Шыщхьэlум и 3-м Налшык къалэ дэт Сэралъп Мадинэ и Арт-Центрым къыщызэlуахащ Амман (Иордание) щыщ адыгэ сурэтыщl Къэрэгъул (Ал Саид) Зайнэ и гъэлъэгъуэныгъэу «Сэ Каф къуршымкlэ сыкъокl» зыфlащар.
Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщlиубыдэ сурэтхэм къежьапlэ хуэхъуари апхуэдэ фlэщыгъэцlэм и щхьэусыгъуэри философ икlи тхьэгурымагъуэ Ягъэн Мурат и тхылъым Зайнэ къыхиха гупсысэхэрщ.
Къэрэгъул Зайнэ Лондон университет къыщиухащ, 2010 гъэм Амман игъэзэжри гъуазджэ lэщlагъэм елэжьын щыщlидзащ. Абы и lэдакъэщlэкlхэм ущрихьэлlэнущ Къуэкlыпlэ гъунэгъум щыlэ щэнхабзэ зэхуэсыпlэ нэхъ цlэрыlуэ дыдэхэм, Москва, Мейкъуапэ къалэхэми щагъэлъэгъуащ. Зайнэ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса гъэлъэгъуэныгъэхэр нэхъапэхэми Налшык щекlуэкlащ, ауэ иджырейр ещанэу, и гупсысэкlи и зэхэлъыкlэкlи адрейхэм къащхьэщыкlыу, къызэрагъэпэщащ.
Сурэтlыщl бзылъхугъэм и lэзагъым дихьэх, абы и lэдакъэщlэкlхэр зрагъэлъагъуну зи щlасэ цlыху куэд дэнэ щlыпlи щыlэщ, Зайнэ и сурэтхэр зыми емыщхьу, купщlэ зыщlэлъ гупсысэ зэмылlэужьыгъуэхэмкlэ гъэнщlауэ, узыlэпишэу зэрыщытым къыхэкlыу. Абы къигъэщl дунейр нэхуапlэмрэ пщlыхьэпlэмрэ я зэхуаку дэтщ, теплъэгъуэ телъыджэхэм къахыбоцlыхукl нэхъапэм псэуахэм я нэгухэри дяпэкlэ къалъхунухэм я напэхэри. Апхуэдэ нэрымылъагъу «гъуэгу зэблэкlыпlэхэрщ» Зайнэ и lэдакъэщlэкlхэм «къигъэхъуапlэ» яхуэхъур. «Уафэр щымыджэмыпцlэу щылъэр щызэпцlагъащlэ» дунейрщ си lэдакъэщlэкlхэм я къежьапlэр», – жеlэ езы сурэтыщlми.
Шыщхьэlум (августым) и 3-м, сыхьэтыр 17.30-м къызэlуах гъэлъэгъуэныгъэр фокlадэм (сентябрым) и 3 пщlондэ екlуэкlынущ.
Тхыгъэр АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Къып (Ныбэжь) Таисэщ