Адыгабзэ – Adigece – Ekim 2020

0
1771

Псалъэм Псэ Хэлъмэ

Зы гъэсэпэтхыдэ кIэщI. ФІыуэ щхьэприх щІалэщІэ гуэрым зи ныбжьыр хэкІуэта нанэр еупщІат: «А тІу, анэшхуэ уиІэкъэ?» – жиІэри. ЩІалэми, и щхьэр ирихьэхри, къыщІеупщІар къыгурымыІуэщами, зэхэпх къудейуэ къиІущэщащ: «Хьэуэ, сиІэкъым», – жиІэри. «Хъарып цІыкІу мыгъуэ, узеиншэ дыдэти! Уи хьэлыр щаузэхум, щэныр хэзыІуэнтІэжын уиІакъыми», – къыфІигъэкІакъым абы нэхъыбэ нанэм. ЦІыхум хыумылъхьар къыбгъэдэпхыфынукъым. «АнэфІ ипІащ», «адэфІ щхьэщытащ», «нэхъыжьыфІ иІащ» жаІэнущ адыгэхэм, цІыхум далъагъу и фІагъыр къыщыхагъэщкІэ. Адыгэр и щІэблэм сыт щыгъуи хуэсакъыу къэгъуэгурыкІуащ, нэхъыфІыр хуащІэм къыщымынэу, халъхьэнуи хэтащ. Арыххэуи, гъэсэныгъэр унагъуэмрэ лъэпкъымрэ я деж къыщожьэ. Зи гугъу сщIыну сызыхуей цIыхушхуэм гъащIэм къыщехъулIа фIы псори аращ зыхуихьу щытар – унагъуэрщ. Гъэсэпэтхыдэ цIыкIур сигу къыщIэкIыжаращи, анэшхуэм хузэфIэкынур зыхуэдизыр къэзгъэлъагъуэн щхьэкIэщ. Анэшхуэм и ІэфІымрэ и хуабэмрэ тепсэлъыхь пэтми хуэмыухыу, жиІэж пэтми хуэмыІуэтэщІу дунейм тетащ лъэпкъ литературэм и псыпэхэш, адыгэ псалъэр зыгъэлъащэу псэуа тхакІуэшхуэ КІэрашэ Тембот. «Зыгуэрым сызэхищІэххэмэ, зи фIыщIэр къысщхьэщыта си нанэращ. Схэлъыр къысхэзылъхьари схуэзыIуэнтIэжари аращ», – жиІэрт абы.

Тембот къыщыхъуа унагъуэр унагъуэшхуэу щымытами, хабзэшхуэ илъащ. И адэ Мыхьэмэт зэхэзекIуэ иIэу, цIыхугъэкIэ благъэ и куэду дунейм тетащ. Ныбжьэгъу хьэкъкIэ къыщIэмыхуэну фIыт. Тало узыр къэхъейуэ цIыкIури инри лъэрыщIыкI щищIым, лIыр ириудыгъат. Сымаджэм кIэлъызеплъэ и щхьэгъусэр узым къицІалэри, куэд ихьакъым, зэдэлъхузэшыпхъуитIыр – Хъитхъанрэ Темботрэ – къыщIэнэри, дунейм ехыжащ. АнэIэр зытелъэщIыхьхэм яримыгъэхъуапсэу тегужьеикIауэ ящхьэщытащ зеиншэ быным адэри, я анэшхуэ Мазагъуи. Псом хуэмыдэу анэшхуэр сабийхэмкIэ нэхъуеиншэт. Къуэрылъху щIалэ цIыкIум и нэIэ тригъэкIыххэртэкъым: цІыхугъэм хуиущий зэпытт, захуагъэм текІ зэрымыхъунур гуригъаІуэрт, и лъэпкъ и пщIэр иIыгъын зэрыхуейр зэпымычу жриIэрт.
Нанэр цIыху губзыгъэт, зи гулъытэр жан, нэхъыжьми нэхъыщIэми зэхуэдэу псалъи щIыкIи къахуэзыгъуэтыф адыгэ цIыхубз нэст. Сыт хуэдэ Iуэху зэрынари хабзэкIэ зэблигъэкIыфырт, арагъэнущ Мазагъуэ фIэлIыкI иIэу, жылэм Iулыдж къыхуащIу щIыщытар. Нобэр къыздэсым Куэшхьэблэ нэхъыжьхэм жаIэжу зэхэпхынущ зы хъыбар, а нанэр зыхуэдэу щытар уи нэгу кърищIэбгъэхьэну ирикъуну.
Джаур зауэжьыр екIуэкIырт. ЦIыхухъухэр зэуакIуэ щыдэкIкIэ, Мазагъуэ къуажэм къыдэна лIыжь-фызыжьхэр, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ зэщIикъуэрти, Лабэ мэзыжьым иришажьэрти, адэ жыжьэу, щIэх унэмысыфыну иIэ зы бгъуэнщIагъ гуэрым деж щигъэзагъэрт, я мылъкури абдеж щызэтралъхьэрти яхъумэрт. Апхуэдэ зы зыгъэпщкIугъуэ хуэзэри, зыщIэс бгъуэнщIагъым абрэдж гуп щIэуащ. ЛIы гупыр ину щызэрыгъэгуэум, псынщIэу зэрапхъуэу ежьэжын зэрыхуейр жаIэм къыхиубыдыкIащ цIыхубз губзыгъэм. Зэрыпсалъэр абазэхэбзэт, нэхъ пасэхэм яхэсауэ Мазагъуэ а псэлъэкIэри ищIэрти, зэуэ зэрыгъэгужьея цIыхубз быным къахэкIщ, зи цIэ зэхиха лIым бгъэдэлъадэри: «А сызырахьэкIын, си псэр зэзгъэшхын, илъэс Iэджэ ипэ ди къуажэу къытеуэу кIэсу даха уи шыпхъур сэращ, сыкъэпщIэжкъэ, сыту насыпышхуэ уэ мыбы нобэ ущыслъэгъуныр», – жиIэурэ зридзащ. Iэнкун хъуа лIышхуэм хузэхуэгъакIуэу къыщIэкIынтэкъым Мазагъуэ зи гугъу ищI псори, укIытэри икIуэтыжащ. Мыдрейми щIимычэурэ сабий къомыр бгъэдишэрт, мыхэр уи шыпхъурылъхущ, жиIэурэ. Сытми, мыпхуэдэу дыщытмэ, къуажэм щыщ цIыхухъухэр къэсыжынурэ мыхьыр дагъэхьынущ, дыIувгъэкI мыбдеж, жаIэри абрэджхэм я щхьэр Iуахащ. Мазагъуэ апхуэдэ щIыкIэкIэ жылэр къригъэлауэ щытащ.

 
А нанэ лъэрызехьэр удзкIи Iэзэт. Абы къыхэкIыуи, цIыхур я унэ щыпэкIурт, адыгэри, нэгъуейри, урысри щызэблэкIырт. Дохутырышхуэхэм яхуэмыгъэхъужа тетым и щхьэгъусэр къызэфIэзыгъэувэжауэ щытар Тембот и анэшхуэращ. Ныбжьышхуэ къэзыгъэщIа нанэм, ар илъэсищэм щхьэдэхыхункIэ псэуати, IэщIагъэу бгъэдэлъри щIэныгъэу иIэри Тембот бгъэдилъхьэжыну иужь итащ. «IэхъуэгъуэтегъэкIыу узыщыгъуазэм и щхьэпэ къэкIуэнукъым, данагъэм утет хуэдэу аращ, упхрыплъу, къыбгурыIуэу, зыхэпщIыкIыу ущытын хуейщ», – къыжриIэрт Тембот анэшхуэм. ЩIалэ цIыкIуми къыжраIэ псори игу ириубыдэрт.
ЛIыгъуабэу къэна Мыхьэмэт цIыхугъэкIэ игъэблагъэу урыс ныбжьэгъу куэд иIэт. Куэшхьэблэ пэмыжыжьэу щыс Хьэджэмыкъуэхьэблэ, иджы Дондуковскэ станицэкIэ зэджэм, кIуэурэ щылажьэрт ари, Темботи абы здишэ хабзэт. Мыхьэмэт гу лъитащ пщэдджыжькIэ а къуажэм дэт еджапIэм къэзакъ сабийхэр зэрыкIуэм Тембот зэрехъуапсэр. Мыхьэмэт къыгурыIуащ сабийм тхылъыр фIыуэ зэрилъэгъуар, икIи игу ирилъхьащ зэрыхъукIэ а гуращэр абы къыдигъэхъуну. Къэзакъ еджапIэр Тембот и насып къыщимыхьым, пэщIэдзэ щIэныгъэ мащIэ Куэшхьэблэ къыщызэIуаха еджапIэм щрегъэгъуэтри, лIы губзыгъэм, ерыщым, и ныбжьэгъухэр хегъэлIыфIыхьри, Тембот 1913 гъэм Уфа егъакIуэ, егъэджакIуэхэри щагъэхьэзыру а къалэм дэт мыдрисэм щIегъэтIысхьэ. АрщхьэкIэ еджэныр Япэ дунейпсо зауэм къызэпиудащ. Е мыхъу фIы хъужыркъым, жыхуаIэрати, и унэ къэзыгъэзэжа щIалэр и адэм и урыс ныбжьэгъухэм сату IуэхукIэ епха мэхъури, тхылъым пыщIахэм нэIуасэ захуещI, урысыбзэр зрегъащIэ. Апхуэдэурэ Тембот литературэм дехьэх.
Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым, жыхуаIэрати, революцэм иужькIэщ Тембот еджэныр къыщехъулIэр. 1921 гъэм реальнэ еджапIэр къеухри, и зэманым еплъытмэ, щIэныгъэ хъарзынэ зиIэ щIалэр Адыгей облисполкомым и архив хъумапIэм лэжьэну уващ. А зэрылажьэм хуэдэуи, Тембот Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) дэт Политинститутыр къиухын лъэкIащ. Зи щIэныгъэкIэ куэдым ефIэкI КIэрашэр Мэзкуу еджакIуэ ягъакIуэри, абыи Промышленнэ-экономикэ нститутри 1929 гъэм къыщеух.
ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъу Хэкум къэзыгъэзэжа КIэрашэр яхуэмыгъуэтым хуэдэти, IэнатIэ хъарзынэхэр къыхуагъэфащэ: адыгэ газетым и редакторщ, тхылъ тедзапIэм и тхьэмадэщ, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIщ, Краснодар дэт педагогическэ институтым щыегъэджакIуэщ. Ауэ, сыт хуэдэ IэнатIэ иримыхьэкIами, Тембот тхэным епхауэт зызэрилъэгъужыр, икIи пасэуи тхэн щIидзащ. ТхакIуэм куэдрэ игу къигъэкIыжырт мафIэгум пэплъэу Бжьэдыгъукъалэ вокзалым здытетым, «Интернационал» уэрэд цIэрыIуэр тету блыным фIэлъ плакатым и нэр зэрыхуэзар. Абы хэт псалъэхэр зи гум итIысхьа щIалэм ар къретхыкIри, адыгэбзэкIэ зэдзэкIыным похьэ. Мис абдежщ КIэрашэм къалэмыр гъащIэ Iэпэгъу къызэрыхуэхъунур къыщыгурыIуар, икIи, жыIэн хуейщ, а махуэр абы дежкIэ къежьапIэ махуэ зэрыхъуар.
Хэгъэгум зэхъуэкIыныгъэ щекIуэкIхэр умылъагъункIи уапэмыджэжынкIи Iэмал зимыIэти, мис мыбдеж тхакIуэм къыхуэщхьэпэжащ и анэшхуэм къыIурилъхьа адыгэбзэ дахэри, и адэм и фIыгъэкIэ зригъэщIа урысыбзэри, езым къыдалъхуауэ хэлъ гулъытэри. Тхыгъэ зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIауэ, КIэрашэр иужь йохьэ «Шамбул» романым, иужькIэ «Гъуэгу насыпыфIэ» зыфIищыжа тхыгъэшхуэм. Зытепсэлъыхьыр КIэрашэм и лъэхъэнэм зэфIэувэ гъащIэщIэрами, къиIэт Iуэхугъуэхэр зытеухуар коллективизацэр зэрекIуэкIрами, и щIэщыгъуэр имыкIауэ нобэми куэдым фIыуэ ялъагъу а тхыгъэр. Ар гум щIехуэбылIэр, сыт щыгъуи щIищтэр къыщыIуэта хъуа пэжыр къабзэщи аращ, хужьрэ фIыцIэ зэфэзэщу мыхъуу и плъыфэ псомикIи къэгъэлъэгъуа хъуащи аращ. Адыгэм ижь лъандэрэ къыдекIуэкI лIыгъэри, щэнхабзэри, зэхэтыкIэри утыку къыщрилъхьэкIэ, и къэIуэтэкIэм хэлъ фIылъагъуныгъэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым, ауэ щыхъукIи абы гъащIэм къемызэгъыу хэлъыр «дывгъэгъэкIуэд» жимыIэу щытыкIэмрэ щыIэкIэмрэ зэрыхэмызагъэ щапхъэ нахуэхэмкIэ къыщигъэлъэгъуащ.
Щытхъу ин тхакIуэм къыхуэзыхьа а романым къемыджа щIагъуэ адыгэхэм яхэту къыщIэкIынкъым. Гукъинэж ящыхъуа а тхыгъэм 1948 гъэм СССР-м литературэмкIэ и къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ, щIэх дыдэ хамэбзэ куэдкIи зэрадзэкIащ. Дунейпсо литературэм и щапхъэ нэхъыфI дыдэхэм тету тха а романыр КIэрашэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщ къудейкъым, ар адыгэ литературэми и хъугъуэфIыгъуэ ин дыдэхэм ящыщ зыщ.
КIэрашэм иужькIэ итха тхыгъэхэми псалъэ зэгъэпэщыкIэм зэрыхуэIэижьыр къыщигъэлъагъуэн лъэкIащ. «Шу закъуэ» романым фIэкIа нэгъуэщIхэмя цIэ къыумыIуэми, IуэрыIуатэм и IэфыпIэр нэсу зэрызэхищIэр, лъэпкъ тхыдэр гуащIэу и гущIэм зэрызэпишэчыр къыхыумыгъэщын плъэкIынкъым. Еджэр хэту фIэкIа зыкъыщымыхъужу гъэпса мы тхыгъэ гъэщIэгъуэныр блэкIам и зы ныбз къигъэщIэрэщIэжу арами, пщэдейм и гъуджэ хуэдэщ, лъэпкъыщхьэм и дахагъэ псори нобэ умыхъуэмэмэ, абы узэрыхэмыпсэукIыфынур къиIуатэ хуэдэщ. Тыншу щытауэ пхужыIэнукъым Къэрашэм и гъащIэ гъуэгуанэр. Абы и цIэр нобэ щIыжытIэр хузэфIэкIа, къызыхэкIа лъэпкъым хуищIа фIыгъуэ псорами, и анэшхуэм и псалъэхэр сыт щыгъуи игу илъу, и адэм и щапхъэ дахэр дапщэщи и нэгу щIэту къызэрыпсэуари зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Езым и жыIауэ, и гъащIэм гупсэу хэтахэращ и псалъэм псэ хэзылъхьар.
ФIыщIэншэ хъуакъым КIэрашэм и лэжьыгъэр. Абы къыхуагъэфэщащ Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжьым и цIэкIэ щыIэ орденыр (1947), Лениным и цIэр зезыхьэ орденыр (1957), Октябрь революцэм и орденыр (1972), «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр (1982). КIэрашэр Адыгей Республикэм литературэмкIэ и къэрал премием и лауреатщ, Адыгейм и цIыхубэ тхакIуэ цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ.
ЛъэужьыфI къигъэнащ КIэрашэ Тембот, зыхэпщIыкIмэ, гъащIэ гъуэмылэ нэс хъуну. Абы и тхыгъэхэм адыгэхэм ди цIэр, ди лъэпкъым и хьэл-щэнхэр, и лIыгъэр, и псэукIэр зыхуэдэр дуней псом кърагъэщIащ. Езы тхакIуэшхуэр уахътыншэ ящIащ.

Табыщ Мурат,
«Адыгэ псалъэ» газетым и
щIэныгъэ обозреватель.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz