Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хъуэхъу! Зы тхьэлъэlу щlыкlэщ!

Мы псалъэр куэду зыдохIэр. «Дехъуэхъуну дахокIуэр», «Дехъуэхъуащ» жаIэу, ди бзэм хэтыжщ. Хъуэхъум, лъэхъэнэми, лэжьыгъэми, щIыпIэми, псэуныгъэми дыщыхозэ.

Гъэр щызыхэкIым щыщIэдзауэ, вэгъуэм, жылэ (гъавэ) щыхапхъэм, къыщыхахыжым, щаIуэм, щакIыщтэм, щыщIакIутэжым, хьажыгъэм хэщIыкIа щхыныгъуэр Iэнэм щынэсам; Iэнэ пэрысыгъуэм, щыпырыкIыжым «хъуэхъу»р псалъэу зырахьэр.

Гуфэгъуэхэм; дауэдапщэм, хьагъуэлIыгъуэм, нысэм, нысашэм, быным, гущэм, лъэ теувэм, хъугъэ тIыгъуэм хуэдэ куэдым «хъуэхъу» хуаIэтыр.

Зауэм, узIеим, сымэджагъэм, зыIуэтэжам, бэгъуэным, уэгъум къелыным, цIыхубэ Iуэхугъэм, хуэдэхэм хъуэхъу зыдохьэр…

Сыт «хъуэхъу»м къикIыр? Дэнэ мы псалэм и къежьапIэр?

Мы «хуъэхъу» псалъэр къэIуэтэн папщIэ; Ижьижьыжь фэщхъуныгъэм хэплъэн хуеищ. «ды»р, «щы»р, «ра»р, «хъу»р, къэзгъэкIыр, къэзгъэ«хъу»р, лъэщыр, къару зиIэр, къэзгъэщIыр тщIэн хуеищ. Тыхь зыхуащIыу, Тхьэу ялъыта «ды»м, «дыгъэ»м еплъын хуеищ. Дыгъэм «хъу»гъэ, Мазэм «бзы»гъэ хуагъэфащэу зэрыщытыр тщIэн хуеищ. Дыгъэм и теплъэм, и щытыкIэм, къытыраха «хъу ра eи», «хъуреи» псалъэми къызэрыхэщыр хэтлагъуэфын хуеищ..

«Хъуэхъу»р зы ТхьэлъэIу щIыкIэщ.

Хэт зэлъэIур? «Хъу»гъэ зыхэлъ Тхьэу я лъытаращ.

СыткIэ щIелъэIур? ЦIыхум, ЦIыхугъэм щхьэпэ хъун, фIэфI хъун, къэкIыгъэр бэв хъун, зэгъ хъун, узыншэ хъун, гурыфIыгъуэ хуэхъунхэмкIэ зыхуеихэр къе«хъу»лIэну, къыригъэ«хъу»лIэну мэлъаIуэр.

И кIэщIыпIэкIэ жытIэмэ; «Хъу»гъэ зыхэлъу я лъыта Тхьэм, зыхуеихэр къыхуигъэ«хъу»ну, йо«хъуэхъу», мэ«хъуахъуэ»р, мэлъаIуэр цIыхур…

Зы тхьэлъэlу щlыкlэу…

Yazarın Diğer Yazıları

…Дыгъуасэ, нобэ, пщэдэй… Мы псалъэхэр уэ уи бзэм ей?

Убыхыбзэм и фэеплу къытхуэна зы бжыгъэ гъэлъэгъуэу «Загъуэ» (заман) псалъэр зызохьэ. Мы бжыгъэр къызыхэкIыу тлъытэр хъейуэ, зекIуэу, дэпщейуэ ипщыу, ибжыу, и унэу ялъытэ «ды/унэ/ей»...

Ди бзэр щlыуэпсым и бзэщ! Сызыгуэмыгъэуд кхъыlэ!

Мы псалъащхьэр зы еIуэкI (Намeх, Kinaye) псалъэщ. Псалъэ лъэгур «зыгуэудын»щ. Сыт мы псалъэр къызытехъукIауэ хэт макъхэр. «гу», «уэ», «дэ» макъхэр хэтщ. Мы макъхэм...

Зепхьэмэ мэпсэу! Нытlэ, зехьэй гъэпсэу!

Нобэр, ды къуажэдэсу, ди цIыкIущхьэм, еджапIэ щIэдзэгъуэм изолъытыри; Дэ, Адыгэ цIыкIухэр ди бзэм фIэкIа бзэ дымыщIэу, еджэныр ТыркIубзэкIэ екIуэкIыу, егъэджакIуэхэри гугъ дехьхэт. ЕджапIэм,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img