Хъу-ра-еи (Хъуреи*)

0
1332

Пасэреи фIэщхъуныгъэхэм дыщыхэплъам, дыгъэр хъууэ, мазэри бзыууэ ялъытэт. Махуэр хъум ейуэ, жэщыри бзым ейуэ тырагуэшауэ щытащ. Пасэреи цIыхухэми (езыхами «хьэ»р цIэу къатенауэ щызрахьа лэхъэнэм щыщIэдзауэ) дыгъэм зэрыпылъар, тхьэ пэлъытэу, тхьэууэ зыралъэгъуар, пIщIэшхуэ хуащIу зэрыщытар тхыдэжьхэм хэту долъагъу.

Даурэ пщIэ хуамыщIыу хъун! IэщIагъэм, уэздыгъэр хэмыхьау, бгъуэнщIагъым щIэсу, и нэм имылъагъуу, кIыфIым хэсауэ, кIэху щыгъуэр гурыфIыгъуэу, дыгъэр къыкъуэкIмэ (къыхэкIмэ) и нэм илъагъуну, нэрылагъу хъуныр дыгъэм епхамэ, шэч хэмылъыу пылъынут. ГъащIэр къыхуэзIуатэр, пщIэ езгъэгъуэтыр арат. Жэщ кIыфIым и шынагъуэм пэжыжэт. Махуэм нэм, жыжэри иригъэлъагъут. Псэущхьэ ин, лъэщхэми зищихъумэфт. Дыгъэр, инэм иригъэлъагъуу нэхут, ипIкъым хэхьэу хуабэт. Гум хэхьэ фIыгъэу хъуар къезытыр дыгъэрат. Ар, пщIэшхуэ хуащIу тхьэуу ибжт.

Кавкас щыналъэм, Сирус щIыпIэм исауэ, дыгъэрэпсымкIэ ехыжа, Пасэреи Мысырым я фIэщхъуыныгъэм хэхьауэ, тхьэуу ябжу цIэ фIащат. –Ра– хужаIэу. Нэхур, хуабэр, махуэр, псэури –ра–м ейт. –Ра–ей–. Псэлъитыр зыпыщIамэ –рей–уэ дэджэфынущ. ФэщхъуныгъэкIэ дыгъэм, (ра)м –хъу–гъэр иратамэ, зэпытщIэмэ –хъу–ра–ей– мэхъу.

–хъурай–, –хъуреи–уэ дэджэфын?

Дыгъэр хъуреи, зэ дэвгъэплъыт?

Дыгъэм и теплъэмрэ, ди бзэм хэт –хъуреи– псалъэм къикIыр гэомэтрикау зытэхуэу пIэрэ?

Мы псалъэр дыгъэм и теплъэм къытырахау хъуну пэрэ?

Дыгъэм дызэригъэплъмэ зэ деплъын, хъуреиууэ къыщIэкIынущ!

Дыгъэ теплъэм тращIыкIауэ къыщIэкIынущ, мы тхыпхъэ хъуреи щIыкIэр гэомэтрам хэхьауэ. Гэомэтра щIэныгъэм телэжьэхьхэм мы щытыкIищыр (щимэ, плIимэ, хъуреи) тхыпхъэ теплъищыр я лъэжьыгъэм лъэгу хуэхъуащ. Мы щым яз «хъуреи» тхыпхъэ теплъэм, и нэз кIыхьагъэр, зиубгъуауэ, зытеубгъуа щIыпэр зэхуэдизыр къэгъутын папщIэ, зырахьэ гъуазалъэ симболхэм (формула) еплъын хуеищ. Пи-ра. (π). (r2) хъуреягъэр зытеувэ щIыпIэр, π. 2R хъуреим и нэз кIыхьагъэр къыуегъэгъуэт.

«п», «р» макъхэм къыхэкIыу «призма», «прамидэ» хуэдэ гэомэтра щыкIэхэм хэплъэныр, мы щIэныгъэм телэжьыхь, дибзэр зыщIэ щIэныгъэрылажьэхэм къахузогъанэр.

 

*Бзэм тхыдэр хэтыжщ.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz