Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хьэпцlей

Хьэпцlей къуажэр 1870 хэм Къэбэрдей Джылахъстэней къуажэм къикlу къэlэпхъуа къуажэщ. 

Къуажэр ипэ дыдэ зыухуар Хьэпцlэ Мэжидщ. Абы игъу сэуэ Тап Бабу, Быгъуэт Мусэ, Къандур Шамил, Юсуф, Шуайибщ. 

Лъэпкъыу къэтlысахэри; Елкъан, Тап, Щамырзэ, Цей, Быхъунэ, Фокыщlэ, Бэрэзгхэщ. 

Мы къуажэр Узняйлэ иужь дыдэу къэтlыса къуажэхэм ящыщщ. Къогъулкъуейрэ Жаныкъуейрэ я гъусэу къэкlуахэщ. 

Жаникхэ, Хьажъдэугхэ, Ефэнду къэкlуэри иужькlэ къэтlысащ. Ансыкъуэхэ Ескишехьир къалэм Махьмудийе районым къэтlыса щхьэкlэ дэсын ямыдэу пщы Хьапцlэ Рэшид къуажэм ириджэжъащхьакlэ Мэжид а лъэхъэнэм щылlэм унэгъуэ зытlущи ягъусэу къуажэм пэгъунэгъу зыщlыпlэ къэтlысахэщ. Куэд иужъкlэ къуажэм къахэтlысхьэжахэщ. 

Къуажэр къуэжа дахэщ лlы цlэрыlуэхэр къыдэкlащ. Лlыгъэкlэи цlыхугъэкlэи пхуимгъэкlуэтыну зы псэукlэ яlэу щтащ. 

Къандур Мэжид Узняйлэр зэримыпэсу икъуэшищри къыдинэри Жорданым кlуэжащ (дунейпсом щыцlэрыlуэ Къандур Мухьудин едэшхуэращ). 

Цlэрыlуэу щыпсэуа лlыфlхэр; Хьэпцlэ Хбажы, Елъкан Къанэмэт, Щамырзэ Фуад, Къандур Емин, Цей Хьажы, Быхьунэ Хьилми, Ансыкъуэ Батырбей, Къандур Фуад, Ансыкъуэ Саид, Ахьмэд, Вахьдэт, Щамырзэ Апдулэ, Назим, Бинбашы Мухьудин, Бэрэчэт Хьусен, Цей Хьамэдэ, Наджи, Фокыщlэ Абдулкъадир, Быгъуэт Мусэ. 

Хьэпцlей къуажэр Сивас къэлэм епха Кангал районым ищlым хэтщ. Ипэрей зэманым Кайсери къалэм епхау щтат ар щхьакlэ пэжыжэдыдэу щальытэм Сивас къалэм 1914 гъэм (минрэ щибгъурэ пщыкlуплl) ирапхащ. 

Къуажэр 1600 метер лъеягъэращ щыпсэур. Сивас къалэм 96 км (бгъущlрэ хырэ) Кангал районым 44 км (плlыщрэ плlырэкlэ) пэжыжэщ. 

Къуажэр зэры Узнялэм хуэдэу щlыlэ щlыналъэщ зыщыпсэур. Псыщlэгъэхьэ я мащlэщ гъавэ халъхьэ кlэтроф тэкlуи халъхьэр. 

Къуажэм ищlыр хуабжьу уэру къыщыкlу къэкlыгъуафlэ щlы зэрамыlэм щхьакlэ я бын ирагъэджэн щылэжьэн ямураду псори къалэщхьахуэхэм lэпхьуэжащ. Анкара, Стамбул, Сивас кlуэжахэщ. Я бынхэрэ еджауэ щlэныгъэ дахэ яlэу, псэукlэ хъарзынэ яlэу къалэхэм щопсэур. Ауэ гъэмахуэ щыхъуам дэнкlи щыпсоми зэкlэри къуажэм къызэхосыжри бжьыхьэпэ пщlондэ къуажэм щопсэухэр. Лъэпсэ дахэ псэуалъэ дахэхэр дащlыхьащ. 

Хьэпцlей къуажэр я хъыджэбзхэм я дэхагъэмкlэи цlэрыlуэт дэ ди щlэлэгъуэм. 

lэщ куэду зэрахуэу щыткъым ар къуажэм удэзубыдэну зыlуэух зэрыхъуам щхьакъэ куэдыр мэш толэжьыхь lэщ зэрахуэкъым. 

Щlымахуэм дэс унагъуэр мащlэ дыдэ мэхъур пщыкlутхум къохуэхыр ауэ гъэмахуэм унэгъуэ щэм еблагъэу зэхосыхьхэр. 

Хьэпцlей къуажэр егъащlэм къуажэфlу хьэщlэ ягъэхьэщlэфlу цlуххэм янэщхьэягъэ ягуфlэгъуэ зыхамыгъэну кlуэфу лъэпкъ lуэху жылэ lуэху унафэ зэпсоми зыхамгъэну цlыхум зыху зыктырагъэлъытэу лlыфl якуэду псэуахэщ. Мэпсэухэр. 

Къуажэм пшынауэ цlэрыlуэу дэсахэр: Къандур Перихьан, Щамырзэ Кlурашэ, Къандур Гоксел, Къандур Сухьейла. 

Yazarın Diğer Yazıları

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса...

Тохъ Хьэблэ / Ташлыгечит

Тохъ Хьэблэ къуажэр 1859-хэм хэкур я бгынэу къикlа Анзорей къуажэм я хэсу хэкум Анзорей щlыналъэм къикlахэм къахэкlри Тохъ Хьэжы Темрыкъуэ, и щхьэгъусэ Гущэрэ и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img