Шыпшхьэблэ

Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIэ, 1874 гъэм, Тыркум япэ дыдэу щетIысэхахэм ящыщщ Шыпщхьэблэр. Ар къызэзыгъэпэщар Шыпщ Умарщ. Гугъуехь куэдым къыпхыкIа щIалэм мы щIылъэ дахэр щилъагъум, мэзымрэ псымрэ цIыхум дежкIэ лъапIэщ, дэIэпыкъуэгъущ, жиIэри, абдежым къыщызэтеувыIащ. Iэщ куэд къыздихуати, мэзым пхъэ къришурэ зыщIэтын яхуиухуащ. Езыри и гъусэхэри зэхэту щыпсэун унэ ящIащ. Абдежым абы гъусэ пэжу дэщIыгъуар Багъхэщ.

Курывэ лъэпкъыр Хэкум къикIа нэужь, Чэнакъ къалэ Бигэ щетIысэхат. Ауэ абы куэдрэ зыщимыIэжьэу, я малъхъэ Пат Мусэ зыдэс Гоксун Махьмудбей къуажэм Iэпхъуащ. Шыпщхьэблэм и хъыбар зэхихат, езыхэри зэIыхьлыуэ щытти, унагъуэ ещанэу къахэтIысхьащ. Курывэхэри, Багъхэ хуэдэу, абазэхэ лъэпкът, Биданыкъуэхэ ейт.

Абыхэм хъыбар гъэщIэгъуэн яIэщ. Атэлъыкъыу ятауэ щыта щIалэр, и ныбжь щынэсым, шэрхъ щIэту пхъэIэщэгу къратри къагъэкIуэжауэ щытат. Иджы ар вэуэ губгъуэм иту щалъагъум, «гурывэ» фIащат. Иужьым ар «курывэ» хъужри, и унэцIэри апхуэдэу зэхъуэкIа хъуат. Арат Курывэ лэъэпкъыр къызытекIар. Шыпщхьэблэм япэ дыдэу щетIысэхар Курывэ Забитщ и къуэшхэр и гъусэу. Езым и ныбжьыр илъэс пщыкIутху фIэкIа мыхъуауэ, и адэр гъуэгум щаукIат. Къуажэм мэжджытым псалъэмакъ къыщыхъеяти, «нэмэз щащI щIыпIэм фэ фыщызозауэ, фэ фхуэдэ джаурхэм сахэсыфынукъым», жиIэри Щамым кIуэжауэ щытащ. Ауэ Шыпщхьэблэм и къуэшхэу Беймырзэрэ Бэчмырзэрэ къыдэнащ. Ауэрэ Шыпщ Умар и къуэш Къэнэмэт, Хэкум къэна ди мылъкур къэсшэжынущ жиIэри, ежьат, ауэ ари, къыздэкIуэжым, и мылъкур трахри езыр яукIащ. Дзэм хэтт Шыпщхэ ящыщ щIалэ. Абы къихутэщ Къэнэмэт зыукIари, ар къигъуэтри иукIыжат. Куэд мыщIэу къуажэм къыдэтIысхьащ Къумыкъу Махьмуд. Абы иужь иту къэкIуащ и къуэш Зэчрей. Махьмудыр лIащ, и щхьэгъусэр, ар Анзорейхэ япхъут, я къуэ Мухьэмэдыр и гъусэу къэнащ. Жэмыхьэт унафэкIэ Зэчрей а фызым хагъыхьэжащ. Абыи Ахьмэд зыфIаща щIалэр къыхуилъхужащ.
Мухьэмэд хуабжьу цIыху бзаджэу щытауэ жаIэж.

Мухьэмэдым и шыпхъури и малъхъэ Къаншаукъуэ Нурии къахэтIысхэжауэ щытащ.

Шыпщхэрэ Багъхэрэ къуажэцIэм папщIэ зэрызехьащ, ауэ лъэпкъитIыр зэрагъэкIужри къуажэцIэр Шыпщхьэблэу къагъэнэжащ.

Арадзэхэхэ къуажэм япэу дэкIыжащ, здэкIуари зыми ящIэкъым. Абыхэм я псэуалъэр Къумыкъухэ къащэхужауэ щопсэу.

ЦIыху тэмэмхэу, цIэрыIуэ хъуахэу къуажэм дэсащ Шыпщ Камуран, Шыпщ Ауни, Багъ Хьэжбей, Багъ Джахьит, Къумыкъу Уэхьби, Къумыкъу Мухьэмэд, Курывэ Рамзи, Курывэ Сейфидин, Къумыкъу Зекрий, ГуэнэпщIей Ихьсэн, ГуэнэпщIей Рушан, Шыпщ Зия, Курывэ Мукремин сымэ.

Шыпшхьаблэ Кайсери къалэм километр 92, Азей киломери-9, Мараш 150-кIэ пэжыжэу, зэрыудзыфэмрэ кIэртIофыфIымкIэ цIэрыIуэу, унагъуэ 45-рэ щыпсэууэ зы къэбардей къуажэщ.

Адыгэ къуажэ псоми хуэдэу, шыпшхьэблэхэр хьэщIэкIэ гумащIэщ. Шыпщхьэблэ къуажэ цIыкIу щхьэкIэ, Узуняйлэ щIыналъэм щыщу нэхъ джэгу дахэ езыгъэкIуэкI къуажэщ. Азей зэрыпэгъунэгъум щхьэкIэ, «быгъурбащ къуажэу» ялъытэр.

Шыпшхьэблэ и дыгъапIэмкIэ Маргъущей, дыгъэмыхъуэмкIэ Апщохьэблэ, дыгъапIэ-къуэхьэпIэмкIэ Егърсоут (Къэрэшей къуажэ), Голджук (Аушэр къуажэ) къыщысхэщ.
Къуажэр Мараш, Гоксун, Антеп, Урфа узэрыкIуэ гъуэгущхьэIум тетщ, кIуэгъуафIэщ.
Къуажэр мэзыпIэти, пасэ зэман лъандэрэ шы зэрахуэу, Iэщ ягъэхъуу къэгъуэгурыкIуащ. Мэш щыпщIэ хъун щIы я мащIэщ, абы щхьэкIэ псыщIэгъэлъадэкIэ кIэртIоф ягъэкI, я кIэртIофыр цIэрыIуэщ.

Къуэжэ кIуэцIым псы ежэх яIэщ.

Зэман куэдкIэ Азей дэсхэм Шыпшхьэблэ мэзыр къахъунщIэурэ пхъэуэ зыхуэныкъуэр ирашащ. Ирагъэлейри, мэзыр пIащIэ хъуащ, къэралми жыг пыупщIыныр яхуимыдэж хъуащ.
НобэкIэ къуажэм дэсхэм Iэщышхуэ зэрахуэу, бжьэ ягъэхъуу, кIэртIоф ягъэкIыу аращ.
1960 гъэхэм щегъэжьауэ къуажэдэсхэм Анкара, Кайсери, Истамбыл къалэхэм Iэпхъуэжу щIадзащ. Ауэ дэнэ щыпсэуми, шыпшхьэблэ цIыхум ягури, я гупсысэри я къуажэм хуэгъэзащ. ЦIыху куэдым къуажэмкIэ заунэтIыжащ, унэщIэхэр ирагъэщIауэ, гъэмахуэм къуажэм къокIуэжри щIымахуэ пщIондэ дэсхэщ.

ЩIымахуэм къуажэм щыпсэур унагъуэ 35-щ, ауэ гъэмахуэм 100-м нэхърэ нэхъыбэ къызэрогъэхъу.

Шыпщхьэблэ япэ дыдэ еджапIэ къыщызэIуахар 1955 гъэращ. Зи ныбжъ хэкIуэтахэр еджапIэ зэрамыIэм къыхэкIыу щIэныгъэншэу къэнат.

Нобэ Шыпщхьэблэ щыщхэм я процент 70-м университет къаухащ.

Шыпшхьэблэ хуабжъу къуажэ гумащIэщ, зыхэтыкIэ дахэ яIэщ, цIыху щабэхэщ. ГуэгуэжкIэ еджэу къуажэ кIуэцIым къыщыщIэж зы псынэ цIэрыIуэ яIэщ. Мы псынэр цIэрыIуэ зыщIыр зэрыпсынэ закъуэракъым, цIыхухэр абы и Iуфэм щызэхуос, щызэхэсщ, джэгу щрагъуэкIуэкIри аращ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz