Ди Къуажэхэр: Шэшэн Жамботей

ЛIыгъур Джэвдэт Iугъуртэпэ

Къайсери къалэм 105 километровкIэ пэжыжэщ, Пынарбашы (азей) районым 15 км кIэ пэжыжэщ. Къуажэр Кайсери -Малатя гъуэгущхьаIум тетщ, къуажэм идыгьэкъукъуэкIыпIэм абазэ къуажэу щтауэ нобэ аушэр къуажэу щыт Елъыхъуей (Yukarı Borandere) къуажэр щысщ, абыищхьакIэи ипэм адыгэ къуажэу щтауэ нобэ курт къуажэ хъужа Щэныбей (Eski Yassıpınar) къабгъурысщ, дыгъэкъуэхьапIэмкIэ адыгэ къуажэ Аслэнхьаблэ (Çerkes Karaboğaz) къуажэр щысщ, дыгъэмыхъуэмкIэ абазэ къуажэ Ло кытрэ (Altıkesek) Мэчэнейрэ (Aşağı Kızılçevlik) щысщ. ДыгъэпIэмкэ, Хъуэстхьаблэрэ (Aşağı Karagöz) Махъархьаблэ (Yukarı Karagöz) адыгэ къуажэхэмкIэ къэхухьащ. Къайсэр къалэм афтобускIэ ущежъэмэ Азей (Pınarbaşı) уишэнущ, абы вагзалым маршынэ ущитIысхьамэ занщIэу къуажэм уишэнущ, районым ущитIысхьану маршруткай щыIэщ къуажэм уишэну.
Къуажэр, Урыс-Кавказ зауэ нэужъым тыркум къэкIуэн хъуа 1860-1870 гъэхэм къэкIуа шэшэнхэращ зыуухуар, къуажэм къекIуэлIа шэшэнхэм изныкъуэр ягуэкIри; Cивас къалэм епха Шэшэн Бабыгуэй (Yukarı -Sıçan- Höyük), Кахраман Мараш къалэм епхIэ ЧардаккIэ (Çardak) Iэпхъуэжахэщ, Къэбэрдейхэр шэшэнхэм илъэсипщI иужъкIэ къуэжэкIэмкIэ къэтысащ.

Езэнэрей дуней зэуэшхэм осмэнлы-Урыс зауэм Къарс, Сарыкъамыш мы къуэжэм декIу зэуакIуэ кIуар шу хыщIрэ плIырэ (64) хурт.

БлэкIамрэ, нобэрэ языхуакум цIух куэдым къуажэр ябгынэри дэкIащ, сабий ирагъэджэн яунафэу, къалэхэм заводхэм щылэжъэн, бусиныс Iуэух зырахуэн яунафэу. ДэкIа цIухым инэхъыбэр Къайсери, Истамбыл, щетIысэхау нобэй щопсэур.

Къуажэм цIуххэр къалэшхуэхэм щыIэпхъуэм, къуажэм цIуххэр мащIэ щыхъуащ, сабий мащIэ зэрхьуам папщIэ егъэджапIэхэр зыхуащIыжащ.

Къуажэдэсхэм ялэжъыгъэр Iэщ зехуэнрэ, щIым телэжъыхьынрэщ, псыщIэгъэхьэ щIым кIэтрофрэ, жъэгунтIэрэ хасэ, мыпсыщIэгъэхьами мэш щыхасэ.
Къуажэм щыпсэууэ дэсхэр лIыжъ фызыжъхэращ, щIэлэгъуалэхэр къалэшхуэхэм Iэпхъуау абы щопсэур.

Къайсэр къалэм щыпсэу адыгэхэр Къайсери къалэм, здэIэпыкъуэугъ зыхуэхъуну, уэршэрэугъ зыхуэхъуну зы хасэ Iуахауэ илъэстIощI хьуауэ щызэхосхэр, хасэри ,ахъшэ зыхалъхьэри езбы къащэхужауращ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz