Чеченай

Чеченай Хьэтыкъуей къуажэ. 1864 гъэм Адыгейм къыщежьэри кхъухькъэ Дузджэ къалэм ипэ дыдэ къэтlысахэщ ар щхьакъэ сыт къэхъуами абы дэсын ямыдэу нобэрей я тlысыпlэм пэгъунэгъу Туркмэн къэтlысахэщ, Хъынзыр Къуршым адрей напэм. Арщхьэкlэ Тыркмэн къуажэхэми ямызэгъ щыхъум нобэ зыщыпсэу къуажэ щIым къэтlысахэщ. 

Къуажэр пщы Чеченай Аслангери и гъусэу Шокъуар Мустафа Кlыхь иухуащ. Къэбэрдейипщ Хьэтlохъущокъуэ Мысост къишагъащlэу Чеченайым дей щы къыщищэхуа, къырата ар ящэкъым ауэ Къэбэрдей къуажэ дэсын имыдэу Хьэтыкъуей ипщым и къуажэ къэтlысащ. 

Арщхьэкlэ, Сарыкъамыш 1915 гъэм куэуэ къэзмыгъэзэжахэм ящыщщ. Хьэтlохъущокъуэ Мысост бын къыщlэнакъым. 

Къуажэм; Есэнокьуэ, Уэргынокъуэ, Безырыкъуэ, Жэтгэрхэ, Гусэрукъхэ хэхэсу дэсхэщ. 

Къуажэм цlыху цlэрыlуэ куэд дэсащ хэхьахэкl яlэу, ипсалъэкlэ игъэдэlуэфу пщIэ яlэу я цlэ ираlуу щыпсэуахэм я цlэхэр сигу къызэрыкlыжымкlэ къэстхынщ. 

Шокъуар Мустафэ Кlыхь, Гусэрукъ Хьайри, Шэвкэт, Наджи, Траныжь (lутыжь) Ерол, Ергун, Абдуллахь, Мэжид, Нурхьалид. Битэмыр Асхьад, Хьаж Умар, Кьадрал Хьажы, Лау (Рыза), Шокьуар Мунир, Безыр Абдурахьман цlэрыlуэу щыпсэуахэщ. 

Къуажэр Жаныкъуей, Малакъ, Къауакъ, Къурашынхьэблэ, Жамырзей къуажэхэмкlэ къэтlысыхьауэ зы Хьэтыкъуей къуажэщ. Къуажэм Адыгэ унагъуэхэм пэмыщlкlэ Булгариям къикlу къэралым къыдигъэтlысхьауэ 30 унагъуэ мухьажыр дэсауэ щытащ. Нобэкlэ унагъуэ 12 къыдэнэжащ. Адрейхэр къуажэм дэкlыжащ. Абы пэмыщlкlэ Тырку, Туркмэну, Курду, Адыгэ хъужауэ АдыгэбзэкIэ псалъэу унагъуэ зытхухих щыпсэууэ аращ. Къуажэм псори зыхэту унагъуэ 40 щопсэур. 

Адрей къуажэхэм ещхьу Чэченайи цlыух куэдыр къалэшхуэхэм щыпсэуну, я бын ирагъэджэну, я унафэу, къалэшхуэхэм lэпхъуэжащ. 

Еджауэ къулыкъу иlыгъу цlыух куэд къыдэкlащ. ПсэукIэ дахэ яlэу къалэхэм дэсхэщ. 

Къуажэ дэсхэм ащ, мэл япыщlауэ, мэш хащlэу мэпсэухэр. 

1938 гъэхэм Гусэрукъхэ къауакъ къикlри пщы Чэченай и щlыр къащэхужри къыдэтlысхьащ. Къыдэтlысхьахэр Гусэрукь Хьайрирэ, Мыстафэрэщ. 

Къуажэм щыпсэуауэ щыта Учlыгъуейхэ я щlалэ Мэлакъ къуажэм зы нысашэ кlуауэ, «Хэтхэ уащыщ?» жаlэу къыщеупщlым «Сэ сы Учlыгъуейщ» щажыриlэм «Деплъынlэ уучlыгъуемэ» жиlэри зы щlалэ къеуэри къиукlэуэ жаlэж, lуэрыlуатэу. 

Къуажэр Азей Районым 42, Къайсери Къалэм 127 км пэжыжьэщ. И нэзымкlэ Къайсери-Сивас шоссе гъуэгур блокlыр. Ипэм маршруткакlэ автобускlэ къалэхэм щэхуакlуэ кlуэуэ щытащ. Ауэ нобэкlэ псоми езбы гу яIэщ, я бжэlупэм Iутщи щыхуейм къалэхэм макlуэхэр. Къуажэдэсхэм я нэхъыбэм къалэхэм унэ щаlэу, я бын щырагъаджэуращ. Къуажэдэсхэр я ныбжъ хэкlуэтау цlыхухэращ. Щlалэгъуалэр еджэн, лэжьэн я щхьэусыгъуэу къалэхэм дэсхэщ. Псоми мэш халъхьэуэ аращ, трактор зимыlэр машlэдыдэщ. Псыщlэгъэхьэ щlы яlэкъым. Гуэдз телэжьыхьуращ. Куэдыми ащрэ, мэлрэс зэрахуэр. 

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz