Коронавирус узыфэ зэрыцIалэр спкърыту иджыблагъэ сыщIэлъащ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым къыщызэIуаха госпиталым. Жьыр къыспиубыду, сыкъызэIыхьэри сыкъашат. Узыфэм теухуауэ къекIуэкI псалъэмакъ шынагъуэхэр зэхэпхауэ, уи ныбжьри илъэс 90-м щIигъуауэ щыщыткIэ, уи щхьэм куэд щызыбогъэзахуэ, ухуей-ухуэмейми, гузавэр къыппкърохьэ. Ауэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, си гузавэри си узри сщхьэщахащ сызыпэщIэхуа дохутыр гупым.
СЭ КЪЫЗЭIЭЗАЩ госпиталым и 4-нэ къудамэм и унафэщI Мыщхъуэжь Залинэ. Дохутырым и псалъэм сымаджэм фIэщхъуныгъэшхуэ хелъхьэф. «Умыгузавэ, дадэ, Тхьэм жиIэмэ, узри пщхьэщытхауэ, илъэсипщIкIи нэхъ щIалэ утщIыжауэ унэм удгъэкIуэжынщ. Хущхъуэ уэтхьэлIэнухэр диIэщ, ди жыIэр бгъэзащIэмэ, уи Iуэхур тэмэм хъунущ», – къызжиIащ Мыщхъуэжьым, си щытыкIэр зыхуэдэр зригъэщIа нэужь икIи а псалъэхэмкIэ гугъэ къысхилъхьэжащ. Ар къыщыпщIэупщIэкIэ зыхэпщIэрт и гу щабагъри гумащIагъри.
Сымаджэщым сызэрыщIэлъа пIалъэм къриубыдэу сэ си нэгу щIэкIащ Залини абы и нэIэм щIэту лажьэ гупри жэуаплыныгъэ пылъу я къалэныр зэрагъэзащIэр. Дэтхэнэ сымаджэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуаIэу, арэзы зэращIыным хущIэкъуу, шыIэныгъэ яхэлъу ябгъэдэтщ, упщIэ ептамэ, абы и жэуапри зэхэхауэ къыбжаIэнущ. Абы и щыхьэту зы щапхъэ къэсхьынщ. Ди палатэм, и лъакъуэр иубыдауэ зы сымаджэ нэхъ хьэлъэу щIэлът. Абы дохутырхэм зэрызрагъэлIэлIар, гулъытэу хуащIар уи нэкIэ умылъэгъуамэ, фIэщщIыгъуейщ. ЖыпIэнурамэ, сабий цIыкIум хуэдэу, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъазэу кIэлъыплъащ. Я гугъуехьри хэкIуэдакъым: си къыщIэкIыжыгъуэм ирихьэлIэу сымаджэм хуэмурэ пэшым къыщикIухьу къызэфIагъэувэжат. Мы зэманым абыхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэр къэплъытэ-мэ, сыт хуэдиз фIыщIэ псалъэ яхужыпIэми, мащIэщ.
Мыщхъуэжь Залинэ и псалъэхэр игъэпэжащ. Сыкъызэригъэгугъам хуэдэу, си узыр сщхьэщихауэ унэм сыкъэкIуэжащ. Сохъуэхъу а бзылъхугъэми и лэжьэгъухэми гуфIэгъуэр я куэду, гукъеуэ ямыIэу, я IэщIагъэм и хъер ялъагъуу иджыри илъэс куэдкIэ я IэнатIэм пэрытыну.
(Адыгэ псалъэ)