Усэхэр: Адыгэбзэ

0
1527

Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж,
Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ,
Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт,
УзиIэу зыми семыфыгъуэ.
УзиIэу зыми семыиж —
АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр:
Сэ уи беягъкIи сыбеижщ.
Адрейхэр сщIэнуи сыхуопабгъэр.
Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут,
И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу,
Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут,
Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр.
ЖызыIэ щыIэщ псалъэгъэху
Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ,
И псалъэ кIапсэр зэрихъэху
УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу.
Сэ зы дакъикъи семыдэIу
Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм —
Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу
Абы зыгуэрым хидза мывэм.
Псыр тожри, мывэхэр къонэж,
Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр,
ЗэринэкIар абы гъунэжщ
Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу.
Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ,
Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ,
ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI,
Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу.
Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъыру,
Адыгэ пшынэу, уобзэрабзэ,
Зэм, къызыкъуохри уи къарур,
ХеящIэ джатэ ар уогъабзэ.
Анэ быдзышэу, уэ уIэфIщ,
УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм,
Гухэлъ уэрэди жыбоIэф,
ЗэригъэдзэкIыу пщащэ гущIэр.
Уэ, уафIэжьгъейми къэбгъэщIащ
Зэрыдунейуэ зэджэ «Нартхэр»,
Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ,
Иджыри мащIэкъым уи натIэр…
Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам
Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу,
Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам
УреIэ уэ, си адыгэбзэ!

Бемырзэ Мухьэдин

(Черкес хэку)

Адыгэ макъ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz