Iуэху тынш лъыхъуэкъым

0
1370

Коронавирус уз зэрыцIалэр къежьэу, абы пэщIэтынымкIэ республикэм сымаджэщ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщу щыщIадзам, абы щылэжьэну хьэзыру ди лъэпкъэгъу куэд къахэжаныкIащ. Абыхэм ящыщ зыщ Черкесск къалэм дэт жьэн узым пэщIэт диспансерым хэту япэу къызэIуаха сымаджэщым хэгъэзыхь хэмылъу, езыр хуейуэ абы Iухьа медсестра ГъукIэкъул Мадинэ.

Абы Черкесск къалэм дэт медицинэ училищэр 1993 гъэм къиухри, Къэрэшей-Черкес республикэ сымаджэщым сабий реанимацэмкIэ и къудамэм и гуащIэдэкI лэжьыгъэр щригъэжьащ. ИужькIэ, республикэм сабий цIыкIухэр къыздэхъу Унэм и анестезиологиемрэ реанимацэмэкIэ и къудамэм кIуэжащ. Абдеж ар медсестращ, операцэ зыщI гупым яхэтщ, анестезиологми и гъусэщ.

ЗэрыхъумкIэ, илъэс 27-рэ хъуауэ бзылъхугъэр реанимациемрэ анастезиологиемрэ епхауэ мэлажьэ. АтIэ, дауи ар тыншыгъуэ зыщомыгъуэтыну щIыпIэщ. ЦIыхухэр гуныкъуэгъуэ хэзыдза уз зэрыцIалэр къызэрежьэу, зи лэжьыгъэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэ бзылъхугъэр гупсысэм хэмыту, мурад ищIащ цIыхухэм зэрадэIэпыкъуфымкIэ япыкъуэкIыну.

-Сэ Iуэху тынш къэслъыхъуэу сесакъым. Сыт щыгъуи а нэхъ здэмытыншым сыщыIэщ. ИкIи, япэу ковид-сымаджэщым кIуэну хьэзырхэр къыщыхатхыкIым, зыкъэзгъэлъэгъуащ, си лэжьэгъухэри къысщIыгъуу. Дызыхуагъэсар аращ, тхуэщIэри аращ. НэгъуэщIуи хъунутэкъым. Япэу апхуэдэ Iуэху дыпэрыувэну мурад щытщIам, абы ахъшэшхуэ гуэр щIатынуи псалъэмакъ гуэри щыIэтэкъым. Ар си къалэну къэслъытэу ар къудейт,-жеIэ Мадинэ.

Уз зэрыцIалэм епха сымаджэщым дежи, Мадинэ зыщылажьэр реанимацэ къудамэращ. Шэч хэлъкъым, мыбдежми абы и лэжьыгъэр нэхъ гугъуу зэрыщытыр. АтIэ а къудамэращ зи узыншагъэкIэ нэхъ хьэлъэхэр зыщIэхуэр, «ажалымрэ гъащIэмрэ яку дэт гъунапкъэр» здыщагъэунэхур.

Махуэм сыхьэтих чэзукIэ лажьэ медсестрахэм мыбдеж къахудохуэ нэхъ хьэлъэ дыдэу сымаджэщым щыIэхэм якIэлъыплъыныр. Медицинэ хуэIухуэщIэхэм къинэмыщIауэ, сымаджэхэм я къабзагъри, я гъэшхэнри ахэращ къызэзыгъэпэщыр. Мыбдеж къахудэхуэкъым Iуэхуншэу, уэршэру щыщыс дакъикъэ.

Япэу узыр къыщыхъеяуэ щытамрэ иджырэ зэхуэбгъадэмэ, Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, куэдым зихъуэжакъым. Сымаджэхэр иджыри мащIэкъым. Ауэ, гъатхэм елъытамэ, иджыри ныбжь зиIэхэм нэхъыбэу къазэреуалIэр къыхегъэщ.

Сымаджэщым деж медицинэм и лэжьакIуэхэр зыпэщIэхуэ гугъуехьхэм къытепсэлъыхькIэрэ, Мадинэ жеIэ цIыху сымаджэр зэрыгуIэр уи нэгум зэрыщIэтым къинэмыщIауэ, езыхэм ящыгъ, зэрызахъумэ хьэпшыпхэр (СИЗ) зепхьэнри гугъу дыдэу зэрыщытар. Абы есэхункIэ, хуабжьу гугъу ехьахэщ. Уеблэмэ махуэ псом зыIуамыха респираторхэм нэкIухэр трихауэ, тыншу IэбэнымкIэ зэран хъууэ зэрыщытар игу къегъэкIыж. Ауэ, «псоми уосэж» жыхуаIэр пэжу къыщIэкIынщи, ахэри кърадзэжкъым. Уеблэмэ, апхуэдэ зэрызахъумэ хьэпшыпхэр къызэрагъэсэбэпым, ахэр ирикъуу зэрырагъэгъуэтым и фIыгъэу къелъытэ мази 7-м къриубыдэу уз зэрыцIалэр здэщыIэ утыкум итами, ар езым къызэрыпкъырымыхьар.

Къалэнхэмрэ гугъуехьхэмрэ къайбэкIыу лэжьыгъэм пэрытми а лэжьыгъэр щIыхыфIамыдзэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри къегъэлъагъуэ IэщIагъэрылажьэм. Адрейхэм яхуэмыдэу, реанимацэ къудамэм щылажьэ дэтхэнэмкIи насыпышхуэщ зэманыфIкIэ я нэIэм щIэта сымаджэ хьэлъэр хъужауэ щалъагъукIэ.

-Сыт хуэдэ лIэныгъэу мыбдеж къыщыхъури, Iэмал имыIэу, зыхыдощIэ. Сыту жыпIэмэ, цIыхум уосэ. Ар нэхъыбэрэ щIэлъыхукIэ, ар псэкIэ гъунэгъу къыпхуохъу. Пэжщ, нэхъ хьэлъэхэм къару нэхъыби, зэмани ятыбогъэкIуадэ, ахэр нэхъ хуэныкъуэщи.

Зэхэбдзкъым ахэр ныбжькIи, хъулъхугъэ-бзылъхугъэкIи, лъэпкъ къызыхэкIакIи… Ди лэжьэгъуэ пIалъэр дыуха нэужьи, зэхуэтщIурэ сымаджэхэм дащIоупщIэ. Ауэ, ахэр нэхъыфI хъужу интенсивнэ терапие къудамэм ягъэкIуэжу, уеблэмэ хъужыпэу щIыщIатхыкIыжым деж, ар дэркIэ гуфIэгъуэшхуэщ, абы дигу хегъахъуэ,-жеIэ Мадинэ.
Я лэжьыгъэр хьэлъэми, я щхьэкIэ абы фэбжь хахынкIэ зэрышынагъуэми емыплъу нобэ псэемыблэжу лажьэ медицинэм и лэжьакIуэ дэтхэнэми фIыщIэрэ щытхъурэ зэрахуэфащэм шэч хэлъкъым. Апхуэдэу къапэджэж сымаджэхэри куэдщ. ТхылъымпIэм тратхэурэ, телефонкIэ фIыщIэ псалъэхэр къахуэзыгъанэхэр дапщэ? АбыхэмкIэ дэтхэнэ медицинэм и лэжьакIуэри лIыхъужьщ. Аращ зэрыщытри.

(Черкес хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz