«С»! АР IУСЭУ, ЗЭIУСЭУ ГЪЭЩIЭГЪУЭНУ ЗЫ МАКЪЩ.!

0
722

Ди бзэм и пIщэр тщIэну, гурыIуэгъуэ тхуэхъун папщIэ зы тхыпкъ (хьэрф) закъуэр ирикъунщ. Мыхуэдэ пщIэшхуэ зыхуэтщI тхыпкъым сыт хуэдэ макъыу пэрэ къригъэкIыр? Бзэм и къежьапIэр макъщ. Макъыншэуи узгурыIэфынущ, Ауэ урипсэлъэфыну, уриIуэфынукъым. Тхыбзэр къежа нэужь макъхэм тхыпкъ зэрыз хуагъуващ.  

Мис а макъ зыгъаIуэ тхыпкъхэм ящыщ зыщ «С» тхыпкъыр. Сыт «с» макъым къыдгъэкIыр, къыджиIэр. Мы макъым и гъэлагъуэр нэхъ гурыIуэгъуафэ хъун папщIэ, пIэтIауэн, хъеиын, зекIуэн псалъэхэр щIызетхьэм дыхэплъэн хуеищ. Дызытепсэуэхь щIыналъэр (дунеи) мыхъеиуэ, мыпIэтауэу, земыкIуэу, зимыгъазэу щытамэ, Дыгъэм хуэзэ и щIылъэныкъуэр зэтырисхьэнт, адыреи щIылъэныкъуэр щIыIэм ису, кIыфIым къыхэнэнт. ЩIыналъэ зыпэхъуреим псэуныгъэ щыIэнтэкъым.  

Абы папщIэ; псэуныгъэр, пIэтауэным, хъеиыным, зекIуэным епхащ. ПIэтIауэхэр, хъеихэр, зекIуэхэр зэжыхоуэ, зотыркъ, зоIусэри зы хъурыщIэ утыку къохьэр. ХъурыщIэн папщIэ лъэныкъуитI хъун хуеищ, зы лъэныкъуэм пIэтIэуэн хэлъми хурикъуу. Мис мы лъэныкъуитIым я хъурыщIэным къыхокI, къыщожьэ «с», «сэ», «Iусэ», «Iусэн», зэIусэн» жыхуаIэ макъ псалъэхэр… Мы «с» макъ зыхэт, макъ псалъэхэм щыщ зы бгъу-пщIы къэдбжынщ. « сэ, псы, псэ, тIасэ, гъасэ, хьэсэ, хэсэ, къэс, нэс, шэс, тIыс, Iусэ, ес…» Дыгъэлъэгъуа псалъэу хъуам мы «с» тхыпкъ макъыр хэтыжщ. Псалъэнахуэхэм хэтыжу щапхъэхэр: • Псыр мэIусэ, псэ егъуэт, нэсу Iусэу щымытамэ псэущхьэхэми, къэкIыгъэхэми псэ ягъуэтынутэкъым.  

  • Дыгъэр къепсу, щIылъэм щытепсэм (I)уэхъус ирахт.
  • Щыджагъуэ хуабэм, щIыфэ пцIанэм еIуса дыгъэ бзийм, зыдеIусар ес!
  • Уэс къос, щIым тосэ, зытеса, щIэуэ къыдэжа тхьэмпэ цIыкIухэр песыкI.
  • Анэм, и тIасэм и щхьэм Iэ дилъэурэ егъасэ. КъыжыриIа псалъэ дахэхэр и гум нэсу, масэ…
  • Хьэсэм кIуауэ, кIэртIоф хесэ, бжьын хасэ..
  • … и къэси, шым и шэси зы хъуащ… • Хьэфэгъэпщым тесу псым йос.
  • Й Iыгъ шыбжи сырым едзэкъауэ и бзэгур песыкI, А и IэмкIэ зэIуса и нэри щIесыкI…
  • Жьэгу мафIэр мэс, езыр Iэнэм пэрысу, и шхыныр кIыросхьэ…

Мыбы хуэдэ псалъэ куэд дыузэдыфынущ. Мы «с», «Iусэ» псалъэм ехьэлIауэ; IэкIэ доIусэ, лъэкIэ доIусэ, нэкIэ доIусэ, макъкIэ доIусэ, пэкIэ доIусэ, дыIусэурэ дызоIусэ.  

*- А щIалэм и псалъэ дахэхэр, си гум нэсащ. Ныбжьышхуэ имыIэми нэсыри къэсыжауэ зы щIалэщ.  

* ПцIы имупсыу, чыцIынэ йыупсым нэхъыфIщ. ЧыцIынэр сыт зэриупсыр ? Сэ ?  

«Сэ» псалъэм тIэкIу дытэпсэлъэхынщ. Сэр, зы жаныгъэ зиIэ, пыупщIын, пызгъэжын, фэ техын хуэдэ щIыпIэ куэдым щызырахьэ зы Iэмэ-псымэ, хьэп-шыпщ. Ар зы IусакIуэщ, мэIу«сэ». Сытыми йоIу«сэ». ЩIэIу«сэ»ращ, игъэзащIэм папщIэщ, цIэу «сэ» щIыфIащар. Ар мыIусэмэ зы гъущI къуапэт.  

Мы хуэдиз хъурыщIэ псалъэм хэпсэхьа «с»э макъ тхыпкъым, щIыуэпсым и лэжьыгъэм хэзагъэу, щIылъэм тепсэуэхь псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм, уэмрэ щIымрэ (УэщIым) и зэрзехьэкIэм къыхэкI хуабэ-щIыIэ, жьыбэ, псыдзэ хуэдэ къэхъу-къащIэм хэбгъуэтэфыну бзэм и щIэдзапIэ макъхэм ящыщ зы макъщ мы «с» макъыр… НэгъуэщI бзэ зыщIэ, щIэныгъэрылажьэхэм ди бзэм хуагъадэу, иралъыту, зырагъапщэу щIыуэпс щыпкъагъэкIэ къыпэхъун бзэ яхуэгъуэтыну пэрэ !!!  

Уэ си щIалэ кIасэ,  

Уэ си нысэ тIасэ,  

Зефхьэ! ди бзэри,  

Фырипсалъэу, быныр евгъасэ! 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz