Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

ЕкIуэкIыу: 2. МэракIуэ плъыжь-фIыцIафэ. 8. Удз дэжей. 9. Пхъэм къыхэщIыкIа кумбыгъэшхуэ. 13. Дзэзешэ. 14. ЩIакхъуапхъэ. 15. Зауэ къозыщIылIауэ къыппэщIэт. 16. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 17. Псы щта. 18. Шыуанышхуэ. 22. … дзыусщ. 23. Аруан районым щыщ къуажэ. 24. Егъэлеяуэ пшэр. 25. КIапсэ къызыхах къэкIыгъэ. 27. Хадэ зиIэм зэрихьэ Iэмэпсымэ. 28. Шатэм, тхъуцIынэ гъэвэжам и дагъэ. 31. Зи гъэгъар плъыжьыфэ-фIыцIафэ удз. 32. Жыг лIэужьыгъуэ. 33. Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий щалъхуа къуажэ. 36. Гъавэ лIэужьыгъуэ. 37. Гъэсыныпхъэ. 41. Бжэныфэм къыхащIыкI къэп. 42. ГъэшхэкI. 43. Хьэкъущыкъум щыщ. 44. Зи … исым и уэрэд жеIэ. 47. Адыгэ театрым и джэгуакIуэу щыта, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист. 48. Бгырыпхыщхьэ. 49. Мывэбг задэ. 50. ЗэкъуэшитIрэ … зыIут къамэрэ. 51. Зыгуэр пфIэгуэныхь зэрыхъум къуит гурыщIэ. 55. Шым и фэ. 56. «… нур» – КIыщокъуэ Алим и роман. 57. Илъэс 30-м нэблагъэкIэ СССР-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министру лэжьа. 59. Нэхъалэм адыгэм гуэгуэн, къубгъан хуэдэхэр къызыхащIыкIыу щыта гъущI пIащIэ.

Къехыу: 1. ЩIы къиуда. 2. Жану лъа джатэ. 3. Плъыжьыфэ, е мыIэрысэ … 4. Нартхэм я гъукIэ. 5. Колхоз председателу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 6. Гукъыдэж зимыIэ, зи гур иуда цIыху. 7. Мынэхъыжь, мынэхъыщIэ. 10. Гъуэншэдж щIыIутелъ. 11. Бырыб, зэкIэщIэпхъа. 12. … зэрымытым Iэтэ ирегъэувэ. 19. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 20. Литературэ тхыгъэ. 21. МахуэцIэ. 22. Дзэлыкъуэ районым щыщ къуажэ. 26. Хадэм ирагъэувэ бзугъащтэ. 27. Жьапщэшхуэ, уэс е уэшх щIэту. 29. ГъукIэ Iэмэпсымэ. 30. Хьэпщхупщ шынагъуэ. 34. Зэадэзэкъуэ: адэр КъБР-м и цIыхубэ усакIуэщ, къуэр – шыкIэпшынауэщ, уэрэджыIакIуэщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистщ. 35. Апхуэдэ цIыху хэмытмэ, хьэгъуэлIыгъуэр дахэ хъурэ? 38. Iэщ цIыкIу. 39. ЩIакхъуэ зэрагъэтэдж шыкIуртIым цIыкIу. 40. Iэщ гуартэ. 45. НысащIэр япэу и дыщ зэрыкIуэж хабзэм апхуэдэу йоджэ. 46. Ди «Спар- такыр» щыджэгу лигэм хэт футбол командэ. 52. Мыжыжьэ. 53. ФIы зигу къыпхуимылъ, улъэпэрапэмэ зыфIэфI. 54. Фэбжь. 55. Кавказым щыщ къэралым и къалащхьэ. 58. Мэш хьэуазэ.


№ 14 2021 Бадзэуэгъуэ мазэм къыдэкIыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

Екlуэкlыу: 6. Мэсей. 7. Пхъы. 8. Пщагъэ. 13. Нэгъуд. 14. Нэд. 15. Щыкъу. 16. Нащэ. 17. Тхъуэплъ. 19. Ныбгъуэ. 20. Бжьыхьэ. 22. Хъуп. 24. Гъуху. 25. lулъхьэ. 26. Дыжь. 28. Гуащlэ. 31. Жумэрэн. 32. Пхъэщабэ. 35. Хьэукl. 37. Хулъэ. 38. Жасы. 39. lуэ. 40. Сэ. 41. Пщlащэ. 42. Сарыкъ. 45. Къумахуэ. 48. Куба. 50. Кlыгу. 51. Уэм. 52. Собэ. 53. Жызум. 54. Гъудэ. 55. Сэшхуэ

Къехыу: 1. Фэнд. 2. Теунэ. 3. Щхъырыб. 4. Пщыкъуэ. 5. Бгъэн. 9. lэпхъуалъэ. 10. Къудан. 11. Къущхьэ. 12. Пщыхьэщlэ. 18. Пшэ. 21. Жьэгу. 23. Псырылъэ. 24. Гъуанэдэс. 26. Данэху. 27. Жьапщэ. 29. Аму. 30. Нал. 33. Лъэгущlэуэ. 34. Псыхуабэ. 36. Кlыщ. 38. Жэм. 42. Согуэ. 43. Ридадэ. 44. Къауц. 46. Пкlауэ. 47. Амдэч. 49. Арыкъ. 52. Сахуэ.

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ щIэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

Yazarın Diğer Yazıları

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Екlуэкlыу: 1. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цlыхубэ тхакlуэ. 6. УФ-ми КъБР-ми гъуазджэмкlэ щlыхь зиlэ я лэжьакlуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, режиссёр цlэрыlуэ. 7. lутlыж...

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ...

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщІэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmaiІ.com хэщІапІэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan GemiІer” (“ТхылъымпІэ кхъухьхэр”) зи фІэщыгъэ тхылъыр, тхакІуэм и Іэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img