Жинэпс мазэгъуэтхылъэм и гъэнэхуэн

0
731

ЩэкIуэуэгъуэ 2021 бжыгъэр, Жинэпс (Лтд. Шти.) Iыхьэ зыхэлъыныгъэм и цIэкIэ къыщIыдогъэкI. Мазэгъуэтхылъэм и нагъыщIэнейм и зэхъуэкIыным и щхьэусыгъэр мыращ: КъыщIэгъэкIыгъуэ унафэщIхэм, гъэ куэд лъандэрэ Мазэгъуэтхылъэм и НагъыщIэ лъэпсыр зыIыгъ, унафэщ Джан Iучак щымыхъуа, унафэщIхэр зэрихъуэкIакъым. Джан, хухэха и щхьэусыгъуэм папщIэ, зыгъэпсэхугъуэ пIалъэ зэрихьэну къыджиIащ. Дэри, Джан папщIэ; ди мазэгъуэтхылъэм и цIэкIэ, зи лэжыгъэ хэлхэм, ди еджакIуэхэми дадэщIыгъуу «тхьэгэпсэу» жыдоIэр. Ди мазэгъуэтхылъэ щыпэ бжыгъэр «Жинэпс» и цIэкIэ къыдэкIат. Мазэгъуэтхылъэр зеиуэ щыт, Горкэм Йылмазэр, Къыщалъхуа къалэм игъэзэжын щыхъуам, щIэрыщIэу щызытедухуэжым щыгъуэ, ипэреи и цIэмкIэ къыдэкIынымкIэ Iуэхугъэ хабзэм Iэмал кыщыдимытым, «Жьынэпс» и цIэкIэ къыдэдгъэкIат. Йыджы ипэреи и цIэм къыдогъэзэж; ди мазэгъуэтхылъэ и цIэм дэщIыгъуу зетхьэ нагъыщIэ псалъэхэм хэт «хуитыныгъэ, дэмократие, щхьэхуитыныгъэрэ зыкъуэтыныгъэ» псалъэхэм кэму къэна «зыхуэдэныгъэ» псалъэри дэщIыгъуауэ… Лэжьыгъэм и гугъуехьым дыпыщIэту, тхылъэм гъащIэ куэд едгъэгъуэтыну, ди лэжьыгъэхэри зэзэ мызэ вдыдогуэш. ПыщIа гугъуехьхэри, дывгъэлъэгъуа фи пкъыгъуэ-псэкупсэхуэщI къарумкIэ дебакъуэурэ, мы махуэхэм дыкъэсащ. Тхьэгъэпсэу вжыдоIэ. Бжыгъэ зэ Iыхьагъуу, 99 Iыхьагъу уохъуф (Лимитэд Ширкэтым). Ди унафэщI, ди Iыхьэгъу Зафэр Сурэн зы гупщысэ гугъэ иIат. «Нарт 99»… 99 зэIыхьэгъу зыхэту зыгуэтын, тхылъэ куэдеиуэ къэмынэу, адыреи зэпыщIэныгъэ зыхэлъ лэжьыгъэхэри гъэзэщIауэ; Журнал, Радио, ТВ… Мыбы хуэдэ зыблэкIыгъуэхэм къыхэхъукI лэжьыгъэхэм, къыппэплъэ бжэхэри щызыIуихи мэхъу. Хэт ищIэрэ! Гупщысэ нэпцIым зыромгъэшажьэу, Гупщысэ нахуэм, куэдрэ ухуешэ уи гугъэхэми… 

Ди гъуэгур нахуэу, гъуэгу махуэу… 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz