ХьэщIэщ хъыбархэр

0
1702

КIэрэф Эрол 1953 гъэм къыщалъхуащ Тыркум Къайсэр къалэм епха Жаныкъуей къуажэм. ПэщIэдзэ еджапIэр и къуажэм, курыт еджапIэмрэ лицеймрэ – Къайсэр къалэм къыщиуха нэужь, Анкара къалэм агрономием щыхуеджащ. Пенсием хуэкIуэхукIэ пхъэщIапIэ иIащ.

Эрол унагъуэшхуэ къыщыхъуащ, ахэр зэдэлъху – зэшыпхъуибл мэхъу. Я унагъуэм и хьэщIэщыбжэр Iухауэ зэрыщытам и фIыщIэкIэ и нэгу куэд щIэкIащ, куэди зэхихащ адыгэ лъэпкъымрэ адыгэ хабзэмрэ теухуауэ. Ахэр игъэлъапIэу игу илъти, къытхуиIуэтэжащ. Шэч къытомыхьэу жыпIэ хъунущ тхакIуэм хъугъуэфIыгъуэшхуэ ди зэманым къынихьэсауэ.

2016 гъэм тыркубзэкIэ къыдэкIащ «ХьэщIэщ хъыбархэр» зыфIища тхылъыр. ЩIэупщIэ зэриIэм къыхэкIыу, ар тхуэнейрэ къыдагъэкIыжащ. 2018 гъэм «Хъыджэбз хьэщIэхэр» зыфIища нэгъуэщI зы лэжьыгъэшхуи дунейм къытехьащ.
Адыгэ тхакIуэм и зэфIэкI къэзыгъэлъагъуэ КIэрэф Эрол и IэдакъэщIэкIкIэ иджыри куэдрэ дигъэгуфIэну ди гуапэщ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz