Пэдысей

Пэдысейр хьэтыкъуей къуажэщ, Адыгейм къикIри кхъухькIэ Истамбыл къэкIуауэ щытащ. Ялова къалэм дагъэтIысхьат, ауэ абы дэсын ямыдэу, Румынымрэ Балкъанымрэ къикIа унагъуэ зыбжани зыщIагъури, Къайсэр къалэм кIуащ. Койунабдал, КулулукIэ зэджэ туркмэн жылэм щетIысэха щхьэкIэ, дэсхэм ягурымыIуэу, аргуэрым заIэтри ШорышэккIэ зэджэ иджырей я тIысыпIэм къэкIуахэщ 1866 -1868 гъэхэм.

Къуажэр зыухуар Пэдисыкхуэ Хъусенщ.

МэфэщIыкъуэ Исхьэкъ, МэфэщIыкъуэ Хьэжы-Исуф, Мэртэд Итик, Лакъей Жат сымэ Пэдисхэ я гъусэу къуажэр яухуащ.

Ар аушэр къуажэу щытащ, ауэ куэдрэ зэпэщIэувэурэ, аушэрхэр дагъэкIри, къуажэм ПэдысейкIэ еджэ хъуащ. Пэдисыкъуэм и уэркъхэр хигуашэри, «Шормышек» жыхуаIэ жылэм ит къуажэхэри Пэдисей къытехъукIащ. ДыгъэкъуэкIыпIэмкIэ Деведересирэ, Кушчу къуажэхэм, дыгъэпIэмкIэ абзэх къуажэ Панлы, дыгъэкъухьэпIэмкIэ Сывгын, Топсогъут, дыгъэмыхъуэмкIэ Кулулу къуажэхэмкIэ къэтIысыхьащ.

Къуажэр зыухуа Пэдис Хъусен и къуэхэщ Рыза, Джемал, Решад сымэ. Я анэр Сирием щыщ Бумбычхэ япхъущ.

Пэдысей къуажэр Къайсэр къалэм пэжыжьэщ 79.4 км, Азей районым – 36.30 км, Бунян районым – 36.70 км, Кайнар – 29.20 км. Къуажэр здэтIысар хуабжьу щIыпIэ дахэщ, ауэ нобэкIэ щыпсэу цIыхур мэщIэ дыдэ хъуащ, дэсахэр, я псэуныгъэр ирагъэфIэкIуэну, я быныр ирагъэджэну къалэшхуэхэм Iэпхъуэжащ. ЩIэныгъэфI зыгъуэта куэд къахэкIащ, абыхэм щыщу къуажэм, къэралым къулыкъущIэу щылажьэхэр мащIэкъым. Къалэшхуэ Iэпхъуэжахэми, я лъапсэм унэщIэ щрагъэщIауэ гъэмахуэм къуажэм зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуэжурэ щыIэхэр куэд мэхъу, я хадэхэм йолэжьыхь.

Къуэжэдэсхэм Iэщ зэрахуэ, нэхъыбэм яIэр жэмщ, мэл зыгъэхъу яхэткъым.

ПсыщIэгъэхьэ щIы яIэщ, нартыху, джэрш хасэ, къэнами мэш халъхьэр.

Къуажэм цIэрыIуэу МэфэщIыкъуэ Осман, Енвар, Педис Рэшад, Лакъей Хьэсэн, МэфэщIыкьуэ Юджэл, Забит (Къайсэр къалэм и Хасэм и тхьэмадащ) дэсахэщ.

Догьэзэхуэж: 2021 Мазае мазэм къыдэкIэ номэр 9-м, Мэкэней (Aşağıkızılçevlik) къуажэр щыдгъэлъагъуэм Мэмей (Kunter) лъэпкъыр щыуагъэкIэ дымтхауэ къыщIэкIащ. Ар зэдгъэзэхуэжащ. Къытхуэвгъэгъу.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz