Урысей Федерациейм хэт лъэпкъхэр сытхуэдэ цlэкlэ зратхын хуейр?
Урысей Федерацем цlыхубж lуэхур щекlуэкlащ жэпуэгъуэ мазэм и 15-м щыщlэдзау щакIуэгъуэ мазэм и 14 хъуху. Цlыхубэм псалъэмакъ къаlэтащ лъэпкъым и цlэр зратхыным теухуау
Къэбэрдей-Балкъэрым щыlэ лъэпкъ хасэу 8-м я лыкlуэу, Артым хэту, академику цlыху 31-м Урысей Федерацем жэпуэгъуэ мазэм и 15-м щыщlэдзау щакIуэгъуэ мазэм и 14 хъуху екlуэкlыну цlыхубжым Адыгэхэм, «Черкес» цlэмкlэ зрагъэтхым нэхъ игъуэу къалъытэу къагъуващ. Икlи цlыхухэр къыхураджащ «Черкес»у зрагъэтхыну. Мыбы хэплъэну зэхуэсащ Лъэпкъ Комитетыр.
Абы хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэути, Сосялне Щэныгъэ Институтым и директор Дзэмыхь Къасболэт, Къэбэрдей-Балкъэр Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэфlыцlэ Мухьэмэд, Тэрч къалэм и унафэщl Дадэ МуIэед, цlыхубэ артист ХьэIупэ ДжэбрэIил, министырым и къуэдзэ КIурашын Анзор. Абыхэм ягъуващ лъэпкъым «Къэбэрдей»у зрагъэтхын хуейуэ.