Усэхэр: СИ БЗЭ, СИ АДЫГЭБЗЭ

0
1648

ЩыIэщ жаIэу: «Ди бзэр мыхьэнэншэщ»,
ЩыIэщ жаIэу «Ди бзэр къулейсызщ, –
Бэзэр IуэхукIэ мыхъум нэгъуэщI гуэрхэм,
Я щхьэ уиIэбэныр къемызэгъщ».
Ар жызыIэм, ахэр зи жьэ къекIуэм
И анэ быдзышэр ещI хьэрэм,
Зи бзэр нэгъуэщIыбзэкIэ зыхъуэжым,
Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?
Тхыдэм и къежьэгъуэм ди адыгэр
Псыхьэлъахуэу губгъуэм ирипхъащ.
Куэдыр зэрыпсалъэр хьэрыпыбзэщ.
Нэхъыбэж тыркубзэм илъэхъащ.
ЩыIэщ инджылыбзэм иритеуи,
Франц фIэкIа зымыщIи сыхуэзащ,
Е тыркубзэр и анэдэлъхубзэу,
Зылъытэж адыги сепсэлъащ.
СафIэнакъым ахэм, сегиякъым
Сигу ящIэгъуу я Iэр скъузыжащ.
Хэхэс лъэпкъ зи Хэку зыфIэкIуэдахэм
Сынэщхъейуи я щIыб сиплъэжащ.
Сыт ящIэн абыхэм, сыт я махуэ?
Сытри я пщэдейуэ нэху къекIын?
ГъащIэ зэфIэмыхьэм и хъарыпхэм,
Тхыбзи бзэи сыткIэ ягу къэкIын?
Тхыбзэр и тепIэным бзэр мэхуабэ,
Бзэм зешэщI, хуиту зеукъуэдий.
Тхыбзэр пэIэщIамэ, бзэр мэлIэжыр,
Гур бгъэдэмыхьэжу ар мэдийр.
Сэ сыхуейкъым лIэну си бзэр нобэ,
Сэ сыхуейкъым лIэну ар пщэдей,
Си бзэ дахэрщ си гур зыгъэхуабэр,
Сыпхурехъу къурмэн уэ, си бзэу си дуней.
Бзэуэ щыIэм щхьэщэ яхуэфащэщ,
Бзэуэ куэд ищIэну хэти хуейщ.
Ауэ, зы бзэщ си гум къыдэубзэр,
Сыпхурехъу къурмэн уэ, си бзэу си дуней.

Джэдгъэф Борис

(Адыгэ Псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz