Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI

0
1444

Зыпэрыт Iуэхум фIы дыдэу ехъулIэу, зыхэт гупым я деж и пщIэр щылъагэу, сымаджэхэр къыхуэарэзыуэ илъэс 30-м щIигъуауэ медицинэ IэнатIэм пэрытщ Арэмысэ Замирэ. А бзылъхугъэм и лэжьэкIэм, и Iуэху бгъэдыхьэкIэм щыгъуазэ ухуэхъуа нэужь, наIуэ мэхъу абы и IэщIагъэр гукIи псэкIи къызэрыхихар. НэгъуэщI лэжьыгъэ иIэнкIэ хъуну ар зэи егупсысакъым икIи курыт еджапIэр къызэриухыу Налшык къалэ дэт медицинэ училищэм медсестрахэр щагъэхьэзыр и къудамэм щIэтIысхьащ. Егупсысауэ IэщIагъэр къыхэзыха Арэмысэр еджэнми хъарзынэу хэзэгъащ, къыжраIэр, зыхуагъасэ псори фIэхьэлэмэту, нэхъыбэ къызэрищIэнум хущIэкъуу а илъэсхэр игъэкIуащ.

ЕджапIэ нуэжьым ар щылэжьащ Аруан район сымаджэщым урологиемкIэ, неврологиемкIэ и къудамэхэм, Аргудан дэт поликлиникэм. Иужьрей илъэсхэм Замирэ ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щеIэзэ сымаджэщым Лескен районым щиIэ и къудамэм медсестра нэхъыжьу щыIэщ.

Пандемием щытыкIэ хьэлъэм дызэригъэувэрэ дохутырхэм яхь жэуаплыныгъэми хэхъуащ, я лэжьыгъэри куэдкIэ нэхъ гугъу хъуащ. Апхуэдэ къалэн мытыншыр зи пщэ къыдэхуахэм яхэтщ Арэмысэр. Анзорей къуажэм дэт сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэм щеIэзэу къыщызэIуаха госпиталым япэ махуэхэм щегъэжьауэ щыIэщ Замирэ. Медсестра нэхъыжьым къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр иIэщ, IэнатIэм лэжьыгъэр нэгъэсауэ къыщызэгъэпэщыныр куэдкIэ абы елъытащ. Нобэр къыздэсым Арэмысэр и къалэным щемыхъулIа къэхъуакъым, езыр цIыху гумызагъэщи, зи ужь ит Iуэхур тэмэму зыфIимыгъэкIауэ етIысэхынукъым.

Узыфэ зэрыцIалэм апхуэдизкIэ псынщIэу зеубгъури, сымаджэхэм я бжыгъэр махуэ къэс нэхъыбэ мэхъу. Шэч хэмылъуи, медицинэ лэжьакIуэхэм я къалэнми къыхохъуэ. Дохутырым сымаджэм и щытыкIэр къипщытэрэ, ирахьэлIэну хущхъуэр къигъэлъэгъуа нэужь, абы жаIар зэрагъэзащIэр, къудамэм щекIуэкI лэжьыгъэр къэзыпщытэр медсестра нэхъыжьырщ. Замирэ и унафэм щIэт медсестрахэми сымаджэхэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэтыф. И лэжьэгъухэм ар щапхъэ яхуохъу, ямыщIэр яжриIэу, чэнджэщэгъу яхуэхъуу гупым яхэтщ. Сымаджэм и гукъеуэр зыхищIэрэ псалъэ гуапэкIэ игъэгушхуэу апхуэдэщ. КъищынэмыщIауэ, Замирэ епсэлъэн хуей мэхъу сымаджэхэм я благъэхэми. Сыт хуэдизу емышами, лэжьыгъэр хузэтримыхьами, абы телефонкIэ зыкъыпызыщIэхэр жэуапыншэу къыщигъэна къэхъуакъым, шыIэныгъэшхуэ хэлъу дэтхэнэми сымаджэм и Iуэхур зыIутыр зыхэхауэ яжреIэ.

«Арэмысэр зи IэщIагъым фIыуэ хэзыщIыкIщ. ЦIыху гуакIуэщ икIи гуапэщ, гулъытэ зиIэщ, гущIэгъу зыхэлъщ. Абы хуэдэхэрщ медицинэм щылэжьэн хуейр. Ди гукъеуэ етхьэлIауэ абы дыщызыхимыщIыкIа къэхъуакъым, хузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ. Хуабагъэ гуэр къыпкъырыкIрэ и псалъэ дахэхэмкIэ гугъэ къыпхэзылъхьэжыф бзылъхугъэщ ар», – жаIэ Замирэ щылажьэ сымаджэщым щIэлъахэм ящыщ куэдым. Медицинэ лэжьакIуэм и дежкIэ апхуэдэ псалъэхэр куэд и уасэщ. Абы къегъэлъагъуэ ар зыпырыт IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIари хъарзынэу зэрехъулIэри.

(Адыгэ псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz