Ди Къуажэхэр: Ло Кыт

ЛIыгъур Джэвдэт Iугъуртэпэ

Ло Кыт (Altıkesek) къуажэр абазэ ашыуэ къуажэщ, узняйлэ ипэдыдэ къетIысэха къуажэщ, Къайсери (Kayseri) къалэм епха Азей (Пынарбашы- Pınarbaşı) районым епхащ. Kъайсери къалэм 87 км, Азей районым 14 км пэжыжэщ, Шэшэн Жамботей, Мэчэней, Къунашей, Аслэнхьаблэ къуажэхэмкIэ къэтIысыхьащ, къуэжэкIуэцIым зэманты (Zamantı Irmağı) зицIэкIэ зэджэ псышхуэр йожэхыр.

Къуажэр Къарачай – Черкеск щыщу инджиг Ло Кыт къуажэм 1859 гъэм (минрэ щийрэ тхущIрэ бгъу) къикIащ. Унэгьуэ хыщIу (60) къетIысэхащ. ЦIух бжыгъэри щиплIщ (400). Къуажэр Ло Якъуб иухуащ. Азей районур ипэдыдэ мэру минрэ щийрэ хыщIрэ щы гъэм (1863) щаухуам Якьуб Бейым и къуэ Ло Махбмуд Бейыр щыпэ мэр хъуащ 1863 гъэм щыщIэдзауэ 1884 гъэм нэсух 22 гъэкIэ мэру тетащ.

Къуажэдэсхэр 1970 гъэхэм щыщIэдзауэ къалэшхуэхэм Iэпхъуэжу щIадзащ, Адана, Анкара, Кайсери, Йстамбыл къалэхэм щыпсэуну яунафэу къуажэр ябгынащ. Къуажэм щыпсэу цIух бжыгъэр 2015 гъэм 67 щ. Унагъуэ бжыгьэри нобэкIэ 15 щ. Къуажэм Дударыкъуэ, Лэхьбэрды, ХьаIупщэ, Къылыч, Мэкэрхэ ипэдыдэ дэкIыжа унагъуэхэращ.
Къуажэм дэт унэхэр лъапсэ, унэ зытету аращ, унэхэм инэхъыбэр чырбышкIэ кьыращIыкIауращ, кьуажэм япсэукIэр, Iэщ зырахуэр, мэл хъушэ зыщыплIрэ жэмрэ зырахуэр, псыщIэгъэхьэ щIым кIэтрофрэ, жъэгунтIэрэ хасэ, мыпсыщIэгъэхьами мэш щыхасэ. Къуажэм щащIауэ дэт мэжджытыр мывэкIэ ящIащ, икIуэцIыр, иунащхьэри хуабжъу зэгьэпэщауэ пхъуэумгькIэ кьыращIыкIащ. Мударей, Бешкъызакъхьаблэ къуажэхэм я мэжджыт щIыкIэр Локъуажэм я мэжджыт щIыкIэр зэщхьщ, ипэдыдэ узняйлэ къетIысэха мы къуажэхэм ямэжджыт щIыкIэхэм язэщхьыныгъэм ящIыгъэр зы азэ и IэщIагъэу ялъытэр.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz