Хэкум и лъапIагъыр зыхащIэ

0
1517

Щамым зауэр къыщымыхъей ипэкIэ Хэкужьым къэIэпхъуэжахэм, адэжь щIыналъэм щыIэ гъащIэмрэ псэукIэмрэ я лъапIагъыр, IэфIагъыр зыхэзыщIэ ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ Гъусокъуэ (Куэбл) Раджаб и бынунагъуэри. Унагъуэм нэрыбгитху щIэсщ: зэщхьэгъусэхэм щIалитI къащIотаджэ; къадопсэу зи ныбжьыр илъэс 80-м фIэкIа, Раджаб и анэ Аиша (Дадэхъухэ япхъущ).
Аиша и адэм и адэжращ Хэкур зыбгынауэ щытар. КъэбэрдеймкIэт здикIар. И анэр абазэт. Раджаб и адэр шапсыгъщ, Куэблхэ яйщ.
ЖытIэнщи, Щамым къикIыжауэ, Хьэбэз къуажэм мы зэманым унагъуитху щопсэу. Ахэр зы къуэпсщ, къызэдалъхуахэм я къудамэщ…
НобэкIэ зы унэм щIэс унагъуитхури зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, Хьэгъундыкъуей къуажэм щыпсэуащ.

Гъусокъуэ (Куэбл) Раджаб
Хэкужьыр псэупIэ зыхуащIыну илъэсиблкIэ узэIэбэкIыжмэ гукъэкI ящIу Урысейм къыщихьэжам, Раджаб и унагъуэр щетIысэхауэ щытащ Къэрэшей-Черкесым хыхьэ Хьэбэз районым щыщ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) адыгэ къуажэжьым.
– Дызыщыпсэуа къэралым, Щамым, хьэлэмэту ди Iуэху щытщIэжт, зыми дыхуэныкъуэтэкъым, пщIэ къытхуащIт, лъэпкъ куэд дыщызэдэпсэуми, зэран дызэхуэхъутэкъым.
Хамэ къэрал куэдрэ сыщыIащ, сыщылэжьащ, ахъшэ-бохъшэ я лъэныкъуэкIи гуныкъуэгъуэ сиIакъым. Ауэ, дэ нэхъыщхьэу дызэгупсысар ди сабийхэр, нэхъыжьхэр адэжь щIыналъэ къитшэжыныр, дызэрыадыгэр зыщыдмыгъэгъуэпщэныр, дунейм дыхэмышыпсыхьыжынращ. Зауэм дыкърихужьауи дыкъэкIуэжакъым, къэралми дыкърихуакъым. Дэ Хэкужьыр ди плъапIэт.
Пэжщ, уи гъащIэ псом лъащIэ здыщыпщIа щIыпIэр къэбгъанэу, нэгъуэщI къэрал уIэпхъуэныр тыншкъым. Дэнэ ущемытIысэхми, япэхуным хьэлъэ зэрыхъунури хэткIи гурыIуэгъуэщ. Зыри Iэгу зэIухакIэ къыппежьэнукъым. Аращи, тIэкIу гугъу дехьами, Хэкужьым дыкъызэрихьэжрэ цIыхуу къыддэIэпыкъуар гъунэншэщ, зэран къытхуэхъуакъым, я сэбэп къыдэмыкIамэ. ФIыщIэу яхуэтщIми уасэ иIэкъым, – ирешажьэ ди зэпсэлъэныгъэр Раджаб.
«Гугъу дехьащ» щыжиIэкIэ, Раджаб нэхъыщхьэу къызытеувыIэр къызэрыхьэжа къэралым щыпсэуным хуитыныгъэ къезыт тхылъ Iуэхухэращ. АтIэ, къэралым и цIыху ухъун папщIэ, хабзэкIэ зэбгъэпэщын хуей Iуэхугъуэ куэд щыIэщ.
– НобэкIэ ди унагъуэм «вид на жительство»-щ диIэр. Арами, хабзэм дытету ди дэфтэрхэр зыдогъэпэщ «гражданство» къыдэтхын папщIэ. Тхьэм и шыкуркIи, ди Iуэхур мэкIуатэ. ХабзэкIэ къапщтэмэ, Урысейм и цIыху ухъуныр, гражданствэ къыдэпхыныр IыхьлыгъэкIэщ зэрызэфIэкIыр. Нэхъ гурыIуэгъуэу жысIэнщи, уи анэ – адэкIэщ. АбыхэмкIэ дэфтэрхэр тэрэзмэ, лъэпощхьэпо хэмыту къэралым гражданствэ къыует. Ауэ мы Iуэхур къэзылъахъэр ахэр зэрызэфIэгъэкIыпхъэм ехьэлIа Iэмалхэр, мардэхэр, бгъэдыхьэкIэхэр нэгъэсауэ зэрамыцIыхуращ, абыхэмкIэ Iуэху зэхэщIыкI зэрамыIэращ.
Къапщтэмэ, дыкъыздихьэжа къэралым и хабзэ куэд дэр-дэру зэдгъэцIыхужащ. АтIэ, Урысейм и хабзэм утетын щхьэкIэ, ахэр нэгъэсауэ пцIыхун хуейкъэ?! АбыкIэ ди Iуэхур тынш дыдэкъым. Пэжщ, Адыгэ Хасэри, цIыху щхьэхуэхэри хуабжьу къыддоIэпыкъу, ди Iуэху тхуагъэкIуатэ, дызэкIуалIэхэм я лъэкI къагъанэкъым, – къыпещэ Раджаб.
Ди псэлъэгъум зэрыжиIэмкIэ, и щхьэгъусэм и анэм гражданствэ къратащ. АтIэ, Урысейм и хабзэм зэрытету, щхьэгъусэм и анэм и щIалищымрэ и пщащэмрэ (Раджаб и щхьэгъусэмрэ) гражданствэ къаритынкIэ хуитщ.
– Зэрыщытын хуейр аращи, «вид на жительство» къэралым къыуитамэ, адэкIэ гражданствэ къыуитыным ухущIэкъун хуейщ. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ мы илъэсращ «вид на жительство» диIэ щыхъуар. Иджыри къыздэсым, илъэсиблым щIигъужауэ, ар щIытхузэфIэмыкIам и щхьэусыгъуэр къэралракъым, абы зыри лажьэ иIэкъым. Щхьэусыгъуэр тхылъхэм зэрелэжьынымрэ а Iуэхур къызэрызэрагъэпэщынымрэ IуэхущIапIэхэр зэрыщымыгъуазэр, нэгъуэщIу жыпIэнумэ, зэрыхуэмыхьэзырращ. АтIэ, дэ ди щытыкIэм итхэм яхуэгъэза Iуэху зэфIэхыным ирихьэлIатэкъым, адыгэ куэд къэкIуэжакъым, зэIэбынури къыздыщIадзэнури ящIэтэкъым…
«Вид на жительство» диIэ щыхъум, къэралым «фыкъеблагъэ» къыджиIащ. Иджы, мис, гражданствэм дыпоплъэ. Си щхьэгъусэм и анэм къыIрех. Мазищ текIмэ, Тхьэм жиIэмэ, къратынущ. ИтIанэ, хабзэм зэрыжиIэу, сэ, мазих текIмэ… Иужьым, си анэм естынущ. Аращ системэр зэрыщытри, зыдопщыт, – жеIэ ди псэлъэгъум.
ЕтIуанэу, псэуным ехьэлIауэ хьэлъагъ зыхэлъу Раджаб зи гугъу ищIыр лэжьапIэ, лэжьыгъэ зэрамыIэращ. Арами, гу лъетэ, дуней псом дежи цIыху куэд зэригъэпIейтейр лэжьапIэ зэрамыгъуэтым. АтIэ, Iуэху зыдэмылъ къуажэм деж а лъэпощхьэпор нэхъыбэу зыхыбощIэкъэ… ЗэрыжиIэмкIэ, гражданствэ яIамэ, лъэныкъуэ куэдымкIэ къэралым и щIэгъэкъуэн къалъысынут.
– Супервайзер, аргоннэ сваркэ, инженер нэхъыщхьэ IэщIагъэхэм срилэжьащ, уеблэмэ Щамым деж инженерхэр щезгъаджэт. ИджыкIэ гараж бэджэнду къэсщтауэ, машинэ инхэм солэжь, абыхэм сазэрыкIэлъыплъын хуеймкIэ щIэныгъэ збгъэдэлъщи, ар къызогъэсэбэп, си щIакхъуэ Iыхьэ къызолэжьыж. КъызэкIуалIэIамэ – солажьэ, къэмыкIуэIамэ – лэжьыгъэншэу сыдэсщ… Сыт хуэдэ Iуэху утелэжьынми гражданствэ уиIэн хуейщ…
ЩIыгу тыкъыр е хадэ диIамэ, абыи делэжьыфынт. Пэжщ, абы упылъынми, бгъэлэжьэнми мылъку текIуэдэнущ. Аращи, псори зэкIуэлIэжыр ахъшэ гъущэращ. Мис ар къэлэжьыныр нобэкIэ тыншкъым, – игу къеуэу къыхегъэщ Раджаб. ИтIани къыщIегъуж я IитI зэтедзауэ зэрыщымысыр, я къару къихь зэралэжьыр.
Щамым къикIыу Хэкужьыр псэупIэ зыхуэзыщIа, Хьэбэз къуажэм дэс унагъуитхури зыщIэсыр къатищу зэтет, фэтэр зыбжанэ зыхэт зы унэщ. Раджаб дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Хэкужьым щетIысэха ди лъэпкъэгъухэр къуажэдэсхэм я гулъытэм щIагъэкIкъым. Псом хуэмыдэу, ерыскъыкIэ къазэрыпылъыр жеIэ.
КъинэмыщIауэ, унэлъащIэ хьэпшып жыпIэми, зыри зимыIэу етIысэха унагъуэр зыхуэныкъуэн дэтхэнэмкIи, цIыхухэр хуабжьу дэIэпыкъуэгъу къахуохъу.
Раджаб и зы щIалэ цIыкIум и узыншагъэм нэхъ пылъын къахудохуэри, дохутырхэм хуабжьу зыкъыщIагъакъуэ. ЗэрыжиIэмкIэ, къуажэдэсхэми, лъэпкъым и Хасэми щIыхуэ къатенэкъым. Хэкужьым къызэрихьэж лъандэрэ абыхэм я нэIэм щIэтщ.

Гу лъыдмытэнкIэ Iэмал зимыIэт Раджаб и унагъуэм адыгэбзэр уэр-сэру зэрыщагъэбзэрабзэм. Япэрауэ, зи ныбжьыр хэкIуэта, пIэм хэлъ зэпыт Аиша адыгэ нанэ дыдэщ, зи, Щамым щыпсэуауэ умыцIыхумэ, къыпхуэщIэнкъым Хэкужьым къыщымыхъуауэ. Сабийхэри апхуэдэщ, адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. Арами, адэжь щIыналъэм къыщихьэжам, сабиитIым адыгэбзэ ящIэтэкъым.
– Ди лъэпкъэгъухэм дакъыхыхьэжри, мазитI-щыкIэ сабийхэм урысыбзэри адыгэбзэри уэр-сэру зрагъэщIащ. Абы дыщымыгуфIыкI хъурэ?! АбыкIи хуабжьу сэбэп мэхъу дызыхэсыр зэрыадыгэр, еджапIэр, сабийхэм я ныбжьэгъухэр. Къапщтэмэ, дызыщIэхъуэпсар къыдэхъулIащ – ди быныр адэжь Хэкум, ди лъэпкъэгъухэм дахэсу допI. Ар насыпышхуэщ.


Къуажэм и Iэтащхьэу Туаршы Беслъэн зэрытехьэрэ куэд щIакъым. Арами, къытлъогъуазэ, къытщIоупщIэ зэпыт. «Фызыхуэныкъуэр, нэхъ фызыгъэгузавэр жыфIэ» жери, зыкъытхуегъазэ. Апхуэдэ гулъытэми димыгъэгушхуэ хъукъым.
Мы унэм дыкъыщыкуэшыжам ди хъуржынхэм ярылъ хьэпшыпхэр, щыгъынрат тIэщIэлъыр. Унэр зэтезылъхьам и ныбжьэгъухэр щIыгъуу Iэнэ къытхуашащ, нэгъуэщI си зы ныбжьэгъу щIалэм щIыIэлъэ, адрейм зэрыжьыщIэ Iэмэпсымэ, нэгъуэщIхэми тепIэнщIэлъын, щхьэнтэ… Мис, мы флъагъу псомкIи дыкъызэрагъэпэщащ. Уеблэмэ, Щамым дыщыщыIам нэхъри нэхъ къулейщ ди Iуэхур. Ар зи фIыщIэри цIыхухэращ, ахэр гу хуабэу, псэ хьэлэлу къызэрытхукъуэкIращ.
Дызыщыпсэу къуажэр дахэщ, цIыхухэращи – узыфIэмыкIыжыну гущIэгъулы зыхэлъщ. Нобэр къыздэсам къытпыщIахэщ. Ауэ, къыуатынум упэплъэу, уи жьэр ущIауэ ущысынукъыми, дэри долъэпхъащэ.
Зы зэманкIи Хьэбэз жыпс заводым сыщылэжьащ. Ауэ, лэжьапIэм сепхауэ сыщIэмыкIуэфым щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ: унэм сабий сымаджэ щIэсщ, си анэри Iэрызехьэщ…
ЦIыхуу къыдихьэлIэм ядэтлъагъу цIыхугъэм ди гур игъэкIуэдкъым, дегъэгушхуэ. Мис, иджыкIэ си щIалэ сымаджэм и тхылъхэр сощI, медицинэ и лъэныкъуэкIэ къэралым и дэIэпыкъуныгъэ игъуэтын папщIэ. СызэкIуалIэр къыздоIэпыкъу. ПщIэ зыхуэсщI Щымырзэ Мирэ – дохутыр- психологым деж щегъэжьауэ, дэтхэнэми лъэкI къигъанэкъым ди Iуэхур кIуэтэнымкIэ.
Республикэ къалащхьэм дежи сызыбгъэдыхьауэ зы цIыхум «хьэуэ, пхуэсщIэнукъым» къызжиIакъым. Ди псэр ягъэтынш. Гукъеуэу сиIэр урысыбзэр фIыуэ зэрызмыцIыхуращ. Абы си Iуэху куэд къегъанэ. Ауэ, ди лъэпкъэгъухэм дахэсщ, адэжь Хэку дыщопсэухьри, ар шыкурщ икIи насыпу зэрыримыкъу щыIэкъым! – гушхуэу къыщIегъуж Раджаб.

Зэкъуэшхэр – Хьэрун, Хьусам, Ислъам
– Адыгэхэр къызэрытхуэныкъуэр зыхыдагъэщIащ, псом хуэмыдэу, Къэрэшей-Черкесым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Мыбдеж щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэрымащIэрагъэнщи, адыгэ цIыху къэси и уасэр къагуроIуэ. Хуабжьу къытхуогуфIэ, къытхуэгуапэщ, къытхуогузавэ. ДымэжэлIэнкIэ, щIыIэм дисынкIэ дышынэкъым. Ауэ, анэ-адэ псоми яхуэдэу, ди сабийхэм я къэкIуэным дыщIэмыгупсыс хъукъым, – ирагъажьэ ди псалъэмакъыр зэкъуэшхэм – Хьэрун, Хьусам, Ислъам сымэ.
ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, Хьэбэз къуажэм щыпсэу унагъуитхур зы къуэпсщ, къызэдалъхуахэм я къудамэщ. Хьэрун илъэс куэд мэхъу Хэкум къызэрыIэпхъуэжрэ. Къапщтэмэ, къыдалъхуахэм гражданствэ язытари аращ.
Мыдрейхэр, Раджаб ипэ зы илъэскIэ, Урысейм къихьэжащ. А унагъуэр Раджаб и щыкъухэщ, я унагъуэцIэр Мэхъушщ. Мыбыхэм иджыри зы шыпхъу яIэщ – Мариям. Абы хъыджэбзитI епI. Мэхъушхэ я нэхъыжьыр я анэ Джамилэщ.
Гу зылъытапхъэщи, мы зэрылъху-зэрыпIым псоми гражданствэ яIэщ. Къапщтэмэ, зэкъуэшхэм я нэхъыжь Хьэрун гражданствэ иIэ хъуащ 1998 гъэ лъандэрэ. Ар иджыкIэ и закъуэ мэпсэу, и быныр и гъусэкъым. Раджаб зэрыжиIэмкIэ, езым гуныкъуэгъуэ зыхилъагъуэ Iуэхугъуэращ Хьэруни зыгъэпIейтейр – лэжьапIэ зэримыгъуэтыр, ахъшэ зэрыIэщIэмылъыр.
– Ерыскъыр, щыгъыныр, унэлъащIэ хьэпшыпыр уиIэми, дэфтэр Iуэху къыплъыкъуэкIамэ, псалъэм папщIэ, республикэ къалащхьэм унэсын хуеймэ, гъуэгу уасэ къудейми улъыхъуэн къыпхудохуэ. Пэжщ, щIыхуэ-хьэхуэ жыпIэурэ уи Iуэху богъэкIуатэ. Ауэ, а щIыхуэри улажьэу птыжын хуейкъэ?! – и щыкъу щIалэм хуэгъэзауэ жеIэ Раджаб.
Хьэрун къыкIэлъыкIуэ Хьусамрэ и щхьэгъусэмрэ бынитI – пщащэрэ щIалэрэ зэдапI. ЗэрыжытIауэ, унагъуэм щIэсыр Урысейм и цIыхуу щыткIэрэ, къэралым и дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт. Псалъэм папщIэ, мазэ зыбжанэ хъуауэ дуней псор зэрыува щытыкIэ хьэлъэм къэралым цIыхухэм зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэри мыбыхэм къалъысащ. Я бынхэр еджапIэм макIуэ, адыгэ сабийхэр я ныбжьэгъущ, яхэсыхьащ… Ауэ, унагъуэм и нэхъыжьым лэжьыгъэ хэха зэримыIэм, быныр гугъу ирегъэхь.
Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Ислъам (Исам) и Iуэхур нэхъ хьэлъэу дыхэплъащ. Зэщхьэгъусэхэм щIалитIрэ зы пщащэрэ яIэщ. Пэжщ, унагъуэм щIэсым гражданствэ яIэщ, ахъшэ гуэри кърат, къэралым и дэIэпыкъуныгъи къалъос. Ауэ, мыбыхэми ахъшэ къызыхэкI лэжьапIэ зэрамыIэм и щхьэусыгъуэкIэ, къащIэува я быныр ирагъэджэнымкIэ хуабжьу гугъу йохь.
– Гражданствэ уиIэу, улэжьэну иужь уихьамэ, урысыбзэр Iэмал имыIэу пщIэн хуейщ. Дэ, жагъуэ зэрыхъущи, урысыбзэр тцIыхукъыми, хуабжьу гугъу дохь, лэжьыгъэм зеттыфкъым. Дэ, балигъхэр, дызыгъэпIейтейр зыщ – мы къэралым Iуэху зэрыщыпщIэну бзэр зэрыдмыцIыхуращ. Ди быныр абыкIэ гугъу ехькъым, ди насыпщи.
Къапщтэмэ, дэ япэ щIыкIэ МейкъуапэкIэ дыкъэIэпхъуэри, ди тхылъхэмкIэ абыкIэ хуабжьу къыддэIэпыкъуауэ щытащ. ЖысIэнщи, ди тхылъхэр хьэзыр хъупэу мы хэгъуэгум дыкъынэсат. Тхылъхэр тэрэзти, лъэпощхьэпо хэмыту Къэрэшей-Черкесым гражданствэ щытщIащ. Уи тхылъхэр зэтегъэпсыхьамэ, зы махуэкIи уи Iуэху къызэтеувыIэнукъым.
АдреймкIэ, япэхуным унэ зэгъэзэхуэжыным дыпыщIауэ дылэжьащ, иужьым IэфIыкIэ тщIыуэ щIэддзащ. Иджыпстуи ди IэрыщIхэм къыщIэупщIэмэ, яхудощI, зыгуэрхэри къыдехьэлIэ. Арами, псэукIэр узэрыхуейуэ хъукъым лэжьапIэ хэха, махуэ къэс хэхъуэ щыуимыIэкIэ.
Си щIалэхэр колледжым щоджэ. Зыр Налшык къалэм щыIэщ. Адыгэ Хасэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ абы общежитэм псэупIэ къыщратащ. Пщащэр Черкесск къалэм махуэ къэс кIуэурэ щIэныгъэ щызрегъэгъуэт. А псоми гъуэгу уасэ токIуадэ. Ахъшэ къыпхуэзыхь лэжьапIэ щыуимыIэкIэ, быныр зыхуей хуэбгъэзэныр гугъу мэхъу. ЗэрыхъумкIэ, ныбжьыщIэхэм я еджэныгъэм щIэстын хуей ахъшэр схузэфIэкIынукъыми, схуегъэджэжынукъым.
Пэжщ, гражданствэ зэрыдиIэм къыхэкIыу, къэралым къарит ахъшэр ди сабийхэми къалъысащ. Ауэ, абыкIи Iуэхур зэфIэкIкъым, махуэ къэс зыгуэр ухуэныкъуэщ, еджэным пщIэ щIэптын хуей мэхъу, «коммерческэ» IэмалкIэ ущеджэкIэ. Мазэм сом мин 20 сIэщIэлъын хуейщи, сэркIэ ар мащIэкъым, схузэфIэкIкъым, – игу къеуэу къыхегъэщ Ислъам.
ЖытIэнщи, Мэхъуш зэкъуэшхэм IэщIагъэ зырыз яIэжщ, лэжьыгъэм хуэпхъэрхэщ. Ухуэныгъэм хуэгъэщIащи, апхуэдэ лэжьыгъэкIэ закъыхуэзыгъазэм сыт хуэдэ Iуэхури нэгъэсауэ хуащIынущ. КъинэмыщIауэ, щхьэж зыхуеджа IэщIагъи яIэжщ: Хьэрун библиотекэ Iуэхум хуэлэжьащ, литературэми зрепщыт. Ари усакIуэщ, хьэрыпыбзэкIэ матхэ. Хьусамщи, ухуакIуэщ, унэ кIуэцI къищIыкIыным хуэIэзэщ. Ислъам къулыкъущIэу лэжьащ, машинэ къэгъэщIэрэщIэжыным, лэным хуэIэкIуэлъакIуэщ.
– ЦIыхухэр хьэлэлу къытхущытщ. Ауэ дэ доукIытэ ди щхьэ нэгъэсауэ дызэрыпымылъыжыфым, ди бын зыхуей зэрыхуэдмыгъэзэфым папщIэ, – жаIэ зэкъуэшхэм. – Пэжыр жытIэнщи, ди щхьэ здедгъэзын димыIэу мы хэгъуэгум дыкъэкIуакъым. ТыркумкIи, Къэбэрдей-БалъкъэрымкIи, Адыгэ РеспубликэмкIи дыкъэнэну, дыкIуэну лъэкIыныгъэ диIащ. Уеблэмэ мыбыкIэ дыкъэкIуагъащIэу Абхъазым къипсэлъыкIри дашэну щытащ. Ауэ дыхуеякъым. Ди псэм къищтэу, дыхуейуэ мы щIыпIэм – адэжь Хэку Къэрэшей-Черкесым дыщетIысэхащ. НэгъуэщI щIыпIэ дыхуеплъэкIын ди гугъэкъым. Ди сабийхэм я пщэдейращ дызытешыныхьыр. Абы папщIи тлъэкI къэдгъэнэнкъым, лэжьыгъэ диIэ закъуэмэ. Уи Хэку ущыпсэууэ, ущышхэжыным нэхъыфI щыIэкъым. Ди гугъапIэ нэхъыщхьэхэр зэтпхри дыкъыздэкIуэжа къэралыр, дызыхэтIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэращ, – зыжьэу зэдыжаIэ Мэкъуш зэкъуэшхэм.

Абидокъуэ Люсанэ*

*Сурэтыр Туаршы Беслъэн Трихащ

(Черкес хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz