Адыгабзэ – Adigece – Ocak 2021

0
1737

«УгъукIэныр IэщIагъэ къудей хьэмэрэ ар икIи дуней тетыкIэ?»

(Нало Заур и рассказ «ГъукIэкъуэм и лIыгъэ закъуэм» къызэрыхэщымкIэ) 

Дыщэр къызыпыщэщ Iэпэ, къару зыщIэлъ Iэблэ, сытри къэзыубыд нэ жанитI, дахагъэр зэхэзыщIэ псэ, угъурлагъым щIэхъуэпс гу – ахэращ «гъукIэ» псалъэм си гум къигъэкIыр. Апхуэдэущ ХьэIупэ ДжэбрэIил и ныбжьэгъу пажэ Нало Заур хуигъэза усэм къыхэщ Дэбэчрэ Лъэпщрэ я образри къызэрызгурыIуэр. Таурыхъым хэтщ дыгъужьым и макъыр зэзыхъуэкIыф гъукIэ хьэлэмэт. Дэбэчрэ Лъэпщрэ хьэпшып угъурлы куэд гъущIым къыхащIыкIыфу щытауэ адыгэ хъыбарыжьхэм къыхощ. Абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа хьэпшып къаIэрыхьэным щIэхъуэпсыр куэдт. Нало Заур и «Къру закъуэ» рассказым дызыщрихьэлIэ гъукIэ ХьэкIашэ и акъылым и жанагъымрэ и Iэпэм къыпыкI гъущI хьэпшып телъыджэхэмрэ сохъуапсэ. Сэ жаIэу зэхэсхащ зауэ IэнатIэм къыпэрыкI мыхъуу зи гъащIэр зыхьа си адыгэ лъэпкъым гъукIэхэр зауэм ямыгъакIуэу щытауэ. Сыт адыгэ гъащIэм апхуэдиз мыхьэнэ гъукIэхэм щаIэу щIыщытар? УгъукIэныр IэщIагъэ къудей хьэмэрэ ар икIи дуней тетыкIэ?

А упщIэхэм жэуап тэмэм етыныр сэ игъуэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ щэху куэд зыпыщIа а IэщIагъэр си ныбжьэгъухэм къазэрыщыхъур къызэрыгуэкIыущ. А IэщIагъэр къызэхъулIахэр сэ тхьэм хиIэтыкIауэ къэслъытэмэ, си ныбжьэгъу куэдым ахэри къызэрыгуэкI цIыхуу къызжаIэри, сыхуейщ хущIезгъэгъуэжыну.

Сэ сфIэхьэлэмэту сыкIэлъыплъащ гъукIэм ди адыгэ гъащIэм щиубыду щыта щIыпIэм, абыхэм я дуней еплъыкIэмрэ ар адрей цIыхухэм бгъэдалъхьэфу зэрыщытамрэ. Абы папщIэ щIэзджыкIащ Нало Заур гъукIэ IэщIагъэр къызыхэщу итхахэм, ауэ нэхъ сыкъытеувыIащ «ГъукIэкъуэм и лIыгъэ закъуэ» рассказым.

Япэ дыдэу гу зылъыптэр гъукIэ лIыжьыр зэрыпхъашэрщ. Пхъашэ къудей мыхъуу, залыму къыпщохъу. И къуэ балигъыр абы шхуэр къещтэри ешыху еукI.
Абыи къыфIокIри щIалэр зэрыгушхуэ и пащIэр иупсын хуейуэ унафэ хуещI.
КъыкIэлъокIуэри бэлыхьищэ телъу зыIэригъыхьа пщIэгъуалэр и IэкIэ къыздришам имышэжынкIэ Iэмал имыIэу пегъэув.

Псом нэхъ хьэлэмэтыр аращи, и хъуэпсапIэ шыр зэрыIэщIэкIыжыр фIэмащIэу, гъукIэм жеIэ абы саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхур телъхьэ хуищIын хуейуэ.
Аращи, гъукIэр унафэр ткIийуэ зыщI цIыхущ, унафэ зыхуищIыр фIэкIыпIэ имыIэу къедэIуэн зэрыхуейм шэч къытрихьэркъым. А унафэ ищIар зыгъэзэщIэнум абы къыхуихьыну гуныкъуэгъуэри пудыныгъэри къыримыдзэ хуэдэщ. Мы иджыпсту зи гугъу сщIа дэтхэнэ щытыкIэри зэпкърысхыу, къыпщыхъункIэ хъунумрэ къыбгурыIуэн зэрыхуеймрэ зэхэзгъэкIыным яужь сихьэнущ.

Сэ сыкъэскIат гъукIэ лIыжьым зыкъызэкъуихыу Албэч и Iупэм IэщIыбкIэ къеуауэ сыкъыщеджам. Абы ипэкIэ Албэч зэрихьа Iуэхухэм зэрыпэлъэщам сыдихьэхакIэт. Зэхъуэпса шыр зыIэригъыхьэн папщIэ куэдым ягу къэмыкIын, къэкIми яхуэмыгъэзэщIэн Iэмалхэр къигупсысыфат. Сэ къэслъытащ абы акъыл жан иIэу, лIыгъэ хэлъу, апхуэдэ тегушхуэныгъэм и пщIэр къиIэту. Си гупсысэкIэм зыщихъуэжар «Iэбжьанэ фIей» псалъэм къикIыр си егъэджакIуэм къызгуригъэIуа нэужьщ. Сэ «Iэбжьанэ фIей» жиIэмэ къызэрызгурыIуэр и Iэр къабзэу итхьэщIын хуейуэт.

– Iэбжьанэ фIейкIэ упсэуну мурад пщIауэ ара? – жиIэу адэр и къуэм щеупщIым, сегупсысащ: «ЩIыр сэшхуэкIэ къритIыкIыу, ныбафэкIэ къэб тхьэмпэхэм къыщипщыхьу, шхалъэм илъ мэкъум щIэпщхьэу – апхуэдиз бэлыхьым хэта щIалэм и Iэбжьанэм, дауи, фIей Iэджи дэна хъунт. Абы щхьэкIэ апхуэдизу укъэгубжь хъурэ? Хьэмэрэ и Iэр зей имытхьэщIыжыну щхьэ къыщыхъуа?» Апхуэдэ упщIэхэр щызгъэувым, си егъэджакIуэм къызгуригъэIуащ гъукIэм и псалъэм хэлъ мыхьэнэр.
Тхылъ седжэ зэрыхъурэ IэщIагъэ зиIэ дэтхэнэми нэхъ хьэлэмэту къысщыхъут гъукIэхэр. Мы лIыжьым жиIам къикIыр къызгурыIуа нэужьым и теплъэр нэхъри нэху хъуауэ къысфIэщIащ.

Зы лъэныкъуэкIэ сэ Албэч шыр къыщIидыгъуар къызгуроIуэ. Ехъуэпсэщат. Сэри къысхуохуэ лэкъум къэщэхуи шхы жаIэу, еджапIэм сыщыкIуэкIэ къызат ахъшэмкIэ бомбэ цIыкIу къэсщэхуу къыщызгъауэ. Iейуэ сохъуапсэ. Апхуэдэу щысщIами бэлыхь сыхохуэ. Къэзгъэщтахэми къысхуагъэгъуркъым, си нанэм дежи къагъэсыжри, зыкъысхуегъэгусэ. Албэч и Iуэхур нэхъ Iеижщ. КIуэцIакъухьащ, шыри IэщIокIыж. Абы и гъусэуи согупсыс удыгъуэ зэрымыхъунум. Удыгъуэныр напэтехыу зэрыщытыр аращ гъукIэм и губжьыр къызыхэкIри.

Сыт хуэдэ щIыкIэу-тIэ лIыжьыр зыхуейр и къуэм хьэкъ зэрыщищIыр? ЗанщIэу къыбгурымыIуэми, уегупсыса нэужь къыбощIэ сэ Албэч ищIар лIыгъэу къэслъыта щхьэкIэ, къемызэгъыу зэрыщытыр. АтIэ напэтех зыщIар езыри гъэукIытэжын хуейуэ, илэжьа щIэпхъэджагъэр укIытэкIэ ипшыныжын хуейуэ игъэуващ гъукIэм. Албэч и гум щыщIар къыхощ си лэжьыгъэр къызэрызэIусха монолог кIэщIым. Дыриплъэнщ щIалэм батэ игъэшу и хъуэпсапIэр зыIэригъыхьа и гугъэжурэ къикIуа гъуэгу дыдэм теувэжу зэрырикIуэжам. КъыщыкIуэжым иIа гурыщIэхэм хуэдэтэкъым щигъэзэжым иIар. Псом япэу и адэм и щIэнакIэр удыным нэхърэ нэхъ щабэтэкъым. ПщIэгъуалэ ахъырзэманыр щилъагъум, гъукIэм жеIэ:

– ЗэрыжыпIэмкIэ, си щIалэр уэркъ щауэ ухъуащ.

ЩIэнакIэм удыныр къыкIэлъокIуэри, Албэч зимыгъэхъейуэ ари ехь. Псом нэхърэ нэхъ Iейр шыр зэрищэжын хуейри аракъым, зэдыгъуахэм я пщIантIэм дыхьэу я нэгу иплъэн зэрыхуейр аращ. ИкъукIэ гъуэгу гугъусыгъут.

ЦIыхур зыщIэгупсысыжу и щыуагъэр къыгурыIуэжын, абы хущIегъуэжын папщIэ епхьэлIэ хъуну нэхъ хущхъуэ гуащIэ дыдэр ирихьэлIащ гъукIэм и къуэм – игъэукIытащ. Мис мыбдеж фIы дыдэу къызгурыIуащ «си напэр мэс» жыхуаIэм къикIыр.

АдэкIэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ Албэч и лIыгъэр Iэмал хилъхьэу шы къызэридыгъуар зэрыармырар, атIэ лIыгъэкIэ и укIытэр къызэринэкIыу шыр зэришэжар, лей зырихахэм я пащхьэм пэжыр зэрыщыжиIэфар арауэ къызэрыслъытэр. СоукIытэ жиIэрэ, езым димышэжу, шыр пщIантIэм диутIыпщхьэжрэ щIэпхъуэжамэ, ар етIуанэ напэтех хъунут езыми и адэми дежкIэ.

Иджы гъукIэм и IуэхузехьэкIэмрэ бын гъэсэкIэмрэ согъэзэжри, щIэпхъуэжынуи Iэмал иритыркъым абы и къуэм. Саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхур шыр зейм иритыжын хуейтэкъэ?

– Ого, ей-богу, мыр шы и уасэкIэ,- жеIэ къамэр зыIэщIилъхьа къэзакъым.
Ар акъыл зиIэ, дахагъэм хэзыщIыкI цIыхуу къыщIэкIынти, а къамэр зыщIар нэгъэсауэ зэрыIэзэри къыгурыIуащ, цIыху Iейм апхуэдэ IэщIагъэ нэху зэримыIэнури къыхигъэщу къыжреIэ:

– ГъукIэ Iэзэу къыщIэкIынщ уи адэр? Шэч хэмылъуи лIыфIщ.

АдыгэлIым щхьэкIэ «лIыфIщ» жаIэмэ, абы псори къокI. Сэ дауэ къызгурыIуэрэ мы гъукIэм щхьэкIэ «лIыфIщ» зэрыжаIар?

ЦIыхуу щыIэм сэбэп зэрахуэхъу IэщIагъэ иIэщ. IэщIагъэр иIэ къудей мыхъуу телъыджэу къегъэсэбэп, псоми гъэщIэгъуэн ящыхъу хьэпшып дахэ ещI. Абы и щыхьэтщ къэзакъым хуригъэхьа къамэм зэнщIэу зэрихьэхуар. А IэщIагъэм хилъхьэ дахагъэр дунейми щызекIуэн хуейуэ, дэтхэнэ цIыхуми хэлъын хуейуэ къелъытэ. Аращ и къуэм ищIа щIэпхъэджагъэм зей къытримыгъэзэжын хуэдэу щIигъэукIытар. Сэ си фIэщ мэхъу гъукIэр дэтхэнэ щIалэ щыуами апхуэдэ дыдэу хущытыну. Абы къыхэкIыу гъукIэр лъэпкъым я гъэсакIуэуи къысщохъу.

Сыту фIыт иджыри машинэ псынщIэ къэзыдыгъу щIалэгъуалэхэм я адэхэри апхуэдэ дыдэу фIэкIыпIэ имыIэу ящIа емыкIур ягъэзэкIуэжын хуейуэ паубыду щытыжамэ.
Нало Заур гъукIэхэм теухуауэ итхахэм седжа нэужь, а IэщIагъэлI гъуэзэджэхэр щыпсэуа зэманым сыхэтауэ, садэпсэуа хуэдэу, нэхъри си гъунэгъу хъуащ. Къысщохъу си лъэпкъри нэхъ къызгурыIуэу, сызэрыадыгэм гушхуэныгъэ къызиту.

Сэ сыхуейт си ныбжьым итхэр Заур и творчествэм щыгъуазэ хъуну, сэ гъукIэ IэщIагъэм хэслъагъуэр абыхэми халъэгъуэну. ИтIанэ ар сэбэп хъунущ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа IэщIагъэм ахэр щыгъуэзэну, ди нэхъыжьхэм я дуней тетыкIам щапхъэ гуэр къыхахыну.

ЕджапIэм къыджаIэ толерантнэу дыщытын хуейуэ. Мы гъукIэм сыкIэлъыплъа нэужь си гупсысэм нэхъ зиубгъури мыхьэнэшхуэ зиIэ зы Iуэхугъуэ къызгурыIуащ. Толерантнэм къикIыр адыгагъэм зы Iыхьэу хэлъщ. Къэзакъыр нэгъуэщIыбзэкIэ мэпсалъэ, и диныр нэгъуэщIщ, зэрыпсэу хабзэхэри дыдейхэм къытемыхуэнкIи мэхъу. Ауэ лIыжьым дежкIэ нэхъыщхьэр зы цIыхум адрейм лей зэрырихарати, пэжыр зэфIигъэувэжащ, сысейрэ хамэкIэ зэхимыгъэжу. ГъукIэ лIыжьым и щытыкIэм хуэдэ адыгэлI псоми яIауэ къызолъытэ, ауэ гъущIым къыхищIыкIа хьэпшып зэпэщхэр ипсыхьурэ, гъукIэм и хьэлыр пэжыныгъэ, къабзагъэ, дахагъэкIэ псыхьа нэхъ хъуауэ къысщохъури, адрейхэм хэзгъэзэрыхькъым.

Мыпхуэдэу жысIэну сыхуейщ: гъукIэныр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ IэщIагъэщ, гъукIэр и дуней еплъыкIэ зиIэж цIыху дахэщ, зи хьэлыр гъущIым хуэдэу псыхьащ, хабзэм емыбакъуэщ. ГъукIэр зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыжщ, нэгъуэщIхэми пщIэ хуэзыщIщ. ГъукIэр дуней гъэдахэщ, гъащIэр езыгъэфIакIуэщ.

Урыху къуажэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм и 11-нэ классым щIэс Гугъуэтыж Камиллэ и лэжьыгъэ
ЕгъэджакIуэр: Мэрзей Зое Жантемыр ипхъу

***

ІУЭРЫІУАТЭ – ДЫЩЭ ПХЪУАНТЭ (Сэрия 1)

АДЭМ И УЭСЯТ
Зы лIыжь гуэрым къуищ иIэт, жи, щыри зэгурымыIуэу. ЛIыжьым ар егъэлеяуэ игу къеуэрт. И лIэгъуэр къыщысым, щIалищыр къриджэри, бжэ къуагъым къуэлъ жыхапхъэр яритащ:
-Мыр схузэпыфщIыкIыт, си щIалэхэ,-жиIэри.
Нэхъыжьыр жыхапхъэм еIэри хузэпыщIыкIакъым. Курытми жыхапхъэр къищтэри еIащ, арщхьэкIэ абыи хузэпыщIыкIакъым. НэхъыщIэри пэлъэщакъым жыхапхъэм. Щыри зэдеIэри, неIэмал, зыри яхуещIакъым. Жыхапхъэр лIыжьым къаIихри, зэпкърихщ аби, къамыл зырызурэ зэпищIыкIри яхуидзыжащ:
-ЗэхэфщIыкIа,-жиIэри.
Зэкъуэшищым къагурымыIуами, къызыхамыгъэщу:
-Сыт абы зэхэпщIыкIыну хэлъыр?-жаIэри зэплъыжащ.
-А си делэ гуп,-жиIащ лIыжьым,-абы хэлъщ Iущагъэм и Iущагъэжыр: жыхапхъэ къузам ещхьу фызэрыIыгъмэ, зыри къыфпэлъэщынукъым; фызэрымыIыгъмэ, фызэкIэщIачынщи, зырызыххэу фаукIынщ.
Зэшищыр адэм къажриIам хигъэгупсысыхьащ, абдеж щегъэжьауи я зэхуакум псалъэмакъ къыдэхъуэжакъым, жаIэ.

ЗЫ ДЫГЪУЖЬЫМ ВЫЖЬИЩ ЗЭРИШХАР
Еуэри, дыгъужь мэжэлIар мэзым къыщIэплъри, выжьищ хъуакIуэу мэз лъапэм деж щыту къилъэгъуащ. Щхъуэжьыр зыIурыбзаери, лы пшэр ишхыну къежьащ. Выжьищым ар зэралъагъуу, я пхэхэр зэрагъэкъущ аби, я бжьакъуэхэр къагъэпIийуэ уващ. Щхъуэжьыр Джэмыдэ къыбгъэдыхьэри, еIусапIэ игъуэтакъым, Сырыхужь дежкIэ къекIуэкIри, зыбгъэдигъэхьакъым, Бжьэкъурашэ епхъуэну щыхуежьэм, къыжьэхэпыджэри къыIуидзыжащ.
Дыгъужьым и пэ лъакъуитIыр зыщIигъакъуэри къэтIысащ:
-Сыту фыделэ лъэпкъ фэ выжьхэр!-жиIэри.
-Сыт ди делагъэр?-къеупщIащ Щхъуэжьым Бжьэкъурашэ.
-Сэ фысшхыну сыкъэкIуа фи гугъэ? Сэ сымэжалIэмэ, лым я нэхъ IэфIыр мо мэзым щIэзщ.
-АтIэ узыхуейр сыт?
-Сэ зы хуей цIыкIу сиIэщи, -жиIащ Щхъуэжьым,-хъун кIырым щIигъэнащ, абы зыгуэр сшэуэ езгъэшхыну аращ сызыхуейр, гъэужь мыхъу щIыкIэ.
-НакIуэ-тIэ, дышэ!-жаIащ выхэм.
-Ар фи язым хурикъун къудейщ. ФызэгурыIуи фи языр нэвгъакIуэ,-Iэмал хуекIуэу хуежьащ дыгъужьыр.
ХъункIырашхэ кIуэнумкIэ зэгурымыIуэу выжьищыр зэщыхьэжщ, зэзауэри, хьэрэми зэрыщIыжащ. Щхъуэжьыр зыхуеиххэр арати, Бжьэкъурашэ къыбгъэдыхьэри:
-Мо делитIым укъамылъагъуу накIуи уэ шхы а удз бэгъуар,-жиIащ.
Бжьэкъурашэ Щхъужьым жиIам къигъэнэжэгужэри, и ужьым иту ежьащ. Щхъуэжьым ар мэзым хишэри, макIуэ-мэлъей, и псэр хиудри, ишхащ.
Тхьэмахуэ дэкIри, Щхъуэжьыр мэз лъапэм къыщIэкIщ, апхуэдэ дыдэу Джэмыдэ къигъэделэри, мэзым хишащ, и псэ тIэкIур хухиудри, Бжьэкъурашэ кIэлъигъэкIуащ.
Тхьэмахуэ гуэрыр щыдэкIым, Щхъуэжьыр мэз лъапэм къыщIэкIщ, мэз хъун гугъи къыхимыгъэкIыу Сырыхужьыр а здэхъуакIуэм деж щишхыжащ.
Делэ хуэзамэ, дыгъужьри IэмалкIэ Iэзэу къыщIокI, жаIэ.

УЗЭСЭ СЭГЪЕЙЩ
Зыпщ гуэрым пхъу закъуэ иIэти, дыгъэ къепсым нэхърэ нэхъ дахэт, жаIэ. НэгъуэщI зы хэку гуэрми и лIыгъэрэ и хахуагъэкIэ зы пщы щауэ гуэр щыIэти, жаным хьэщыкъ хуэхъури, лъыхъуащ. Лъыхъуа щхьэкIэ къыпрагъэхащ-къадакъым. Аргуэру лъыхъуащ, аргуэру къыпрагъэхащ. ИтIани лъыхъуащ, арщхьэкIэ ещанэми къыпрагъэхащ… Пщым апхуэдиз лъыхъур иужэгъури, игу ирилъхьащ пщы щауэм хузэфIэмыкIын пиубыду игъэбэяуну. Псэлъыхъухэр къыщытрагъазэм, пщыжьым яжриIащ:
-Мы щIалэр апхуэдизу щыерыщкIэ, къэлътмакъ зэпедзэкI кърещти, факъырэ Iус къыхихыу илъэсищкIэ хэкур кърекIухь-къыхихыр и Iусу, къыдэхуар ищэрэ дыщэу игъэтIылъу. Апхуэдэурэ илъэсищым дыщэ пщалъищ зэхуихьэсыфмэ, ар си хъыджэбзым и уасэ хъунщ.
Псэлъыхъухэр нэщхъейуэ къэкIуэжри, пщыжьым къажриIар пщы щауэм лъагъэIэсыжащ.
Пщы щауэр хьэщыкъти, цIутI жимыIэу, къэлътмакъ зэпедзэкIыр къищтэщ, хьэмкIутIей башышхуэр иубыдыжри, факъырэ Iус къыхихыу хэкур къикIухьыну ежьащ. Къыхихыр ишхыу, къыдэхуэр ищэрэ дыщэ ищIу илъэсищыр щIэх икIащ. Апхуэдэххэурэ пщы щауэм и дыщэ пщалъищыр иригъэкъуащ.
Пщалъищ ирикъуа щхьэкIэ, илъэсищкIэ факъыра щхьэкIэ, щIалэм къэкIухьын щигъэтакъым: еуэ къуажэ-къуажэр къекIухь, еуэ факъырэ Iус къыхех, еуэ дыщэкIэ зэрегъэкIуэкI. ЩымыувыIэххэм, зы махуэ гуэрым и ныбжьэгъухэр къыпэуващ:
-Уасэ хъун зэхуэпхьэсащ, иджы аргуэру дылъыгъэхъу узытхьэкъуа хъыджэбзым,-жаIэри.
АрщхьэкIэ пщы щауэр хэгупсысыхьащ. Хэгупсысыхьри:
-Хьэуэ,-жиIащ,-илъэсищкIэ факъырэ Iус къыхихыу хэтам дэкIуэн хъыджэбз щыIэкъым. КъыздэкIуэми, и гум сищтэжыну, си псалъэм еувэлIэжыну? Си насыпым сэгъейр текIуащи, мы сызэса IэщIагъэр схуэгъэтIылъыжынукъым, сыфакъырэщи, сыфакъырэщ!-жиIэри ежьэжащ.
Адыгэм зэсэ и щIасэкъым, сэгъейм ухесхьэ, жаIэри. ЩIалэм и щхьэ кърикIуар куэдым щхьэкIуэ ящыхъуащ, гъэсэпэтхыди яхуэхъуащ. ЗэраIуэтэжымкIэ, пщы щауэр зытекIуэда хъыджэбзым зыри щIэупщIэжакъым.

МЫЛЪКУ НЭХЪЫФI ХЬЭМЭРЭ АКЪЫЛ НЭХЪЫФI
Еуэри, уэ пхуэдэ зы щIалэфI (хъыджэбзыфI) гуэр щыIэ хъунти, Тхьэм и нэфI къыщыхуэри, къеупщIащ, жи:
– ФIыгъуитI ухэзгъэдэнущи, губзыгъэу хэдэ: мылъку нэхъыфI хьэмэрэ акъыл нэхъыфI? Узыхуейр къыхэхи, уэстынщ, – жиIэри.
ЩIалэр зэчэнджэщын иIэтэкъыми, и Iэхъуэ башыр, хьэмкIутIей баш плъыжьышхуэр, хитIэщ, и пыIэжьыр фIидзэри, ечэнджэщащ, еусащ, еупщIыжащ. Зы тIэкIу дэкIри, щIалэм Тхьэм жэуап иритащ:
– ГуащIэри гущIэгъури зейр уэращ, – жиIащ. – Мылъкур уэсэпсым хуэдэщ, кIуэд зимыIэр акъылращи, акъылкIэ сынолъэIу укъызэтэну.
– А уи башым уи пыIэр фIэбдзэу ущенджэщам наIуэт узэрымыделэр, – жиIащ Тхьэм. – Ауэ мылъкур лей хъу щхьэкIэ, акъылыр лей хъуркъым, – жиIэри акъылкIэ къетащ.
Тхьэм къуитыфынтэкъэ акъыл? ЩIалэфIыр Iущ хъури, унащ, мылъкушхуи зэригъэпэщащ. Ауэ, Тхьэм жиIар ищIэжырти, къыдэхуэм, лей хъуми щысхьакъым, жылэм яхуиугуэшащ.
Узэчэнджэщын уимыIэмэ, уи пыIэм ечэнджэщ, жаIэ, уеплъурэ гур зэрехуэри, ущIэдэIукIыурэ щхьэр егъэлажьэри…

Зыгъэхьэзырар
Табыщ Муратщ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz