхэм ящыщу зэпIэзэрытыгъэ, нэшхуэгушхуагъэ, нэщхъыфIагъэ хуэдэхэращ.
Махуэ хуабэ цIывыгъуэм жьы нэхъ къыщытщIихункъэ жытIэри, пщIантIэм дэт жыгышхуэм и лъабжьэм псори дыщIэтIысхьащ. Абдежым щызэрихьэлIахэр, зэми тIурытI зитщIыкIыурэ, зэми дызэхыхьэжурэ, дыщызэпсалъэрт. Гъыш Ануар гугъэзэгъэгъуэ гуэр аддэ куууэ къызэрыпкърыкIым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. А щэным дитхьэкъуарэ уэршэрыным дыдихьэхауэ дыздэщысым, Ануар къедгъэIуэтэжащ щалъхуа къуажэр Джолан лъагапIэхэм щисам адыгэхэм яIа псэукIэр зыхуэдар, иужькIэ Дамаск пэгъунэгъуу щетIысэхами я щхьэ кърикIуам теухуа хъыбархэр. Ауэ, а псом я нэхъыщхьэжу, Ануар и гукъэкIыжхэм дэ хэтлъэгъуар мыращ. Ар, ди лъэпкъым щыщ цIыхухэм я нэхъыбапIэр, ахэр дэнэ къыщыщIимыдзами, яхэлъа я адыгагъэм къызэщIиубыдэ хьэл-щэн нэхъыщхьэхэм къазэрыхутемыкIарщ, сыт хуэдэ Iуэху къахулъыкъуэмыкIами, я щхьэм пщIэ хуащIыжыфу къызэрыгъуэгурыкIуарщ.

-Ануар, къэIэпхъуэжахэм ящыщу уэракъэ иджыпсту Благовещенкэ нэхъыжь дыдэу дэсыр? – жытIэу дыщеупщIым, Гъышым къыджиIащ:
-Уэтей ФуIэд и ныбжьыр илъэс 90-м нэблэгъауэ дунейм ехыжащ. Абы иужькIэ, сэрагъэнущ.
ДызэрегупсысымкIэ, Сирием къикIыжахэм ящыщу урыс къуажэхэм дагъэтIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм, Хэкури лъэпкъри къазэрыхуэныкъуэр нэхъри захедгъэщIэн папщIэ, ахэр я гъунэгъу адыгэ жылэхэм къыщаIэт гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэми ирагъэблэгъапхъэт, республикэми щIэх-щIэхыурэ къыщрахьэжьэ щIалэгъуалэ, псапащIэ лэжьыгъэми хэшапхъэт.
Гъыш Ануар Хэкужьым къызэритIысхьэжрэ илъэсиблым щIигъуащ. Зи ныбжь хэкIуэта а лIы бжьыфIэм абазэхэ, къэбэрдей псэлъэкIэхэр тыншу зэрызэдригъэкIуфыр дгъэщIэгъуати:

-Си дежкIэ зэхэдз щыIэкъым: шапсыгъри, бжьэдыгъури, къэбэрдейри, дэнэкIэ щыIэ адыгэри сэркIэ зыщ – адыгэщ, – жиIащ абы.
-Гъышхэ я деж щызэIущIа гупым къытхэтащ я гъунэгъуу къэтIысыжа СтIащ зэщхьэгъуситIри. Абдежым дыщысу дыщызэпсэлъылIэм, абыхэм Сирием щIэх-щIэхыурэ узыщрихьэлIэу щыта нэгъуэщI зы телъыджагъэ гуэри ягу къагъэкIыжащ: ар хьэрыпхэм ящыщу къахэсахэми адыгэбзэм хуэIэзэ къахэкIыу зэрыщытарщ.
ЖыпIэнур арамэ, СтIащ Исам икъукIэ сэбэп къытхуэхъуащ Гъыш Ануар дыщепсэлъылIами, я гъусэу Сирием къикIыжахэм ящыщу, къуажэкIэм щитIысыкIа ЛIымахуэ-Сыжажэ зэщхьэгъусэхэм дащригъэцIыхуами.
«Япэ дыдэрауэ сыт нэхъ фызыхуэныкъуэр?», – жытIэу, къыдбгъэдэсахэм дащеупщIым, Исамщ псом япэу жэуап къыдэзытыжар. Ар зыщIэлъэIуар къызыхыхьэжахэм къатемыхьэлъэну къилъытэхэращ: языныкъуэ унагъуэхэм тIуащIэ-щащIэу яIэ хъуа, зэрамыпэсыж е зэрамыхьэж хьэпшыпхэрщ. Дэ гу зэрылъыттамкIэ, дызихьэщIахэр хуэныкъуэщ шэнтым деж къыщыщIэдзауэ ерыскъыр щахъумэ щIыIалъэ, хьэкъущыкъу хуэдэхэм, хадэм зэрелэжь Iэмэпсымэ, нэгъуэщI-къинэмыщI Iэджэми.
Ауэ Гъышыр къызэщIэнащ:
– Дауэ дызэрылъэIуэнур? – жиIащ абы. – ДоукIытэ. Адыгэм игъащIэми апхуэдэ щэн тхэлъакъым. Сэ куэдрэ сигу къокIыж Джолан дыщисым, адыгэхэм абдежым щыдиIа шхапIэ-зэхуэсыпIэхэм я деж ди лъэпкъым щыщ тхьэмыщкIэ гуэр къыщыувыIэу зэрыщытар. Къра-тIамэ и Iыхьэт, армыхъуамэ, абы и Iэгу ущIауэ зыми илъэгъуатэкъым…

*Прохладнэ щIыналъэ

Къумахуэ Аслъэн

(Адыгэ псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz