Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!

Куэд лъандэрэ дызыщIэхъуэпса, дызыпэплъа фIыгъуэ къыдэхъулIащ: дунейм къытехьащ еджапIэм зи пажэгъуэу щIэс цIыкIухэм я гъащIэм теухуа спектакль. ДимыIа, дызыхуэныкъуэ къыдэхъулIащи, хуабжьу дыщогуфIыкI.

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым зыхуигъэувыжа пщэрылъхэм щыщщ ныбжьыщIэхэр утыкум адыгэбзэкIэ щыгъэпсэлъэныр. АбыкIэ Iэмалу щыIэм я нэхъыфIыр театрырами, мыбыхэм я ныбжьым екIуалIэ пьесэ адыгэбзэкIэ тхауэ диIэтэкъым. Иджыблагъэщ апхуэдэ къыщытехьар дунейм.

Ар и фIыгъэщ Къаныкъуэ Заринэ. «МафIэгу» зыфIища пьесэм абы щыдегъэлъагъу гъащIэм хыхьэну зызыгъэхьэзыр щIалэ, хъыджэбзхэм я гупсысэкIэр, лъапIэныгъэу къалъытэр, яIэ зэхущытыкIэр, дунейм зэрытеплъэ нэр.

Апхуэдэ зэфIэкI япэу яIащ Дэбагъуэ Бэрэсбий и цIэр зэрихьэу Шэджэм къалэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм и 10-11-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэм. Егугъуу загъэхьэзыращ, пьесэр гунэс ящыхъуауэ щыджэгуащ.

ФIыщIэ хуэфащэщ еджакIуэ цIыкIухэр апхуэдэ пьесэ купщIафIэм пэлъэщыным хуэзыгъэхьэзыра, артист IэщIагъэм и щэхухэм щигъэгъуазэурэ Iуэхум тезыгъэгушхуа, спектаклым и режиссёр Къанкъул Ислъам. Ар Максим Горькэм и цIэкIэ щыIэ Урыс драмтетатрым и артистщ.

Утыкум спектаклыр щагъэлъэгъуэфын папщIэ Фондым ар зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэригъэпэщащ.

Зыхуатха ныбжьым итхэм гурэ псэкIэ къащта пьесэр, дауи, авторым къехъулIащ.

Yazarın Diğer Yazıları

Асҭамыр Кәыҵниа имултфилм ҿыцқәа

Амультипликатор Асәамыр Кәыәниа мышқәак раәхьа ахәыҷы рацәа еизигеит. Иара иаәиәаз аәсуа мультфильмқәа әба: «Риәа алегендеи», «Ахьча Чаҳмаәи Аәсәаа Қәамзачи» рәыргараәы азал азна әәын. Амульфильмқәа...

«Дзакәыда Миҳри» Анҭалиаҿы

Анҭалиа Азиндырҩыцәа Рнаплакы, Аҳәса Рзинқәа Ауаажәларратә Хаҵеи-Ҧҳәыси Реиҟарара Акомиссиа еиҿнакааз, Аҳәса ирызку Акинофилмқәа цәыргара иҭагӡаны, адокументард фильм «Дзакәыда Миҳри» гьы иыубарҭан. Хәажәкрамза 13 рзы,...

Акоманда Нарҭ чемпионхит

Аҧсны Супер Куп Ашьапылампыл Чемпионат аҿы, акоманда Нарҭ аиааира агыит. Афинал мач, Динамо астадиум аҿы, Хәажәкрамза 20 амш, акомандақәа Ерцахәы’и Нарҭ’и ирыбжьан. Ҭашәарада инҵәаз 90...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img