ЩIыуэпсыр Матхэ, Гъатхэри Матхэ!

0
1335

Гъэрэ щIырэ зэхэкIауэ, гъэм и пэр дигъэлъэгъуауэ, и цIэми зэрыхэтыжу «гъатхэпэ» мазэм дыхэтщ. Мы мазэм земыкIуэу псэ зыIутхэм ящыщ жыгхэм я къудамэхэр мэтIэпI, мэгъагъэ, матхэ. А зи пIэ итыж псэущхьэхэм къытхуатхахэм доджэ, дищеджэкIэ, ди гум щIохьэ, ди гур фIы ящI, дагъэгуфIэ, дагъэгушхуэ, ди гум зрагъэужь. Гъатхэм къитха мы тхыгъэ, теплъэ дахэм еджауэ хэт игу мыщIэращIэу къэнэн?!

Ди лъэпкъыр, жьыбгъэ гуауэм къыхуэзэр губгъуэм зэрырипхъэм хуэдэу, дунейм тепхъа хъуащ. Къуапэ зырызым дипхъащ. Ди бзэ дахэ Анэдэлъхубзэр зедмыхьэжыфу, дызыхэсым и бзэм дрипсалъэу, ди бзэр Iэпэдэгъэлэл тщIащ. Хэти ди бзэр зэрихьэу иропсалъэ, хэти къызгуроIуэ, ауэ сыпсэлъэфкъым, – жеIэ, куэдми ятхахэм седжэфкъым жаIэ, си гум илъхэр си бзэкIэ схуэтхкъым жаIэу дрохьэлIэ. Ди жагъуэ мэхъу. ХэкIыпIэ щыдмыгъуэти къохъу. ХэкIыпIи дыхуолъыхъуэ.

Гъатхэ хабзэу, уэр, псыр, щIыр къэхуэбауэ, щIылъэм и лъэр къэушауэ, къэущхъуантIэу, жыгхэр къэтIэпIу тхьэмпэ пищIэу, щIэуэ псэ къызыхыхьа къудамэхэр къыхэпсу, къыдэжу гъэм зы щIэращIагъэ халъхьэ. КъызыхэкIам жылэ хуэхъуну ещхьыркъабзэу кугъэ пещIэ. ПищIа кугъэр мэтIыгъуэ, и пкъым ещхьу жылэ хуэхъуну. Мы дызытепсэлъыхьар щIылъэр къызэрыхъурэ зекIуэ щIыуэпсым и бзэщ, и зы хабзэщ.

ЩIыуэпсым хэпсэухьу къыхэхъукIа псэущхьэу дыщыщыткIэ, зэ дызэплъыжынщ. Унагъуэ кIуэцIым уи бзэр, Анэм и бзэ Анэдэлъхубзэр щызомыхьэжыфмэ, уи щIэблэм зэхимыха бзэр дауэ зэрихьэфын? Абы Iурылъыну бзэр зэхих бзэращ. ЩIэблэм дагъуэ иIэнукъым, къуаншагъэр зыбгъэдэлъыр бзэ зыщIэу зезымыхьэ анэ-адэм деж дыщыплъыхъуэмэ, нэхъ игъуэщ. Ауэ абыхэми и бзэкIэ еджэн-тхэн хузэфIэкIкъым, зы хэкIыпIэ къэгъуэтын хуейщ.

Бзэр зезыхьэ анэ-адэхэм, щIэныгъэрылажьэхэм, гуп нэхъыжьхэм, хасэхэм ялъэгъуауэ къыщIэкIынущ Убыхыбзэм къыхуэкIуа махуэр. КIуэдыжыным хуэмыкIуэу зетхьэ ди бзэм гъащIэ игъуэтыну, Хасэхэм щIэблэ цIыкIухэр ди бзэмкIэ щрагъаджэу, Тыркум щыIэ еджапIэхэм хуэдэу, и бзэр зэригъэщIэфын хуэдиз зы хуитыныгъэ хабзэ игъуэтауэ, къалэхэм дэт университетхэм Литературнэ Факультетхэм ди бзэ къудамэм хуезыгъаджэ къудамэхэр (Дузджэ Хэндэк, Къайсэри, Чорум, Токат Турхал) щыIуахауэ, я бзэр егъэщIэн, щIэныгъэ хабзэкIэ ирагъэджэфыну егъэджакIуэхэр бгъэдэувауэ щызэхэтхкIэ, ди гур къызэрогъуэтыж, дрогуфIэ.

ЩIыуэпсым и хабзэм хуэдэу, ди бзэми гъатхэ щигъуэтыну ди гугъэхэр хегъахъуэри дегъэгуфIэ. Мы гуфIэгъуэм сэри зы Iыхьэ хэслъхьэмэ, сфIэфу, зы къуапэкIэ сыдэIэпыкъун гугъэкIэ къыдэкIыну тхылъыщIэ «ЩIыуэпсыбзэ – ди бзэ – АДЫГЭБЗЭ» тхылъыр Къайсэри Адыгэ Хасэм тыгъэ хуэсщIащ. Ящэу къыпэкIуэ ахъшэр пэщIэдзэ еджапIэхэм, курыт еджапIэхэм ди бзэкIэ щеджэ еджакIуэ цIыкIухэр ирагъэгушхуэну, зэрахьэн Iэмэпсымэхэр къыхуращэхуну зы Iыхьэ цIыкIукIэ сахыхьа хъуащ.

ЩIэблэ къэхъур ди гъащIэм и гъагъэхэрщ, ахэр ди бзэм и гъатхэу къэгъэгъэнухэращ!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz