Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Апщохьэблэ

Апщохьэблэр Хэкум (Къэбэрдейм) кхъухькlэ къикlыу Истамбыл и Хъалич псыдэуапlэм къыlухьэу Тыркум къэкlуа, иужькlэ 1864 гъэм аргуэру зыкъаlэту нобэ здэщыс щlыналъэм щетlысэха адыгэ къуажэщ.

Апщохэ я щlыр Азей дэхьэпlэм нэсу щытауэ жаlэ. Къуажэр зыухуа Апщо Алий зэпlэзэрыту лlыфlт. Мэкъумылэкlэ, ерыскъыпхъэкlэ хуэмыщlауэ лъэlуакlуэ къыхуэкlуэхэм: «Сэ фыкъыщlызэупщlын щыlэкьым, фызыхуэныкъуэу си бжэlупэ щывгъуэтыр къэфщтэну фыхуитщ» яжриlэрт, жиlэ къудейуэ къэмынэжу иlэмкlэ жылэм ядэгуашэу цlыху жумартт. Абы къуэшитl иlащ: Апщо Хьэбыжрэ, Апщо Мусэбейрэ. Апщо Мусэбей Уэсмэн пащтыхьыгъуэ и тетыгъуэм хуабжъу зэфlэкlышхуэ иlэу, къэралым хыхьэхэкlрэ lуэхузэфlэхыкlэкlэ къахэщу щытауэ яlуэтэж.

Жылэр щытlысым Апщохэ ягъусэу Вэрмахуэхэ, Гъукlэхэ, Джыранокъуэхэ къэтlысащ. Пщыгъусэхэ Къундэтей щыщт, ауэ Хэкум къикlа нэужь, Пщыгъусэ Ахьмэд: «Ахэм куэд дагъэшэчащ», – жиlэри, Къундэтейм яхэтlысхьэн имыдэу, Апщохьэблэ игъунэгъуу зыщlыпlэ къэтlысащ. Апщо Алий ар къыщищlэм, лъэlу-лъэщкlэ Пщыгъусэм зыхуигъэзащ «Уэ удэмысмэ уи сабий быныр зеиншэу къэнэнущ, къыдэтlысхьэ ди къуажэм», ауэ Пщыгъусэ Ахьмэд «Къуэжапщэмкlэ сыбгъэтlысмэ сыкъэкlуэнщ, арыншауэ сыкъэкlуэнкъым» щыжиlэм, Апщо Алий ар идэри, Пщыгъусэхэ апхуэдэ щlыкlэкlэ Апщохьэблэ дэтlысхьа хъуащ.

Пщыгъусэхэ ещхьу, Шэджэм къикlа нэгъуэщl унэгъуэ зыбжани дэсщ Апщохьэблэ. Къызэрыхэщащи, жылэр Азей къуажэм километритl нэхърэ нэхъ пэжыжьэкъым, ящl зыпылъу абы къагуэтlысхьащ Шыпшхьэблэ, Мэхъархьэблэ, Хъуэстхьэблэ, Быркъутей, Къуэтхьэлей къуажэхэр.

Апщохьаблэ къуажэкум псы блэжу, мыlэрысэ, пхъэгулъ жыг куэд дэту, мэзышхуэкlэ къэхухьауэ икъукlэ жылэ дахэщ, Узуняйлэ щlыналъэм и къуэжэ нэхъ дахэхэм ящыщщ. Нэхъыбэу ягъэкlыр кlэртlофрэ нартыхурэщ, ауэ щlыр ямащlэми гуэдзи щыхасэ.

Нэхъапэм Апщохьэблэ къуажэшхуэт, унэгъуищэм (100) щlигъу щыпсэууэ щытащ. Ауэ я бынхэр ирагъэджэн, lуэху къалъыхъуэн хуей щыхъум, нэхъыбэр къалэшхуэхэм зэбгрыlэпхъукlащ. Гъэмахуэми щlымахуэми Апщохьэблэ нобэ щыпсэур зэрыхъур унагъуэ 40 къудейщ, ауэ абыхэм я бжыгъэр гъэмахуэм нэхъыбэ мэхъуж, зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр щалъхуа жылэжьым щызыгъэкlуэну хуей къалэдэс адыгэхэр къызэрызэхуэсыжым къыхэкlыу.

Мэлыхъуэхэ абазэ унагъуэу жылэм къыдэтlысхьауэ аращ. Къищынэмыщlауэ тырку унагъуитlи къыдэтlысхьэри адыгэ щыхъужауэ дэсхэщ. Сихьахэкlэ еджэу зы унагьуэ дэсу щытат, ауэ ахэри хэкlуэдэжащ.

Апщохьэблэ лlы цlэрыlуэ, лlы лъэрыхь куэд дэсащ. Апхуэдэхэщ нобэр къыздэсым зи цlэр цlыхубэм щымыгъупща Апщохэ Алий, Мусэбей, Мэхьир, Яшар сымэ, Пщыгъусэхэ Хъусен, Орхьан, Ихьсан, Хъусни сымэ, Джыранокъуэхэ Сэидрэ Зихьнирэ, Кlэшхэ Сэлэдин, Гъукlэхэ Зэки, Икрам, Рахьми сымэ, Мэлыхъуэ Бахъри, Щэныбэ Хьайдар, Ариф, Муджахьид.

Yazarın Diğer Yazıları

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Щӏэшхьаблэ-Юкарыкызылчевлик

Къуажэр 1859-60 гъэхэм хуэзэуэ хэкум къикӏа къуажэхэм ящыщщ, къуажэр Кайсер-Малатя гъуэгум тету аращ. Кайсери къалэм 105 км Азей районым 20 км пэжыжьэщ. Къуажэм зи цӏэ...

Махъархьаблэ

Къэбэрдей къуажэ. Къуажэр Къэбэрдейм шэрэухъ псы lуфэм lуса Махъархьаблэ къуажэ дэсхэм зыкъаlэту Тыркум къыщыкlуа 1860 гъэм я ухуауэ зы къуажэщ. Къуажэр хэкум зэрыщытым хуэдэу...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img